Зэгунэс Iуэтэж

0
846
Зэгунэс Тэтэр Iэминэ

Гъатхэпэ мазэт. Пщэдджыжь дыгъэпс щхьэгъубжэм къызэпхидзыу Iэпкълъэпкъым пкъырыхьэм зы къэру гуэр къызэрыпхилъхьэр къапщIэт. Си лъэр ирихужьэ къысфIэщIыу пIэм сыкъеувэхащ. Си гум екIуалIэ лъынтхуэхэр къызэпщтырэкIыу щIадзащ. Сыкъыщылъэтри щтэIэщтаблэу унэ цIыкIум сыкъыщIэжащ. ГупэкIэ сыплъэмэ нэщхъыфIэу зы жыг закъуэ къысхуэплъэт, щIыбагъкIэ сыкъызэплъэкIмэ, и нитIыр гугъэ нэпсым щIигъэнауэ си анэр хьэкIум бгъэдэту къысфIэщIырт. «Си анэ, си анэ»,- жысIэурэ гъунэгъу зыщыхуэсщIым зэуэ пшагъуэ си нэм къытрихьэри хьэку нэщIым сыкъыбгъэдэхутащ. Хуэмурэ сетIысэхащ, гупсысэ куум сыхишащ. 

Си нэгу къыщIоувэж си анэ тхьэмыщкIэм и псалъэхэр: «Гугъэ къызэзытыр уэзырщ, ухуеймэ узыхуэмыIэзэ щыIэкъым, уи IэпщIэлъэпщIагъэр къэгъэсэбэпи узыхуэныкъуэ щымыIэу упсэунущ…». Си анэм и псалъэхэр си щхьэм щоджэрэз, жэщи махуи гъусэ схуэхъу жыг закъуэм сыхудоплъей. 

– Джэримэс, Джэримэс!- жиIэу ди гъунэгъу Хужь и кIий макъым сыкъегъаскIэ. Си къыщылъэти, си Iэбжэ дэжи зыуэ Хужьхьэ я пщIантIэм сыдэлъэдащ. 

-Къажэ, псынщIэу, кхъыIэ, жери фызыжь гужьеяр къэкIиящ. 

Си гур пыкIэзызыкIыу гъуэлъыпIэм хэлъ тхьэмыщкIэм сыщхьэщыхьащ… 

И Iэнэгу и Iэнэу, жыхуиIэу унагъуэ дахэ зыухуа Хужь тхьэмыщкIэр щхьэгъусэншэу къонэ. Зи лъапсэм къуэ имыс Бэчыр зеиншэм и щIэлъхьэныри пщэрылъ зыхузощIыж, си Iэр фызабэ хъуам изошэкIри, жызоIэ: 

-Нобэ щыщIэдзауэ си анэ гупсэр псэужам сызэрыхуэхъун къуэ сыпхуэхъуну псалъэ быдэ узот. 

Дуней пэжым зи псэр зыхьыжа Бэчыр къызэрытхэмытыжрэ тхьэмахуэм щIигъуащ. КIэрыхушхуэ зыгъуэта Хужь тхьэмыщкIэри пIэхэнэ хъуащ. 

*** 

Пщыхьэщхьэ хуегъэзэкI хъуауэ си закъуэу сыздэщысым хуэсакъыпэурэ зыгуэр гъунэгъу къызэрысхуэхъур зыхызощIэ. Щабэу сыкъыдоблейри пщIантIэ кIыфIыр и нэм къыщIих хъуаскIэхэмкIэ къигъэнэхуу щыт пщащэ зэкIужым сыIуоплъэ. СыздэкIуэнури, сыздэжэнури сымыщIэжу и нитIым сыщIогъуэщыхьыр. Пщащэм и напщIэм зэрыакъылыфIэр нахуэу къиIуатэрт. Ар зэкIужт, лъахъшэт, IэмащIэ-лъэмащIэт, щхьэцыдзэ кIыхьт. Маржэнэту сызыIуплъэм щIым теуэрэ жыпIэу бостей кIыхьи и нэзхэр уагъэкIэ блауэ щыгът и бгы псыгъуэри къыхигъэщу дыжьын бгырыпхи щIэлът. Ярэби, мыр пэж жысIэ-щIыкIэу зыкъытызоIэтIыкI сызытес мывэ хъурейм. Зи адэр псэууэ зымылъэгъужа, зи анэр пIэхэнэ хъуауэ кърихьэлIэжа пщащэм зызэрыхуэбгъэзэн псалъэхэри гъуэтыгъуей зэрыхъуам нэхъри сегъэгумэщI. Си ижьрабгъумкIэ щыт тетIысхьэпIэ цIыкIум сыщыIэбэм: 

-П-п-привет,- жиIэри и макъ жьгъырур къызэпхригъэIукIащ пщащэм. 

-Мыр сыт?!- жысIэу сыкъыщеплъэкIым, зи нитIыр псыф къэхъуа Маржэнэтым и напIэр зэуэ ирихьэхащ. 

Маржэнэт сэрэ илъэсиплI ди зэхуакуу еджапIэр къэдухащ. Нэхъыжьыгъуэр, дауи сысейт. Сэ къуажэм сыкъыдэнащ, ар и анэшыпхъу Кулэ деж Iэпхъуащ и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну. Кулэ игъащIэр къалэ дэсу ихьат, зи бзэр IэщIыб зыщIа цIыхубзым, зэрыгурыIуэгъуэщи, пщащэр ещхьи хъуат, урысыбзэри къищтат. 

-Еблагъэ, Маржэнэт! Моуэ къетIысэх! 

И напIэр къиIэтри, гуфIэурэ къысхудэплъеящ, къэтIысащ. И гупэмкIэ сэри сыкъэтIысащ. 

-Уи къакIуэ фIы тхьэм тхуищI, ину сыпщыгуфIыкIащ. Ауэ… ди жагъуэ зэрыхъунщи, уи адэ тхьэмыщкIэр щыIэжкъым, зыри димыIэмалт. Уежьэжыну, ерэ уи анэм гъусэ ухуэхъужыну? 

-Сэ… 

-Маржэнэт, уи бзэр пщыгъупщэжар, ар пэж? 

-НтIэ. 

-Пэжкъым, ухуэмейуэ аращ. Си псалъэхэр щызэхихым. 

-Хьэуэ, но… 

-Ар хъунукъым, емыкIущ уи анэбзэр Iумпэм пщIыжыныр! Къыбдалъхуауэ пщIэр илъэс бжыгъым пIэпыхуныр фIэщхъуныджэщ, дауи зыгурыгъаIуэ! УкъэкIуэжар пэжмэ и гъащIэм урысыбзэ псалъитI зыпызымыща уи анэ пIэм хэлъым дауэ узэрепсэлъэнур? 

Къэгъащ… 

-УщIэгъын хэлъкъым, адыгэбзэр къэсщтэжынущ жыпIэрэ гупыж пщIымэ, сэ сыщыIэщ… 

Аурэ, махуэхэр кIуэрт. Джэримэсрэ Маржэнэтрэ зыр зым дэIэпыкъухэрт. Зи теплъэр адыгэ нэсым и IитIым имыпщэфIыфи щыIэтэкъым. ГукъэкI ищIхэр къуажэ гъунэм нэсырт, бзэIэфIт, щабэт, гуапэт. УкIытэр къытекIуа нэхъкIи, а зызэрищIауи и бзэр щыгъупщатэкъым. «Дахэм фIым ухуешэ», -жыхуиIэращи апхуэдизыфIыр къызыпкърыкI пщащэм Iэмал иIэтэкъым зы къэру гуэр къыпхимылъхьэну. Жэщыр къызэкIыхьэкIрэ махуэр схуримыкъу сыкъэхъуат. СщIэмрэ, слэжьымрэ къызэмащIэкIрэ, хэзгъэхъуэну гугъапIэ щэхухэр зыхуэсщIыжат. 

Нэху щымэ, Маржэнэт япэ дыдэу пIэм хэлъ и анэр зыхуей хуигъазэрт, абы къызэрыпыкIыу пщэдджыжь ерыскъы IэфIыр къызэпырихырти, си деж къажэрт. Сигъашхэт, ауэ езыр къыздэтIысыртэкъым, сэ абы адыгэбзэкIэ сепсалъэрт, жыIэгъуей къыщыхъу псалъэхэр къытригъэзэжуурэ къезгъэпсэлъыжырт. Аурэ, лэжьыгъэм сыщыпэрыхьэ зы махуэ: 

– КхъыIэ сызыдэгъэIэпыкъу,- къызжиIащ. 

Ар щызэхэсхым, щабэу и нитIым сыщIэплъащ. Пщащэм хуэгъэIэкIуэлъэкIуэнт сэ сызэлэжь шы Iэпслъэпсхэр, атIани сызэригъусэну къудейм къыхэкIкIэ, «къысхуомыщIа щымыIэт», жысIэри зыбгъэдэзгъэуващ. 

СызыхуэIэзэри зыт, уанэпхъафэ гъэхьэзырынырт. Къуажэм адыгэш зезыхуэ унагъуэ дэсти, зэпымычу яхуэсщIырт. Уанэ хьэзырыр шым и плIэм зэдытеувэу, емыныкъуэкъуу икIи псынщIэу итын щхьэкIэ уанэпхъафэ джабэхэр пхъэхуейм къыхэсщIыкIырт. Нэхъ зэщIэкъузауэ зэрыIыгъын папщIэ уанэпхъафэ дыкъуакъуитIыр нэхъыбэм дэшхуейм къыхэсхырт. Пхъэр упсыным, шхэпскIэ зэшэкIыжыным пщащэм сыти хищIыхьыфынт?! Iэзэ зыхуэхъуарати, уанэпхъафэм пыдын егъэубыдыпIэ гъуанэхэр щыхуэсщIкIэ къыздиубыдырт, сэри си лэжьыгъэм и гугъуехь псори сщхьэщиха къысфIэщIурэ сыхуеплъэкIырт, си гур къигуфIыкIрэ тхъэгъуэу щыIэр къызэуэлIа пэлъытэу. Мазищ нэблагъэкIэ зэгунэс зыхуэхъуа Джэримэсрэ Маржэнэтрэ лэжьыгъэу зэфIахэм утепсэлъыхьыжыныр гугъут. Пщащэм гугъэ кърит зэпытурэ, уанэпхъафэри, къалътыншыкъхэри, щтапхъэхэри, икIэм лъэрыгъ щIынми хуэIэзэ хъуа Джэримэсым и цIэм фIэкIа къуажэ уэрамхэм щызэхэпхыжыртэкъым. 

Жэщыр хэкIуэтат. Маржэнэтыр и анэм бгъэдэст. Унэм и псэр щIэмыхьэжу уафэм дэплъейуэ Джэримэсыр гъуэлъыпIэ хъарым илът. «Уи бзэр пщIэныр етIуанэу укъалъхуа пэлъытэщи», Маржэнэту дахэм ар хуэзэфIэкIащ. Лъэпкъым и гъуджэу къекIуэкIауэ ди нобэм къамыгъэсэбэпыж хъуа хьэпшыпхэр къехьэжьэжынри дэ тхузэфIэкIащ.  

Ари Маржэнэту плъагъум и фIыгъэщ, дауи. А псом егупсыс щIалэр жейм хишэртэкъым. И гум гузавэ гуэр къизэрыхьат. И нэр зэтрипIэм фIыцIагъэ гуэр илъагъурт, къаскIэрт. Тэлай дихыурэ и нэр зэтрипIэрт, арщхьэкIэ ныбжьыр къезауэт, и анэ тхьэмыщкIэр Маржэнэту дахэм бгъэдэту къыфIэщIырт. КъызыфIэтIысхьэрт, зыхуихьынур ищIэртэкъым, зэрыбауэ хьэуар къемэщIэкIырт, уафэри зэхэуфат, мыгъуагъэ гуэрым хуихь нэхъкIэ и щхьэм зыфI къихьэртэкъым. Жэщыр куут, щымт. АрщхьэкIэ зэ ешынтэкъэ, пщэдджыжь нэхулъэр щызэщIитхъым, жейм хишащ. Маржэнэту дахэм и къыдыхьэгъуэм хуэкIуэу къыщылъэтащ, зыкъихуэпащ, поплъэ, ауэ пщащэр имыхабзэу мэгувэ. Зыхуихьынур ищIэкъым. И щхьэр куэдым мажэ. Сыхьэти, сыхьэтитIи дэкIащ, пщIантIэр щымщ, дахэм и макъ къыщыIуркъым. 

-Ярэби, и анэр нэхъ хьэлъэ къэхъуауэ пIэрэ, щхьэ си пIэм сижыхьауэ сыщыс,- жиIэри IэбжэмкIэ иунэтIащ. Уэрамыпэм деж гъунэгъу цIыхубзхэм я гъы макъ щызэхихащ. Нэхъ псынщIэ зищIри, пщIантIэм дыхьащ, и гур пикъузыкIырт,- дауэ сыIуплъэну Маржэнэт, жиIэурэ. Зыри щIэмыхьэфу, хьэблэр зэщIэгъуагэу зыхэтт, Фенэ къаплъэу Джэримэсым къыщыIуплъэм, и гъыбзэм нэхъ иныжу иришэжьащ: 

-А си щIалэ, дыунэхъужащ,- жиIэурэ. ЩIалэ гужьеяр фызыжь пIэм хэлъым щхьэщыхьэ и гугъэурэ, фызэбгырыкI, жиIэурэ зи нэкIум чэсефэху хужьыр трапхъуэжа Маржэнэту дахэм щхьэщыхьащ… 

Гужьеигъуэт. Дыгъэ пэзазэм и бзийхэм нэпсыр щIисыкIырт. УпщIэр и куэдрэ зы жэуап зымыгъуэтыж Джэримэсыр утыкум къинат… 

  

Тэтэр Iэминэ, 

Къуэшыркъуей къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ Унэм 

и IэщIагъэлI-къызэгъэпэщакIуэ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz