Гум Къинахэр

0
1176

Си щIыбыкум илъу сыщытынщ!

Зи щIыбым гуэдз къэпышхуэ илъ лIыщIэр, хьэкIэ хьэпсэу, гуэщым къыщIэхьащ. СэмэгумкIэ и гъазэри

ГъэфIэн*: «АбыкIэ умыхь, зекIуапIэщ!»

ИжьымкIэ зигъазэри, «Аа! АбдежкIи хъухэнукъым!»

Мо езэшар занщIэу щыкIуэм, «Мыхъухэнур абыкIэращ; дзыгъуэ къишэнщ!»

ЛIыщIэм абы фIэкIэ хуэмышэкIыжу:

«Хъунщ тIэ ГъэфIэн, мы къэпыр, си щIыбыкум илъу, мис мыдеж сыщытынщ!» жиIэщ.

Иджы къыздэсым, унафэ кIыхь зыщIхэм папIщэ «хъунщтIэ си щыбым илъу сыщытынщ» жаIэ; диблагъэ Iыхьлым.

*ГъэфIэн: Си Адэм и Адэшыпхъу. Зей дэкIуатэкъым. И дэлъху закъуэр (си Адэшхуэр) щIалэ дыдэу, си адэр къэхъури зы мазэ нэужьым, дунейм ехыжащ. «ЦIыхубз бын-унэр къызэхинэу дэкIуэфакъым ГъэфIэн» жаIэт, ди нэхъыжьхэм.

СоцIыхуж, унагъуэм теубгъуауэ зэрыпсэуар.

 

Хэт щIэс?

КIуэ тIэсэ, Iэбейхэ хэт щIэсми къызэгъащIэ жари, щIалэцIыкIур унэкъуэщым ягъэкIуати, жэурэ кIуэщ, жэрыжэ цIывкIэ къэкIуэжри, зэпимыгъэууэ:

«БАБЭ, БУБЭ, IЭБЭЙ, НЭБИ, БИБИ**, щIэст» жиIэщ жи.

**Мыхэр сыкъызэрыхъурэ КъарэцIыкIухэ яунагъуэм щызэхэсхыу аращ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz