Гъыбзэр тщыгъупща…

0
1650

Илъэс къэс накъыгъэ мазэм и 21-м дунейм дэнэкIи щикъухьа адыгэхэм я бзэгум телъщ мы псалъэхэр: «Истамбыл гъуэгу гущэри, уэ унэшэкъашэти, Адыгэ бэракъ гущэри жьыбгъэм къызэрахьэри, ди деж я хъыбархэри хэт дэ къытхуихьыну».

«ИстамбылакIуэкIэ» зэджэ мы гъыбзэр, Къэбэрдейм имызакъуэу, адыгэ псоми, абазэми, шэшэнми, асэтинми… Кавказ лъэпкъхэм я зэхуэдэ гуауэр къеIуатэр. Ар къызыхэкIыр лъэпкъгъэкIуэд зращIылIа лъэпкъхэм къэкIуэным зэрызыпащIэ, гуауэшхуэр ягу къэзыгъэкIыж нагъыщэщи аращ.

Тыркум щыпсэууэ гъыбзэ жызыIэж Къущхьэ Доган Ёзден, Сиж Рахшан Ердоган Йылмаз, Гюной Метин Гюн («Вайнах» гупыр зэзыгъэпэщар), Таймаз Гюлджан Алтан, Жынэпсым и упщIэхэм пэуэж къратащ.


-Адыгэ гъыбзэхэм сыт къытхуаIуатэр? Гъыбзэм Кавказ лъэпкъ гъащIэм теухуау сыт хуэдэ зы Iуэху игъэзащIэрэ? Хэтхэм е сытхэм щхьэкIэ гъыбзэ щIызэхалъхьэр?
https://www.youtube.com/watch?v=42laiZcgODc&ab_channel=NARTAJANS

Доган Ёзден: Адыгэ уэрэдхэр Iыхьищу къэббж хъунущ: уэрэдхэр, уэрэдыжьхэр, гъыбзэхэр. Ауэ къохъур, тыркубзэмкIэ зэрыгупсысэм къыхэкIыу, уэрэдыжьымрэ гъыбзэмрэ щызэхамыгъэкIыфи. Уэрэдыжьыр зыхуаусыр зауэм лIыхъужьыгъэ къыщызгъэлъэгъуахэращ. А гууз уэрэдхэм лъэпкъым и гум иригъэхуркъым зытепсэлъыхь лIыхъужьым и цIэр. Гъыбзэр зытраусыхьыр къэхъуа гуауэшхуэхэращ. Дауи ирехъуи, мы псоми лъэпкъым ди щIэнхабзэр, ди тхыдэр къэкIуэну лъэхъэнэхэм ирапхащ. Уэрэдыжьри гъыбзэри тхыдэ документщ. Псоми къаIуатэ адыгэм ди щхьэ кърикIуар, лей къытлъысар. Мыхэр тхъумэн хуейщ. Ауэ хэхэсым мы гулъытэр тхэлъыжу си гугъэжкъым.

Гюлджан Алтан: Гъыбзэ зытражыIыхьыр цIыхум е лъэпкъым и гъащIэм къыщытехьэлъа къэхъугъэхэращ, гуауэхэращ. ЛIэныгъэм, зауэм хэкIуэдахэм; лъэпкъ гуауэм, хэку уагъэбгынэным; щIыуэпсым къихь мыхъумыщIагъэхэм е лъагъуныгъэ зыфIэкIуэдхэм теухуауэ зэхалъхьэр.

Лъабжьэ жыжэ иIэщ адыгэ щIэнхабзэм. Нобэм къэса а гъыбзэхэм къаIуатэ зауэмрэ лъэпкъ гъэкIуэдымрэ къыхэкI гуауэр. Ди адэжьхэм я щхьэ кърикIуа мыгъуагъэр дэ ноби гукIэ зыхыдощIэр. Мыбыхэм лъэпкъым и гукъэкIыжым увыпIэшхуэ щиIыгъщ.

Рахшан Ердоган Йылмаз: Илъэс IэджэкIэ екIуэкIа хэку зауэжьым къыхэкIыу адыгэмрэ адрей Кавказ лъэпкъхэмрэ я гъащIэм мыужьыхыжыну хэпща хъуащ Урыс-Кавказ зауэр, абы хэкIуэдахэм, лIыхъужьыгъэ къэзыгъэлъэъуахэм, лъэпкъым пэрыт хуэхъуахэм теухуащ гъыбзэхэр. IуэрыIуатэм, уэрэдхэм, гъыбзэхэм къаIуэтащ гуауэр, лIыхъужьыгъэр, лъэпкъым и гукъэкIыжым хэтщ. Анатолиер тIысыпIэ зыхуэхъуа адыгэм гукъыдэж хуищIыркъым хэхэс зэрыхъуар, и щхьэ къырикIуар къиIуэтэныр. Ауэ и гъыбзэхэм къаIуатэ лъэпкъым гущIыхьэ хуэхъуа гуауэр. Гуауэр кIэух зыхуэхъуа лъагъуныгъэр, ар зи щхьэ къырикIуа цIыхухэм къыщымынэу, къегъэтысэкIахэми я гъащIэм хэпща зэрыхъуари къаIуатэ гъыбзэхэм. Лажьэ имыIэу лей зылъыса е яукIа дэтхэнэ зы нэрыбгэми и гуауэр хэтщ абыхэм. КIэщIу жытIэмэ, гъыбзэхэращ лъэпкъым гукъинэ хуэхъуа дэтхэнэ и зы гуауэри зыхъумар.

Метин Гюн: Шэшэн щIэнхабзэмкIэ, я хэку имысыжым ар ягу къыщыридзам деж, зауэм хэкIуэда я Iыхьлы, благъэхэм, фIыуэ ялъагъу яфэкIуэдахэм щхьэкIэщ гъыбзэ щIаусыр.

Гъыбзэр, гуауэр къыщыхъуа лъэхъэнэм къыриубыдэу усэбзэкIэ жаIэр. Ар IуэрыIуатэм и зы Iыхьэщ. Илъэс Iэджэ дэкIами, дэ нобэ ди гъыбзэхэм дыщедаIуэкIэ, дыхиубыда хуэдэу а гуауэр гукIэ зэхыдощIэ. Ди жагъуэ мэхъу, псэкIэ къыттохьэлъэ. Гъыбзэхэм щызэхэлъщ, Iуданэ зэрызу зэхахъам хуэдэу, литературэбзэкIэ къэIуэта лъэпкъ тхыдэр. Ахэм дедаIуэмэ лъэпкъым къайуэлIа гуауэр дигу къегъэкIыж, тщигъэгъупщэркъым. Илъэсищэ нэхърэ нэхъыбэ къызэринэкIа пэтрэ, лъэпкъым игъэва гу узыр дэ дигуми къыдохьэр.

-Бзэр хъумэнымкIэ сыт хуэдэ фIагъ яхэлъ гъыбзэхэм?
https://youtu.be/zzgPiXgizoU

Доган Ёзден: Куэду и фIыгъэшхуэ хэлъу къызолъытэр бзэр хъумэным. Сыту жыпIэмэ адыгэбзэкIэ уэрэд жызыIэм бзэр фIы дыдэу ищIэн хуейщ. Бзэр умыщIэу мы уэрэдхэр, гъыбзэхэр пхужыIэнукъым.

Гюлджан Алтан: ФэкIыпIэншэщ. Уэрэд нэхъыбэ къэхутэжын, къэугъуеижын хуейщ. Зы лъэныкъуэкIи уэрэдыщIэхэр утыку къидгъэхьэпхъэщ. Уэрэд щыжыпIэкIэ, псалъэхэр нэхъ псынщIэу гум къонэр, бзэ зэгъэщIэныр нэхъ тынш мэхъу. Сэ си анэбзэр нэхъ лъэщ сщIыну яужь ситщ мы дыщIэзылъхьэжа империализмэм сыпэщIэту.

Рахшан Ердоган Йылмаз: Бзэ зымыщIэм дежкIэ гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ бзэм ирылъэIэсыну зы хэкIыпIэщ. Гъыбзэ-уэрэд щыжыпIэкIэ нэхъ къыбгуроIуэ бзэм и зэхэлъыкIэмрэ и лэжьэкIэмрэ. Мыбы теухуауэ жыIэпхъэщ бзэр зэзыгъэщIэну яужь ихьэм гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ дэIэпыкъуэгъу къызэрыхуэхъунур. Дгъэунэхуащ мы жысIар сабийхэм уэрэд едгъэщIэну яужь дыщихьам.

Метин Гюн: Дэ ди нэхъыбапIэми ди щIэблэщIэми анэбзэр е тщIэркъым е мащIэущ зэрытщIэр. ЗымыщIэхэм я бжыгъэри махуэ къэс хэхъуэурэ макIуэ. Апхуэдэу щыт пэтми, ди музыкэм, уэрэд-гъыбзэхэм кIуэху нэхъ гулъытэ зэригъуэтыр, пщIэ зэрыхуащIыр нэрылъагъущ. Анэбзэм иримыпсалъэхэми зымыщIэхэми Iэджи къахокIыр уэрэд зэзыгъащIэрэ жызыIэрэ. Зы мыхъуми, жиIэну яужь зэритыр фIыкъэ. Анэбзэр диктант ищIыну зырелIалIэр хъарзынэкъэ. ЦIыхум ягу ирихьа зы уэрэдым е гъыбзэм и псалъэхэри зыгурагъэIуэну, зрагъэщIэну яужь итхэщ. Абы къыхокIыр бзэ зэгъэщIэным хущIэкъуныр. Аращи, бзэ зэгъэщIэным теухуауэ зэфIэкI хэха якъуэлъу къызолъытэ уэрэд-гъыбзэхэм.

-Гъыбзэм гулъытэ хуэпщIыным ухуэзунэтIар сыт?

Доган Ёзден: Ди щIалэгъуэм щыгъуэ дунейм ехыж дэтхэнэ зы нэхъыжьыфIми ди щIэнхабзэм щыщ зы Iыхьэ дэкIуэду гу лъыстащ. Си сабиигъуэм, си щIэлэгъуэм си насыпу къызэхъулIащ ди нэхъыжьхэм я уэршэрым сыщIэдэIуныр. А уэршэр кIыхьхэм сыщедэIуащ Кавказ зауэм къыщыхъуахэм, лъэпкъым ди щхьэ къырикIуахэм. Ахэр къыщаIуатэкIэ, уэрэдхэри щIагъэувэрт, псори дэжьууэ. Мис мыхэр зэрыкIуэдыжым гу лъыстащ икIи ахэр къэзыгъуеижыным яужь сихьащ. Сэ музыкэм сыхуемыджами, ар Iуэху зыщысщIыжащ.

Гюлджан Алтан: Дэ мы щIэиным дыхалъхуау, ди генетик кодхэм мы щIэнхабзэр хэту къызолъытэр. Лейм пэщIэувэныр, ебэныныр ди лъым хэту, ди гум илъу аращ. Гъыбзэхэм сыщIэдэIум, а гуауэр зыхызощIэ икIи си щхьэр къызоIэт. Гъыбзэр щыжысIэкIи ар щызэхалъхьа лъэхъэнэм сыпсэуауэ къысщохъур.

Рахшан Ердоган Йылмаз: Уэрэд жыIэным цIыхур гъащIэм зэрыпищIэм хуэдэу къысщохъур гуауэр къэIуэтэнри. Си къуэпсым хэту къыслъэIэсауэ къызолъытэ щхьэ къэIэтынымрэ шышхьэмыгъазэнымрэ. Лей Iэджи зылъыса, гуауэ Iэджи зыгъэва лъэпкъым сазэрыщыщыр си гум илъ зэпытщ. А гуауэшхуэр цIыхухэм яхуэсIуатэу аддэ куууэ ягукIэ зыхезгъэщIэну сыхуейщ. Апхуэдэ трагедие къэмыхъужын щхьэкIэ ар (лъэпкъгъэкIуэдыр) ягу къэзгъэкIыжынущ, я гум изгъэхунукъым. Мыр зы макъ къэIэту собжыр.

Метин Гюн: Шэшэн музыкэм япэ сыщыIущIар 1978 гъэращ. Абы ипэ хэкум зэйкI зыпысщIатэкъым. А лъэхъэнэм магнитофонкIэ дедаIуэрт тфIэгъэщIэгъуэну хэкум къраха касетэхэм. А илъэсхэм хэкум зыпыпщIэныр нобэ хуэдэу тынштэкъым. Телефон, телевизор, интернет щыIэтэкъым. Кирилл Iэлыфбей тхыгъэхэри 1980 гъэхэращ япэу къыщытлъэIэсар. Си щхьэфэцым зрисауэ сощIэжыр япэ гъыбзэ сыщедэIуам. Сыбырым яхуа си лъэпкъэгъухэм теухуау зы гъыбзэ седаIуэри сигъэгъат 1994 гъэм. Апхуэдизу гущIыхьэ сщыхъуати, зейкI сымылъэгъуа си адэжь хэкур си нэгу къыщIыхьат.

-ГъыбзэщIэ, уэрэдыщIэхэр ноби утыку къихьэрэ хьэмэрэ блэкIа лъэхъэнэм къыщына уэрэд-гъыбзэ зэхэлъхьэныр? Абы нэмыщIу ди гукъеуэмрэ ди зыхэщIэмри ассимиляцэм и щхьэусыгъуэкIэ тыркубзэ хъуа?
https://youtu.be/5CRi6h78bMk

 Доган Ёзден: Хэхэсым уэрэдыщIэ щзэхалъхьэжыркъым. ЗэкъуэтIакъуэщ… ЩIалэгъуалэр яужь итщ зыгуэрэхэр елэжьыну. Ауэ миллион 4-5 хъууэ жыхуэтIэ лъэпкъым къалъыкъуэкI уэрэдыр мыпхуэдэу мащIэ дыдэн хуейкъым. Дэ лъэпкъ узыншэу дыщытамэ, нобэ хэкурысым зэхалъхьэ уэрэд бжыгъэм нэхърэ 4-5-кIэ нэхъыбэ утыку къидгъэхьэфын хуейт. Ар къызыхэкIыр ныбжьыщIэхэм я анэбзэр зэрамыщIэжыр аращ. Ассимиляцэм дехь, деух IэщIэпсынщIэу. ЩIэнхабзэ лэжьыгъэу утыку къитлъхьэр кIуэурэ нэхъ мащIэ мэхъу. ЩыхупIэм дыIутщ. Дыкъафэурэ, дыджэгуурэ дыхокIуэдэжыр. Бзэр пIурымылъыжым, уи гурыщIэри, уи гупсысэри, уи гукъеуэри пщIэ бзэм тоувэр.

Гюлджан Алтан: Си щхьэ теухуауэ жысIэнщи, си Iэ къызэрихьэкIэ уэрэдыщIэхэр утыку къизгъэхьэным яужь ситщ. «Си псэ, си адыгэ», «ЩIалэеджакIуэ»… Нэхъыбэж сытхынуи сыхуейщ. Иджырей дунейм и щытыкIэм, ди псэр тхъумэныр, къедгъэлыныр япэ Iуэху тщищIащ. Ди хэку дисыжамэ, ди псэукIэр нэхъ тынш хъуну къыщIэкIынт. Гугъущ ухэхэсу уи хабзэр, уи бзэр пхъумэныр. Дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми илъщ пшынэ, пхъэцIыч е нэмыщI Iэмэпсымэхэр ди къуэпсым дыпищIэу. Ахэри хызобжэр ассимиляцэм дыпыщIэтынымкIэ къытщхьэпэхэм. Ар щапхъэу къэсхьу аращи, уэрэд зытхыфым иретх, бзэр зыщIэм нэгъуэщIхэр иригъэджэнщ; литературэм хэтым тхьылъ итхынщ. ЗыхузэфIэкIым фильм ирещI. Музыкэм хэтхэр макъамэ Iэмэпсымэхэм иреуэ. Дауи ирехъуи, зыгуэрхэр утыку къитлъхьэфын хуейщ дыхэмыкIуэдэжын щхьэкIэ, ди къэкIуэным здиунэтIын гъуэгу игъуэтын щхьэкIэ…

Рахшан Ердоган Йылмаз: Дибзэр тIэщIэкIым гъыбзи, уэрэди къэнэжынукъым. Пэжщ ди гурылъхэр ди гукъеуэхэр ди бзэмкIэ къэтIуэтэжыркъым. Ауэ мыбы щхьэкIэ дыкъимыкIуэту, лъэпкъым и гухэлъхэр дгъэзэщIэным дыхущIэкъупхъэщ. Сэ тыркубзэмкIэ стха си уэрэдхэр бзэ зыщIэхэр зыдэзгъэIэпыкъурэ зэрызогъэдзэкI. АбыкIэ тфIэкIуэдхэр къезгъэлыну сыхэтщ. Пэжщ, бзэр кIуэщIащ, ассимиляцэм пэлъэщыныр нэхъ хьэлъэ хъуащ. Бзэншагъэм лъэпкъ гупсысэкIэри егъэкIуэд икIи хэжэбзыхьыныр щIегъэпсынщIэр. КIуэурэ дызэрыкIуэдыжыр нэрылъагъу мэхъу.

Метин Гюн: Гъыбзэр щаусыр щхьэм гуауэ къырикIуа иужьщ. 1994 гъэм екIуэкIа Урыс-Шэшэн зауэм иужь къихуэу гъыбзэ Iэджи яусащ. Я хэку зэхэкъутам, сабий зеиншэу къэнахэм, я хэку яхъумэн щхьэкIэ я псэр хэзылъхьахэм теухуауэ. ЦIыхум зыри химыщIыхьыфу и гур щIоуз а гъыбзэхэм щедаIуэкIэ.

Щаус, щызэхалъхьэр хэкум уэрэдыщIэхэр. Ауэ хэхэс Шэшэным нобэр къыздэсам музыкэм теухуауэ зыри утыку къралъхьэфакъым. Иджы нэужьи сыгугъэжкъым. Хэхэсым уэрэдыщIэ зэхамылъхьэжыным и щхьэусыгъуэу къызолъытэр хэкум щыIэ уэрэдхэр интернеткIэ занщIэу къазэрыIэрыхьэр. Ахэр нэхъыфIуи къыщIэкIынщ, дауи. Ассимиляцэ хъуныр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, псынщIэ дыдэу йокIуэкIыр. Мыбы гъащIэ зэхэлъыкIэм, лъэхъэнэм, дин фIэщхъуныгъэм къыхэкIыу тегъэщIапIэ Iэджи иIэщ.

ЦIыхум пщIыхь зэрилъагъур Iурылъ бзэмкIэщ. Анэбзэр зыфIэкIуэдам и пщIыхьэпIэри хамэбзэ хъунущ. И гупсысэр, и гурыщIэхэри апхуэдэщ.

Си сабиигъуэм си анэм къысхуиIуэтэжат илъэс 30-кIэ Либием щыпсэуа зы шэшэн нанэ гуэрым жиIэжар: «Зыщызмыгъэгъупщэн щхьэкIэ си закъуэу сыкъызэрынэу шэшэныбзэкIэ сыпсалъэрт сэр-сэру». Зы лъэныкъуэм дызыхэт гъащIэм къытхуигъува гугъуехьхэр щытщ, зы лъэныкъуэми зэикI тфIэкIуэдын хуэмей ди гугъэхэр. Арэфым дыкъытенащ, кIэщIу жытIэмэ!

ИпэкIэ докIуэр дыкъызэплъэкIурэ…

Хэхэс гъащэм и зы ныкъуэр гуауэщ» зыфIища и тхылъым къыщеIуатэжыр Темирболат Кубат Беслъэн станцым щежьэну мафIэгум здисым абдэж дыдэм игу къэкIа псалъэхэмкIэ эхилъхьа и уэрэдым теухуауэ:

«Си ныбжьэгъухэм уэрэд зэрыжысIэр ящIэрти сытрагъэгушхуэну яужь итхэт дзапэ уэрэд гуэрхэр жаIэурэ. Псоми зэдэтщIэ уэрэд зытIущ яжесIэри, ягу дыхьат. Жэщ щымым къыхэIукIыу вагону хъуам щызэхахырт. Зэуэ сигу къызэрихьам хуэдэу зы мелодием псалъэ гуэрэхэр щIэзгъэуващ а дызыхэт хьэлъэм теухуауэ. КъызжьэдэкIа псалъэхэр си гъусэхэм ягу щIыхьат, я нэпсыр къракIутын хуэдизу. А уэрэдым и псалъэхэр иужькIэ сигу къэкIыжу зэхуэхьэсауэ сытхыжыфакъым. И дэжьур мырат ‘Разме тсевем фестеме кесге’ (ИпэкIэ докIуэр дыкъызэплъэкIыжурэ). Мы псалъэр а гупым хэта цIыхухэм ягу къагъэкIыжурэ илъэс IэджэкIэ жаIащ ‘Темболэт и уэрэдыр’ фIащауэ. Кавказ Ищхъэрэм и къуршхэм мазэ нэху тепсэм сеплъурэ, сигу къызэрыридзэу жысIат уэрэдыр.»

Уэрэдыр жызыIэр и къуэ Айтэк Кубат…
https://www.youtube.com/watch?app=desktop&v=3-ZjeN7Qkv4)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz