Щохъужь Хьэлым и ¦ Нэмыгъэса Макъамэр

0
1298

Урысейм и журналистхэми и тхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ (Щохъужь) Люсанэ и Iэдакъэ къыщIэкIа, «Нэмыгъэса макъамэ» фIэщыгъэцIэр зиIэ тхылъ купщIафIэ илъэсыжьым и иужьрей махуэхэм дунейм къытехьащ.

Мыр журналистым и япэ тхылъщ, публицистикэ жанрым тету къэгъэщIащ. Тхылъыр зытеухуам, абы къежьапIэ хуэхъуам хуэгъэзауэ мыращ ди лэжьэгъум дызригъэдаIуэр:

-2004 гъэм накъыгъэм, «Черкес хэку» газетым сыщылэжьэну къысхуагъэфащэри, си япэ дыдэ тхыгъэр тезухуауэ щытащ адыгэм къытхэкIа цIыхубэ уэрэджыIакIуэ, цIэрыIуэ хъуа, «Iэлъын цIыкIу» уэрэдыр япэ дыдэ сценэм къизыхьауэ щыта Щохъужь Хьэлым Долэт и къуэм и гъащIэ кIэщIымрэ и творческэ гъуэгуанэ кIыхьымрэ.

ГурыIуэгъуэ хъун папщIэ, Щохъужь Хьэлым си адэм и шынэхъыжьт. ЗэрыжысIауэ, абы и гъащIэр кIэщI дыдэт, илъэс 42-рэ фIэкIа къигъэщIакъым. Ауэ абы къыщIэна и уэрэдхэр ноби лъэпкъым и налкъутналмэсщ.

Си тхыгъэр газетым къыщытехуэм, лэжьэгъу сызыхуэхъуа, «Черкес хэкум» илъэс куэд щIауэ щылажьэ Даур Жэхьфэр къызжиIащ: «Люсанэ, си гуапэ дыдэ хъуащ Хьэлым уи адэ къуэшу къызэрыщIэкIар. Дауи, иджыпсту Iэрылъхьэ пхуэсщIыну тхыгъэхэр уэ пхъумэнщ»… А псалъэхэм къыдэкIуэуи, нотэ зытетха дэфтэр куэд зыдэлъ зы папкэ Iув къысIэщIилъхьащ.

Си адэ къуэшым макъамэ щIэныгъэ бгъэдэлъакъым. Тхьэшхуэм къыхилъхьа, и анэ, пшынауэ Iэзэ Дыгъужь Хьэлимэт лъыкIэ къыхуигъэкIуа зэчийрат абы хэлъыр. Жэхьфэр къызита папкэм дэлъыр композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн си адэ къуэшым жиIэ уэрэдхэр нотэкIэ хуитхыжауэ арат. Мис ар къежьапIэ хуэхъуащ мы тхылъым иужь сихьэным. Пэжщ, а Iуэхум илъэс куэд тезгъэкIуэдащ. Ауэ, Тхьэм ирещIи, нэхъыщхьэр аракъым. АтIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, макъамэ къэгъэщIынымкIэ Тхьэм къыхилъхьауэ зэчий ин зыбгъэдэлъа, пшынауэу щыта, цIыхугъэ ин зыхэлъа, гу къабзэ дыдэ зиIа си адэ къуэшым – Щохъужь Хьэлым – и цIэр, и гуащIэм и фэеплъыр хъума зэрыхъуаращ, – къыддогуашэ тхылъыр зытхар.

НэгъуэщI зы Iуэхугъуэми и гугъу щIыпхъэщ Щохъужь Хьэлым теухуауэ. Мы тхылъым елэжьурэ, Люсанэ фонотекэ, архив зэхуэмыдэхэм къыщилъыхъуэжат и адэ къуэшым игъэзащIэу щыта, пасэрей бабинэхэм тетхауэ къэна уэрэд 75-м щIигъу. ИкIи, ди зэманым щыIэ дискхэм а уэрэдхэр тридзэжри, нобэ цIыхубэм ягу нэсыну, ди гъащIэм тегъэпсыхьа уэрэд 25-рэ къыхихри, ахэр зытет дискхэр 2008 гъэм къыдигъэкIыжащ. Абы и щIыхькIи, Хьэлым къыщалъхуа махуэм ехъулIэу, и фэеплъ пшыхь екIу Хьэбэз районым щэнхабзэмкIэ и унэм цIыху куэд дыдэ щIэсу щригъэкIуэкIащ. А IуэхуфIхэмкIи Люсанэ хузэфIэкIащ уэрэджыIакIуэ зэчиифIэм и фэеплъыр къиIэтыжын.

Мис иджы тхылъ щхьэхуэ триухуащ и адэ къуэшым и гъащIэмрэ абы и гуащIэ купщIафIэмрэ. Мы тхылъыр IыхьитIу гуэшащ. Япэ Iыхьэр зытеухуар, зэрыжытIауэ, зыми емыщхь баритон макъ щабэ, гуакIуэ зыбгъэдэлъа уэрэджыIакIуэ, пшынауэ Щохъужь Хьэлымщ. Илъэс зэхуэмыдэхэм къриубыдэу зи гугъу тщIы адыгэлIым хужаIахэр, игъэзащIэу щыта уэрэдхэр, абыхэм я нотэхэр тхылъым и япэ Iыхьэм щызэхуэхьэсащ. Къыщыхьащ мыбдеж Хьэлым къызыхэкIа унагъуэм, къыдалъхуахэм, езым къыщIэна щIэблэм я сурэтхэри, гукъэкIыж гуапэхэри.

Тхылъым и етIуанэ Iыхьэр Люсанэ хухихащ илъэс 16-м къриубыдэу, лъэпкъ Iуэхур, гъуазджэр, егъэджэныгъэр, щIэныгъэр, медицинэр езыгъэфIакIуэ, адыгэм къытхэкIа цIыхушхуэхэм. Ахэр Люсанэ и Iэдакъэ къыщIэкIа, «Черкес хэку» газетым къытехуа тхыгъэхэщ.

-Си адэ къуэшыр дунейм щехыжам, 1983 гъэм, си ныбжьыр илъэси 9 хъуа къудейт. Ауэ а махуэр нобэ хуэдэу сощIэж… Сигу къоуэ апхуэдиз зэчий зыбгъэдэлъам сыбалигъыу сызэрыбгъэдэмысар, сызэрыдэмыуэршэрар. Ней, Iэмал… Журналистикэм сыщыхыхьа махуэм щегъэжьауэ пщэрылъ зыхуэсщIыжри, Хьэлым зыдэлэжьахэм, и ныбжьэгъуахэм, къыдалъхуахэм, къыдеджахэм я гукъэкIыжхэр къызэщIэскъуэжащ. Аращ тхылъ хъужари…

Си цIэр къысфIэзыщар Хьэлымщ! Ди деж къызэрыщIыхьэу, «Уей-уей, Люсенэ, уей!» – макъамэ щIэту фIэхъус къызихынути, си щхьэми Iэ къыдилъэнут… ЦIыху щабэ дыдэт.

Тхылъым иужь сыщихьам зыхуэзгъэувыжа къалэн нэхъыщхьэр си адэ къуэшым и фэеплъыр згъэщыпкъэжынрат. СхузэфIэкIамэ, си насыпщ.

АдреймкIэ, мы тхылъыр дунейм къытехьэным щIэхъуэпсу, темыпыIэжу пэплъэу псэуа, зэшэзэпIэу зи гъащIэр зыхъуэжа си адэ Алий и фэеплъым тезухуащ мы къыдэкIыгъуэр.

Зи псэ къысщыгугъхэр згъэгуфIауэ Тхьэм къыщIигъэкI! – къыщIигъужащ тхылъыр зытхам.

Ди лэжьэгъум жиIам пыддзэжыфыныр зыщ. Щэм и лъабжьэ, угъурлы Тхьэм ищI! И тхылъыфI куэдым я щIэдзапIэу къыщIигъэкI!

 

Бемырзэ Зураб,

КъЧР-м щIыхь зиIэ и журналист.

Черкесск къалэ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz