ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

0
1257

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ щIэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.


ЕкIуэкIыу: 5. УзыкIуэцIрымыплъыф хьэуа. 7. «Нал …» КIыщокъуэ Алим и роман. 8. Мывэбг задэ. 9. Джэдкъаз пIащэ, лъатэу. 15. Нэщхъеягъуэ, гузэвэгъуэ. 16. Шэжыпс гъэфIэIуа. 20. Нартхэм я ныкъуэкъуэгъу лъэпкъ. 21. Металл лъапIэ. 22. ПIастэ къызыхащIыкI къэкIыгъэ. 23. Сэман чырбыш щащIкIэ халъхьэ хьэуазэ. 24. Пхъэщхьэмыщхьэ плъыжь-фIыцIафэ цIыкIу, купкъ илъу. 25. Бахъсэн куейм хиубыдэ жылагъуэ. 26. Iуданэу зэхэша кIапсэ псыгъуэ цIыкIу. 27. Нэхъ пасэм адыгэхэм атэлыкъым ирагъэпIу щыта сабий. 29. « … и гъатхэ» – ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и повесть. 31. Зеиншэ. 35. Псори зи зэхуэдэ, цIыху еншэ. 36. Адыгэ уэрэджыIакIуэ телъыджэ, тхакIуэ, щIэныгъэлI. 39. Мэлыфэ гъэтэджа. 40. Къэралхэм, лъэпкъхэм я блэкIа зэман. 41. ХадэхэкI. 44. Ефэндыхэм я нэхъыщхьэ. 45. Къэбэрдей тхакIуэ. 46. Хьэцэпэцэ. 47. Пасэрей гъущI пыIэ. 48. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ. 50. Пасэм цIыхур зэрызекIуэу щыта шыгу, щхьэ телъу. 53. ХадэхэкI. 54. Акъсырэ Залымхъан и пьесэ «Дахэнагъуэм» хэт лIыхъужь. 55. ТхакIуэхэу, усакIуэхэу Журт Биберд, Хьэх Сэфарбий, Бицу Анатолэ, Мыкъуэжь Анатолэ, Гъут Iэдэм сымэ къыщалъхуа къуажэ. 58. КIыщокъуэ Алим и иужьрей роман. 60. Бжьэхэм я фо зэхуэхьэсыпIэ. 61. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ бзылъхугъэ усакIуэ. 62. Iуэхугъуэ гуэрым и къекIуэкIыкIар зи нэгу щIэкIа, абы щыгъуазэ цIыху.

Къехыу: 1. Зэрыджэгу хьэпшып. 2. Iэщым я фэр изых бадзэжь. 3. Ин, бжьыфIэ, лъэщ. 4. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 6. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 9. Металл лъапIэ. 10. Хэтхэ я унэ … тес? 11. Хъуржынышхуэ. 12. Сосрыкъуэ и къэшэн. 13. Къэбэрдей тхакIуэ, усакIуэ, критик. 14. Цıыхум иреIэзэу къагъэсэбэп хьэмбылу лъэпкъ. 17. Пхъэщхьэмыщхьэ. 18. Пхъэбгъу зэIулIам къыхэщIыкIа кумбыгъэ. 19. ХупцIынэр зэрагъэтэдж тхьэв. 28. Совет властым и зэманым щыIа ахъшэ жьгъей. 29. Армэм къулыкъу щызыщIэ. 30. Литературэм ехьэлIа IэщIагъэ. 32. Бгыпэ, нэпкъ. 33. КIуащ БетIал и поэмэ. 34. ДжэдыкIэм щыщ зы Iыхьэ. 37. Къэбэрдей тхакIуэ, усакIуэ. 38. Данэ щэкI лъэпкъ. 39. Плъыжьыбзэ. 42. Гъатхэм пасэу къэлъэтэж къуалэбзу. 43. Мурад, гухэлъ, хъуэпсапIэ. 46. ЩоджэнцIыкIу Алий и «Хьэжыгъэ пут закъуэм» хэт цIыху. Хьэжым и лIыщIэ. 49. КIыщокъуэ Алим и усэ цIэрыIуэ. 51. Шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд и роман. 52. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 56. АбыкIэ хьэм уеуэкIэ гъынукъым. 57. МахуэцIэ. 59. Щхьэгъусэм къыбгъэдэкIыжа цIыхубз. 62. Лъагэу дэкIей жыг. 63. Гуэгушыхъум и бгъэм трищIэ щэ.


№ 10 2021 Гъэтхэпэ мазэм къыдэкIыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр

ЕкIуэкIыу: 5. Херсон. 7. Сэмпал. 9. Тау. 11. Минэ. 12. Болэ. 13. Ликос. 15. Еутых. 16. Минск. 17. Нал. 18. Жыр. 19. Псэ. 20. Тубай. 23. «Нэф». 26. Топ. 27. Яхэгуауэ. 28. КIуащ. 33. Дот. 34. Къэжэр. 35. Жэщ. 36. ЩIагъ. 37. Усэ. 38. Днепр. 40. Уанэр. 41. «Луизэ». 44. Сонэ. 46. Зауэ. 48. Блы. 49. Апчарэ. 50. Къанкъуэщ.

Къехыу: 1. Берн. 2. Бомбэ. 3. ФIэфIкIэ. 4. Нало. 6. Къардэн. 8. Смоленск. 10. Гъэшхахэм. 14. Сэлэт. 15. Ержыб. 21. УIэгъэ. 22. Абазэ. 24. Фоч. 25. Макъ. 29. Бобруйск. 30. Шагъир. 31. Щэуал. 32. Мэлгъэбэг. 39. Ермэлы. 42. Джэгурэ. 43. Мэзан. 45. Напэ. 47. Адэжь.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz