Адыгэ тхакlуэ Натхъуэ Къадыр и цIэкIэ екIуэкIа зэпеуэ

0
776

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIащ адыгэ тхакІуэ Натхъуэ Къадыр и цІэкІэ зэхаша зэпеуэ. Ар тещIыхьат Iуэтэж (рассказ) тхыным. Зэпеуэр щыIэныр гукъэкI зыщIар Хэкум гъэзэжынымкІэ Онтарио – Канадэм – щыIэ Адыгэ Хасэрат. ХаситIыр зэкъуэувэри, зэпеуэр екIуу къызэгъэпэща хъуащ. АбыкIэ Канадэм щыIэ Адыгэ Хасэри Къэбэрдейм щыIэ Адыгэбзэ Хасэри зыхуеяр анэдэлъхубзэр лъэпкъым и къэгъэщIыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм зэращыщым щІалэгъуалэм гу лъатэнырщ, абы пщIэ хуащIынырщ, хуэсакъын икIи хъумэн зэрыхуейр къагуригъэIуэнырщ. Адыгэ лъэпкъым Iуэхушхуэу и пащхьэ къитщ щIэблэр сыт хуэдэ щытыкIэ имыхуами, и анэдэлъхубзэкIэ псэлъэныр, гупсысэныр, тхэныр, еджэныр пщIэ зыпылъ Iуэхугъуэу зэрыщытыр и фIэщ щIыныр. 

Ди гуапэ зрыхъунщи, къыпащэнкIэ ущыгугъ хъуну утыкум тхыгъэ хъарзынэхэр къралъхьащ. Нэрылъагъу хъуащ: мыпхуэдэ зэпеуэхэр щхьэпэ хъунущ адыгэ щIалэгъуалэр зыщыщ лъэпкъым и щIэнхабзэм дегъэхьэхынымкIэ, сэнаущыгъэу яхэлъымрэ зэфIэкIыу ябгъэдэлъымрэ нэхъри иригъэфIэкIуэнущ, зригъэубгъунущ, я гупсысэр зэхэщIыкIыгъуэу, дахэу къаIуэтэфу игъэсэнущ. 

Зэпеуэм къекIуэлIа Iуэтэжхэм газетеджэхэр ди гуапэу щыгъуазэ дощI. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz