Lıx Ludmila’nın yazısında, 95. yaşını kutlayan Kurjan ninenin hayatı eşliğinde I. Dünya Savaşı yıllarından günümüze uzanan bir panorama çiziliyor.
Накъыгъэ мазэм илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Дзэлыкъуэкъуажэ къуажэм щыпсэу, лэжьыгъэм и ветеран, тылым и лэжьакIуэ Мэремщауэ Куржан Хьуд и пхъур.
Куржан 1924 гъэм накъыгъэм (майм) и 7-м къалъхуащ. КъызыхэкIа Къущхьэ лъэпкъымкIи и гъащIэр здихьа Мэремщауэ лъэпкъымкIи Куржан щынэхъыжьщ. Сэ къызэрызжаIамкIэ, Дзэлыкъуэкъуажи абы нэхърэ нэхъыжь дэскъым.
Куржан классиблт къиухар. АдэкIэ и щIэныгъэм пищэну Iэмал иIакъым: и дэлъхухэр зауэм щыIэт, и анэр сымаджэт, езым нэхърэ нэхъыщIэу иджыри цIыкIуищ яIэт.
«Си анэ мыгъуэр сымаджэ дыдэу хэлъти, еджап1эр къызэрызухамкIэ тхылъ тIэкIур щезгъэлъагъум, Iейуэ гуфIат, «Алыхьым и шыкурщ, сыту фIыт еджап1эр зэ къэбухам» жиIэри. ЖьыкIапэм яфIэфIтэкъым еджап1эр», – игу къегъэкIыж Куржан.
Еджап1эм къыщIэкIахэр занщIэу губгъуэ лэжьыгъэм ирагъэувэлIащ. КIэпхын яIупхауэ щхьэмыж къащыпарамэ, лэжьыгъэ гуэр ахэм ямыгъэзащIэу зэи къанэртэкъым.
«Зауэм щыщIидзам, си анэри сиIэжтэкъым, – педзэ адэкIэ Куржан и гукъэкIыжхэм, – си дэлъхуищыр зауэм щыIэти, си адэр ахэм и бэлыхьым иукIырт.
ЦIыхухъу къуажэм дэсыжтэкъым – псори зауэм кIуат. ЛIыжь тIэкIу къыдэнэжар ди дэIэпыкъуэгъут.
Гугъуехь куэд гъащIэм щыслъэгъуащ сэ. Ауэ гугъуехьым я гугъуехьыжт жэмкIэ дыщывар. «ФыкIуи нобэ мыпхуэдэм и жэмыр къыдэфхуи фывэ», – жаIэрти нэхъыщхьэм унафэ къытхуащIырти дагъакIуэрт. Хьэуэ къыхэдгъэкIыну дыхуиттэкъым. Фызхэр гузавэу къытпежьэрт: «А си хъыджэбз цIыкIухэ, си жэмым тIэкIу фыхуэсакъ. Аращ унагъуэр дызыщыгугъыр…» Хэт и пщэм ищIа кIапсэм екъуу, хэти башымкIэ кIэлъеуэу дэтхурт жэмри, лIыжьхэм тхущIащIэрти, дывэрт. ЛIыжьхэм пхъэIэщэкIыр яубыдырт, дэ зым кIапсэр иIыгъыу жэмыр хьэсэбэкъум дэмыкIыу дэту ишэрт, адрейр кIэлъеуэрт.
Зауэм Iутым ещхьу дылэжьащ. Псори зэрыIутхыжыр IэкIэт – абы щыгъуэ трактори машини диIэтэкъым. Гуэдз паупщIар пхырурэ зэкIэрытпхэрт, пхырхэр зэхуэтхьэсыжырти пыпхъуэу зэтетлъхьэрт. Иужьым зы комбаиныжь (гъавэ зэры1уахыж техникэ) гуэри зэрагъэпэщащ. Зауэр и кIэ нэблэгъауэ, трактор (щ1ыр зэравэ техникэ) зытIу диIэ хъуащ. Абы щыгъуи пхъэIэщэтхъунщI яхуейти, тракторым хъыджэбз цIыкIухэр дыпагъэтIысхьэрт.
ХьэлIамэрэ хьэлIамэпсрэт ди шэджагъуашхэр. Ауэ, ущымэжалIэм деж, псори пфIэIэфIт.
ЖэщкъыщIэсу губгъуэм дист ЯтIэкъуэ бжьэпэм деж. Дыгъужь мэжэщIалIэхэр жэщкIэ гъунэгъуу къакIуэрти, къугъыу щIадзэрт. Ушынэнтэкъэ? Дысабийт…
Нартыхур тхуIумыхыжу уэс куу къытесат, лъэгуажьэм къэсу. Сыт тщIэнт, уэсым къыщIэтлъэфырт, баш цIыкIукIэ деуэурэ Iумылыр пыдгъэлъэлъырти къыдэтчырт. Уи ныбэ изу умышхэмэ, щIахуцIэу ухуэпамэ – куэдрэт, сымаджэ сыхъури унэм сыкърашэхыжащ. Си Iэр зи жьэм хуэсхьыфыртэкъым, апхуэдизкIэ сыщхьэлажьэти. Бригадирыр (нэхъыщхьэу къытхэтыр) кIэщIу си ужьым иту къэсащ, шхыдэу. Губгъуэм сыдишыжыну яужь ихьащ. Сигу ихужыркъым абы щыгъуэ си адэ тхьэмыщкIэр къызэрысщхьэщыжар: «Сыт къыпыфхынур мы сымаджэм! Сабий ныкъуэпIым и лыр фшхащ!»
Сытми, бригадирыр IукIыжащ, сэри махуэ зытIущкIэ сыдагъэсащ, иужькIэ, аргуэрыжьти, лэжьыгъэм сыпэрыхьэжащ.
Зэгуэрым, махуэми дыIуауэ, жэщми дыIуауэ, къуажэм дыкъехыжыну дыкъэбырсеящ. «Зы жэщ- зы махуэкIэ зыдмыгъэпсэхуу дылэжьащ, хьэцэпэми дызэщIиблащ, къуажэм дехыжым сыт къыджаIэн. Зыдгъэкъэбзэнщ, тIэкIи зыдгъэпсэхунщ», – жытIэри хъыджэбз гупыр дызэрыгъэIулэри дыкъежьэжащ. ДызэупщIыни щыIэтэкъым – бригадирыр къехыжауэ ныдэкIыжыххэртэкъым. Къуажэм дыкъэсыжыным лъэбакъуитху фIэкIа къэмынэжауэ, бригадирыр къытIущIащ. «Хэт фыкъэзутIыпщар, нэвгъазэт!» – жиIэри афIэкIа хэмылъу губгъуэм дигъэгъэзэжащ.
Бригадир мыгъуэхэри щхьэхуимытт. Ахэри кърахуэкIырт…»
Апхуэдэ гугъуехь куэд ялъэгъуащ Куржан сымэ. Ауэрэ зауэри иухащ. А зауэ мыгъуэжьыр зэриухам теухуауи хъыбар щхьэхуэ сригъэдэIуащ Куржан.
«ХъыджэбзитI дыхъуу, гъуэгум дызэпрыкIрэ пэт, зы машинэ къэувыIащ, абы зылI къиувыкIри урысыбзэкIэ къыджиIащ: «Зауэр иухащ, дэ дытекIуащ, псоми хъыбар евгъащIэ!»
ДыгуфIэу дыкъыщIэпхъуащи жэрыгъэкIэ дыкъожэр. Ди дэлъхухэр занщIэу къаутIыпщу къагъэкIуэжыну фIэкIа къытщыхъуртэкъым.
Дыкъосыжри, ди адэри ди адэ къуэшри бжэIупэм Iуст. ЛIыжьитIым кърагъэжьащи, я жьакIэпэм нэпсыр къыпыткIуу магъыр. «АIей мыгъуэ, фыгуфIэным и пIэкIэ щхьэ фыгърэ?» щыжытIэм, ди адэм жиIащ: «Зауэр ихар Iуэхукъым, ди бынри яуха хьэмэрэ зыгуэрым къигъэзэжыну жыдоIэри аращ…»
«Гур зэрыгъум дыгъур ирокIуэ» жыхуаIэм хуэдэу, Куржан и дэлъхуитIыр хэкIуэдащ а зауэ мыгъуэжьым.
…Ауэрэ зауэм дэкIахэри къэкIуэжу щIадзащ. Япэ щIыкIэ – уIэгъэ хъуауэ мыхъужыххэнухэр, зи Iэ, зи лъакъуэ пымытыжхэр къэкIуэжащ.
Мэремщауэ Хьуд Ислъам и къуэри зауэм къикIыжащ. «Орденыбгъэу къэкIуэжащ» (л1ыхъужь дамыгъэ куэд зи бгъэм хэлъ) зыхужаIэм хуэдэт Хьуд. ЛIыхъужьу зауэм хэтауэ, лейтенанту, и узыншагъэри абы къыщинауэ и лъахэм къигъэзэжат. УIэгъэ хьэлъэ хъуауэ госпиталхэм щIэлъат, контузие иIат, осколкэхэр и лъакъуэхэм, и щхьэм хэлът. Куржан и насып зыхэлъыр ара хъунти, къыщылъыхъум, дэкIуащ. Зэхуэфащэу, хабзэ-нэмысыр яхэлъу, лэжьакIуэшхуэу апхуэдэт тIури. Щапхъэхэу, я псалъэмакъ цIыхум зэхимыхыу зэдэпсэуахэщ. Бынитхуи зэдагъуэтащ – зы хъыджэбзрэ щIалиплIрэ. Хъыджэбз цIыкIур сабийуэ дунейм ехыжащ. «Куэдрэ упсэумэ, куэд плъагъунщ», – жиIащ пасэрейм. Нобэ Куржан и щхьэгъусэри псэужкъым, и щIалэхэм щыщуи щыр иIэжкъым. Нэхъыжьыр – Ахьмэд – егъэджакIуэ нэхъыфIхэм хабжэу илъэс куэдкIэ лъэжьащ. Ахьмэд сурэтыщI Iэзэт, сабийхэр зэфIэкI иIэу и IэщIагъэм хуигъасэрт. Абы и лъагъуэ ирикIуа еджакIуэхэри мащIэкъым.
ЕтIуанэ щIалэр – Исуф – пожарнэ частым илъэс куэдкIэ щылэжьащ (маф1эсгъэунк1ыф1у), пщIэрэ щIыхьрэ иIэу. И лэжьыгъэм теухуауэ зэпеуэ екIуэкIхэм сыт щыгъуи жыджэру хэтт, мызэ – мытIэу фIыщIэгуапэ тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтрэ къыхуагъэфэщащащ. И щхьэгъусэр – Светэ – и гуащэм щIэх-щIэхыу къыкIэлъокIуэ, къыщIоупщIэ.
Ещанэр – Исмэхьил – сельхозтехникэм бухгалтеру щыIэу, и къэшэгъуэ дахэу, илъэс тIощIрэ плIырэ фIэкIа мыхъуауэ, токым иукIащ…
ЩIалэ нэхъыщIэр – Азрэталий (Алик) – колхозым илъэс щэщIкIэ бухгалтеру щылэжьащ. ЛэжьэкIэмыщIэ, гуп хэмызагъэ, узыгъэукIытэн ахэм къахэкIакъым – адэ – анэр иригушхуэхэу апхуэдэт.
Езы Куржан, губгъуэм зэрыхэтам нэмыщI, сабий садым илъэс куэдкIэ щылэжьащ, и лэжьыгъэфIым папщIэ дамыгъэ зыбжанэ къратащ.
Аликрэ и щхьэгъусэ Салимэтрэ бгъэдэсщ Куржан-нани, и жыIэ тIу ямыщIу, зыхуей хуагъазэу, и узыншагъэм хуэсакъыу апхуэдэщ. «Илъэс пщыкIубл фIэкIа сымыхъуауэ унагъуэ сыкъихьащ, илъэс плIыщI хъуауэ дызэбгъэдэсщ, – жеIэр Салимэт. Гугъуехь куэдрэ гуауэ нэхъыбэжрэ зылъэгъуащ мамэ. И псалъэ жагъуэ зэхэсхакъым. ХузэфIэкIыху къыздэIэпыкъуащ, чэнджэщэгъуфIу сиIэщ. И бынхэми абы къалъхужахэми зыхалъхьэ щымыIэу къалъагъу. ЩIэх-щIэхыу лъагъунлъагъу къыхуокIуэж, къэпсэлъамэ, «нанэшхуэ дауэ щыт, дынэкIуэжынущи, нанэшхуэ сыт ныхуэтхьын, сыт нэхъ ишхын» жаIэу апхуэдэщ».
Куржан нэбэкIэ къуэрылъхуу и (8), ахэм къалъхужауэ пщыкIуплI (I4) иIэщ.
А гупыр къыщызэхуэсыжыр Куржан-нанэ и гурыфIыгъуэщ, и гур хохъуэр, и щIыбагъым гуауэу дэлъыр щагъэгъупщэр. Къуэрылъхуу иIэм IэщIагъэ-щIэныгъэ зимыIэ, лэжьыгъэ пэрымыт яхэткъым. И къуэрылъхухэм я быныжхэри къыдэкIуэтеящи, псэр щогуфIыкI: псори зыгуэрым хуэIэзэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, Рузаннэ (БжэныкIэ) усэ къеджэнми, уэрэдми, къафэми – кIэщIу жыпIэм, сценэм теухуауэ сытми хуэгъэпсащ. ЕджэнкIи жыджэрщ, увыIэгъуэ имыIэу район, республикэ олипиадэхэм щыпашэщ, пианинэ йоуэ, «Джэгурэш» джэгу-зэпеуэм хэтщ. Зурянэ усэ къеджэныр зыпищI щыIэкъым, Зульфия адыгэ къафэм хэтщ, зэщыпхъу цIыкIуитIми сурэт дахэ дыдэу ящI… Адрей цIыкIухэри апхуэдэхэщ.
Мис иджы, накъыгъэм и 7-м, Куржан-нанэ илъэс 95-рэ ирокъури, псоми зыкърагъэхьэлIэжынущ, хъуэхъу дахэ куэд я нанэшхуэм жраIэнущ.
«Ди нэгу щIэкIахэм хуэдэ Алыхьым я нэгу щIимыгъэкI нобэрей щIалэгъуалэм, – аращ и хъуэхъур езы Куржан, – узыншэу, бэIутIэIуншэу, я мурадхэр къайхъулIэу Алыхьым игъэпсэу!»
Дэри дохъуэхъу Мэремщауэ Куржан. Дапхуэдиз гугъуехьрэ гуауэрэ имылъэгъуами, жьыщхьэ махуэ хъуащи, и узыншагъэр емыкIакIуэу, и дыщэбыным яхэсу илъэс куэд иджыри къигъэщIэну Тхьэм жиIэ!
Лыхь Людмилэ.
Къэбэрдей – Балъкъэр.
Дзэлыкъуэ куей.
Къэрмэхьэблэ курыт еджап1э 1-нэм
адыгэбзэмк1э и егъэджак1уэ.