Сывохъуэхъу дуней псом лъэпкъыу тетым я анэдэ

0
823

1999 гъэм щэкIyэгъуэм и 17-м Юнескэм къызэрыхилъхьамкIэ, мазаем и 21-р —анэдэлъхубзэхэм я Махуэу дуней псом щагъэлъапIэ. Абы папщIэ, Тыркум щыпсэу, анэдэлъхубзэр зыгъэлъапIэ, жылагъуэ Iуэхум иужь ит хасэхэр /гупхэр 2021 гъэм дызыхуейр жытIэну дызэхуэсащ.

Тырку къэралым и беягъ анэдэлъхубзэхэр, бзэуэ хъуар жылагъуэм къадищтэу икIи дэIэпыкъуу, ди бзэр зэтемыхуэми, дипкъкIэ дызэмыщхьми, зэш быным хуэдэу дызэдэпсэуфыным ар я щыхьэтщ. Бзэ хьэкъым и пащхьэ илъ лъэпощхьэпо Iуэхухэр утыку ихьэныр демократием и нагъыщэщ. Ди анэдэлъхубзэхэри Iэмал имыIэу, гумахэу зыхъумэн хуей къэралыгъуэм, жылагъуэм, цIыхухэм пщэрылъ, жэуаплыгъэ ин дохь.

КIyэдыжынкIэ шынагъуэ щытыкIэм ит бзэхэр ипэ иригъэщу, абыхэм гулъытэ хэха хуэщIыныр, зэхуэмыдэу, зэмыщхьу Тыркум къыщапсэлъ бзэхэр псэун папщIэ, псалъэ къудейкIэ мыхъуу, тхылъымпIэм тету унафэ щыIэн, цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм а Iyэхум гулъытэ ин хуащIын хуейуэ долъытэ.

Бзэ Хьэкъхэм КIэлъыплъ, Елэжь, Зытх Гупым (ДХИБРА) хэтхэм ди джэ макъыр мыпхудэщ:

  1. Анэдэлъхубзэр зэгъэщIэн, щIыналъэм щызехьэн папщIэ, нэхъ хуиту, хабзэм тетту къэрал унафэхэр къэхьын, гъащIэм хэлъхьэн, лъэпощхьэпо имыIэу зегъэкIyэн, нобэ щыIэ къэрал унафэхэр пэрыуэгъуншэу къэгъэсэбэпын, гъэзэщIэн.
  2. КIyэдыжынкIэ шынагъуэм ит бзэхэр хъумэн папщIэ, лъэбакъуэ нахуэ чын, мы Iуэхум елэжь жылагъуэ хасэхэмрэ гупхэмрэ мыгувэу ядэIэпыкъун хуейщ.
  3. Къэралыгъуэм щызэрахьэ бзэ Iуэхум теухуауэ университетхэм щаухуа анэдэлъхубзэ щапхъэхэр (къудамэхэр, институтхэр, факультетхэр) щадж щIыпIэхэр гъэбэгъуэн хуейщ. Абы папщIэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ къызэгъэпэщыпхъэщ.
  4. Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Организацэм (ЛъЗО) и Генеральнэ Ассамблеем 1990 гъэм фокIадэ мазэм и 2-м къищта унафэм Тырку къэралым 1995 гъэм жэпуэгъуэ мазэм и 2-м Iэпэ щытридзэм, Сабий Хьэкъ ЗэгурыIуэныгъэ Тхылъым и Iыхьищым трилъхьа мыхъуныгъэр Iуихыжын хуейщ.

    Бзэ хьэкъхэр цIыху хьэкъхэм гуомыхыфыну я зы Iыхьэщ!

    Сывохъуэхъу дуней псом лъэпкъыу тетым я анэдэлъхубзэхэм я Махуэмкlэ!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz