«Зауэм сIэщIиха си сабиигъуэ» Си дадэшхуэм и Iуэтэж

0
675

1941 гъэм и гъэмахуэ пщэдджыжьт. Си анэм и гъы макъым сыкъигъэушащ. Сыкъыщылъэтри зызмыхуапэу занщIэу пщэфIапIэмкIэ сыжащ. Си анэр магъ, и кIэпхын кIапэмкIэ и нэпсыр щIелъэщIыкI, си адэри нэщхъейуэ абы щхьэщытщ. Сыкъызэрилъагъуу, си анэр нэхъ иныжу гъыуэ щIедзэ. Си адэр къызбгъэдыхьэри сызэрикъузылIащ, си щхьэфэм щабэу Iэ къыдилъэри щэху дыдэу къригъэжьащ: 

-Си щIалэ, зауэ къэхъеящ, нэмыцэхэр ди къэралым къытеуащ. Сэ фронтым сокIуэ, уэращ иджы унагъуэр зи пщэ дэлъынур. Уи шынэхъыщIищым якIэлъыплъ, уи шыпхъу цIыкIуми зыми и жагъуэ къыумыгъэщI, уи анэм зэрыплъэкIкIэ дэIэпыкъу. 

А псалъэр зэрызэхэсхыу си гур къызэфIэнащ, си тэмакъыр щиубыдыкIащ, ауэ къарууэ сиIэр зэхэслъхьэри си нэпс къыщIэзгъэкIакъым. СыщIыхьэжри зысхуэпащ, ди адэр едгъэжьэн хуейти, сепIэщIэкIыу сыкъыщIэкIащ. 

Къуажэр зэрызехьэрт, псори зэхуэсауэ фронтым кIуэхэр ирагъажьэрт. Гужьеигъуэт абы уахэплъэну. Нэмыцэ хьэщхьэрыIуэр ди щIыгум ирахужу мыгувэу къагъэзэжыну дагъэгугъэри ди адэхэр ежьащ…  

Къару лъэпкъ зимыIэж си анэмрэ сэрэ унэм дыкъэкIуэжащ. Мис абдежым щыщIэдзауэ сэ лIыпIэ сиуващ, илъэс пщыкIутI фIэкIа сымыхъуами, унагъуэр си пщэ къыдэхуащ. Япэм сыдэкIрэ сыджэгуу, си ныбжьэгъухэм я гъусэу дызэрызехьэу топ къетхуэкIыу щытами, иджы ахэр зыщызгъэгъупщэн хуейт. 

Дианэхэр пщэдджыжьым жьыуэ губгъуэм кIуэрти лажьэрт, дэри тлъэкI къэдмыгъанэу унагъуэ Iуэхухэр дгъэзащIэрт. 

ДызыщыгуфIыкIын хъыбар лъэпкъ къэмыIуурэ илъэсыр кIуащ. 

Зэманыр бжьыхьэти, гъавэр Iуахыжырт, кIэртIофыр къатIыжырт. Махуэ гуэрым си къуэш Аслъэнрэ сэрэ ди анэм губгъуэм дыздишат, кIэртIоф къэзытIыжхэм дадэIэпыкъуну. Си къуэш нэхъыщIэ цIыкIуитIымрэ си шыпхъу цIыкIумрэ ди гъунэгъу нанэм къыхуэдгъэнат. Шэджагъуэ хъуху дылэжьауэ, тIэкIу дышхэну икIи зыдгъэпсэхуну хьэсэм дыхэкIащ. 

– ЗэрызыттхьэщIын псы тIэкIу къэфхь, сэ гъуэмылэр зэрысхынщ, – жиIэри, ди анэм лъэгумкIэ щежэх псы цIыкIум дигъэкIуащ. Асыхьэту тхьэкIумэпсыр Iуиуду макъ шынагъуэ къэIуащ. Нэмыцэ кхъухьлъатитI къытщхьэщыхьауэ дыкъауфэрэзыхьу уафэгум итт. Нэхъ лъахъшэ защIри гъунэгъубзэу тщхьэщылъэтащ, хъурейуэ къалъэтыхьри къагъэзэжащ. Дэ дышынэри жыг щIагъ гуэрым зыщыдгъэпщкIуащ. Бомбэ кърадзых, дунейр Iугъуэмрэ сабэмрэ зэщIищтащ, макъ шынагъуэр тщхьэщыкIыркъым. МащIэрэ дыщылъа дыгужьеярэ зыдмыгъэхъеижыфу, сытми зы зэман зыкъэтщIэжри, ятIэ къыттритхъуам ерагъыу дыкъыхэпщыжащ. 

Кхъухьлъатэхэр бзэхыжат. Дыгужьеяуэ хьэсэмкIэ дгъэзэжащ. Ауэ сыту гузэвэгъуэт дыкъызрихьэлIэжар: мафIэмрэ Iугъуэмрэ зэщIищта хьэсэм сабийуи балигъыуи хэтам и нэхъыбэр бомбэ кърадзыхам зэтриукIат, зэпкъриудат. Си анэ мыгъуэри гууэщIу щылът.Сыкъыщиудащи сыгъуэгыу къызожыхь, си къуэш цIыкIур зэщIэзубыдащ, ди анэр езмыгъэлъагъуну. Ауэ куэдрэ ари схуэIыгъакъым, сещэтэхри си анэм зытезубгъауэ сыгуIэу сопыхьэ. 

Кхъухьлъатэ тщхьэщылъэтахэм я ужь иту къэсащ нэмыцэ хьэщхьэрыIуэхэр, танкыжьхэм исрэ дунейр къутэжу къыпщызыгъэхъу макъ шынагъуэр ягъэIуу. 

Къуажэр бжьэ къэпщIауэ зэрызехьэрт, бомбэм зэтриукIахэри щIэлъхьэн хуейт. Си нэгу къыщIэзгъэхьэжыну сыхуейкъым а махуэм дэ ди фэм дэкIар… 

Иджы си гъащIэм тIуащIэу зихъуэжат. Унагъуэ Iуэхухэм нэмыщI, си нэхъыщIэ цIыкIухэр зыхуей хуэгъэзэнри си пщэ къыдэхуат. 

Къуажэм къыдыхьа нэмыцэхэр унагъуэхэм трагуэшащ, ауэ дэ ди насып къикIри, ди деж зыри къэкIуакъым. Абы и фIыгъэкIэ дэ ди Iуэхур тIэкIу нэхъ тыншт адрейхэм нэхърэ. Мазэм и кIуэцIым сыпщэфIэфу, сыжьыщIэфу зезгъэсащ, гъунэгъухэри къыздэIэпыкъут. Илъэсищ фIэкIа мыхъуа си шыпхъу цIыкIур ди гъунэгъу Налжан ихьурэ нэхъыбэм абы и деж щыIэт. 

Сыту гугъуехь куэд ягъэва къуажэдэсхэм а зэманым. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэмрэ абы я гъусэу къэкIуа румынхэмрэ щIымахуэр къызэрысу, унагъуэхэм я джэдкъаз тIэкIуми, Iэщми кIэ иратащ, Iуэбжэ-набжэ, бжыхь къамыгъанэу зэтракъутащ, ягъэсащ. 

МазитI нэблагъэкIэ дэсащ нэмыцэр ди къуажэм. ЩIымахуэ шылэр къихьауэщ ахэр щыдэкIыжар. Лэсчэн лъэныкъуэкIэ мэзым щIэса партизанхэр я дэIэпыкъуэгъуу ди сэлэтхэр къатеуэри, 1943 гъэм и щIышылэ мазэу дахужауэ щытащ. 

Ауэрэ зэманыр кIуэрт, фронтым къикIыу письмохэр къакIуэу хуежьэжат. Зы махуэ гуэрым пощтзехьэм дэри къытхуихьащ си адэм къытхуитха письмор. Псоми дуней гуфIэгъуэр диIэт, илъэситI лъандэрэ зи хъыбар дымыщIэ ди адэр зэрыпсэум щхьэкIэ. Письмом итхэм къытезгъэзэжурэ си къуэщ цIыкIухэм сакъыхуеджэрт. Жэщ псом дызэрыжея щымыIэу, ди адэм письмо хуэттхыжащ, нэху дыкъекIым хуэдутIыпщын ди гугъэу… 

Ауэ гугъэмрэ гъащIэмрэ зэтехуэм, нэгъуэщI щыIэт. Пщэдджыжьым езы пощтзехьэр ди пщIантIэм къыдыхьащ. Сэ согуфIэ, «письмор тIихыу ди адэм хуригъэхьыну къэкIуащ», – жызоIэри. АрщхьэкIэ пощтзехьэр нэщхъейуэ письмо щимэ цIыкIур къысхуеший. ПсынщIэу къызэтызох, ауэ сыт гузэвэ аргуэру къытлъысар?.. Ди адэр зауэ гуащIэм хэкIуэдауэ итщ… 

-Ар дауэ? Дыгъуасэти и письмо къыщытхуахьар? – сыгъуэгыу щIызодзэ. 

-Си щIалэ, – жи пощтзехьэм, – фронтым къикI письмор куэдрэ гъуэгу щытет щыIэщ, ауэ щыхьэкIуэ тхылъыр псынщIэу къос.  

Пощтзехьэм зыгуэрхэр къызжеIэ, сытригъэуну хэту къызодэхащIэ. Си гъы макъым хьэблэ псор къызэхуишэсащ… 

Иджыт зеиншэ дыдэ дыщыхъуар. Ди гъунэгъухэми ди Iыхьлыхэми я деж дашэну лъэкI къагъэнакъым, ауэ хэт и унагъуэт сабииплI зэуэ зыхуей хуигъэзэну зыхузэфIэкIынур. Псоми я Iуэху зэхуэдэт, ялъэкIышхуэ щыIэтэкъым. 

Сытми ди гъунэгъу Хьэсэн дадэ унафэ ищIащ псори ди унэ дыкъыщIэнэну. Хьэблэри къыддэIэпыкъуэну, Iыхьлыхэми я нэIэ къыттрагъэтыну зэгурыIуэхэри зэбгрыкIыжащ. Псоми Iэмал гуэрхэр къагупсысурэ зэралъэкIкIэ зыкъытщIагъвкъуэрт, шхын гуэрхэри къытхуахьырт. Сэ си нэхъыщIэ цIыкIухэр сымыгъэмэжэлIэн щхьэкIэ, си Iыхьэр абыхэм щезгъэшхыж куэдрэ къэхъурт. Хугу хьэдзэ хуэдиз си джийм емыхауэ сыщыгъуэлъыжа щыIэщ. Ипэхэм унагъуэ Iуэху тIэкIухэр схуэщIэу щытами, иджы зыри слъэкIыжтэкъым, си лъэр щIэхуат, си къарур щIэкIырт, уазэрэ бзууэ сыгъуат. Гугъу дызэрехьыр псоми къагурыIуэрт… 

Махуэ гуэрым ди бжэIупэм шыгу зэщIэщIа къыщыувыIэри, сэлэт фащэ зыщыгъ лIы гуэр ди пщIантIэм къыдыхьащ. Ар щIакъуэт, баш иIыгъыу ерагъкIэ зекIуэу арат. Зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуа, госпиталым куэдрэ щIэлъа ди къуажэгъу Мударт ар. Си адэмрэ абырэ зэгъусэу фронтым зы махуэм Iухьат. Иджы игъуэта ныкъуэдыкъуагъэм щхьэкIэ унэм къагъэкIуэжат. Ди Iуэху зыIутыр къыщищIэм, езым лъэкIынур арати, детдомым дишащ… 

Дэ тхуэдэ куэд зауэ гущIэгъуншэм адэ-анэншэу къигъэнащ, я сабиигъуэр трихащ, гугъуехь Iэджи ягъэващ, гузэвэгъуэ куэд я нэгуи щIигъэкIащ. Ауэ «умылIэм лIы ухъунщ» жыхуаIэрати, балигъи дыхъуащ, ди гъащIэри пытщащ…  

  

Тхыгъэр зейр: Кьэгъэзэж Миланэ Анзор ипхъу, Къуэжыкъуей Ипщэ къуажэ дэт Шэрджэс Хь. Къ. и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэ. 

ЕгъэджакIуэр: Жылэ Зухра Залымхъан ипхъу. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz