Джолан – тхыдэм и дерс дыджхэр

0
486

Адыгэхэм хамэ хэгъуэгур анэнэп1эсым хуагъадэ. Урыс-Кавказ зауэжь лъэхъэнэм зи хэкур зрагъэбгына ди лъэпкъэгъухэм Уэсмэн къэралыгъуэр къызэрыпежьам псори ф1ыуэ дыщыгъуазэщ. Мыбдеж я нэгу щыщ1эк1амрэ яшэчамрэ иримыкъуа нэхъей, адыгэхэм псэхугъуэ щагъуэтакъым Къуэк1ып1э Гъунэгъуми. Ди лъэпкъым къыхуэгущ1эгъунша гъащ1эр абдежми къащыщысхьакъым. Дауэ мыхъуами, хэкум гъазэрэ еплъэк1рэ щы1этэкъым, зыгуэрурэ псэун, гъащ1эм пыщэн хуейт.  

Адыгэхэр хэкум щи1эпхъук1ам гъэрып1э ихуат. Жьэ зимы1э лъэпкъым и 1эмалыншагъэр къагъэсэбэпурэ, ахэр «унагъуэу щагъэт1ысыжырт» Уэсмэн къэралыгъуэм и гъунэхэм. Зэрытщ1эщи, апхуэдэ щ1ып1эхэм сытым дежи нэщ1эбжьэ куэд къыщохъу, хабзэншагъэр къыщок1уэк1. Абыхэм я гупсысэ нэхъыщхьэу щытар – адыгэ зауэл1 1эзэхэр, хахуэхэр шэпэ1удзу къагъэсэбэпынурат. А зэманым Тыркум бий куэд и1эт, псом хуэмыдэу хьэрыпхэр. Абыхэм зыщахъумэн папщ1э, я зэхуакум зыгуэр дагъэувэну я мурадт. А «зыгуэрри» адыгэхэрат. Хьэзабыр зи нат1э хъуа ди лъэпкъэгъухэр апхуэдизк1э тхьэмыщк1эти, сыт хуэдэ щ1ы 1ыхьэми щыгуф1ык1ырт. Зэи ц1ыху зытемылэжьыхьа, ябгынэжа щ1ы 1ыхьэхэм трагъэт1ысхьэрт адыгэр. Псоми ящ1эрт, сытым дежи ди лъэпкъыр щ1ым телэжьыхьу, а 1уэхум хэзагъэу зэрыщытар, яхузэф1эк1ынуми ф1ыуэ щыгъуазэт. Лей зэрахьэм къищынэмыщ1ыжа, абы фейдэ къыхахыжырт «хэгъэрейхэм» – а щ1ы 1ыхьэ «пшэрхэр» адыгэм къызэрыратам щхьэк1э тын къы1ахырт.  

Хьэжрэтхэр Сирием (а зэманым Уэсмэн къэралыгъуэм хэтащ) 1эпхъуэн щыщ1адзар ХIХ-нэ л1эщ1ыгъуэм и 70 гъэхэм хуозэ. Зи псэуп1эр зыхъуэжыну мурад зыщ1а мухьэжырхэм я нэхъыбап1эм Джолан лъагап1эхэмк1э яунэт1ащ.  

Апхуэдэу, адыгэхэм псэуп1э яхуэхъуащ къэралыгъуит1ым зэпаубыдауэ, щ1ызэрыук1 зэпылъып1эр – Джолан. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмк1э, 1880 гъэм ирихьэл1эу а щ1ып1эм адыгэ мини 3 щыпсэу жыли 7 щы1ащ. Мис иджы зыкъэдужьынщ, дыпсэунщ щыжа1эм (л1эщ1ыгъуэ блэк1ам и 60 гъэхэм ирихьэл1эу) Джолан щхьэк1э зэпэщ1эуващ Сириемрэ Израилымрэ.  

А зэпэщ1эувэныгъэхэм ирихьэл1эу, 1967 гъэм, Джолан лъагап1эхэм (а зэманым Сирием ейм) адыгэ къуажэу 12 тест: Къунейтрэ, Мударей, Муйсие, Мансура, Айн-Зиуан, Бираджем, Сальмонийе, Джусейза, Хушние, Берейка, Фахам, Фэрдж. Абыхэм щыпсэут ц1ыху мин 18-м нэс.  

Хушние жылэр адыгэхэм Джолан лъагап1эхэм япэ дыдэу къыщызэрагъэпэща жылэращ. Зэгуэр ц1ыху мин зыдэсу, къуажэ еф1ак1уэу щытам махуих зауэм иужьк1э къыхэнэжар мэжджыт зэхэкъутарат. Абы пэмыжыжьэу еджап1э щытат, мы щ1ып1эм щыпсэуат жыг-хадэ зыщ1эхэр.  

Адэк1э къыщылът Мансурэ здэщыта щ1ып1эр. Жыг зэхэк1эжахэм уахэплъапэмэ, ноби уолъагъу кхъащхьэхэмрэ сынхэмрэ. Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ дэс адыгэхэр къак1уэурэ, мы кхъащхьэхэр ягъэкъабзэ, як1элъоплъ иджыри къэс. Дауи, ахэр зэрыхуейм хуэдэу, тэмэму к1элъыплъыфыркъым ик1и апхуэдэу к1эщ1-к1эщ1урэ къэк1уэфыркъым, ауэ хьэдэ здыщ1элъ, щыгъуэ щ1ып1эр дэтхэнэ адыгэм дежк1и лъап1эщ. Абы къыхэк1ыу, мыпхуэдэ щ1ып1эхэм гулъытэ зэрыхуащ1ыным иужь итщ. Мансурэр икъук1э щ1ып1э телъыджэщ, хэкужьым ираха жыгхэр щыхасауэ… Илъэс куэд ипэк1э ахэр Адыгейм ирахри, щыхасауэ щытащ, хэкум и фэеплъу. Ар мансурдэсхэм я хъуэпсап1эу щытат куэдрэ. 

Джусейзэ. Иныкъуэ щ1ып1эхэм блын къутахуэхэр щикъухьащ. Омар Фахри щалъхуа щ1ып1эрщ мыр. Лъэужь л1акъуэм щыщ щ1алэ ц1ык1ур 1920 гъэм къалъхуащ, Сирием и полицэм и унафэщ1у щытащ, къулыкъушхуэхэр зрихьащ, мухьэжырхэмрэ хэкужьым щы1э адыгэхэмрэ зэрыщ1эн папщ1э куэд илэжьащ.  

Муйсие къуажэм къыщалъхуащ Сирием и парламентым и депутат, къэралым щыпсэу адыгэхэм я л1ык1уэу Дунейпсо Адыгэ Хасэр къыщызэрагъэпэщым къэк1уа Абазэ Шараф. Къищынэмыщ1ауэ, мы жылэм къыхэк1ащ гу узхэмк1э дохутыр 1эзэ Ахъмэд Бакир. Сирием щыяпэ дыдэу ц1ыхум и гур 1эк1э къагъэщ1амк1э зэрихъуэк1ауэ щытащ абы. Лъэк1 лъэпкъ къимыгъанэу, хуэмыщ1ахэм дэ1эпыкъуу щытащ, и лъэпкъэгъухэм гууз-лыуз яхуи1эти.  

Бэтокъуэ Нияз Мухьэдин Къунейтрэ хьэблэм щыщщ. Дызэрыщыгъуазэмк1э, абы илъэс куэд тригъэк1уэдащ адыгэбзэр зригъэщ1эным, Сорбонэр къиухащ. Абы и къуажэгъу – Тамыкъу Салахаддин Юныс – хеящ1эу лэжьащ, США-м и къалэ Паттерсон щыпсэуащ. Дауи, Салахаддин и унагъуэр хым зэпрызыхуар Сирием къыщек1уэк1а 1уэхугъуэхэращ. Псалъэм къыдэк1уэу жыт1энщи, мыбы къыщалъхуащ щ1эныгъэл1, еджагъэшхуэ Хьэбыжбэч Абей Т1элал. 

Сальманийе хуэфэщэн къуэщ (мыр адрей къуажэхэм ф1ыуэ нэхъ пэжыжьэщ) Иорданием и къэрал, жылагъуэ узэщ1ак1уэ генерал-лейтенант Исмаил Ануар-Мухьэммэд. И зэманыгъуэхэм ар Иорданием и пащтыхь Хъусейн Бен Талал и хъумак1уэу, шэрджэс гвардием и пашэу щытащ. 

…Айн-Зиуан жылэм и кхъэхэр… губгъуэжьым итщ. Дыгъэ жьэражьэм игъэгъуа къэк1ыгъэ т1эк1ум домбеякъ к1апсэхэр уигу къагъэк1ыж. Сыту шынагъуэ абы у1уплъэну – дэнэк1э умыплъэми, кхъащхьэхэр, кхъащхьэхэр, кхъащхьэхэр… Ажалыр гъащ1эм тек1уащ! 

Зы сыхьэтым къриубыдэу Джолан лъагап1эхэм тет адыгэ къуажэхэр къыпхузэхэк1ухьынущ. Нэхъ тэмэму жып1эмэ, зэгуэр ахэр здэщыта щ1ып1эхэр. Махуих зауэ зыф1ащыжам кърик1уар аращ – зэман к1эщ1 дыдэк1э Израилым зэщ1ищта щ1ып1эм (абы дежк1э сыт и лъэныкъуэк1и мыхьэнэшхуэ зи1эм) – километр 70 и к1ыхьагъыу, 15 и бгъуагъыу – адыгэхэм я лъэужь лъэпкъ къранакъым. Машинэ хьэлъэхэр къахури, шэмрэ топымрэ къела унэ-лъапсэхэр шэрхъ лъэгу ящ1ыжауэ щытащ. Жыги уни къамыгъанэу, псори щ1ым щыщ ящ1ат. Ар щ1ащ1ар – адыгэхэм къагъэзэжыну гукъыдэж ямы1эн папщ1э!  

Джолан лъагап1эхэр ямыбгынамэ, сыт хуэдэ гъащ1эу п1эрэт къапэщылъыр абыхэм?! Уегупсысмэ, иджыпсту Израилым щы1э адыгэ къуажит1ым и п1эк1э пщ1ы, ц1ыху мини 5-р мин 50 ирикъуну къыщ1эк1ынт. Иджыри къыздэсым а къэралит1ыр зэпэщ1этщ. Абы нэхърэ нэхъ телъыджэжыращи, Израилым щы1а туристыр Сирием к1уэн папщ1э, и паспортыр щ1эрыщ1эу къыдихыжын хуейщ – ар а къэралым и хабзэ тк1ийхэм ящыщ зыщи.  

Сыт абы къик1ыр? Зэгуэр Джолан лъагап1эхэр зыбгына адыгэхэм зэи ялъагъужынукъым къэралит1ым я зэпылъып1эм щызэпхрыша гъущ1 к1апсэхэм адрыщ1к1э щы1э я благъэхэмрэ 1ыхьлыхэмрэ я кхъащхьэхэр. Аращ къик1ыр.  

«Зы ц1ыхубз гуэр Рихьэние къэк1уат. Ар къызэлъэ1уащ Джолан дэсшеину. Къыщалъхуа Хушние жылэр здэщытам к1уэну хуейт. Сэ згъэзэщ1ащ абы и лъэ1ур. Бзылъхугъэм куэдрэ къыщик1ухьащ мывэ ф1эк1 здэщымы1э щ1ып1э бгынахэм. Иджыри хъыджэбзыжь ц1ык1уу дащауэ щытат ар и жылэм. Иджы къигъэзэжын папщ1э, насыпыншэр США-м 1эпхъуащ, паспортыщ1э къыдихыну. Адыгэхэр зыщ1элъ кхъэм ихьэфакъым – иджыри къыздэсым тратил къегъэт1ылъэк1ащ. Уи гущ1эм зыкъыдигъазэу гъащ ц1ыхубзыр… сэри сыдэгъащ абы».

(Адыгэ Псалъэ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz