Гум Къинахэр

0
1162

Е фи хъыджэбзхэр къивгъэкlи…

Зы нысашэ гуп, Анкъарэ Къалэм къикlри Хьэтlохъущыкъуей Къуажэм (Узын-яйлэ) къэкlуат. Нысашэ тхьэмадэр, гъуэгуанэ кlыхь къапыщlэлъым и гъэпlейтети, ешхэн – ефэныр, джэгу-lэгур щlэх щlэхыурэ зэрзэфlэкlынум яужь итт. Сытми…псори зыфlагъэкlри, нысашэр къежьэжьащ.

Зарихабзэуэ, Хьэтlохъущыкъуей щlалэхэм, нысашэр къуажэ дэкlыжыпlэм къыщагъэувыlэщ; джэгу ирагъэщlын папlщlэ.

Нысашэ тхьэмадэм, мыр яхуимыдэу щlалэхэм пхъашэу, къащэпсалъэм, гупым янэхъыжьым, «Уэ тхьэмадэ, е фи хъыджэбзхэр къивгъэкlи джэгу дывгъэщl, е фи щlалэхэр къивгъэкlи дызэвгъэзауэ!» щыжиlэм, тхьэмадэм, занщlэу, гум ис хъыджэбзхэм захуигъазэри «щlэху фикl» жиlэщ.

 

Къазыlуэтэжар:

Къарэцlыкlу Махьир, Узын-яйлэ, Хьэтlохъущыкъуей Къуажэм щыщ, илс.42 мэхъу.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz