ЦIыхуым цIыхуу зэрызицIыхуыж лъандэрэ цIыхуыр зыгъэцIыху нэщэнэу, зэрыпсалъэ бзэм къыдогъуэгуырыкIуэ музыкэри, сурэт щIынри. Сурэт щIыныр дуне-гъэдахэ Iуэхуыгъуэ закъуэIым, уеблэмэ а дуне-гъэдахэр къызыхэкIыр дуне-еплъыкIэ Iуэхуыгъуэращ. ЦIыхуыныр, цIыхуыгъэр къыщежьауэ ябж лъэхъэнэм дежи къыщожьэ сурэт щIынри. Гъадэ-щIыдэкIэ къыщежьэу ди нобэм къэс къакIуа цIыхуыгъэ гъуэгуанэр нэрылъагъуу ди нэгу къыщIегъэуывэ сурэт щIыным, арт-Iэуыжьым.
Арт-Iэуыжьым и гуыгъу щытщIкIэ «тхыдэ» псалъэми тIэкIу демыцырхъыу хъуыIым. Арт-Iэуыжьым и зы Iыхьэу, ТХыгъэ, ТХылъ, ТХыпхъэ-кIыпхъэ, ТХэн Iуэхуыгъуэхэм ипIкъ иткIэ къэунэхуа Iуэхуыгъуэу уыбж хъуынущ ТХыдэ псалъэри (тхыгъэкIэ, тхылъкIэ зэхэбыда). ТхыгъэкIэ зэхэбыда хъуа, тхыдэкIэ зэхэпсыхьа хъуа цIыху зэхэтыкIэр зэ еплъыгъуэкIэ нэхъ быдэ, нэхъ лъэщ хъуыуэ къыпщохъу, я хабзэхэр канону тхыжауэ щыIэу, а каноным сыт щыгъуи уытетын хуеуэ, зыгуэркIэ каноным имызагъэ Iуэхуыгъуэ къыкъуэкIым, щIэрыщIэу а IуэхуыгъуэщIэм и канон къэбгуыпсысрэ, жауэ зэхэт канонхэм хэбгъэуывэурэ уекIуэкIыуращ. Зэхэжыхьа каноныр зы лъэныкъуэкIэ тыншщ – гуыкIэ зэбгъащIэу, а гуыкIэ пщIэм уырилажьэ, уырипсэу, уыризэхэт мэхъу уемыгуыпсысыхэу.
IуэрыIуатэ зэхэтыкIэм и Iуэхуыр нэгъуэщIщ. IуэрыIуатэ зэхэтыкIэм сыт щыгъуи уыгуыпсысэурэ уыпсалъэн хуещ. Гуыпсысэм езым и хабзэ иIэжщ. Гуыпсысэм уыхохуэ, уыхохьэ. Гуыпсысэм уызэщIеубыдэ, уызэщIеIуылIэ, гуыпсысэм уехь, гуыпсысэм уиIыгъщ. Гуыпсысэм псэ хэтщ. Гуыр псыурэ, сэурэ мэгуыпсысэ. Гуыпсысэ хэхуа цIыхуым и гуыпсысэхэр езым ейуэ, гуыпсысэр дэнкIэ ишэнуми езыр хуиту ибж хъуынуIым. Ахуэдэ цIыхуым гуыпсысэм и шхуэр иуытIыпщу, гуыпсысэм здишэм зыригъашэм, гуыпсысэм и хабзэр егъэзащIэ. Гуыпсысэм хыхьа цIыхуым мобы нэс сегуыпсысынщи, а сыздынэсам сыфIэкIынIым жиIэу хуыжыIэнIым. Езы гуыпсысэм уыздишэм нэс уыжыIэдаIуэу уыкIуэнущ, уеблэмэ, адкIэ гуыпсысэ щымыIэжми сыту пIэрэ щыIэр жыпIэу уегуыпсысынущ. Гуыпсысэ зиIэ цIыхуым сэ «къэзгуыпсысащ» жиIэу зэи жиIэнIым – атIэ «гуыпсысэм сыхуишащ» жиIэнщ. Гуыпсысэр космосым хэтщ, КОСМОСЫР МЭГУЫПСЫСЭ пхуыжыIэнщ. Дызэрыгуыпсысэри ПСАЛЪЭЩ.
ЦIэр зыЦIЫ-хуыр ЦIЫХУырщ.
Сыт псыуэ щытми ар зэрылъыращ псалъэр. Сыт псыми ар зэрыпсар къэлъагъуэурэ, зыкъыдигъэлъагъуурэ, лъагъуэу, лъагъуыныгъэу йокIуэкI. А къэлъагъуэм, зыкъыдэзыгъэлъагъуым, лъагъуэ тхуыхэзышым, лъагъуыныгъэкIэ дызэхэту зыщIым и ЦIЭ-ри ПСАЛЪЭУ къыдогъуэгуырыкIуэ. Сыт ЩЫIЭми а щыIэр зэрытцIыхуыр и ЦIэмкIэщ. Сыт щыIэми ар ЩЫ-зу, ЩЫ-гъэу, ЩЫ-гъуэу щыIэщ. Япэрауэ езы ЩЫ-Iэр; етIыуанэрауэ а щыIэр зэрытЦIыху и ЦIЭр; ещанэрауэ щыIэмрэ, щыIэм и цIэмрэ зылъагъу, зэзыпхыж ЦIы-хуыр. ЦIэр зыЦIЫ-хуыр ЦIЫХУырщ. Дэтхэнэ псэуыщхьэу зи бзэ мыПСАЛЪЭМ, ауэ ЦIЭр цIыхуын щIэзыдзэми цIыхуыгъэкIэ бгъэдыхьэн хуещ.
Тхыгъэм нэхъ IуэрыIуатэм и гуащIэр нэхъ мащIэу къытщыхъуми IуэрыIуатэм псэ хэтщ, зыжьэм къыжьдэкIыр нэгъуэщIым жьэдыхьэурэ, къэщIэрэщIэжурэ зэхопсыпсэ. ЦIыхуыр къызэрыуынэхурэ сурэт щIыныр къыдэгъуэгуырыкIуэу щытми арт-тхыдэр къызэрежьэрэ илъэс щитхуым нэблагъэ къуыдеуэращ. Леонардо да Винчи, Микеланджело Буанаротти, Рафаель Санти сымэ теуыхуауэ Вазари тхыгъэ итхамкIэ арт-тхыдэр къежьауэ жыпIэ хъуынущ. ИуыжькIэ а арт-тхыдэм дэнэ лъэныкъуэкIи зиуыбгъуащ. Псом хуэмыдэу зэхъуэкIыныгъэшхуэ къыщыхъуар епщыкIуыбгъуанэ лIэщIыгъуэращ. Импрессионизмым и лъэхъэнэм. А лъэхъэнэм иджыри къэс же пэлъытэу езыхьэкIа сурэтыщIхэр къызэщIоуышэри арт-лъагъуэщIэ-лъыхъуэ-зекIуэ зэрохьэжьэ. А лъэхъэнэр адыгэхэм я лъапсэм псы щырагъэжыхьыжа лъэхъэнэт.
Дунем сыт къыщыхъу-къыщыщIэ-къыщекIуэкIми къытфIэмыIуэхуыжу, ди щхьэ къырикIуам и хьэлъагъэр зэхэтщIэну игъуэ димыхуауэ, ди лъэпIкъ зэхэтыкIэмрэ лъэпкъ псэуыкIэмрэ зыри къыхэмынэжауэ, лъэпIкъ гуыпсысэ щыIар щымыIэжрэ гуыпсысэщIэ къэзыгъэщIын гуащIи тхуыримыкъуу, хэт дэнэ деж къыщыхуытами къекIуэкIыр щхьэж къызэрыгуырыIуэмрэ къызэрыщыхъуым теуыхуауэ илъытэу декIуэкIт а лъэхъэнэм. ТхьэмыщкIагъэр ди натIэу ТхьэмыщкIапIэм дыщихуа а лъэхъэнэм дунеижьым зыреч, уыкIэлъыщIэпхъуэкIи уылъэщIэмыхьэну, уыкIэлъыджэкIи уызэхимыхыну.
Арт-IуэхущIафэр философиеми, литературэми, идеологиехэми, историеми, психологиеми, дин къекIуэкIхэми, эстетикэми, лингвистикэми, семиотикэми, хэуыхуэнауэ къекIуэкIын щIедзэ. Езы сурэт щIыкIэм зыщырагъасэ школхэри зэмылIэуыжьыгъуэу къоуынэху. Къэрал къэс езыр зыхуэныкъуэу ибж арт-лIэуыжьыгъуэм езы къэралыр зыхуе идеологиер лъабжьэ хуищIыурэ, абы мылъку тыригъэкIуадэурэ зырегъэуыжь. Арт-селекцие ещI.
ЯгъэтIысу сыбыр кIэтIэржинэм яхуа, яуыкIахэм и бжыгъэм уыщIэмыуыпIщIэ.
Псалъэм папщIэ сэ сызыхалъхуа СССР-м философиери, литературэри, арт-тхыдэри, нэгъуэщI дисциплин гуэрхэри езым и идеологие кхъуызанэмкIэ быдэу имыуыхуэнщIауэ, IэфIи-фIэIуи къыщIимынэжыху къыщIимыкъуызыкIауэ цIыху тыригъаплъэтэIым. Артист нэсым дежкIэ апхуэдэ щытыкIэр зи къемызэгъ Iуэхуыгъуэт. А лъэхъэнэм СССР-м щыпсэуа артист куэдым ле къатехьащ. Псалъэм щхьэкIэ Шемякин жиIэу нобэ уырысер зэрыгуышхуэ адыгэ щылъху (и адэр Къардэнхэ я къуэщ) сурэтыщI цIэрыIуэр къэралым диседенту ирахуауэ щытащ. ЯгъэтIысу сыбыр кIэтIэржинэм яхуа, яуыкIахэм и бжыгъэм уыщIэмыуыпIщIэ. СССР-м и переферием щыпсэу сэ схуэдэхэр къэралым дырамыхуами гуыгъу дырагъэхьар пэжщ. Си щхьэкIэ къапщтэм, лэжьыгъэ къэзгъэлъагъуэм – мыбы къигъэлъагъуэр буржуа лэжьыгъэщ, мыхуэдэ артистхэр уытыку ибгъэхьэ хъуынуIым гъэтIысын хуещ, уыкIын хуещ жаIэу; лэжьыгъэ сщIэр сымыгъэлъагъуэм – мыр лажьэIым, артист/Iым жаIэу. КIэщIыу жыпIэм – икIи икI, икIи ис, исуи зызомыгъэлъагъу.
***
Абы щыгъуэми, къэралыр къыхэмыпщэфIыхьми, езы сурэтыщIым ищIэн хуе Iуэхуыгъуэр Iуэхуыгъуэ тыншу пхуыжыIэнуIым. Нобэре арт-хабзэм ипIкъ иткIэ сурэтыщIыу зызыбжыж дэтхэнэми езым и лъагъуэ хишын хуещ. Уи лъагъуэ хэпшын щхьэкIэ арттхыдэм фIыуэ уыщыгъуазэу, уыщыгъуазэрэ абы къыщекIуэкIыр къыщIекIуэкIым хэпщIыкIыу, а къекIуэкIым уэри зыгуэр щIэуэ хэплъхьэну я уыжь уиту, уи арт-еплъыкIэ бгъэпсыжу щытын хуещ. Абы щыгъуэми ар къохъуылIэрэ къомыхъуылIэрэ зыми ищIэIым. Уэр дыдэм пщIэжIым.
2000 гъэхэм ирихьэлIэу сэ си арт-гъэпсыкIэ сиIэ хъуат. Сытым селэжьми, сыт злэжьми а си гъэпсыкIэм и къуыпхъэм къизгъэджэлт. Ахуэдэу сылажьэурэ арт-тхыдэри, нобэре процессхэри зы лъэныкъуэу, сэ злэжьхэр нэгъуэщI лъэныкъуэу мэхъу. Ноби, пщэдеи, пщэдемыщкIи сщIынур зэрысщIыну формэр, стилыр сэркIэ наIуэу, зыри сылъыхъуэжын хуэме хуэдэу мэхъу. Ар кризист.
…сызылъыхъуэ Iуэхуыгъуэр къыспIкъырохьэ…
Артистым и Iуэхуыр мастерым и Iуэхуым къыщхьэщокI. Мастерыр щIэныгъэкIэ, щхьэкIэ мэлажьэ, артистыр гуыкIэ, псэкIэ, гуыпсысэкIэ мэлажьэ. Сэ мастер хуэдэу сохъу. Кризис къыстепсыхам сырехуыжьэри Европэм илъэс ныкъуэкIэ къыщызоуыщыхь хэкIыпIэ гуэр къэслъыхъуэу. Музейхэмрэ галерейхэмрэ щIызощыкI. Ауэ сызылъыхъуэм и мэ къуыде къысщIихьэIым. ЗекIуэри къэзухауэ, зыри къэзмыгъуэтауэ, зы тхьэмахуэ дэкIым сыкъежьэжыну, Лондон Тate galleri жыхуиIэ музем сыщIэту си нэхэр щоуынкIыфIыкIри уащхъуэдэмыщхъуэу сызылъыхъуэ Iуэхуыгъуэр къыспIкъырохьэ (сыхохьэ). Лъагъуэ сызэрыкIуэн хуем зыкъегъэлъагъуэ.
Зы архетип гуэр, е къэхъу-къащIэ гуэр къапщтэу уи щIэныгъэрэ, гуащIэрэ къызэрихькIэ, стилу, школу, сурэт щIыкIэ зэмылIэуыжьыгъуэу щыIэу уызыщыгъуазэхэм, а архетипыр, е къэхъу-къащIэр ибгъэуывэурэ кIэи-пэи зимыIэ серия къэбгъэщIын. Пикассои, Мондриани, нэгъуэщIхэми лэжьыгъэ серияхэр ящIыу щытащ, ауэ абыхэм ящI серияхэр зы стилым и кIуэцIкIэ щекIуэкI трансформациехэрат.
Сэ къесхьэжьар стиль зэмылIэжьыгъуэбэкIэ занщIэу гуыпсысэн Iуэхуыгъуэщ. Хэкуым къызогъэзэжри сериехэр щIын щIызодзэ. Мыхуэдэ бгъэдыхьэкIэм кIэ имыIэу уызытелэжьыхьын Iуэхуыгъуэ къырокIуэ. Идеяр игу ирохьри 2001 гъэм уысакIуэ, философ, уырысе андеграундым и пашэхэм ящыщ Слава Лен си лэжьыгъэхэм ипIкъ иткIэ монографие (ТS. Ре-Цептуальный сериал в контексте постмодернизма) жыхуиIэр етхыри, 2004 гъэм къыдокI. 2007 гъэм ГъуыщIапщэ Арсенрэ, Мэзло Эдыджрэ къыскъуоуывэри, зым иуыхым адырем къыщIидзэу экспозицэу щы зэкIэлыпыту дощI, епIлIанэуи Мэзлом иригъаджэ щIалэгъуалэхэм къыпащэри, идея къысхуэкIуам нахуапIэ егъуэт.
Абы иуыжькIэ НАРТ пшыналъэм сетхьэкъури 2018 гъэ хъуыху текстымрэ сурэтхэмрэ я уыжь ситщ. 2019 гъэм «НАРТhЭР» жыхуиIэ тхылъыр къыдокI. Иджыблагъэ «АДЫГЭБЗЭМРЭ МАЛЕВИЧ И КВАДРАТЫМ И ТРАНСФОРМАЦИЕМРЭ» жыхуиIэ перформансыр сщIа къуыдещ. Мы прерформансыр пIкъыгъуищу зэхэтщ:
1- Адыгэбзэм макъ къэс символу зэрыщытыр, символ къэс функцэу зэрахьэр, символ къэс диапозону иIэр къэзыгъэлъагъуэ къебжэкIыр QR-коду тедзауэ, 2- Малевич и квадратым и трансформациер (Малевич 1913 гъэм «Победа над солнцем» жыхуиIэ спектаклым елэжьурэ «квадрат фIыцIэ» ищIа хъуат, абы и щIагъыбзэр дыгъэр гъэкIуэдын Iуэхуыгъуэт, абыи къыхэкIыу а квадратыр фигуратив артым и кIуэдыжыгъуэу, символ артым и щIэдзапIэу ябж. Квадрат фIыцIэм уыд Iуэхуыгъуэу сеплъри, гъэрыпIэм ихуа дыгъэр къезгъэуытIыпщыж пэлъытэу, квадрат фIыцIэм и трансформация жиIэу стил зэмылIэуыжьыгъуэбэу си гуащIэ къихьыр сщIат.), 3– Адыгэбзэм макъыу хэтыр зэщIэжьыуэу. (Макъ гуэркIэ къыщIидзэрэ, а макъыр и кIэм нэс мыуывыIэу кIуэуэ, къыкIэлъыкIуэ макъыр къыхыхьэм ари апхуэдэ дыдэу икIэм нэс кIуэуэ, ахуэдэурэ макъыу хъуыгъуэр зырызурэ къыхыхьэурэ макъ интерференция хъуыуэ дакъикъэ 25 кIэ екIуэкIыу.).
Иджыпсту, мы дызэхэт лъэхъэнэм глобалу зэхъуэкIыныгъэшхуэ ЩIым щокIуэкI. ЕкIуэкIыр пыуыхыкIауэ зыми ищIэIым. Иджыри къэс къалэ-щхьэгуэжьу цIыхуыгъэм и тегъэщIапIэу ябжурэ къекIуэкIа символхэр мылэжьэж хъуащ. ЦIыхуым зыкъицIыхуыжIым. Мы лъэхъэнэм адыгэу зызыбжыж дэтхэнэми адыгэу, цIыхуыгъэ хэлъу къэнэн щхьэкIэ, плъапIэу къыхуэнэр ди бзэм жиIэм еплъыжыныращ…
Тхьэм и нэфI къытщыхуэ…
Црим Руслан
Црым Наурби и къуэ Руслъан 1952 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм и 20 Жэнхъуэтхьэблэ (Псыгуэнсу) къыщалъхуащ. 1969 гъэм къуажэ еджапIэр къиуыхри Карачаевск жыхуиIэ къалэ цIыкIуым дэт институтым сурэт щIыным щырагъасэ къуыдамэм щIэтIысхьэри 1975 гъэм къиуыхащ. Дзэм къуылыкъу-щIэныр зэрызэфIэкIыу, сурэтыщIыу лэжьэн щIидзащ. И сурэтхэр къыщигъэлъэгъуа къалэхэр: Махачкала, Владикавказ, Нальчик, Пятигорск, Майкоп, Сухум, Ростов-на-Дону, Москва, Санкт-Петербург, Таллин, Хельсинки, Берлин, Лондон, Стамбул, Амман…
И лэжьыгъэхэр музей зыщIэлъхэр: Къэбэрде-Бэлъкъэр сурэт-щIыным хуэгъэза музей, Майкоп дэт КъуэкIыпIэ лъэпIкъхэм я музейм и филиал, Нобэре артым и музей Москва дэт, къинэмыщIыу артыр фIыуэ зылъагъуу зыхуэзыхьэс цIыхухэу Уырысем, Германием, Францием, Британием, Финляндием, Испанием, Канадэм, Австралием, Америкэм, Тыркуым, Иорданием н.къ. къэралхэм щыпсэухэм. И сурэтхэм теуыхуауэ тхылъищ къыдэкIащ: «Ruslan Tsrym», «TS. Ре-Цептуальный сериал в контексте постмодернизма», «Метаморфозы TS» жыхуиIэхэр. Иджыблагъэ «Нартhэр» жыхуиIэ и тхылъым дунер илъэгъуащ. Црым Руслъан арт-IуэхуымкIэ Уырысе Академие и член-корреспондента, Къэбэрде-Бэлъкъэрым и пIщIэ зиIэ цIыхуыбэ сурэтыщIщ…
***