ЕЗЫРИ ЛIЭЩIЫГЪУЭМ И ЗЫ ТЕЛЪЫДЖЭТ
Куэд зыгъащIэ нэхърэ, куэд зылъагъу, жаIэ адыгэхэм. Къыхуиуха гъащIэр кIэщIми, зи гугъу сщIыну бзылъхугъэр гуащIафIэу псэуащ, Iэджи игъэхъащ, нэхъыбэжи хузэфIэкIащ. ХамэщI къыщыхъуами, зыщыщ лъэпкъым пэIэщIэу псэуами, ар гурэ псэкIэ адыгэт, абы хуиIэ фIылъагъуныгъэр ибзыщIыртэкъым, зэрыадыгэр игъэгъуащэртэкъым. Дызытепсэлъыхьыну бзылъхугъэм хуэдэу зи цIэ жыжьэ Iуахэм загъуэрэ ялъэIэсыгъуей щыхъу щыIэщ. Си насып кърихьэкIри, сыхуэзэнуи, сеуэршэрылIэнуи игъуэ сихуащ. Iущым Iэщэу зрихьэр и псалъэращ. ЖысIэнуращи, зэуэ сыкъихьэхуат. И псэлъэкIэм и дунейм ухишэрт, узыхукъуигъэплъ и гурыщIэми ухилъасэрт. Зи гугъу сщIыр хамэщIым ипхъауэ ис адыгэхэм зи зэфIэкIкIэ къахэща, цIэрыIуэ щыхъуа Шыгъэлыгъуэ Iэта ипхъу Мералщ. Мерал Тыркум фIыуэ къыщацIыху киноджэгуакIуэт, сценаристт, уэрэдуст. Езыр и цIэрэ и щхьэкIэ Хэкум щIагъуэу къыщамыщIэми, и IэдакъэщIэкIым щымыгъуазэ щыIэкъым. Мералщ цIыхур дихьэхауэ зэплъ «ЛIэщIыгъуэ телъыджэ» сериалым гупсэ хуэхъуар, абы и сценариер зытхар.
Шыгъэлыгъуэ Мерал къызыхэкIар адэжь щIыналъэм егъэзыгъэкIэ икIын хуей хъуа адыгэ унагъуэщ. И адэ-анэр къыщыхъуар Къайсэр щIыналъэм хиубыдэ Узун-ЯйлэкIэ зэджэ щIыпIэращ. Абдеж щыпсэу адыгэхэм гушыIэу «Тыркум и Къэбэрдеишхуэр» жаIэми, пэж куэд хэлъщ – къэбэрдей къуажэ къудейуэ 90-м нэблагъэ а щIыналъэм исащ. Адыгэбзэшхуэ щызекIуащ, адыгэ хабзэ дахэ щызэрахьащ а щIыпIэм щыпсэуа нэхъыжьхэм. Аращ къызыхэхъукIар киноджэгуакIуэ цIэрыIуэм и унагъуэри. Мерал и адэ Шыгъэлыгъуэ Iэта офицерышхуэт, дзэм епха хеящIэт, и анэ Думэн Тыркукъан унэгуащэт. Унагъуэм имыкIыу адыгагъэр илъащ, уебакъуэ мыхъуну хабзэр щызэрахьащ, зумыгъэщIэнкIэ Iэмал имыIэу адыгэбзэр щызекIуащ. Абы и щыхьэт нахуэщ зэдэлъхузэшыпхъуитIым – Мэжидрэ Мералрэ – анэдэлъхубзэр ящIэу, абы фIыуэ ирипсалъэу къызэрытэджар.
Мерал къыщалъхуар Анкъэрэ къалэрщ. Адэр зыпэрыт IэнатIэм и ягъэкIэ куэдрэ къэралым щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къакIухьыну къыхуихуами, еджапIэри лицейри пщащэм къыщиухар Анкъэрэщ. Еджэныр къызэринэкIа нэужь, Мерал «Toprak Mahsulleri Ofisi» жыхуаIэ мэш-гъавэ Iуэхухэр зезыгъакIуэ IуэхущIапIэм уври, илъэситхукIэ абы щылэжьащ. А зэманым Мерал щыхьэрым дэт Хасэм кIуэуэ хуежьащ, театр гупмм щыджэгуащ.. Мыбдеж щызэрихьэлIэ щIалэгъуалэр зытепсэлъыхьыр Хэкурт, адыгагъэрт, адыгэбзэрт, гъэлъэгъуэнвгъэу ящIхэми къаIуатэр арат – Кавказым хуаIэ лъагъуныгъэрт, абы гъэзэжын зэрыхуейрт.
Къапщтэмэ, 1970-1980 гъэхэр Тыркум и политикэ щытыкIэр къызэщIэплъауэ щекIуэкIа зэманщ. Ижьхэмрэ (националистхэмрэ) сэмэгухэмрэ (социалистхэмрэ) гуащIэу щызэпэщIэт лъэхъэнэт. Мы къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я къызэщыугъуэми ар хуэзат. Къапсэлъыр зытеухуар цIыхум и щхьэхуитыныгъэмрэ лъэпкъхэм я хуитыныгъэхэмрэт, ящIэ псори зэхьэлIэжари арат. Мерал фIэгъэщIэгъуэнт къекIуэкIыр.
Анкъэрэ дэт Адыгэ Хасэми и Iыхьэ Шыгъэлыгъуэхэ я пщащэм хилъхьащ жыпIэмэ, егъэлея хъуну къыщIэкIынкъым. Зэхуэсхэр адыгэбзэкIэ зэрырагъэкIуэкIым, лъэпкъым и гумэщIыгъуэхэр театр игъэувхэм зэрыхилъхьэм пщIэ иIащ, адыгэм щыщ куэд къызэщигъэунуи лъэкIащ. Утыку къралъхьэхэм етауэ, ящIэм фIэщхъуныгъэ хуаIэу зэрагъэпсым ифI къэкIуат – лъэпкъым щыщ куэд зэришэлIат. Абы и IуэхукIэ театрым мыхьэнэшхуэ иIащ. Ар профессионал джэгуу щымыт пэтми, хэтхэм лъэкI къагъанэртэкъым адыгэм и гурыгъу-гурыщIэхэр абдеж къыщаIуэтэну. Гуимыхужу апхуэдэ театрхэм щыджэгуахэм ящыщщ Шыгъэлыгъуэ Мерали. А илъэсхэрауэ жыпIэ хъунущ Шыгъэлыгъуэр киногъуазджэм, театрым щыдихьэхари.
Мерал жиIэжахэм тепщIыхьмэ, Хасэм хэтыныр тIэкIуи дзыхьщIыгъуэджэт. Я адэр дзэм хэтти, пхъум зрихуэ Iуэхухэр къащIэмэ, къащIэмыкIуэныр зыхуэIуа щыIэтэкъым. Абы щхьэкIэ къимыгъанэу кIуэрт. «Сысей гуэр щыIэу къызэрыслъытэрами хэт ищIэн, Хасэр унапIэут зэрыслъытэр. Зи гугъу тщIыри, зи ужь дитри зыгуэрым и щхьэ Iуэхутэкъым, абдеж къекIуалIэхэм псоми ди зэхуэдэ Iуэхут», – игу къигъэкIыжырт Мерал. Ауэ гъащIэр зы гъунэ гуэр нэсу къыщIэкIынщ, уи Iэ имылъ щхьэусыгъуэхэм ар нэгъуэщIыпIэкIэ дашэхыу, нэгъуэщI лъагъуэ трагъэувэу. Мерал Хасэ лэжьыгъэр IэщIыб ищIын хуей хъуащ, куэд дыдэ дэмыкIыуи Истамбыл Iэпхъуащ.
Дунейр щызэблэкI къалэшхуэм Мерал къызэрыкIуэу и гъащIэм зыкъомкIэ зыкъызэридзэкIащ. Абы «Фи пщэдджыжь фIыуэ» жыхуиIэ газетышхуэм лэжьэн щыщIидзащ, «İletişim»-кIэ зэджэ тхылъ тедзэным хуэщIа IуэхущIапIэми и къызэгъэпщыным жыджэру хэтащ. Тхэным дихьэха цIыхубзым кIэщIу и макъыр къэIуащ. Тыркум зи цIэр фIыуэ ящIэ Сезен Аксу и уэрэдхэм я псалъэхэр зытхыр Мералт. Ахэр зыхуэунэтIар лъагъуныгъэми, къащIэIукIыр гурыщIэм цIыхупсэм иригъэгъэв хьэзабым и щэIу макътэкъым, атIэ абыхэм гъащIэм ухуэпабгъэу уащIырт, гухэлъым къигъэщIынкIэ хъуну телъыджэхэм урагъэгупсысырт, фIылъагъуныгъэ къабзэр лъагэу Iэтауэ щытын къудейм къыщымынэу, хуэфащэу зэрыщытыпхъэр къаIуатэрт. Мерал и уэрэдхэмкIэ цIыхур къыхуриджапэрт лъагъуныгъэм хуэсакъыну, яхъумэну, зэ пIэщIэкIам къэгъазэ зэримыIэр, абы гущIэр зэрисыр яжриIэрт. Ауэ сытми псалъэ щхьэдэшэхауэ зэрыщымытым Мерал и уэрэдхэр цIыхубэм яригъэпхъуэтащ, зэуи хэIущIыIу хъуащ, дэни щызэхэпхыу, дэни щагъэзащIэу.
Шыгъэлыгъуэр 1992 гъэм «ФIыуэ узолъагъу, Розэ» жыхуиIэ кинофильмым зы роль къыщратри, абыкIэ кино дунейм хэбэкъуа хъуащ. «Пропаганда» жыхуиIэ кинофильмыр прессэм и гъуэгукIэ цIыхубэм яхигъэIуащ. «Санэ жыг зыдэт уардэунэ пщIантIэ» жыхуиIэ сериалым и сценарийр итхащ, «ЕтIуанэрей гъатхэ», «Iуащхьибл Истамбыл», «Ар иджы дзэлIщ» сериалхэм щыджэгури, цIэрыIуэ хъууэ щIидзащ. Куэдым ягу дыхьа «Зы пшэ Іэрамэу сыщытакIэщэрэт» жыхуиIэ сериалым и сценарийр Шыгъэлыгъуэм итхащ икIи абы щыджэгуащ. Революционеру зызылъытэжхэм я нэгум щIэкIахэр къиIуэтэжу, езыри абы щыджэгуу 2006 гъэм трахат «Бейнэлмилэл» кинофильмыр. Шыгъэлыгъуэр а фильмым и къызэгъэпэщакIуэт икIи роль хъарзыни щигъэзащIэу щыджэгуат.
Ауэ абы и цIэр жыжьэ дыдэ зыгъэIуар «ЛIэщIыгъуэ телъыджэ» тхыдэ сериалырщ. Сценариер итхым къыщымынэу, абы хэтыну джэгуакIуэ куэдыр къэзыгъэлъэгъуар Мералщ. Ролхэр къызэрыкIуэу зэрыщымытыр, дэтхэнэри теплъэгъуэм и курыхыу зэрыгъэпсар джэгун ирагъэжьа нэужьщ езы джэгуакIуэхэм къащыгурыIуар. Къатехуэ пщэдэкIыжыр зэрымыцIыкIур щызэхащIыкIым, сценарием и псалъэхэр зыщагъэгъуазэм къыщымынэу, тхыдэми хуеплъэкI, зи ролыр ягъэзащIэ лIыхъужьым и шыфэлIыфэр, и дуней тетыкIар зэрагъащIэ хъуащ. Кинокритикхэм къызэрыхагъэщымкIэ, сериалыр гъуазджэ икIи щIэныгъэ-узэщIакIуэ проект хъуат еплъхэм дежкIи, щыджэгухэм дежкIи.
Мерал и гъащIэм зы нэхугъэ хэтамэ, ар щызу къытезыгъэщхъауэ илъытэр и щхьэгъусэрат. «АСТ» театр унэм кIэщI-кIэщIурэ здэкIуэм, абы ныбжьэгъу къыхуэхъури, иужькIи псэгъу хуэхъужат театр актёр бэлыхь Окай Яман. 1984 гъэм унагъуэ зэдащIри, илъэсибгъу фIэкIа зэдэмыпсэуауэ, быни зэдамыгъуэтауэ 1993 гъэм ар дунейм ехыжащ. И ныбжьыр илъэс щэщIым щхьэдэха къудейуэ лъагъуныгъэшхуэ зыхуищIа и щхьэгъусэр щыфIэкIуэдым, Мерал япэщIыкIэ ириудат. Ауэ «Яман щхьэкIэ, Яман и хьэтыркIэ» жиIэурэ фэеплъ илъытэм къызэфIигъэувэжащ, лэжьыгъэми зритыжын лъэкIащ. Игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и щхьэгъусэм и ныбжьэгъухэри щыпкъэу къыщIэкIащ, Мерал и закъуэу зэикI къагъэнакъым, сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн къыхуэхъуахэщ.
Шыгъэлыгъуэм и цIэр цIыхубэм зэрызэIэпахыр ищIэрт, и гуапэ хъуми къыщынэртэкъым. Ауэ уздылъэмыIэсын лъагапIэ гуэр тету зыкъыщыхъужыртэкъым, пагагъ лей гуэри хэлътэкъым. ЦIыхугъэм ипэ иригъэщ щымыIэу апхуэдэт. Сыт хуэдэ Iуэхуфэми мамыру, гупсэхуу бгъэдыхьэрт, псоми мыхьэнэ иIэу, игъуэмрэ и пIалъэмрэ къэхъунур зыхищIыкIыу щытт. Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэми, езым ейми, нэгъуэщIым къыдэхъуми, сабийм хуэдэу щыгуфIыкIырт. ЗэикI срихьэлIакъым ар зэрыгуфIэм хуэдэу гуфIэ цIыху, апхуэдизкIэ къыпидз нэхум ущIегъанэри. Мыхъужын узыр къыщеуэлIами, а и дунейр зэрихь дыдэм хуэдэущ хъыбар мыфэмыцым зэрыIущIар – мамыру, щэху. ФэкIыпIэ зимыIэри къилъытэу къыщIэкIынт, ауэ ар дыдэми фIы хилъэгъуат, «Яман дежкIэ сыкIуэжыну аракъэ!» жиIа къудейт… Мэрал 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м дунейм ехыжащ. Ехыжащ, «ЛІэщІыгъуэ телъыджэм» сериалыр и фэеплъу къигъанэри, ехыжащ, езымри лIэщIыгъуэм зэрителъыджэр цIыхум я фIэщ ищIри… Цыхугъэр цIыху цIыкIум псоми я щIэинщ, Мерал и щIэинри, арыххэу, адыгэм ди Iыхьэ хэлъщ.
Табыщ Мурат,
«Адыгэ псалъэ» газетым и
щӀэныгъэ обозреватель.