Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гугъэмрэ гъащlэмрэ зэтемыхуэмэ…

Гъатхэпэ мазэм и 11-м, блыщхьэ махуэу, Тыркум коронэ сымаджагъэр телевизоркIэ щызэхэтхам, ди ныбжьэгъу Сэтэнейрэ ДжIунейтрэ я деж дыкIуэну зыдгъэхьэзырырт. Я унэр къекIу ирагъэщIри щIэтIысхьэжахэти: «ФIыкIэ фыщIыс!» – жытIэу дахуэгуфIэнут. Дызэхуэсынурэ икъукIэ хьэлэбэлыхьу дахуэкIуэнут.

«Хэт сымэ накIуэр? Дауэ дызэрыкIуэр? Дэнэ здыдэсхэр? Фадэхэр хэт къищэхуну?» – жытIэу хъыбархэр зэхуедгъэхьт. Ди зы ныбжьэгъу: «Алыхь фадэхэр сэ къэсщэхуным», – жиIэри маркетым кIуати, жылэм шхынрэ колоньярэ къыщIанэжатэIым жи маркетым.
«Уа ей, лIо мы къомымкIэ ящIэнур?» – жысIат, ауэ сэри бащырбэхэр сIыгъыу, алыхь, зыуэ сыантикэти», – дыхьэшхыурэ къыджиIэжат.

ТIуэкIу дышынэми, зэныбжьэгъу тIощIым нэс Сэтэнейхэ дыкIуэри, я салоным зыщIэдгъэхуат. Дефас, дешхас, дыуэршэрас, дыдыхьэшхас. Ди зы ныбжьэгъу: «КхъыIэ, сэри фынысхуэкIуэ», – щыжиIам, мы сымаджагъэм апхуэдэу дызэрызэхиукIэнур тщIэтэIым.

Гъатхэпэ мазэм и 15-м, мэрем махуэм, ди бынитIыр еджапIэм кърагъэкIыжри унэм къагъэкIуэжас. Си къуэхэм зым лицейм, адрейм университетым загъэхьэзырт.
«ЛIо Iей мыр? Сыт щыIэми, дэ дегъуэт», – жысIас. Мектебэм кIуэфынухэтэIым, компьютеркIэ еджэнухэт. «Хъуну зыгуэр иджы мыр?» – жысIат. Ауэ, сымаджагъэм Iейуэ дигъэшынат. Гъатхэпэ мазэм и 18-м, блыщхьэ махуэм, ди бын цIыкIуитIыр унэм къыщIэднэри, си щхьэгъусэмрэ сэрэ Iуэхум дыкIуас. Ауэ псори Iейуэ дыгузэват. Сыт тщIэнуми, дауэ зытхъумэнуми тщIэтэIым. ДыкIуэри колоньярэ дизинфектанрэ къэтщэхуас. А жэщым мы сымаджагъэм щхьэкIэ Тыркум зы цIыху дунейм ехыжащ щыжаIэм, Iейуэ дышынас. ЕтIуанэ махуэм зэщIэтIкъуэщ ди компьютерхэри, лэжьыгъэу хъуари ди унэм дыкъэкIуэжас. ТхьэмахуитI-щы унэм дыщылэжьэнси, Алыхь ди Iуэхум дыкIуэжыным – жытIас. Ди Iуэхур архитектурэ, инженернэ Iуэхути, тщIэуэ хъуари компьютеркIэ тщIэфIынут, унэм дыщылэжьэфынут. Мыри ди гуапэ хъуащ: Iуэхум дымыкIуэу, ди унэм дыщылажьэу.

ЕтIуанэрей махуэм ди унэр зэдгъэпэщас. Ди салоныр ди IуэхущIапIэ тщIас, цIыкIухэм я лэгъунэхэр я мектэбэу зэдгъэпэщас, ди компьютерхэр дгъэувас. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ салоным дыщылэжьэнут. Зэи мыпхуэдэу дызэбгъэдэсу дызэдэлэжьатэIым.
ТIэкIуи сыгузэвас: «Уэй, дауэ хъуну, къыскIэрысу?» – жысIэри, сигъэгупсысас. Ауэ, тщIэн щыIэтэIым, мы сымаджагъэр хьэлэч дыдэт. Ди компьютерхэр зэдгъэпэщас. Арати, морати, мыбыи, мобыи дыхуейти жытIэурэ ерагъмыгъуейуэ ди Iуэхум щIэддзас, ди цIыкIухэми еджэн щIадзас. МахуитI-щы нэужьым десат унэм дыщылажьэу, дыщеджэу.

Унэм дыщылажьэу щыщIэддза махуэхэм ди гум зигъуэтыжат. Ди къалэм зыщIэддзэжауэ, ди бын цIыкIуитIыр къыдбгъэдэсу, ди унэм дыщешхэу, дыщефэу, коронэр ди унэм къыщIэмыхьэфын къытфIэщIт. Мы коронэр апхуэдэу Iейуэ сымаджагъэти уи адэ-анэр плъагъуфтэIым, зыми зепшэкIыфтэIым. Ди маскэжьыр щIэкъузауэ, ди нэжь цIыкIуитIыр къижу дыпсэунут, ди Iэр ттхьэщIурэ и фэр тетхынут. «Сыт мыгъуэ тщIэн?» – жытIас. Коронэм теухуауэ сыт дгъуэтми деджэт, деплът. Мы Iэдэбсызыр фIыуэ зэдмыгъащIэм, дытекIуэфынутэIым. Унэм дыщыщIэскIэ, тIэкIу дылэжьэнщ, тIэкIу деджэнс, депщэнс, фильм деплъынс мы сымаджагъэр блэкIыху, жытIас.

«И зэманым икIи сылэжьэнс, икIи си бын цIыкIуитIыр спIынс», – жысIэу сежьат, Iейуэ сызыщыгугът. Зыри зытезгъэкIуэнутэIым. Ди унэ Iуэхухэр ищIэу зы лэжьакIуэ диIэти, ари, си бынхэр ин хъуас, мы фызыр диIэу, зыри Iуэху ящIэIым, дэр-дэру ди Iуэхухэр тщIэжынс, – жысIэри и къуажэм згъэкIуэжат. Ар кIуэжа иужь ди унэм сыфыз закъуэу сыкъэнат.

«Алыхь мы си къуитIми, си щхьэгъусэми яхузэфIэмыкIын, сэ унэр зезгъэкIуэнс», – жысIас. – ИкIи сылэжьэнс, икIи унэ Iуэхухэр яхуэзгуэшынси язгъэщIэнс, шхынри дыздэIэпыкъуурэ тщIынс. Си бын цIыкIуитIым сабгъэдэсу мы гъэм еджэнси, мектебыфIи къахьыным», – жысIэри зызгъэгушхуас. ТIэкIу сыфеминистт: «Алыхь яхуэзмыдэн Iуэху ямыщIэу, – жысIас сэр-сэру. – Сэри ахъшэ къызохь, лIо унэ Iуэхур псори сэ щIэсщIэнур?»

Унэм дыщылажьэу зэрыщIэддзэрэ мази блэкIащ. Гъэмахуэм тIэкIу Iуэхуми дыкIуащ, ауэ инэхъыбэм унэм дыщылэжьас. «Сыт хуэдэт унэм ущылэжьэныр?» – жаIэу къызэупщIмэ: «Алыхь сыхуэмей, унэм сыщIэкIыурэ Iуэхум сыкIуэм нэхъыфIс», – жысIэнщи унэм зыщIэздзыным. ЦIыхубзхэм ерагъмыгъуейуэ дылажьэу щIэддзар, унэм дыщIаубыдэжынус. ИкIи унагъуэ Iуэхур, икIи лэжьыгъэ Iуэхухэри дагъэщIэну я мурадс. Алыхь фымыгъуэта, зи фымынацIэ! Унэм сыщылажьэм зэзгъэпэщахэр, си шыпхъу дахэхэ, фэр щхьэкIэ стхас.

Щхьэ зэхэзэрыхьа

Ипэхэм унэр Iейуэ зыхэзэрыхьами, бжэр къыхуэтщIт, Iуэхум дыкIуэт, тщIэну Iуэхум дегупщыст. Иджы унэм дыщолажьэ, унагъуэ Iуэхумрэ лэжьыгъэмрэ Iейуэ зыхэзэрыхьащ. Унэр Iейуэ зэрызэхэзэрыхьмэ, хъыданыр къызопхъуатэри адэкIэ-мыдэкIэ солъэщI, зыгуэрхэр сожьыщI, изодз. Си Iуэхум сегупщысыфIым, зэпоуд. ФIыуэ зестауэ зыгуэр сыщеджэкIэ, си унэм щIэс си къуэ нэхъыщIэм: «Сефэну зыгуэр. МыIэрысэ. Уи зы шей дефэнс. Нартыху схуэбгъэлыгъуэнути, пщыгъупща?» – жиIэурэ мейсажхэр къысхурегъэхь. ЩIалэ цIыкIур компьютеркIэ йоджэ иджы, и унэм къыщIэкIыфынIым жызоIэри сыкъыщолъэт.

«ФIыуэ ирыреджи, Алыхь сыти хуэсщIэным», – жызоIэри лагъунэ цIыкIум сынос.
Си Iуэхум фIыуэ сыхэкIуэдауэ сыздэлажьэм, си щхьэгъусэм и телефоныр къоуэри еуэ мэпсалъэ, еуэ мэпсалъэ. Сэри тIэкIу содаIуэ, Iэпэ тэрмэшкIэ зыгуэрхэр жызоIэ. Си Iуэхур сщогъупщэж. Мис иджы сухыным, си Iэм къыкIэрыпщIас щыжысIэм, си къуэ нэхъыжьыр къыщIопкIэ ди салоным: «Шхын щхьэкIэ солIэ», – жеIэри. Аргуэру лагъунцIыкIум зызодз.

«Адыдыд… Мыхэр мэжэлIамэ, къызэдзакъэнхэм Алыхь, щIэх дыдэу яшхыныр естынс», – жызоIэ.

Шхын щIыныр къулай ффIэщIрэ? Лэгъун цIыкIум сыкъыщIэкIыжыху жэщыбг мэхъу. Жэщым солажьэри солажьэ, солажьэри солажьэ…

Мыр унэ хьэмэрэ Iуэху?

Ипэм дыщылажьэу зы Iуэху, дыщыпсэууэ зы унэ диIэт. Ди Iуэхур Iуэхум къыщIэднэти унэм дыкъэкIуэжт. Ди лъакъуэхэр дыукъуэдийти: «Уэху, гущэ!» – жытIэт. Иджы апхуэдэ? Салоныр икIи Iуэхут, икIи унэт. Узыхуейм хуэдиз уи лъакъуэр укъуэдий, уи компьютерыр «сэ сы Iуэхущ, сэ сы Iуэхущ» жиIэурэ къоплъ. «Уэху, гущэ!» – жыпIэжыфIым. Узыгуоудри унэм зыщIыбодз, ауэ ухуиткъым унэм ущIэкIыныр. Узыгуэуду унагъуэкIэ узэкIэщIэсс.

УнафэщIыр хэт?

Унэм унафэ зыщIыр сэрауэ жызоIэ, ауэ зэрыгъун-зэрышхыныр зи сфIэфIIыми, си къуитIымрэ я адэмрэ зэрыремызауэ жызоIэри, си къуэхэм ямыщIэ Iуэхуу хъуами сэ сынос. Си къуэ нэхъыжьым: «Унэхэр къэпхъэнкIас, дунейм зыщIэн зимыIэхэм къаубла лъэщIыныри сыт зиIысыр?» – жиIэу и адэм зэрыпэуву, хъыданыр къызопхъуатэри сэ солъэщI. Си къуэ нэхъыщIэм зэрефа, зэрешха хьэкъущыкъур, и адэм езмыгъэлъагъуу, лэгъун цIыкIум нызогъэс. УнафэщIым ищIэн мыхэр? КхъыIэ, си шыпхъухэ, фахэмызэрыхь. Хуейм зэрырешх, хуейм зэрырегъу. Зэхэвмыха хуэдэу зыфщIи я Iуэхур евгъащIэ, кхъыIэ.

Шхын щIыныр фыз Iуэхущ, и Iэ фIеймкIэ лIыр къыхыремызэрыхь.

Коронэр диIэс, шхакIуэ дыкIуэфIым, шхын къедгъэхьыфIым. Унагъуэм зыгуэрым шхын ищIын хуейс. Псоми доцIыху, лIыхэм Iуэхуи зэращIэу ахъшэфIи къахьмэ, шхын ящIын яфIэфIс. «Уей, сэри солажьэ. Зы махуэм сэ сщIынс, зы махуэм си щхьэгъусэм ищIынс», – жыфIэу шхын щхьэкIэ зывмыгъалIэ. УкIытэрэ зэ закъуэ ищIми, махуитI нэужьым, уи уз си уз, ар лэгъун цIыкIум щIэбгъэхьэжыфмэ. Зы Iуэху зригъэпэщынси зигъэкIуэдынс. Шхын щIыныр унэ гъэкъэбзэным ещхьIым. Тхьэмахуэм зэ згъэкъэбзэнс жыпIэфынс, ауэ махуэм щэ ушхэн хуейс: пщэдджыжьым, шэджагъуэм, ахъшэмым. Лэгъун цIыкIум укъыщыщIэкIыжам, хьэл уиIэмэ, уи Iуэхум уеплъынс, ауэ уи патронми укъыхидзыжыфынс уи Iуэхум.

Сытми хэпщIыкIын хуейщ.

Икс кушак патронхэм Iейуэ яфIэфIс: «Мыр сэ схуэщIэнкъым, сщIэIым жывмыIэ. Хэт а Iуэхур естми, ищIэнус», – жаIэныр.
Iуэхум дыкIуэфIым, ди унэхэм дыщIаубыдащ, дыздэIэпыкъужыфIым. Си компьютерымрэ сэрэ дызоплъри дыщысс. Компьютерыр зэрызэхэзэрыхьу, сэ зыхэсхыжын хуейс, сымыщIэми зэзгъэщIэн хуейс. Iуэхум дыщыкIуэм сыту дэгъуэт. Ди компьютер Iэзэр къедджэти: «КхъыIэ, зэ къысхуеплъ», – жытIэфт. Онлайн-зэхуэсхэм ущыхыхьэкIэ уи гур Iейуэ къеуэмэ, мы Iуэхур зэхэбгъэзэрыхьынс, техноложи умыщIэмэ, зэбгъэщIэн хуейс.

Органикым щыщ фиIэ?

Iуэхум скайпкIэ зыми сепсалъэтэIым, технолоджири фIы дыдэу сымыщIэ. Апхуэдэу зэрыхъуу, мы онлайн-зэхуэсхэм Iейуэ сагъэгузавэ: «Си камерэр лажьэу пIэрэ? Дауэ салъагъуу пIэрэ? Си макъыр зэхахыу пIэрэ? Мы езгъэлъагъунухэр дауэ езгъэлъагъуну?» – жысIэу икъукIэ согузавэ. Мыхэр зэзгъэпэщу онлайну дызэхуэсауэ дыщыпсалъэкIэ, зэуэ ди макъыр пеупщI. Аргуэру зыхедгъэхыну ди макъыр, тщIэнур дымыщIэ. Дызэпсалъэхэм зыр щыпсалъэкIэ, адрейм и жьэр Iулэлауэ, шейтIан хуэдэу къонэ, дегъэшынэ. Мы программэхэмкIэ дызэхуос, ауэ мыра иджы яхуэщIар? Алыхь зэзмыпэса. Iейуэ механикщ, органикым щыщ ящIыфаIэ?

Мы дунейм уи закъуэпцIийщ

«Уи унэм ущIэсс, уи бын цIыкIуитIыр, уи щхьэгъусэр къыббгъэдэсс, лIо-тIэ ущIизакъуэр?» – жыфIэурэ фымыдыхьэшх.
Зы Iэм зыри хуэмыщIэми, IитIым макъ кърагъэкI, жаIэ. Сэ жыхуэсIэр Iуэхум дыщызэхуэсу, дыздэIэпыкъуу, дыздефэ-дыздешхэу дызэхэтт. Унэм ди закъуэпцIийс. Дыздэлажьэм и позитив энерджийр дгъуэтыжIым, арас жыхуэсIэр. Мы гъэр доух, гъэр щIэуэ къокIуэ. ЖысIэну сызыхуейраси: ирикъунс, коронэ! Жыхьэнмэм укIуэ! Дэри аргуэру дызэхуэсынс, дызэрылъагъунс, дыздэIэпыкъунс, дефэнс-дешхэнс!

Yazarın Diğer Yazıları

Бюрократикlэм и пашхэ къырилlхьа гугъуехьым щхьэпрыкlыпlэри «Нанэ и гущэкъу уэрэдхэр» нанухэм я лъэlэсащ

Мазаем 21-м, Дунейпсо Анэдэлъхубзэ Махуэм Адыгэбзэрэ АбазэбзэкIэ гущэкъу уэрэдхэр зэрыт «Нанэ и гущэкъу уэрэдхэр» зи цIэ альбомыр «Калан Мюзык» этикеткIэ дижитал (бжыгъэрылъанэ) плэтформхэм къыщыдэкIэщ. И...

Си анэдэлъхубзэ, си сабиигъуэм и бзэ…

Си анэдэлъхубзэр адыгэбзэщ (къэбэрдеибзэщ). Сыкъыщыхъу си цlыкlугъэм сыщыпсоуlуэр Анэдолэм икум ит узуняаялэкlэ зэджэ щыпlэм щаухуэ адыгэ (къэбэрдей) къуажэт. Илъэситху сыщlыхум сэ дунейм адыгэбзэкlэ фlэкlа...

«Илъэсыбэхэм сигу исыубытэу щызэlузгъэкlагъэхэр стхымэ сшlойгъуагъ»

Бэ шІагъэу зэдэгущыІэгъу зыдэтшІы тшІойгъо Чэтэо Гунай итхылъыкІэу къыдэкІыгъэри тиушъхьагъоу зыІудгъэкІагъ ыкІи зэдгъашІэмэ тшІойгъо пстэури Жьынэпс гъэзетым иеджакІохэм ацІэкІэ теупшІи къедгъэІотагъ. Тэщпае уахътэ къызэрэхигъэкІыгъэм...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img