ПЩЫЩЫЛЪХУ БЗЫЛЪХУГЪЭ, ЩIЭНЫГЪЭМ И СЭТЭНЕЙ-ГУАЩЭ

0
1671

ХьэтIохъущокъуэпщымрэ Къанокъуэпщымрэ хэт нэхъ пщыми яхузэхэмыгъэкIыу щэхуу зэныкъуэкъу хъуат, абы къыщежьэри зэщыIеижат, жеIэ, хъыбарым. Пщыхэр лIыгъэншэтэкъым, фIэлIыкIи яIэт, арщхьэкIэ езы тIур цIыхум яхузэмыгъэувалIэу екIуэкIырт.

Еуэри, ХьэтIохъущокъуэр зекIуэ щыIауэ къыздэкIуэжым, беслъэнейхэм я щIыгур къызэпиупщIри, Гум псыхъуэ къекIуэлIэжащ. Гъуэгу кIыхь тетам жэщ къыщытехъуэм, шыр хэзгъэпщынщ, жиIэри къэувыIащ, и шу гъусэхэри абдеж псори щызэкIэлъепсыхащ. ХьэтIохъущокъуэр и щIыгум зэритам, езым деж къызэремыкIуэлIам и хъыбарыр зылъэIэса Къанокъуэпщым ар щхьэкIуэ щыхъуащ. ЛIыкIуэ хуищIри, лIыгъэ уиIэмэ, нэхъылIыр зэхэдгъэгъэкI, жиIэри хуиIэхуащ. ХьэтIохъущокъуэпщми мыхъун къыхигъэкIакъым, уи щIыгу зэпызупщIар сэращи, ущыхуей щIыпIэр ди зэхуэдэ пIалъэщ, жриIащ.

АфIэкIа хэмылъу пщитIыр щIакIуэ кIапэ зэдытеувэн хуей хъуащ. Гумкъалэ и щIыбкIэ, Бэвыкъуэ деж, нобэ КъалэIускIэ зэджэ губгъуэм, щызэхуэзащ ахэр. ЩIакIуэ кIапэ теувахэм япэ уэгъуэр Къанокъуэм лъысри, щыуэм ХьэтIохъущокъуэр уIэгъэ къищIащ. ХьэтIохъущокъуэм чэзур щынэсым, Къанокъуэм и лIапIэ техуэри, хигъэщIащ. ХьэтIохъущокъуэм унафэ ищIщ, хьэдэр щIакIуэм кIуэцIригъэлъхьэри, езым и щхьэкIэ Къанокъуэхэ я унэм ишэжащ. ХьэтIохъущокъуэм телъ уIэгъэр ажал уIэгъэу къыщIэкIри, пщIантIэм къыдэмыкIыж щIыкIэ и псэр хэкIащ. ХьэщIэщым щIэлъ пщы хьэдитIыр щызэрагъэзахуэм, Къанокъуэм и хьэдэр жьантIэм дахьэри, ХьэтIохъущокъуэм и хьэдэр жыхафэгумкIэ ягъэтIылъащ. Абы иужькIэщ гуауэ зэрыщыIэм и хъыбарыр Гуащэжьым щыжраIар.

Къанокъуэхэ я гуащэм гъащIэ къигъэщIат, куэд и нэгу щIэкIати, гуауэм игу зызэпхидзами, зыми зыкъригъэщIакъым. МыпIащIэурэ хьэщIэщымкIэ кIуащ. Еплъри, хьэдэхэр зэрыщылъ щIыкIэм гуащэр къигъэдысащ. «Фэжагъуэхь дыфщIыну хьэкъ хэт къыфщызыщIар? – идакъым Гуащэжьым. – ЦIыхум емыкIу къытхуащIыным дынэвмыгъэсу, Къанокъуэр и хьэщIэщщ здилъри, къефхьэхи, ХьэтIохъущокъуэм и хьэдэр жьантIэмкIэ фхьы. Дапхуэдэу щымытми, ар ди хьэщIэщ».

КIыхьу икIи зэтемыхуэу къаIуэтэж мы хъыбарыр дэзыгъэтхыжауэ щыта Хьэжрэт Куэшхьэблэ щыщ Лъеиншэ Аулдин и псалъэр мыпхуэдэу иухыгъат: «Гуащэм и щIыкIэр нэгъэсауэ гуащэ щIыкIэт, и псалъэри узыфIэмыкIыжынт. Гуащэжьым зы псалъэкIэ Беслъэнейм напэ къаригъэхьат, Беслъэнейм я напэри ихъумат. Мы хъыбарыр сигу къыщыдридзейкIэ, гукIэ солъыхъуэ а Гуащэжьым хэт хуэдэн жызоIэри, икIи, лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жыхуаIэр пэжщ, Къанокъуэхэ я щылъху Бэчыжь Лейла фIэкIаи зыми ар схуегъэщхьыркъым».

Мы хъыбарыр дигу къыщIэкIыжар мы иужьрей псалъэхэращ. И цIэр зэхэтхауэ, и щхьэкIэ иджыри къэтцIыхуну дыхунэмысауэ, Бэчыжь Лейла апхуэдэу ди нэгу къыщIэдгъыхьэ хъуащ, ар апхуэдэу къызэрытщыхъум дыщымыуауи къыщIэкIащ. Нарт тхыдэжьхэм теухуауэ Налшык къалэ зы гъэ щекIуэкIауэ щыта дунейпсо зэIущIэм псалъэр Бэчыжь Лейла щратырщ ар япэ дыдэу къыщыслъэгъуар. ЦIыкIуи ини зэфIэту IэгуауэкIэ утыкум ирашэ бзылъхугъэр апхуэдизкIэ щIыкIафIэрэ фIэрафIэу псоми яблэкIуэщыкIырти, пхузэфIэмыкIыу узыкIэлъигъэплъырт, гуащэ зекIуэкIэу кIуэцIрыкIырти, плъэмыкIыу Iулыдж зыхуигъэщIырт. Бэчыжь Лейла и цIэр зэIэпахыу къыщIраIуэр къыщыдгурыIуар псэлъэн иригъэжьа нэужьщ. Нэхъ щIалэIуэхэр, Лейла и псэлъэкIэр зи щыпэзэхэххэр, зыгуэр дэхуну пIэрэ жытIэу дытеумэзэхауэ дедэIуэрт. Щиублам щегъэжьауэ псалъэр игъэтIылъыжыхункIэ дэтхэнэ зы гупсысэми малъхъэдисым хуэдэу узыIэпашэрт, псалъэмакъыу утыку кърихьами уигъэгупсысэрт. Гуащэ щIыкIэ зиIэ Бэчыжьыр зэрыжьакIуэри къэлъэгъуат – псалъэм пщIэ зэрыхуищIыр нахуэт, абы зэрыхуэижьыр IупщIт, жиIэм купщIэр здэщыIэм зэрытрикъузэфыр хьэкът. И зыщIыкIэ псом, зэрызиIыгъым лъабжьэ зэриIэр, пщыщылъхуу зэрыщытыр къыхэщырт.

Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Дунейпсо Адыгэ Академием и академик Бэчыжь Лейла нобэ къыхуащI пщIэр къыхуэзыхьар и ныбжь дахэм и закъуэкъым. Ар абы къилэжьыжащ и гуащIэ къабзэкIэ, еши щхьэхи имыщIэу щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэмкIэ, къызыхэкIа лъэпкъым хуиIа лъагъуныгъэмкIэ. ГъащIэ гъуэгуанэшхуэ, зыкъомкIи хьэлъэу, зыкъомкIи насыпкъыдэхыпIэу, къызэпызыча Бэчыжь Лейла 1929 гъэм накъыгъэм и 29-м Къылышкъуажэ, нобэ ПсэукIэ-ДахэкIэ зэджэм, къыщыхъуащ. Абы и цIыкIущхьэр хиубыдащ «лъэпкъым и бийхэр» цIэр фIащрэ цIыхур щагъэкIуэду щыта лъэхъэнэ бзаджэм, «уней мылъку щыIэкъым, щыIэр зэдай мылъкущ» жиIэу къэралым къыхилъхьа коллективизацэм, абы иужькIэ жылэр игъэгызу къэхъея Хэку зауэшхуэм. ЦIыхуфэр Iувщ, жаIэ. Бэчыжьхэ я унагъуэр пхыкIащ апхуэдиз гузэвэгъуэм, и лъэпкъыщхьи, и цIыхущхьи, и напи имыгъэкIуэду. ЩыщIэныгъэр зищIысыр, гъаблэр зыхуэдэр фIыуэ зыщIэ Лейла гъащIэм зыпсыхьын мащIэкъым зрихьэлIар. Ауэ зрищIыкIакъым. Лъагъуэу пхишар гъуэгуанэшхуэ тришэн лъэкIащ абы.

Къылышкъуажэ имызакъуэу, щIыпIэ куэдым къыщацIыхуу щытащ Лейла и адэшхуэр – Бэчыжь Индрис. АпхуэдизкIэ фIэлIыкI иIэти, и цIэ дыдэр яIэщIэхужыным нэсауэ Бэчыжь-хьэжыжьыр жаIэу арат цIыхур абы къызэреджэр. Еджагъэшхуэт, КъурIэныр IэщIэлът, уэрсэру ирипсалъэу бзэ зыбжанэ ищIэрт, тхэкIэми хуэIэкIуэлъакIуэт. Лейла и анэшхуэри къызэрыкIуэтэкъым, Беслъэнеипщ Къанокъуэ Мыхьэмэт ипхъу Аслъэнгуащэщ. Нобэми зи хъыбарыр мыужьыхыж а цIыхубзым и дахагъыр къыхагъэщын щхьэкIэ, «уфIэмыкIыжыну набдзэгуащэт» жаIэ. Псалъэм уасэ хуищIу щытауэ къаIуэтэж. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Гуащэжьыр Аслъэнгуащэ и анэшхуэщ. Абы ещхьу къипсэлъыр мащIэу, ауэ изу псалъэу апхуэдэт, жаIэ. Зи лъэр быдэу къэралым щызэфIэува бжьыпэIыгъхэм яфIэфIтэкъым Лейла и адэкIи и анэкIи къызыхэкIа лъэпкъхэр. Апхуэдэхэр здэкIуар ямыщIэу ирагъэсыкIырт, «Сыбыр кIэтIэржынэм» щыкIуэдыжауэ мащIэкъым Iыхьлыуи яIар. А псор ибзыщIын хуейуэ, и цIыхущхьэм щыщ зы ныбз адэ жыжьэу гущIэм щигъэпщкIун хуейуэ IэнатIэ гугъущ Лейла и гъащIэ щIэдзапIэм зыIутар. Ауэ илъэгъуар зыхищIащ абы, зыщIапIыкIари зыщIэдэIукIари гъащIэ гъуэмылэ хьэлэл хуэхъуащ. И къежьапIэм унагъуэм щызэхиха лъэпкъ губзыгъагъэм и лъэужь абы и гущIэм къыщимынэнкIэ Iэмал иIакъым.

СССР-м шынагъуэ къыщымыгъэхъунымкIэ и министерствэм (МГБ-м) Бэчыжьыр къызыхэкIар къащIауэ щытатэмэ, аркъудей гъуэгу иримыту къыщежьам деж щигъэужьыхыну къыщIэкIынут, ублапIэ хуэхъуауэ щIэныгъэлэжьым илъытэ Черкесск къалэ къыщызэIуаха лъэпкъ интернатми щIэмытIысхьэфынкIи хъунут. АрщхьэкIэ, и унэхъупIэми пIырыпI къытокIэ, жыхуиIэм ещхьу, нэмыцэ кхъухьлъатэхэм кърадзыха бомбэм Бэчыжьхэ я унэм къытехуэри хэкIуэда нэужь, унагъуэр щхьэегъэзыпIэ имыIэу къэнащ. Мис а гуауэщхьэуэ бзаджэрщ Лейла интернатым езыгъэщтар, арыххэуи псыпэхэш хуэхъуар.

Лейла гумызагъэт, апхуэдэ дыдэуи гурыхуэт. ЖаIэр ипхъуатэу, зэхихам хигъэхъуэ еджащ. Курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухри, и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну Лейла Ленинград дэт къэрал университетым филологиемкIэ и къудамэм щIэтIысхьэну кIуащ. КъехъулIащ абы а гуращэр. Бэчыжьым и унагъуэ насыпым щыхуэзари мыбдежщ. Техникэ щIэныгъэ щызэрагъэгъуэт еджапIэхэм языхэзым щIэс лэхъу щIалэ Нарожник Антони нэIуасэ хуэхъури, куэд дэмыкIыуи унагъуэ зэдащIащ. УнагъуэщIэм щIэхи хэхъуэ ягъуэтащ – я къуэ закъуэ Владислав. Зи ныбжьыр хэкIуэта адэ-анэмрэ и шыпхъу закъуэ сымаджэмрэ мыхъуатэмэ, Лейла щыпсэуну къыщIэкIынт и щхьэгъусэм и хэкум – Лэхъу щIыналъэм (Польшэм). Дыщ гуныкъуэгъуэ зиIэ цIыхубзым и гумэщIыгъуэр щхьэгъусэм зыхищIыкIащ, бащэ дамыхыуи зэрыунагъуэу Черкесск къэIэпхъуэжащ. «Зи щхьэр щхьэузыхь схуэзыщIа си щхьэгъусэм хуэдэ Тхьэм зрита щыIэкъым, жызмыIэн щхьэкIэ, зыхуигъэфэщар мащIэ дыдэщ, жысIэнщ. Абы гупсэхугъуэ къызитар пхуэмыIуэтэну инщ», – жиIэурэ куэдрэ дахэкIэ игу къегъэкIыж Лейла и щхьэгъусэр.

ЩIэныгъэфI зиIэ зэщхьэгъусэхэм щIэх лэжьапIэ къагъуэтащ. Антони Черкесск дэт химзаводым инженеру илъэс IэджэкIэ щылэжьащ, Лейла бзэмкIэ, литературэмкIэ, тхыдэмкIэ, экономикэмкIэ Къэрэшей-Черкес щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым лэжьэн щыщIидзащ.

1957 гъэм лъандэрэ лъэпкъ литературэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм я къэхутэным Лейла емышыжу толажьэ, адыгэ псалъэм и зэпэщыкIэм хэлъ щэхухэр къехутэ, лъэпкъыбэ литературэм адыгэхэм я литературэм щиубыд щIыпIэр егъэнахуэ. Адыгэ (шэрджэс) литературэм и ублапIэм деж щыт Абыкъу Хъалид, Гъуэщокъуэ Хъусин, Уэхъутэ Абдулыхь сымэ лъэпкъ псалъэ щэнхабзэм хуащIа хэлъхьэныгъэр зыхуэдэр япэ дыдэу щIэныгъэм щызэпкърызыхар Лейлащ. Абыхэм я деж къыщежьэри, ар хущIэкъуащ икIи лъэкIащ лъэпкъ литературэм и тхыдэр унэтIыныгъэ щхьэхуэу щIэныгъэм щыпхишын. «Адыгэ (шэрджэс) совет литературэр: къежьапIэмрэ зыужьыныгъэ игъуэтамрэ» монографиер лъэпкъ литературэр япэ дыдэу щызэпкърах къэхутэныгъэ инщ.

Бэчыжьыр илъэс хыщIым щIигъуащ щIэныгъэм зэрыхэтрэ. ПщIы бжыгъэкIэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ статьяхэр, монографие зыбжанэ. И лэжьыгъэхэм гъэщIэгъуэнымрэ купщIэмрэ сыт щыгъуи йобэкI, гу зылъитэм, щIэщыгъуэ зыхилъагъуэм щIичэркъым. ЩIэныгъэлэжьым и фIыщIэ хэлъщ хамэщI щыпсэу адыгэхэм я литературэмрэ щэнхабзэмрэ щIэныгъэм къыхэшэжа зэрыхъуам. Абы къыщымынэу, Лейла и гуащIэ хэлъщ лъэпкъ критикэм игъуэта зыужьыныгъэм. И псалъэ жаныр абы зыхуигъэлъащэр адыгэ литературэм и закъуэкъым, ар нос лъэпкъыбэ зэхэт Къэрэшей-Черкес литературэми.

ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ къудамэм япэщIыкIэ и щIэныгъэ лэжьакIуэу, итIанэ и унафэщIу лажьэурэ, Бэчыжьым хузэфIэкIащ егъэджакIуэ IэнатIэри Къэрэшейкъалэ дэт къэрал университетым щрихьэкIын. Абы и гъукIэгъэсэнхэм ящыщ куэдыр нобэ еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щолажьэ, щIэныгъэм хишауэ къэхутэныгъэм хэтхэри мащIэкъым. «ЛIэужьхэм зэпыщIапIэу яIэм уахуэмысакъмэ, гуращэм я нэхъ инри лъэтэжынущ», – жеIэ щIэныгъэм пщIэ хуэзыщI бзылъхугъэм.

Бэчыжь Лейла мызэ-мытIэу СССР-м, РСФСР-м я ТхакIуэхэм я Зэгухьэныгъэхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм Къэрэшей-Черкес щIыналъэм и лIыкIуэу хэтащ, дунейпсо, союзпсо, урысейпсо, хэгъэгупсо щIэныгъэ зэхуэс пщIы бжыгъэхэм хэлэжьащ. Апхуэдэ зэIущIэгъуэхэращ адыгэ бзылъхугъэм и зэфIэкIыр зэрыиныр хэIущIыIу щыхъуар, цIыху цIэрыIуэ куэдми нэIуасэ щахуэхъуар. Гамзатов Расул, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Тихонов Николай, Кугультинов Давид, Искандер Фазил, Айтматов Чингиз, нэгъуэщI куэдри ицIыху къудейтэкъым Лейла. Ахэр абы ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуат, псалъэрэ гупсысэрэ зэIэпахыу къызэдэгъуэгурыкIуэхэрт.

Лейла гуащIафIэщ. Ар Къэрэшей-Черкес Республикэм и ТхакIуэхэм я Зэгухьэныгъэм и Гуащэщ, Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президентщ, жылагъуэ лэжьакIуэ емышыжщ. Бэчыжьым и фIыщIэр псыхэкIуадэ хъуакъым. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Черкесми, Адыгейми абы къыщыхуагъэфэщащ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэщ, Къандур Изэтрэ имам Щамилрэ я цIэкIэ щыIэ дунейпсо фIыщIэтынхэм я лауреатщ. Бэчыжьым и зэфIэкIыр Урысейми гулъытэншэ ищIакъым – «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» орденыр, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.

Куэд лъэкIащ, нобэми жанщ. ГъащIэр къедэхащIэ зэпыту кIуакъым: и адэ-анэр, и шыпхъур, и щхьэгъусэр, и къуэ закъуэр зэкIэлъыпыту щIилъхьэжащ. Ауэ гуауэм лъэрыщIыкI зригъэщIакъым. Псалъэр и Iэпэгъуу, щIэныгъэр и гъусэу нобэм къэсащ. Дэри ди гуапэщ щIэныгъэм и Сэтэней-гуащэм и псалъэрэ и щIэныгъэкIэ лъэпкъыр игъэгушхуэу къытхэтыну!

Табыщ Мурат
*«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz