Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Ар сэращ, Къурмэнщ къопсалъэр…!»

Адыгэ лъэпкъым и бын пажэхэм зи нурыр къахэщ, лъэпкъым и поэзием, прозэм зи лирическэ макъыр лъэщу къыхэIукIа, щIы хъурейм текъухьа дэтхэнэ адыгэми фIыуэ яцIыху, ялъагъу Дыгъужь Къурмэн и творчествэр зэхуэхьэсыжауэ, томих хъууэ ИлъэсыщIэм ехъулIэу дунейм къы¬техьащ.

Мы Iуэхугъуэ дахэр къэгъэщIыным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар Къурмэн и творческэ щIэиныр гъуэтыжыгъуей ды¬дэ зэрыхъуаращ. Апхуэдэщи, курыт, ищ¬хьэ еджапIэхэм я программэхэм Дыгъужьым и творчествэр убгъуауэ щадж пэтми, егъэджакIуэхэри еджакIуэхэри а творчествэр зэхуэхьэсауэ зэрамыIэм гугъуехь куэ¬дым хегъаплъэ. Апхуэдэ щытыкIэ хьэлъэм фIыщэу щыгъуазэщ усакIуэм, тхакIуэм и къуэш, илъэс куэдкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэм ирилэжьа Барэсбий.

-Къурмэн и творчествэр зэгъэуIуауэ зэрамыгъуэтым зэкъым сызэрырихьэлIар, цIыхум сащыхыхьэм дежи а лъэпощхьэ¬пом куэдрэ тепсэлъыхьхэт. Абы дыщыгъуазэу, Iуэхур зытетыр къыдгурыIуэкIэ, адыгэбзэр, литературэр зи IэщIагъэ, абы ирилажьэ, зыфIэгъэщIэгъуэн, дихьэх дэтхэнэ¬ми и тегъэщIапIэ наIуэу, илъэс бжыгъэкIэ дгъэхьэзыра, дызэлэжьа Iуэхушхуэщ нобэ ди пащхьэ илъ тхылъ телъыджащэхэр.
Дыгъужь Къурмэн къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъунум ипкъ иту, мы Iуэху дахэр едгъэхъулIауэ аращ.

ЦIыху куэдым я гуащIэ хэлъщ мы лэжьыгъэр дунейм къызэрытехьам. Илъэс бжыгъэкIэ дгъэхьэзыра Iуэхур къытхуэзыгъэпсынщIа дэтхэнэми фIыщIэ яхудощI. Аращи, ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ, псэм и шхыныгъуэу, тегъэщIапIэу, къару хэкIыпIэу Къурмэн къытхуигъэна творческэ лэжьыгъэ иныр фи пащхьэ итлъхьащи, псоми хъер тхуэхъуну дывохъуэхъу! Мы IуэхуфIыр къыдэзыгъэхъулIа Тхьэм долъэIу мы мылъкушхуэр дэтхэнэ гу къабзэми и гъащIэ гъусэ-гъуэгуэгъу хуищIы¬ну, – къыддогуашэ Дыгъужь Барэсбий.

ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, Къурмэн и псэм къыщIикъузыкIа ткIуэпсхэр томихым ихуащ.

Япэ томым къыщыхьащ балигъхэм яхуэгъэза усэхэр адыгэбзэкIэ; сабийхэм пап¬щIэ усэхэр урысыбзэкIэ; зэридзэкIа усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр. Лъэпкъыбзэм телажьэхэм, тхылъеджэхэм гугъуехьыншэу зыхуейр тхылъым деж къыщагъуэтыну гъэпсащ. Хэзыгъэгъуазэ псалъэхэри щIыгъужщ.

ЕтIуанэ томым ихуащ «ТехьэпщIэ»по¬вестыр, «Бжьыхьэ псыдзэ»романыр, рас¬сказхэр, новеллэхэр, журналистхэм я тхыгъэхэр, сабийхэм яхуэгъэза хъыбархэр. ЖыпIэнурамэ, а тхыгъэхэр темэ, жанр щхьэхуэкIэ къызэщIэубыдауэ тхылъым итщ.
Ещанэ томым щивгъуэтэнущ «ЩIымахуэ лэгъупыкъу» романыр, е 19-нэ лIыщIыгъуэм и кIэм, е 20-нэ лIыщIыгъуэм ипэм къызэщIиубыда, адыгэ лъэпкъым и тхыдэм теухуа Iуэхугъуэр. Мы романым рецензэ бэлыхь хуитхауэ щытащ пщIэшхуэ зыхуэтщI еджагъэшхуэ, щIэныгъэхэм я доктор Бэчыжь Лейла.

ЕплIанэ томым ихуащ урысыбзэкIэ зэдзэкIа Къурмэн и прозэ тхыгъэшхуэр – «Осенний поток» романыр, «Подарок», «Сгоревшая свадьба» повестхэр, новеллэхэр.
Къапщтэмэ, библиотекэм и лэжьакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм сэбэп яхуэхъунущ усакIуэм, тхакIуэм и творчествэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм, литературоведхэм я гупсысэ куухэр къыздэхьа мы методическэ лэжьыгъэфIыр.
Етхуанэ томым ихуащ абхъаз лъэпкъым и тхакIуэшхуэ Багърат Шинкубэ и «Последний из ушедших» романыр. Тхыгъэм и оригиналым емыфэгъуэкIыу, зытепсэлъыхьыр псэрэ гукIэ зыхозыгъащIэ, «ИкIыжахэм я иужьрей» зыфIища романыр Къурмэн адыгэбзэкIэ дахащэу зэридзэкIащ.

Еханэ томым деж къыщызэщIэубыдащ усакIуэхэм, тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, журналистхэм, къинэмыщIахэм Къурмэн хужаIахэр, фэеплъ усэхэр, письмохэр, Дыгъужьым и гъащIэм ущызыгъэгъуазэ сурэтхэр…

Уасэншэ щIэин лъапIэщ Дыгъужь Къурмэн и творчествэр щызэхуэхьэсыжауэ, теплъэ дахэ зиIэу ди пащхьэ къихьа тхылъ купщIафIэхэр. Ар адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымкIэ хэлъхьэныгъэшхуэщ, дызэрыинщ, дызыгъэбжьыфIэщ. Тхылъым хуэгъэзауэ упщIэ зиIэхэр 8-909-499-99-02 телефонымкIэ фыпсалъэ хъунущ.

Абидокъуэ (Щохъужь) Люсанэ

Yazarın Diğer Yazıları

Anma: Abağba Bahadır Özbağ – Yeğoj Hanefi Aslan

Abağba Bahadır Özbağ – Yeğoj Hanefi Aslan Abhazya’nın bağımsızlık ateşi, siz yattıkça yanmaya devam edecektir. Jineps

Anma: Gogull Çetin Öner

“Anadilimi örtün üstüme, Anadilimi örtün! Çıplağım, Üşüyorum.” Gogull Çetin Öner’i ölümünün 10. yıldönümünde saygıyla anıyoruz. Jineps  

Birleşmiş Milletler’den Gürcistan’a uyarı

Birleşmiş Milletler İnsan Hakları Yüksek Komiserliği (OHCHR), Kafkas Dernekleri Federasyonu (KAFFED) temsilcisi akademisyen Dr. Elçin Başol hakkındaki 24 Nisan 2026 tarihli ve AL GEO...

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img