Си ныбжьэгъухэр

0
705

Сытым хуэдэу хьэ дахащэ Мыщэ! И теплъэри гъэщIэгъуэнщ: ин дыдэкъым, езыр хужьщ, и тхьэкIумэмрэ и кIапэмрэ фIыцIэ хэпхъащ. И хьэли иIэжщ. Егъэлеяуэ сыкъыдэзыхьэхыу хэлъыр сэ псоми фIыуэ сазэрыхилъагъукIырщ. ИтIанэ губзыгъэщ: «гъуэлъ», «тэдж», «тIыс», «къакIуэ» жысIэурэ сыщепсалъэкIэ, егъэзащIэ. Ауэ баш здзырэ, «къысхуэхьыж» жесIэу IэкIэ ар езгъэлъагъумэ, уэи, зимыгъэпIэтIауэ ауи. «Сэ сыIэпыдзлъэпыдзкъым» жиIэу пIэрэ… Къупщхьэ щигъэпщкIум деж сыкIэлъыплъурэ содыхьэшх: и фIалъэ лъакъуитIымкIэ щIыр фIыуэ къретхъу, къупщхьэр ирегъэзагъэ. ИтIанэ и щхьэр къеIэтри и хъуреягъыр къызэхеплъыхь, сыкъэзылъагъуIауэ пIэрэ жыхуиIэу. ЩIы къритхъуар третхъуэжри езыри тотIысхьэж. Псыхъуэм сшэуэ щытмэ, дапхуэдэу зигъэпскIрэ! СыщедэхащIэкIэ, и щхьэр нэхъри гъунэгъуу къызехьэлIэ. 

Шыру къысIэрыхьауэ щытащ Мыщэ. Зэгуэрым еджапIэм сыкъикIыжырт. Пэжым ухуеймэ, сыкъэкIуэсэжырт. ЛIо-тIэ?! Иужьрей дерсым сыщIэсыжыфыну сыкъигъэгугъэртэкъым. Езыхэращ зи лажьэр: «нобэ пщафIэр щыIэкъым», жари дагъэшхатэкъым. Уэи, сэ сымэжалIэу уэрэд къысхудэмышеинут. МакъамэмкIэ дерсырат сызыщIэмыхьар. Армырми, сэ уэрэд схужыIэркъым. А зэм сыкъызэрыкIуэсэжам щхьэкIэ, щIалэ хьэулейуэ сыдэту къыфщымыхъу, кхъыIэ…Сытми, сыкъэкIуэжырт. Машинэ псынщIэ цIыву зблэлъэтащ. «Дыц-дыцу» макъамэр дэшеят – а Iейуэ зызыгъэцхэм хуэдэу къыщIэкIынут исыр. Лъэбакъуэ зытхухкIэ сыкъэкIуатэмэ, хьэпшыр цIыкIу пщIэууэ гъуэгу Iуфэм Iулът, и зы лъакъуэм лъы къыпыжырт. «Еууей, а машинэм къыщIримыгъэдзауэ пIэрэ мыр? ТхьэмыщкIэм сыт хуэсщIэн», – жысIэу согузавэ. «Моуэ зы балигъ гуэр слъагъуну пIэрэ?» – жыхуэсIэуи зызоплъыхь. СыздеIэбынури есщIэнури сымыщIэу, сыIэпэлъэпэсысщ. Зэт, зэт, мо куэбжэм сыджэу зыгуэр къыдэсшмэ, хъунукъэ? Я куэбжэпэм дежщ щытраудари, ирегъэхъуж… Хьэуэ, ари мыхъунщ. Зымахуэ зи мыIэрысэ къыпытчу дыкъезыхужьауэ щыта фызыжь ябгэм хуэдэ гуэр къыдэкIмэ, хьэ мыгъуапцIэ симыгъэщIмэ. Аслъэни сызэримыгъусэт – абы къигупсысынт зыгуэр. «Сытыт мыбы кърихьэлIамэ си ныбжьэгъум ищIэнур?» – сэр-сэру согупсысри щIэхыу си джанэм сыдопхъуей. Хъарзынэу ныкъуэкъэтIэпIт, школым сыщыбэнауэ – джанэ Iэщхьэр тыншу къысIэрохьэ. Ар и уIэгъэм къызошэкI. Джанэм щыщу къэнар зэфIызотхъри ари тызошыхь. Мо гъуэгу Iуфэм птулъкIэ къута щылъти, абы хуэзэу къыIуидзамэ, иуIагъэнщ – и лъакъуэр Iисрафщ. Iэуа цIынэм хуэдэу, си IэплIэм изогъэзагъэри жэрыгъэкIэ унэм сыкъосыж. Си анэмрэ сэрэ хьэм и лъакъуэр къабзэу худотхьэщI, хущхъуэ гуэрхэр хутыдокIэ…Зыкъомрэ делIэлIащ хьэм: дгъэфIащ, дгъэсащ, унагъуэм щыщ хъуащ. Аслъэнрэ сэрэ мэз, джабэ, псы дыкIуэми, хьэр ди гъусэщ. Школым сыщыкIуэкIэ, уэрамым нэс сыдеш, сыкъыщыкIуэжкIи, и кIапэр игъэджэгуу, къыспожьэ. «Хьэр кIапэкIэщ зэрыгуфIэр», – жиIэрейщ си анэм.  

Зэгуэр нартыху хьэсэм дыхыхьат, ди плIэхэр гъуэншэджым быдэу дэдупщIэри – нартыху цIынэр дэз тщIынути, дыкъэсыжмэ, мафIэ дэпкIэ дгъэжьэнут, дытхъэжынут. Хьэсэпэхъумэм и хьэшхуэм и дзэлыфэр къытхуитIащ, дыкърихужьащ. Аслъэни сэри дышынащ, ди гур ди лъапэм щехуэхам хуэдэу. ДызэрифIэщкIэ дыкъожэ, хьэжьми зыкъыткIэлъедз. Си гуфIакIэм дэслъхьа нартыхуищри къызызодзэкIри хьэр нэхъри къызогъэгубжь. Мыщэ хьэшхуэм пэуващ. Зызэрадзауэ зэрошх. Си ныбжьэгъумрэ сэрэ жыг гъуа гуэрым бжэгъу къыпытщIыкIауэ догъэкIэрахъуэ, докIий, додзри дахоуэ. Уэху, сыту фIыт! Хьэсэпэхъумэр шууэ къожэ. Хэт и гугъэнт абы и напэлъагъум сэ сыщыгуфIыкIыну! СыщыгуфIыкIа къудей?! IэплIэ хуэсщIыну сыхьэзырт. И хьэр ириджэжати, занщIэу къедэIуащ. Мыщи хуит къэхъужащ. Хьэсэпэхъумэр къеIэбыхри си тхьэкIумэр иIуэнтIащ. «Фэ Iей цIыкIуитIым мы зи бзэ мыпсалъэм бэлыхь щхьэ тефлъхьа?» – жи, и щIопщым и къур Мыщэ дежкIэ къешийри. Къепсыхри ди хьэр зэпиплъыхьащ. 

-Лажьэ иIэкъым, – жи, – и тхьэкIумэм мащIэу лъэIэсауэ аращ. – ФынакIуэт, фи хьэр зыщIывгъуи мо жыг щIагъым нэс фынекIуэкIыт. Абдеж си хьэпшып тIэкIур щылъщ.  

Ар жиIэри шэсыжащ.  

-Сыт мыбы къыдищIэну зыхуейр? – мэIущащэ Аслъэн, – дыщIэпхъуэжын?  

-Алыхьым жимыIэкIэ, къыткIэлъысмэ, мыдрей си тхьэкIумэри игъэундэрэбжьэнущ.  

-НтIэ, накIуэ… 

Жыг щIагъым хьэсэпэхъумэм ауэми дыщигъэхьэщIа! 

-Тхьэрыкъуэф Iэнэр зищIысыр фщIэуэ фызиIэ фэ щIалэ бзаджитIым? – зыкъытхуегъазэ хьэсэпэхъумэм, нэхъ нэжэгужэ къэхъужауэ. ТIуми ди дамащхьэр дэтшеящ. «Мис, мыращ», – жиIэри тхылъымпIэпс къиубгъуам кхъуей гъэгъуа, джэдыкIэ гъэва, лэкъум, шху къытрилъхьащ. Къызэрыдэджээм, дызыщыщым къыщIэупщIащ, дызэреджэр, нэхъ дыдэзыхьэхыр зэригъэщIащ. Езыми и цIэр Беслъэнт. ДызэцIэджэгъуу къыщIэкIащ. 

– Иджы фэ щIалитIыр афIэкIа фыкъызэмыдыгъуэ, емыкIу фымыщIэ. Сэ къызжефIэмэ, нартыхуи фхьынщ, мыбдежхэм сыкъыщывгъуэтынущ, -и фIэщу къыдоплъ Беслъэн. Хуабжьу сукIытащ, си ныбжьэгъури йоплъыхри щысщ. КIэщIу жысIэнщи, тщIам дыхущIегъуэжащ, афIэкIаи къытедгъэзэжакъым апхуэдэ IуэхукIэ. 

А махуэм Мыщэ хуабжьу сэбэп къытхуэхъуат. Мо хьэжьышхуэм дыкъригъэлащ, зиунагъуэрэ! Беслъэн угъурлыжьри къэтцIыхуащ. Аслъэнрэ сэрэ щIэх-щIэхыурэ докIуэ абы деж. Мыщи здыдошэ, хьитIыр зэсащи, зызэрадзыжыркъым. Беслъэн дыкъегъэхьэщIэ, дэри ди анэхэм пщэфIа щыдагъэхь щыIэщ. Абы удз хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр дегъэлъагъу, зи хущхъуэгъуэхэм, нэхъыбэу къыщыкI щIыпIэхэм дыщегъэгъуазэ. Къитчурэ унэм щыдогъэгъу. Хьэсэпэхъумэм дыхуеблэгъэну щIытфIэфIым и зы щхьэусыгъуэщ абы дызригъэдаIуэ хъыбархэри. Мыщхьэхыу къытхуиIуэтэж хъыбар гъэщIэгъуэнхэм дызыIэпашэ.  

Гъэ еджэгъуэщIэр щIидзэжри, еджапIэм декIуэлIэжащ. Япэ махуэм унэ лэжьыгъэу адыгэбзэмкIэ къыдатащ щхьэж гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр зэригъэкIуар итхыжыну. Аслъэнрэ сэрэ дызытетхыхьын диIэщ. 

  

Тхыгъэр зейр: Къэшэж Беслъэн, Дзэлыкъуэкъуажэ дэт 1-нэ курыт еджапlэ. 

ЕгъэджакIуэр: Бей Жансурэт. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz