КОРОНЭ

0
952

Къущхьэ Догъэн щыпсэу Тыркум и мызакъуэу, ди республикэми фIыуэ къыщацIыху. Ар усакIуэщ, уэрэдусщ, уэрэджыIакIуэщ. И уэрэдхэрщ ар адэжь Хэкум цIэрыIуэ зэрыщыхъуари – хэхэсхэм я гъащIэр махуэ къэс зи нэгу щIэкI, абыхэм я гуныкъуэгъуэхэр зи псэм пхыкI щIалэм лъэмыкIыу зритауэ жыпIэ хъунущ а Iуэхум. Ар хъарзынэу къызэрехъулIэм и щыхьэтщ цIыхубэм абы и уэрэдхэр гунэс зэращыхъуар. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр абы щIыхуагъэфэщар ар цIыхубэм фIыуэ зэралъагъурщ, и творчествэр зэрафIэлъапIэрщ.

Дунейм иджыпсту зыщызыубгъу коронавирусми блэкIыфакъым Догъан и къалэмыпэр – абы хуабжьу хуэхъущIэу усэ иджыблагъэ къытхуигъэхьащи, ар тыдодзэ.

КОРОНЭ

Уэ коронэ-коронэу,
Уэ коронэ мыгъуэ.
Гъуэгу мыгъуэр зи гъуэгуанэу,
Зи гъуэгуанэр хьэдрыхэ.
ГущIэгъуншэу псэр хэзыхыу,
Псэ хэхынкIэ зызымыгъэнщI.
ЦIыхуу щыIэр зыгъэшынэ,
УэтщIэнур къытхуэмыщIэ.
ЩIым утетми, удмылъагъу,
Уафэм уитми, дымыщIэ.
Дэнэ мыгъуэм укъиукI,
Щхьэ мыгъуэ укъытхуэукIуэт.
КъакIуэ жытIэу, дыномыджа,
КIуэж жытIэкIэ, утхуэмыкIуэж.
Хабзэ лъэпкъи зыхэмылъ,
Нэхъыжь-нэхъыщIэ зымыщIэ.
Мыхьэмышх зимыIэу,
Япэ къихуэм едзакъэ.
Щэхурыпхъуэу хьэ дзэкъэкIэ,
Зи дзэкъэкIэр псэхэх.
Дыгъужь хабзэу, зиудыгъуауэ,
Дунеишхуэр къэзыущыхь.
Игъуэмыхъур зыхуэкIуэн,
Егъурэгъузыр зытехуэн,
Гъуэпсыр къыIурыжу,
ПIэтIауэу къытехуэн.
Уэ пшхыни дэ димыIэ,
МэжэщIалIэм илIыкIын.
Iэбжэ-набжэр дгъэбыдэри,
Ди бжэр быдэу едгулIащ.
Зэпытрэ зэкIэсу,
УкъыздикIам удохуж.
Гъуэгу мыгъуэм утиувэ, КОРОНЭ.

Къущхьэ Догъэн.
27.03.2020 гъэ
Истамбыл.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz