Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Бгъэкlуэраlэ къэкlуэжынур? 

Ди гъунэгъу нанэр, гъэщlэгъуэнт. Зыгуэрым фlэмынэм, зыгуэр къимыгъэгубжьмэ, тынштэкъым. Гъунэгъум яlуэху хэlэбэнт. Благъэ – lыхьлым, унафэ яхуищlынт. Щысынтэкъым, зэгъэнтэкъым.  

И бынхэми мы ищытыкlэр, яужэгъуати ящlэн ящlэтэкъым.  

Зыпщыхьэщхьэ гуэрым, нанэм икъуэнэхъыщlэр, куэду нэщхъеуэ, дыдэж къэкlуащ. 

Ди ядэ зыхуигъазэри; 

– “Мумэд, си янэ зытэт уощlэ. Сэ, соукlытэ. Цlыхур, жьы щыхъукlэ нэхъ зэпlэзэрыт хъутэкъэ! 

Сыночэнджэщ Мумэд, ди анэр хьэжыщl дгъэкlуэм, нэхъ зэтет, нэхъ бзэ lэфl хъуну пlэрэ?” 

Си адэр мэуэ тlэку хэплъэри;  

“Уэ си къуэш, хьэжым, бгъэкlуараlэ къэкlуэжынур!” жиlэщ. 

Гъунэгъу щlалэр, занщlэу къыщылъэтри, 

– “Уэлей пэжмыгъуэм жыпlэр” жери щlэкlыжащ. 

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img