Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хъуэстхьэблэ

Хъуэстхьэблэ (Aşağıkaragöz) Къэбэрдей къуажэщ, Азей районым километрихкIэ, Къайсери къалэм километр 90-кIэ пэжыжьэу. Азей Iуфэ Iус къуажэщ, зыухуар Хъуэстхэщ. Хэкур ягу къигъэкIыжу, псы Iуфэм щытIысахэщ. Къуажэкум псы щожэх.

ПсыщIэгъэхьэкIэ кIэртIоф ягъэк+I, мэкъумэшым йолэжьхэр.

ИужькIэ къуажэм къахэтIысхьащ Мырзэхэрэ БанэщIэжхэрэ. А лъэпкъитIыр Дыгулыбгъуей щыщт. Къуажэр зытетIысхьа щIыр япэ дыдэ губгъуэрыс Мэхьарэхэ яйуэ щытащ. Хъуэстхьэблэр нэхъ ипэкIи зэ мыбдеж къэтIысри, зэрамыпэсу дэкIыжат, арщхьэкlэ нэхъ щIыпIэфI щамыгъуэтым, къытрагъэзэжри къетIысэхащ. Сырыкъуэхэ Джылахъстэней къикIри, Хъуэстхэ я благъэти, къахэтIысхьауэ аращ.

Абы нэмыщкIэ Булгарием къикIауэ унагъуэ 35, курд унагъуэу 15 (Тумуклухэ) дэсати, ахэри хуэмурэ дэкIыжащ, иджы щыпсэур адыгэ защIэщ, хамэ къахэмысу.

Къуажэр ипэм ину щытами, иужьрей гъэхэм бынхэр ирагъэджэн, лэжьапIэ Iуувэн я щхьэусыгъуэу къалэхэм Iэпхъуащ. Нэхъыбэу щыпсэур Кайсери, Анкара, Истамбыл къалэхэращ.

Нобэ къалэхэм щыпсэу унагъуэхэми я лъапсэхэм унэ дахэ щрагъэщIурэ къуажэм къэIэпхъуэжу щIадзащ, гъэмахуэр къуажэм щрахри щIымахуэм къалэм ягъэзэж.

Зэи дэмыкIауэ къуажэм щыпсэур унагъуэ 30 хуэдиз мэхъу, зэрыпсэур щIым къыхах кIэртIофымрэ Iэщ зэрахуэмрэщ.

Нэхъапэм къуажэм Iэщ щаIыгъ уэтэр яIэу щытащ. Аушэрхэмрэ Хъуэстхьэблэхэмрэ Iэщ щхьэкIэ зэщыхьэурэ куэдрэ зэхэуащ, иужькIэ уэтэрхэр къэралым ятрихыжри, я зауэри увыIэжащ.

Къуажэм цIэрыIуэу щыпсэуахэщ Занилэ Шэмсэдин ефэндышхуэ, БанэщIэж Бакъи, Къардэнхэ Тахьсин, Занилэ Ата, Мырзэ Зия, ЩауэцIыкIу Хьэжмахьир, Хъуэст Хьакъи, Къардэнхэ Рагиб.

Къуажэм я кIэртIофыр цIэрыIуэт, бжьыхьэ щыхъуам Узуняйлэ къуажэхэм Хъуэстхьэблэ кIэртIофыр зэрапхъуэу ящэхурт.

Хъуэстхьэблэр къатIысыхьащ Махъархьэблэм, Къуэтхьэлейм, Iэпщохьэблэм, Аслъэнхьэблэм, Шэшэн Жамботейм, Азей районым.

Къуажэр Тыркум къыщыкIуар тэмэму ямыщIэми, 1870 гъэхэрауэ хуагъэфащэ. Нэхъ иужькIэ къэкIуа къуажэхэм ящыщщ.

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img