Щэныбей

Щэныбейр къэбэрдей къуажэщ. 1870 гъэхэм шыгурэ выгукlэ къэкlуа Тхьэзэплъ Жамботрэ абы и бынхэмрэ япэ щlыкlэ Самсун къалэм и Чаршамбэ районым щытlысат, арщхьэкlэ аргъуейм зыхишхыхь щыхъум, Амасья къалэмкlэ lэпхъуащ. А щlыпlэри я узыншагъэм къыщемыкlум, Тхьэзэплъ Жамботрэ и бынхэмрэ аргуэру зыкъаlэтри иджырей я щысыпlэм къэкlуахэщ. Куэд мыщlэу Щэныбэхэ, Хьакlашэхэ, Курыжэхэ, Астэдэнхэ, Таухэ, Тхьэкъуахъуэхэ зэгъусэу а щlыпlэм къэкlуащ. Тхьэзэплъхэрэ Щэныбэхэрэ иджыри Хэкум щыlэу тlэкlу зэщыlеяуэ щытами, Тыркум щыщызэрыгъуэтыжым, гукъанэу зэхуащlахэр ящыгъупщэжри зэкъуэлъэдэжащ. Щэныбэхэ къуажэм къыщыдэтlысхьэжым, Хэкум зэрыщытым ещхьу, Тыркум щаухуа жылагъуэми Щэныбей фlащыжащ. 

Щэныбеир хуабжьу зэгъэпэщауэ къуажэ дахэт, къуажэфlт. Ауэ 1964 гъэхэм щегъэжьауэ адыгэ жылагъуэр хэкlуэдэжу хуежьащ, я зэхуакум сыт къыдэхъухьами, къуажэдэсхэр зэщыуащ, хамэхэм щlыр иращэу щlадзащ. Я щlыр курдхэм иращэм, езыхэр дэкlыжурэ адыгэу къуэжэм дэсыр мащlэ дыдэ хъуащ. Иужь дыдэу жылэр зыбгынар Тхьэзэплъхэщ. Нэхъыбэрэ ищl телэжьыхьыжу жылэм дэсар Тхьэкъуахъуэ Суфищ, ауэ ар иджы жьы дыдэ хъуащ, щlым елэжьыр и къуэхэращ, ауэ ахэри къуажэм дэсыжкъым, кlуэурэ жылапхъэр халъхьэ, гъавэр къытрахыж мыхъумэ. 

Псалъэм папщlэ, Хьэкlашэхэ Лlыгъурхьэблэрэ Щlэшхьэблэрэ lэпхъуащ, Къалмыкъхэ Апщохьэблэ кlуэжащ, Мэкэнейхэрэ Курыжэхэрэ Щlэшхьэблэрэ Ерэнщыхьэрымрэ къыщыщlидзащ, Таухэрэ Тхьэкъуахъуэхэрэ Къайсэр, Анкара къалэхэм, Шурдымхэ Къайсэр, Истамбыл къалэхэм lэпхъуэжахэщ. 

Нобэкlэ Щэныбей къуажэм адыгэ зицlэ дэсыжкъым, Тхьэкъуахъуэ Суфи щlы зэрыщиlэм нэмыщlа. Псори курдхэм къахуэнащ. 

Щэныбэхэ куэду къикlащ Хэкум, арщхьакlэ ахэр псори Щэныбей къэкlуакъым. Псалъэм папщlэ, Токъат лъэныкъуэми зы къуажэ щыlэщ Щэныбейкlэ еджэу, ауэ Щэныбэ зи цlэ дэмысу, псори Тхьэзэплъщ. 

Щэныбэ Али Ефэнды Хьазей щыпсэуащ а щlыпlэм я муфтыуэ. Апщохьаблэи Щэныбэ Ариф Апщохьэблэ кlуэжри абы щыпсэуащ. Щэныбэ Хьайдар Къайсэр къалэм дэсащ. Щэныбэ Али Ефэнды и къуэ Мэхьмэт Айдын Шен Тырку къэралыдзэм хэтащ, генерал хъуауэ пенсэм кlуащ, иджы Анкара къалэм щопсэу. 

Щэныбэхэ Джэудэт, Фатхьи, Ариф, Хьайдар, Таухэ Надир сымэ егьэджакlуэу щытащ. Тхьэзэплъхэ Хьэжы, Хьайдар, Курыжэхэ Кемал Ефэнды, Хьакlэшэхэ Умар сымэ зи цlэ къраlуэу жылэм дэсауэ сигум къинэжахэращ. Ауэ сэ зи цlэкъысхуэмыщlэж нэгъуэщl цlыху гъэщlэгъуэн lэджи пщlэ яlэу дэсащ Щэныбей. 

Щэныбейр Къайсэр къалэм километри 117-кlэ, Пынарбашы районым 27-кlэ пэжыжьэщ. Къуажэм и щlы кlапэхэр Елъыхьуей, Мэкэней, Щlэшхьаблэ жылэхэм йоуалlэ. Дыгъапlэ лъэныкъуэмкlэ, Тахьталы ицlэу екlуэкl бгыри хиубыдэу жылэм я lэщ гъэхьупlэщ.  

Нобэкlэ я lуэху зыlутым теухуауэ узытепсэлъыхьыни щыlэжкъым, сыту жыпlэмэ Щэныбеир, ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэ къуажэу щытыжкъым.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz