Ныбэрынхьаблэ

Ныбэрын хьаблэкlэ зэджэу щыт мы къуажэр хыфlыцlэмкlэ къызэрыкlуар дощlэр ауэ икъэкlуэкlэм теухуауэ зы щlэныгъэ диlэкъым. Къуажэри ныбэрынхэ яухуауэ жаlэркъым ауэиужькlэ абы яунэгъуэцlэр къуэжэцlэу фlащащ. Къуажэр зыухуахэр зэпсори Хьатукъуей лъэпкъу аракъым. Абзэх, Шапсыгъ, Къэбэрдей, Абазэ яхэту Абзэх унэгъуибл хъууэ яухуау жаlэр. Щаухуам щыгъуэ къуажэр ухуагъэхэу аушэр къуажэт же. Аушэрым къахэтlысхьащ ар щхьакlэ иужъкlэ аушэрхэр зэрыз тlурытlурэ къуажэм дэкlыжащ. Къуажэр Демирджиоренре Инлиорен Хьатыкьуей къуажэхэм я зэхуакум дэсу зы къуэжэцlукlщ. 

Къуажэм унэгъуэ тlощl хуэдиз дэсщ гъэмахуэм къалэдэсхэри къокlуэжри куэдкlэ нэхьыбэ къызрогъэухь. 

Къуажэм щыпсэу дэсхэм lащ къапыщlау мэш хэлъхьа телэжъыхьуращ. 

Цlух куэдыр я бын ирагъэджэн ящхьаусугъуэу къалэшхуэхэм lэпхъуауращ. Ар щхьакlэ зыми я унэ япсэуалъэ ябгынакъым. Ящl толэжьыхьхэр макlуэ къокlуэжхэр. Къуажэр еукъкlэ къуэжэ дахэщ. Еудыххэ ящlалэ Ондэр я мухьтарщ илъэс пщыкlуплl щlауэ. Еукькlэ щlэлэ жанщ къуажэр хуабжъу дэхащэ ищlащ игъуэугхэр дэххащэщ. Къуэжэкlуэцlым мывэ здыримгъэбза уэрам иlэкъым. Ятlэ ухуэзэкъым. 

Узняйлэ ипэдыдэ къуэжэ фестивалнэ зыщlа къуажэр мы къуажэращ. 

Абы иужькlэ къуажэм зэхэсыпlэ хьащlэщ яхуригъэщlащ къэралыр здигъэlэпыкъурэ. 

Басейнышхуэ ящlыр псы зыхуашэсу ящlым псы щагъэхьэу икlий сабийхэм гъэмахуэм щесыну егупщысащ. 

Ущыдэхьам узыlэпишу къэбзащэу дэххащэу зыкъуажэ щыплъагъум уиуг зырогъуэтыжыр. 

Илъэсзытхух хьуащи цlуххэм жыг хэсэным зыратащ. Я унэхэм хадэ къыпыту хадэ хащlэр. Ар къыщынэмыщlамэ балий, мыlэрысэ, кхьужь, дэ жыг куэд хасэр. Псоми щlымэхуэ дэшхыныр я хадэхэм органику къыщагъэкlыр. 

Адыгагъэр ялъытэу яуг илъу я бзэри яхабзэри зэрахьэфу хуабжьу къуэжэфlщ. Лъэпкъ lуэухум теухуауэ пхуигъэкlуэтынукъым. 

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz