Мы къуажэр Узуняйлэм япэ дыдэ къэтlыса адыгэ жылэщ. Нобэ ар здэщыс щlыпlэм япэу къэкlуар 1840 гъэм Хэкум къикlа Хъыт Дадыхъужьщ, абы я лъэпкъыцlэр къуажэм фlэщыгъэцlэ щlыхуэхъуари аращ.
Дадыхъужь игъусэу къэкlуахэм ящыщщ Пщыгъуэтыкъуэхэ Хьэрунрэ Лъашэхэ Фозихрэ. Лъашэхэ щхьэхуэу я гугъу пщlымэ, ахэр Пэдисхэ я аталыкъ лъэпкъыу щытащ. Къуажэр зыухуахэм яхэтащ Болэтыкъуэхэ, Мэмейхэ, Еутыххэ. Иужькlэ абыхэм къахэтlысхьащ Баскыгъэхэ. Ахэр Малакъ къуажэм дэсат, ауэ Хъытхэ я псалъэкlэ мы жылэм къэlэпхъуауэ щытащ.
Хъытхкуей (Aygörmez) къуажэр нэхъапэ дыдэу Хэкум къикlахэм ящыщщ, абы и щхьэусыгъуэри Уэсман пащэ лъэрыхь Исхьакъ Пашэм и нэlуасэу Хъыт Дадыхъужь зэрыщытарауэ къаlуэтэж.
Хъыт Дадыхъужь къуитl иlащ: Ахьмэдрэ Талъостэнрэ. Абыхэм нэмыщl, Тейфик Талаткlэ еджэу, щlэныгъэрэ къулыкъушхуэрэ зригъэгъуэтауэ зылl яlащ Хъытхэ, и псалъэр Османлым щыпхыкlыу.
Хъытхкуей цlэрыlуэу дэсахэм ящыщу тхыдэм къыхэнащ Хъытхэ Тейфик, Талат, Икрам, Исмет сымэ, Баскыгъэхэ Ихьсанрэ Мухьсинрэ, Дыуэмыкъуэ Яшар, Хъыт lэбдин, Мастрыкъуэ Юсуф сымэ я цlэхэр.
Къуажэр цlыкlущ, адыгэ унагъуэцlэ куэд ущрихьэлlэркъым, адыгэ унагъуэуи дэсыжыр зытхухщ зэрыхъур. Къайсэр къалэм километр 80-кlэ, Хьэзей районым километр 40-кlэ пэжыжьэщ. Хъытхкуейр нэхъ зи гъунэгъур Къушчу, Пэдысей жылэхэращ.
Къуажэм и lэхэлъахэм и гугъу пщlымэ, и дыгъапlэр бгым етауэ, и щlыбыр дыгъэмыхъуэмкIэ хуегъэзэкlауэ щысщ.
Узытелэжьыхьын, гъавэ щызепхьэн щlы куэд яlэкъым, къуажэм дэсахэм я нэхъыбэр къалэхэм зэбгырыкlауэ щопсэу. Гъэмахуэм къокlуэж, мазэ зытlущ щоlэри, щlымахуэм я къалэ псэупlэхэм ягъэзэж. Зэпымыууэ жылэм дэс цlыхухэм lэщ зэрахуэ, ауэ мэл гъэхъуным нэхъыбэу пылъыр тыркумэнхэращ.