ХьэкIувхэр псэ быдэт

0
491

Куэдым къалъытэ Кавказ зауэр 1864 гъэм майм и 21-м иухауэ. Ауэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэхэм яхэтащ я щIыгу къихьахэм зэман кIыхьым къриубыдэу къеныкъуэкъуа, уеблэмэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэсыху Урысей къэралыгъуэжьым щыщу зыкъэзымылъыта, унагъуэ-унагъуэкIэрэ бгыхэм зыдэзыгуэша гуп щхьэхуэхэр. ХьэкIувхэрщ зи гугъу тщIыр (кIахэ адыгэхэм «хьэкIуцу», урысхэм «хакучи» жаIэрт). Ахэр шапсыгъхэу къалъытэрт, зэрыпсалъэу щытари абыхэм я бзэрщ, тIэкIу зэхъуэкIа хуэдэу къыпщыхъункIэ хъунуми. 

1864 гъэм Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэ къалъытами, урысыдзэр иджыри 1865-1866 гъэхэми зи щхьэхуитыныгъэм къахутемыкI, хы ФIыцIэ IуфэмкIэ укъыщеплъмэ, Шахэрэ Ашэрэ я зэхуаку дэлъ мэз гуэрэн Iувыжьхэм къафIыщIэна адыгэхэм теуэ зыбжанэ иращIылIауэ щытащ. Къэдгъэлъагъуэмэ, ПсыфIыпс (Псезуапсе) и псыхъуащхьэхэм, ХьэкIувыпс (ХьэкIуцыпс, Хакучипсе), Хьэджыкъуэ (Ходжоко, Хаджико), Тэчей (Татай), Кхъуэпс (Копсе), Енэбэплъ (тхьэрыкъуэф теплъэ иIэу а щIыпIэм къыщыкI къэкIыгъэ плъыжьым зэреджэ «енэб» псалъэм къытехъукIащ) псы бгъунжхэм къагъэщIа къуэладжэ дыхьэнейхэмрэ абыхэм я щхьэжкIэ узыщрихьэлIэ щIыпIэ дэгу пхыплъыгъуейхэмрэ зэпэщIэувэныгъэ гуащIэхэр щекIуэкIащ. 

Адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыным я нэхъыбапIэм лъапсэрыхыр къащыхуэкIуэм, алъандэрэ нэхъ лъэныкъуэ егъэзарэ хэгъэгу щхьэхуэу псэуа хьэкIувхэми гузэвэгъуэ иныр къакIэщIэзэрыхьащ икIи 1864-1866 илъэс зытIущым къриубыдэу, абыхэм ящыщ куэдыр зэрыса щIыналъэм ирашащ. АрщхьэкIэ, нэхъ ерыщ дыдэхэм, зыщагъэбыдар зэрыщIэпщытыкIыгъуейм къыхэкIкIэ, яхузэфIэкIащ пащтыхьыдзэхэм къращIылIа теуэхэм зрамыгъэхьу, фIыщэу ялъагъу я хэкум къафIинэн. Тыркум ягъэIэпхъуэным имызакъуэу, абыхэм ядакъым урысхэм къыхуагъэлъагъуэу жаIа Псыжьрэ Лабэрэ я псыпцIалъэ Iуфэхэми IутIысхьэн.  

Апхуэдэу щыхъум, зэрыпхъуакIуэхэм, нэгъуэщI зыри къахуэмынэжу къалъытэри, я дзэ пакIэу зэхашахэмкIэ хэкупсэ жыIэмыдаIуэхэм аргуэрыжьу ятеуащ. Абы щыгъуэми пащтыхьыдзэм къигъэсэбэпар Iэмалыжьу зэсагъэжьхэрщ: къуажэхэр игъэсэхэжыныр, гъавэ хьэсэхэр зэхэутэныр, ерыскъы гъэтIылъыгъэхэр зэтегъэсхьэныр, нэгъуэщIхэри.  

1864 гъэм августым и 18-м, къытезыгъэзэж теуэхэм я зэхэублакIуэ генерал-майор Гейман Кубань областыр зи хэщIапIэу къэзылъытэжа пащтыхьыдзэхэм я Iэтащхьэм мыпхуэдэу хуитхауэ щытащ: «ХьэкIувхэр зэи лъэпкъ щхьэхуэу щытакъым. Абазэхэхэм, шапсыгъхэм къащынэмыщIа, абыхэм куэду яхэтщ бгыхэм зи щхьэ изыхьэжа ди къэзакъхэмрэ сэлэтхэмрэ. Лъэпкъ зэщымыщу зэхэухуэна хьэкIувхэм зыщагъэбыдащ ПсыфIыпс хэлъадэ псыежэххэр къыщежьэ жьанэхэм, абыхэм я лъабжьэкIэ щыIэ джабэщI задэхэм пхыгъэмба бгъуэнщIагъхэм, мэзхэм щIауфэжа къуэнэфхэм, къуацэ-чыцэхэм къахэмыщ мывэ духэм».  

Тхыдэр ипэжыпIэкIэ щыхьэт зытехъуэр аращи, щхьэхуитыныгъэр фIыщэу зылъагъу бгырыс хъыжьэхэм а лъэхъэнэм яхузэфIэкIащ зыми щымыгугъ икIи пымыщIа, я щхьэм щыхуитыж гъащIэ щхьэхуэ мэз абрагъуэхэмрэ къурш дурэшхэмрэ щаухуэну. Ар хуэбгъадэ хъунущ «цIыху цIыкIур» здынэмыплъыс бгыщхьэ аранэхэм къуршыбгъэхэм абгъуэ зэрыщаухуэм. 

Къыпагъэзурэ, бгым кърахухыу Тыркум ираша я лъахэгъухэм я пIэкIэ, куэд дыди дамыгъэкIыу, хьэкIувхэм къахыхьащ адрей адыгэ–абазэ–убых лIакъуэхэм къахэкIа, щалъхуа щIыналъэм икIыну хуэмей хэкупсэхэр. 

ЯпэщIыкIэ, бысымхэр «хьэщIэхэм» тIэкIуи яхуэщтэIэщтаблэрэ дзыхьи хуамыщIыщэу щытами, Iэмалыншагъэм зэришэлIахэр, пIалъэ кIэщIым къриубыдэу зы IэмыщIэ-Iэрамэу зэрыубыдыжащ. Къахыхьахэм я ныкъуэр хьэкIувхэм яхэзэрыхьыжащ, мыдрейхэм а щIыпIэм къегъэщIылIа Ашэ, Шахэ и псыхъуащхьэхэм щыпэрыхьэт къинэмыщI къуэнэф-къуэдэгухэм зыдагуэшащ.

Кавказ зауэр иухауэ щагъэIуа 1864 гъэм и май мазэм иужьк1и, апхуэдэ щIыкIэм тету зэхэджэжа хъуат хэкупсэ нэсхэм я лъахэу къалъытэу хуежьа хьэкIув хэгъэгу цIыкIум щызэрихьэлIэжахэр. Арати, бгырыс щхьэхуитхэм, Кавказыр Ищхъэрэрэ Ипщэу «зыгуэш» къурш тхыцIэ екIуэкIым къыщыщIэдзауэ, хы ФIыцIэмкIэ езыгъэзых псыкъуэпсхэр зыдэт къуэладжэ дыхьэнейхэм жылагъуэ щхьэхуит къыщызэрагъэпэщыжащ. Абы и курыхыр ХьэкIувыпс ПсыфIыпс щыхэхуэжырат.  

ЯпэщIыкIэ, генерал-майор Гейман хьэкIувхэм фIырыфIкIэ ягурыIуэну и гугъащ. Абы къыхэкIыуи, бгым зыщызыгъэбыдахэм убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ ящыщу пщIэшхуэ зыхуащI тхьэмадэ зыбжанэ яхуиIуэхуащ. АрщхьэкIэ, хьэкIувхэр урысхэм къыхуагъэкIуа лIыкIуэхэм я жыIэ едэIуакъым икIи еувэлIакъым. Апхуэдэу щыхъум, зэрытIысхьа абгъуэм кърашын папщIэ, пащтыхь дзэзешэхэм абыхэм ираутIыпщащ кIуэрыкIуэм тету гъуэгу бгъузэ кусэхэр мэзхэм щыпхызыупщIыкI, бгылъэ-мэзылъэхэм лъэныкъуищкIэ къакIуэцIрыкI дзэ пакIэхэр.  

Езы урысхэми зэрыжаIауэ, дапхуэдизу ахэр а гъуэгуанэм гугъу щемыхьами, бгырысхэр гуащIэу къапэувами, «хьэщхьэрыIуэ» теуэм хэтахэм яхузэфIэкIащ къудамищу бгым драшея дзэхэр щхьэхуитыныгъэм щIэзэу хьэкIувхэм я абгъуэм ирашэн. 

АрщхьэкIэ, телъыджэр аращи, абыи къигъэсабыракъым хэкупсэ нэсхэр. Ахэр зэбгрыкIри, мэз Iувыжьхэм хэкIуэсэжащ. ЯкIэлъыпхъэрыну темыгушхуа пащтыхь зауэлIхэр къикIуэтыжри, щIыпIэ ягъэнэхуахэм деж къэрэгъул щхьэхуэхэр щагъэуващ. ИкIи абыхэм зауэ Iуэхухэр, къыкIэлъыкIуэ мазищым къриубыдэу, пIалъэкIэ ягъэбэяуащ.  

АрщхьэкIэ, жэпуэгъуэр къызэрихьэу, генерал-майор Гейман и къыкIэлъыкIуэ теуэр иублащ. Аргуэрыжьти, гъуэгу мыгъуэ техьэжа урысхэм хьэкIувхэм тIысыпIэ ящIыжа къуажэ цIыкIу зыбжанэр ирагъэсэхэжащ, зэрахабзэуи, я ерыскъы гъэтIылъыгъэхэр Iисраф зэтращIащ. Ауэ, нэхъ гъэщIэгъуэныжыр аращи, апхуэдиз хьэкIэкхъуэкIагъэ къытрагъэзэжурэ зыкIэлъызэрахьа хьэкIувхэм затын Iуэху итIани зэрахуакъым. Абы ипIэкIэ, абыхэм бийм и топышэхэр къащылъэмыIэсыну къалъытэ къуэнэф нэхъ дэгужхэм зыщагъэпщкIуащ.  

«Лъэхъэнэ кIыхь къызэщIэзыубыда кавказ зауэжьым сызыщрихьэлIа зэрызехьэ псоми мы иужьрей зекIуэм нэхъ хьэлъэрэ мыхьэнэ гуэри зимыIэрэ яхэтауэ къысхуэщIэжкъым, – зыщиумысыжащ и тхыгъэхэм ящыщ зым Гейман. – Сэ шэч лъэпкъ къытесхьэркъым, кавказыщIыр къэзэуным хуэгъэзауэ урысыдзэр нэхъ гугъу дыдэ езыгъэхьа Iуэхухэм ящыщу хьэкIувхэм ядедгъэкIуэкIа теуэхэр ди тхыдэм къызэрыхэнэнум!»… 

(Адыгэ Псалъэ)

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz