Мухьэжыр гъуэгуанэм и гъыбзэжьхэр

0
538

Адыгэ IуэрыIуатэм лъабжьэ, купсэ, къуэпс хуэхъур лъэпкъым и купщIэращ. Абы и Iыхьэ-Iыхьэурэ адыгэм теухуа тхыдэр зэхэлъщ. Ди лъэпкъым хуэгъэзауэ, ижь-ижьыжым къыщегъэжьауэ къикIуа гъуэгуанэр гъуджэу къызэрыщыжщ тхыдэ, гъыбзэ, лIыхъужь уэрэдыжьхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ адыгэм къикIуа тхыдэ Iыхьэшхуэ ди деж къынэсащ. Ноби ар дыкъызэщIэзыубыдэ, ди джэлэсыр зыуэ зэрыщытыр дэзыгъэлъагъуж Iэмалщ. 

Адыгэхэм джэгуакIуэ яIахэм увыпIэ щхьэхуэ, я пщIэ Iыхьэ щаIыгъыжт лъэпкъым деж. Ахэр хъыбархэм, тхыдэхэм, хабзэхэм я пэжыпIэм и зехьакIуэт, езыхэри апхуэдэ къабзэу лъэпкъ хабзэм къихъумэт. ДжэгуакIуэхэрат лIыхъужьыгъэм и щапхъэр Хэкум щызыгъэIур, уэрэду зыусыжыр. Кавказ зауэжьым и зэманым джэгуакIуэхэм зэIэпах зэпыщIэныгъэр къутэри, цIыху къызэрыкIуэхэр абыхэм я пIэ иуващ, уэрэдыжь куэди яусри къытхуагъэнащ. Абыхэм ялъагъу, зыхащIэ, ягъэв узымрэ гуауэмрэ щыщ Iыхьэ уэрэдхэм халъхьэу, щIэблэм ящымыгъупщэжыну къыхуагъэнэну и ужь итащ. 

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэм и тхыдэм къыхэхуа гуауэ зэманыгъуэр къыхэщыжащ цIыхухэм яуса гъыбзэхэм. Абы и пэ пIалъэм къихуэу, ХV лIыщIыгъуэм къыщегъэжьауэ , гъыбзэжьхэм гъуджэу къыхощыж Уэсмэн къэралым и зэрыпхъуакIуэхэр мы щIыгум къызэрибэнар, иужьым къыкIэлъыкIуа лIыщIыгъуэхэмрэ зауэхэмрэ.  

Хъан-Джэрий игъэбелджылауэ щыта гъыбзэжьхэм уедэIумэ, ахэр зыхуаусахэм я хьэзаб Iыхьэ ядэбгуэшым хуэдэущ зэрызыхэпщIэр. Мухьэжыр гъуэгужьым и тхыдэр къатIэщIыжу тхылъ куэдыкIей щыIэщ. Арами, 1860-1900 гъэхэм и гъыбзэхэр, лIыхъужьыгъэ уэрэдхэр хуабжьу сэбэп мэхъу лъэпкъым зыхищIа хьэзабыр къыппкъырыхьэнымкIэ. Апхуэдэ зы мухьэжыр уэрэдщ 1896 гъэм «Сборник материалов для описания местностей и племен Кавказа» зэхуэхьэсауэ къыдэкIа тхылъым къыхэщыжыр. Ар Куржы къэралым и Кутаиси куейм хыхьэ Зугдиди къалэм деж, ермэлы лIыжь Келикиан Меликом Петрос и къуэм къыжиIэжауэ щытащ. Ар езыр 1840-1864 гъэхэм адыгэхэм яхэсащ. 

Зэманым къыздихьа щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэмкIэ Кавказ зауэжьым и пэжыпIэр, абы ехьэлIа Iуэхугъуэхэр яущэхуу щытащ. Ауэ абы ехьэлIа уэрэдыжь 

куэд лъэпкъым къыхуэнащ икIи зэрахьэ. 1960 гъэм Къэрэшей-Черкесым и радиом щатхауэ щытащ «ИстамбылакIуэ гъуэгу» гъыбзэжьым щыщ Iыхьэ. Ар жызыIар Даур Рэмэзант. Иужьым уэрэдыр утыкум ирахьэри, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгэ Республикэми щагъэзащIэ хъуащ. 

1967 гъэм Налшык деж КъардэнгъущI Зырамыку итхыжащ ИстамбылакIуэхэм я гъыбзэжьыр. Япэ дыдэу ар дунейм къыщытехьар 1990 гъэращ. IуэрыIуатэм лъабжьэ Iыхьэшхуэ хуэхъуащ хэхэс адыгэхэм, псом хуэмыдэу, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж щызэхуахьэсыжа уэрэдыжьхэр, гъыбзэжьхэр, хъыбархэр. Апхуэдэ экспедицэхэм къатIэщIащ зэманымрэ зыхэс къэралымрэ хагъэпшэхъуэжын хущIэмыхьа IуэрыIуатэ къуэпсыр. Ар щIэблэхэм зэIэпахт хьэщIэщхэм, джэгухэм, щIыхьэхухэм, нэгъуэщI зэхуэсхэм деж. 

НобэкIэ дунейм къытехьагъэхэщ зи Хэкур зыбгынэн къызыхудэхуа адыгэхэм яуса гъыбзэжь пщIы бжыгъэ. Абыхэм ящыщщ «Адыгэжьхэр я Хэкум щикIыжым яуса уэрэд» жыхуиIэр. Гъыбзэжьхэм гуауэ уагъэу пхырышащ Хэкур зэрабгынэм къахуихь гуIэр, гупсысэ нэщхъейр. 

Псалъэм папщIэ, «ИстамбылакIуэ» уэрэдым аращ лъабжьэ хуэхъур: 

«Дэ ди къуэпсыр, хъэрэйда,
Къафкъасыжьым къыщыщIокI»
«Хабзэ ухуэми, уэрайдэ,
Жылагъуищу загуэши,
Чы гъэшахэр, хъэрайдэ,
Ди щIы гъунэм къыхасэрт».
«Уапэувмэ, хьэрайдэ,
Хэкужь псори бгъэубзэрт…»

Мы пычыгъуэхэм къыхощ, тхыдэ къуэпсхэр къыздыщежьэри, зауэм ехьэлIа теплъэгъуэхэри, гупсысэ яIэхэри. Я лъапсэм пызыщIэ уагъэр зэрыбыдэр, мухьэжыр гъуэгужьми, хэхэс гъащIэми зэрахуэмыгъэкIуэдынур. 

Хэкужь къагъанэм и нагъыщэу уэрэдыжьхэм къыхощ лъэпкъ фащэри, лъэпкъ ныпри. Апхуэдэщ «Адыгэ нып» уэрэдыр: 

«Адыгэжь бэракъыр мыгъуэр
Жьыбгъэм къызэрехьэ,
Езы Алахь лъапIэ гущэм
Дэ дызэхуихьыжи,
Уэ, докIуэ, докIуэ,
Истамбыл докIуэж мыгъуэ».
«Уэ адыгэ фащэ гущэр
Дыщэм къекъутэ,
Мы хэгъуэгу къута мыгъуэм
Ди гур къикъутаIэ,
Уэ, докIуэ, докIуэ,
Истамбыл докIуэж мыгъуэ…»

«Адыгэжьхэр я Хэкум щикIыжым яуса уэрэд» жыхуиIэм Хэкужьым и теплъэр нэгъуэщIущ къызэрыхэщыр. Ар зыбгынэхэм я дежкIэ губгъуэ нэщI хъуащ: 

«Ар, дывгъэунэрIэ губгъуэр зи унэ,  

Дывгъэзауэ, зауэр зи хабзэ!» 

Телъыджэщ апхуэдэ образ дыдэхэм адыгэхэм я мызакъуэу, пащтыхьыдзэм щыщ офицерхэри зэрыхуэкIуэр. Апхуэдэщ офицерхэм ящыщ зым итхыжыр: «КъухьэпIэ Кавказыр губгъуэ, пшахъуэщI нэщI хъуат. Иджы, Кавказыр къэдубыду, мы щIыналъэм ди лъабжьэ дгъэува и ужь, ар псэемыблэжу, щхьэмыгъазэу зыхъума, зи Хэкум папщIэ зызыгъэкIуэдыжа лъэпкъым пщIэ Iыхьэ яхуэдгъэфэщэжми игъуэщ…» 

НэгъуэщI зы лъэныкъуэу гъыбзэжьхэм къыхощыж Хэкум щIикIыж щхьэусыгъуэхэр. Апхуэдэщ «Мухьэжырхэм я гъыбзэ»-м къыхэщыж пычыгъуэхэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, псом япэ ит щхьэусыгъуэр – пащтыхьыдзэр адыгэщIым къызэрибэнаращ: 

«Урысым и пщышхуэхэр Кавказым къыхуолIэ,
ЛIыгъэр зэтрахыу, зауэр къыдащIылIэ.
Ежьу:
ПсыикIыж мы махуэхэр сыту лажьэшхуэ,
Лажьэу къыттехьа мыгъуэхэм ди гур кърашхыкI.
Ар къыдэзыщIылIэ гущэри мелуанищэм щIегъур,
ЗращIылIэ лъэпкъыр Iэбжьыб хуэдиз мыхъу…»

IуэрыIуатэм игъэбелджылащ лъэпкъым къеуэлIа гуауэм лъабжьэ хуэхъуар пащтыхьым и зэрыпхъуакIуэ мурадхэрауэ зэрыщытыр. Абы къыхэкIащ адыгэ жылэхэм лъапсэрыхыр къызэрыхуахьар, лъэпкъ псэукIэр зэрызэхачэтхъар, здэпсэуа щIыгум залымыгъэкIэ къызэрырахуар. Адыгэ уэрэдыжьхэр зэпкъырызыха Лопатинскэм игъэбелджылащ: «адыгэм Iэщэр къезыгъащтэ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр – зытепсэухь и щIыгухэр, тафэхэм къыщымынэу, къущхьэхъу щIыналъэхэри, къызэрытрахращ». 

«Дызэрысым, хьэрайдэ,
Дырамыхуу ямыдэ…»
(ИстамбылакIуэ)
«Хэкум драш мыгъуэ лъы нэпс къытщIэкIыурэ…»

(ИстамбылакIуэхэм я тхьэусыхэ) 

Апхуэдэщ нэгъуэщI гъыбзэхэм къыхэщыжри: 

«Уэр, ди ныбжьым дызытеса щIыгумрэ,
Ар, ди ныбжьым къетхуэкIа шыбзымрэ,
Къэзакъыжьхэми щыттрах махуэми, сэрмахуэ,
Уэр, къэзэуаткIэрэ зыдывгъэгъалIэкъэ…
Къэзакъыжьми щытIэ-щIич махуэми, сэрмахуэ,
Къэзэуат хэлъурэ зыдывгъэгъалIэркъэ!»
НэгъуэщI зы щхьэусыгъуэуи къыхощыж адыгэ бейгуэлхэм, динырыщIэкъухэм я зэран мы Iуэхум зэрыхэлъри:
«ЛIы ящэхуагъэу тхэтхэри зэрыгъаблэ нэгухэ,
Былымыжь нэкIухэти, ди хэгъуэгур ящэ.
Ежьу:
Молэ ныкъуэ тхэтхэм уаз пхэнжхэр къытхуащIыр,
Дэ тхуэпсэу хуэдэу жаIэурэ, леишхуэ къыдахыр…»

Тхыдэм къызэрыхэнащи, адыгэхэр я Хэкум зэрырашар хы ФIыцIэмкIэщ: Темэн, ТIуапсэ, ЦIэмэз, Сочэ, Адлер, нэгъуэщI портхэмкIэ. Адыгэу а гъуэгуанэжьым ирикIуэу, я лъахэр зыбгынам я бжыгъэр нэрыбгэ 500000-м къыщыщIэдзауэ, 2750000-м нэсу къагъэлъагъуэ тхыдэтххэм. 

Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ, мухьэжыр гъуэгуанэхэм цIыхухэр мин бжыгъэкIэ текIуэдащ. Псори зэхэту, ИстамбылакIуэ гъуэгум текIуэдауэ къалъытэ нэрыбгэ мелуан ныкъуэ. Нэхъ псынщIэ дыдэу, махуи 3-4-т кхъухьхэр Тыркум зэрынэсыфыр. Ар цIыхубэ IуэрыIуатэм тхьэмыщкIагъэшхуэу къыхэнэжащ: 

«Ди адэжь-ди анэжьхэри дэ къыттогъэ,
Хьэдагъэ тщIыурэ Хэкум драш.
Хэкуу дызэрыкIмэ цIыхухэр къыттогъэ (жи),
ДызэщIэгъуагэурэ кхъухьым дыIуашэ (жи)…»
Апхуэдэ къабзэу, мухьэжыр гъуэгум и ухыкIэри гъыбзэжьым гуауэу къыхощыж:
«Дэ ди хьэдэ пхъэбгъухэу ди щIыбхэм ипхахэр,
Ирыдагъэхыжыну жаIэурэ, псори дагъэшынэ.
Ежьу:
Хым и уае сыджхэри кхъухь ныбэхэм къоуэ,
ЗэтелIа бдзэжьейхэр ди бгъумкIэ щызоуэ…»

  

Уэз Фатимэ, тхыдэ щIэныгъэхэм  я доктор 

(Черкес Хэку)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz