Махуэ зыбжанэ мэхъу сымаджэщым сызэрыщlэлърэ. Сэ сымаджэ хьэлъэм сыбгъэдэсщ: согъашхэ, хущхъуэ изот, псы изогъафэ. Палатэм щlэлъыр си гъусэмрэ сэрэщ. Сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм къытхуэупсэу зы пэш къытлъигъэсат. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари сымаджэ сызыкlэлъыплъым и шыпхъу нэхъыжьыр дохутыру мыбдеж илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ зэрыщылажьэрт, итlанэ сымаджэр хьэлъэу къызэралъытэрат.
Гъэмахуэт. Дунейр хуабэт. Гъунэгъу палатэхэм я бжэ зэlухам ущlэплъэмэ, цlыху лей щlэмысу пlэрэ жыпlэу шэч къэпхьыжу сымаджэ куэд щlэлът. Абыхэм елъытауэ дэ ди пэшыр хуитт, пlэ нэщl зыщыплlи щlэтт, ауэ зыри къыщlагъэгъуалъхьэртэкъым, ди закъуэт. Зэзэмызэ кlэлындорым lуэху сиlэу сытехьэмэ, ди гъунэгъу палатэм щlэлъ сымаджэхэр си сымаджэм къыщlэупщlэрт, узыншэ хъужыну тхьэ къытхуелъэlурти, я lуэху иужь ихьэжхэрт. Сэри, lэдэбу, абыхэм жэуап естырт, икlи сриукlытэрт хуитыныгъэ лей сызэриlэми, зызмыlэжьэу псынщlэу сызэрыщlыхьэжыным яужь ситт. Гу лъыумытэнкlэ lэмал иlэтэкъым сымаджэщым и лэжьакlуэхэр нэхъ нэ лейкlэ къызэрыдэплъым: пщэдджыжьым лэжьапlэ къэкlуа дэтхэнэ зы лэжьакlуэри япэу ди палатэм ныщlыхьэрт, си адэ шыпхъум щlэупщlэрти, итlанэт я lэнатlэм щеувалlэр.
Фыгъуэрэ ижэрэ здэщымыlэ щlыпlэр дэнэ деж? Мы сымаджэщым щlэлъ псоми узыфэ гуэр яlэщ, ауэ, Алыхьым и шыкуркlэ, я лъэ кърехьэкl, я бзэ мэпсалъэ, гушыlэу, зэдэуэршэрхэу тетlысхьэпlэхэм тесхэт. Итlани ахэр нэбгъузкlэ къыдэплъхэрт, зи лъэр щlэмыкlыу, джалъэу щылъ си адэ шыпхъум хуэдзэлашхэхэрт. «Сыт а зы цlыхум щхьэкlэ пэш псо щlагъэхьэулейр? Сыт-тlэ сымаджэмэ, дэри щхьэусыгъуэншэу дыкъэкlуакъым», – жаlэурэ, зэхэсхмэ зэрафlэфlыр къызагъащlэу къыскlэлъыпсалъэхэрт. Абы къыхэкlыу сфlэфlтэкъым палатэм сыкъыщlэкlыу кlэлындорым сыкъытехьэн, сыхуейтэкъым нэ губжьакlэ къысхуэгъэзахэм саlуплъэн. Уузыншэу сымаджэхэм уадыщlэлъыну тынштэкъым, уи гур ящlоуз, уадэlэпыкъуну узэрыlэмалыншэм узэгуегъэп, ущыlуэхуншэхэм дежи зэшыгъуэщ. Сэ си къалэныр сегугъуу, емыкlурэ гуэныхьрэ къэсхьыну сыхуэмейуэ гущlэгъу схэлъу згъэзащlэрт. Зэман къыщысхудэгъахуэхэм деж газет, журналхэм седжэрт.
Зы пщэдджыжь гуэрым си адэ шыпхъум и узыншагъэми нэхъыфlкlэ зыкъигъэзауэ нэху къызэрекlам сыщыгуфlыкlыу, гукъыдэж нэхъ сиlэу сыщыст. Дыгъэпс хуабэр гуапэу ди пэшым къыщlэпсэрт, lэнащхьэм тет абдж тепщэчым щыджэгурти, идз нурым блыным зыщиубгъужырт, хьэндырабгъуэм хуэдэу пкlатэ-лъатэу, нэжэгужэу къыздэджэгум ещхьу ину зиукуэдиирт, и дамэ цlыкlухэр зэтридзэжырти цlыкlу хъужырт. Сыгупщысэу сыздэщысым палатэм и бжэр ину зыгуэрым къыlуихри, цlыхубз макъ мыцlыху гурымыхь гуэрым зыкlэлъигъэпlащlэу жиlащ: «Сощlэ, фэ ффlэфl хъунукъым, ауэ сэ дохутыр нэхъыщхьэм селъэlуащ цlыху нэхъ мащlэ здыщlэлъ сигъэкlуэну. Абы фи деж сыкъигъэкlуащ. Сэ мыкlуэ-мытэу сыщытынукъым, фи сымаджэми зэран сыхуэхъунукъым».
И макъыр ину къэlуа щхьэкlэ, цlыхубз къыщlыхьар утыкумкlэ къэкlуэтэн темыгушхуащэу lэнкуну щытт, и пакетитlыр lэ зэрызымкlэ иlыгъыу. Сэ нэхъ зыкъысхуигъэзауэ псалъэншэу и нэхэмкlэ хуит сщlыну къызэлъэlум хуэдэу къызэплъырт. Пэжыр жысlэнщи, сфlэфl хъуакъым тщымыщ къызэрытхыхьар, ауэ сфlэмыlуэхуфэ зытезгъауэри сыкъызэплъэкlащ.
– Сыт тфlэфl щlэмыхъунур? Къыдыхьэ, укъыщагъэкlуакlэ, – жысlэри гуапагъэ лъэпкъ зыхэмылъ макъкlэ жэуап естащ.
– Сэ мыбы сыкъэзыша си lыхьлыхэр lузгъэкlыжащ, си закъуэу адэкlэ сыкlуэфынущ жысlэри, – къыпещэ цlыхубзым.
Къытхыхьа цlыхубзыр зэпызоплъыхь, сфlэпсэлъэрейщ япэ lуплъэгъуэкlэ, куэд жиlэну къысщохъури, си нэщхъыр зэхызоукlэ. Абы езы фызым гу лъимытэу къанэркъым, lэрпхъуэру йоlэбыхри, и лъакъуитlым фlэлъ еджакlуэ цlыкlухэм щатlагъэм ещхь лъэпэд хужьыбзэхэр чэзуурэ зэрегъэзахуэ, бостей пlащlэ гъуабжэжь цlыкlу и фэм ещхьыркъабзэр иреукъуэдиех, кlэщlу пыупщlа щхьэц зэхэзэрыхьам къешэкlа лентl псыгъуэ цlыкlум и lэпэхэр ирегъажэри къызоупщl: «Мы гъуэлъыпlэм си хьэпшыпхэр ислъхьэ хъуну? Сэ сфlэфlкъым бжэкъуагъ дыдэр», – жиlэурэ жьантlэмкlэ дохьэр.
-Узыхуей дыдэм къыщыувыlэ, ди дежкlэ зырикlщ, – жысlэри жэуап естыжащ.
– Сэ си цlэр Фаризэщ, – жеlэ абы.
Сэри, хабзэм тету, си адэ шыпхъу Марэ езгъэцlыхуащ, итlанэ сэ си цlэри жесlащ.
Зылъэlэс псоми тепсэлъыхьыурэ абы и пакетхэм хьэпшып илъыр кърихри тумбочкэм дигъэзэгъащ, и хьэкъущыкъу тlэкlури и щхьэмкlэ къытригъэуващ. Хуэм-хуэмурэ и щхьэр зыхуей хуигъазэри, цlыхубз псалъэрейр арауэ къомыцlыхужыну щым дыдэу пlэм игъуэлъхьэжащ.
Си сымаджэри къызэфlэувэжат. Дохутырхэм я лъэкl къамыгъанэу къеlэзэрт. Езыри зы махуэм нэхърэ къыкlэлъыкlуэ махуэм нэхъыфl къэхъурт, къыщымысхьу узым и лъэбжьанэ папцlэ дыджхэм закъыlэщlиудым ещхьу дунейм хуэпабгъэу, цlыхум и нэ къыхуикlыу зихъуэжырт. Марэ сэбэп хуэхъуахэм я нэхъыфl дыдэр Фаризэт. Гъэщlэгъуэныракъэ, сэ япэ махуэхэм lуэхутхьэбзэ сымаджэм хуэсщlэу щытар Фаризэ къызэрыгъуэлърэ згъэзэщlэну къыслъигъэсыжыртэкъым. Ахэр езым гу лъызмытэу lэдэбу сlэщlихри, и пщэ дилъхьэжауэ гугъэзагъэу игъэзащlэрт. Сэ сриукlытэрт махуэкlи жэщкlи сызэрыlуэхуншэм. Дэни кърихрэт цlыхубз сымаджэм апхуэиз къару? И бзэм псалъэ lэфlу къыпыкlымрэ, и гум хуабагъэ къыбгъэдэкlымрэ сымаджэщым щlэлъ псоми ялъигъэсырт. Фаризэ ищlэрт дэтхэнэм и узыфэри, дэтхэнэм и гукъеуэри, икlи лъэкlырт, къигъуэтырт псалъэ гуапэ, лъэр щlэзыгъэкl, цlыхум гугъэ дахэ къезыт псалъэ щабэхэр ялъигъэlэсын. Абы и фlыгъэкlэ дэри сымаджэщым щlэлъхэм ди lуэхур нэхъ къагурыlуэ хъуауэ къытхуэшхыдэжхэртэкъым, гулъытэ къытхуащlри гумрэ псэмрэ къазэрыбгъэдэкlыр зэхэтщlэ зэпытт.
Сэ Фаризэ гъунэгъуу къэсцlыхуа нэужь, куэдрэ сриукlытэжащ япэу палатэм къыщыщlыхьам ней-нейуэ сызэрыlущlам. Иджы ар си гумрэ си псэмрэ дыхьа цlыхубз лъагъугъуафlэ къысщыхъужат, сытри хуэсщlэну сыхьэзырт. Щlэмысмэ, дыхуэзэшырт, къыщlыхьэжамэ, дыщыгуфlыкlырт. Дэ тлъэкl lуэхутхьэбзи хуэтщlэрт, пщlэ зэрыхуэтщlыр, зэман кlэщlым къриубыдэу и цlыхуфlагъым щхьэкlэ фlыуэ зэрытлъэгъуар псалъэкlэ къедмыгъащlэми, ди хущытыкlэмкlэ зэхедгъащlэрт.
Языныкъуэхэм деж апхуэдизу цlыхум гуапэу, жану яхэтар арауэ умыцlыхужыну абы зыщихъуэж къыхэхуэрт. Ар гъуэлъыжт и телефоныр щlигъанэрти, лъагъуныгъэ уэрэд къеуэм щlэдэlукlыу, шхэни псэлъэни фlэмыlуэхужу щэхуу щылът. Псыхьэлыгъуэу къежэх нэпс къуэдамитlыр и пщэмкlэ дэлъадэрэ езым зыхимыщlэу макъыншэу гъырт, гъырт кlуэцlкlэ.
Апхуэдэхэм деж гур щlэгъуу сыкlэлъыплъырт, сфlэгуэныхь хъурт, сыбгъэдыхьэу тезгъэуну сыхуэпабгъэрт. Сэ си ныбжьым къриубыдэу мы сымаджэщым щыслъагъу гузэвэгъуэхэм нэхъыбэ си нэгу щlэкlатэкъыми, сщlэртэкъым, цlыхум пхуэмыlуэтэн гукъеуэ иlэнкlэ хъуну. Сыхуейт сыбгъэдэтlысхьэу и щхьэм lэ дэслъхьэн, и гуауэр щхьэщысхын: «Ухъужынщ, lэмал имыlэу ухъужынщ, уи бынхэм я гуфlэгъуэ куэди плъагъунщ, Фаризэ».
Апхуэдэурэ жэщ зыбжанэ блэкlащ. Икlэм тезухуащ и жагъуэ хъуми, гу зэрылъыстэр къезгъэщlэну, хэт ищlэрэ сэбэп зыгуэркlэ сыхуэхъуфми нэхъыфlщ жысlэри. Жэщыкум, иджы псори зэгъэжащ щыжытlэм, Фаризэ и телефон цlыкlур пигъэнащ, хуэм дыдэу дыкъимыгъэушын и мураду адыгэ уэрэд жыlакlуэ щlалэщlэм жиlэу лъагъуныгъэ уэрэдым тригъэуващ. Етlуанэу уэрэдым къытригъэзэжри едаlуэурэ и кум щынэсым макъ псыгъуэ цlыкlу адэ жыжьэу къиlукlыу къысфlэщlащ. Сыдэlуапэри, къызгурыlуащ ар гъы макъыу зэрыщытыр. Фаризэ уэрэдым дежьууэ арат. Сэ сыкъэтэджри, хуэму макъыр къыздиlукl лъэныкъуэмкlэ сыкlуэтащ. И бгъур къысхуэгъэзауэ щылъ цlыхубзым и дамащхьэм щабэу си lэ лъэныкъуэр теслъхьащ, адрей lэмкlэ зызыщlигъэпщкlуа шхыlэныр мащlэу къэсlэтри сыгушыlэ хуэдэу къезгъэжьащ:
-Фаризэ, угъыу ара? Уи бынунагъуэр уигу къэкlа хъунщ. Пионер лагерым щыlэ цlыкlухэм нэхъей уи гур къызэфlэнаи! Нэху щым укlуэжынщ!», – жызоlэ сабий къэбырсеяр тезгъэуж хуэдэ.
Иужькlэ си фlэщу пызощэ:
-Махуэ къэс уэрэдыщlэ къожьэр, уедаlуэурэ угъыжынумэ. Уи къарумрэ уи узыншагъэмрэ щысхью
Ди псалъэмакъым Марэ къигъэушащ, дэри зыдущэхужащ. Тэлай дигъэкlри, Фаризэ къызэфlэтlысхьащ, ину хэщэтыкlри пищащ:
-Уэ цlыкlум гъащlэм и гуауэ плъэгъуакъым, Алыхьым уимыгъэлъагъукlэ. Уи нэ нащхъуитlым я къабзагъэм хуэдэу уигу цlыкlури къабзэщ, уи псэ цlыкlури хьэлэлщи, уи нэгум кърих гуапагъэм псэр дехьэх, удэзыхьэхрэ къыдэпхьэхрэ фlэкlа мы дунейшхуэм зыми тхьэм ухуимыгъазэкlэ.
Сэ сыщыст, lэнкун сыхъуауэ. Фаризэ зыкъызэрысхуигъазэ псалъэхэр гуапэми си дежкlэ, тlэкlу иригъэлейуэ къысщыхъурт, сриукlытэрт. Фlыщlэ хуэсщlынуми зыгуэрым и жагъуэ къищlам хуэдэу лъэныкъуэкlэ плъэрт.
– Си къуэм хуэди щыlэкъым, и щхьэц налъи хэзгъэхунукъым апхуэдизу си псэм япэ изогъэщри. Си пхъур зэростыни щыlэкъым. Си ныбжьыр зэрымымащlэри сощlэж. Ауэ, и насыпщ мы дунейм лъагъуныгъэр зымыцlыхуу тетым, е лъагъуныгъэр зи lэпэгъуу гъащlэм и гъуэгум ирикlуам.
Куэд щlащ абы лъандэрэ. Сэ унагъуэ зэгурыlуэ, унагъуэ зэпэщ сыкъыхэкlат. Бынунагъуэшхуэм тщlэнрэ тшхынрэ дгъуэтт. Шыпхъу нэхъыжьитхур, еджапlэ нэхъыщхьэр къаухри, унагъуэ зырыз хъужахэт. Си дэлъху закъуэми къуажэм нэхъ дахэу дэс хъыджэбз гъэфlа закъуэр къыдихьэхри, щхьэгъусэу къишауэ дэпсэурт. Апхуэдэ бын насыпыфlэ зиlэ лlыжь-фызыжьым жьыщхьэ махуэ дыхъуащ жаlэрти, дуней гуфlэгъуэр зэрахьэрт. Быным я нэхъыщlэр сэрат, ебгъуанэ классым сыщеджэрт. Си ныбжьым емылъытауэ сыщхьэпэлъагэт, сыкъекlут, сыдахэт. Щlакlуэ хуэдэ си плlэм дэлъ щхьэцышхуэм лентl плъыжьыр си анэм къыхищlэрт, нэм сыщихъумэу жиlэрти. Еджапlэм сыщыпашэт: си сурэтыр еджакlуэ нэхъыфl дыдэхэм срагъусэу щlыхь блыным фlэлът.
Фаризэ щыпсалъэкlи нэпсхэр къежэхырт…
– Си нэр техуащ бжэlупэм деж сэлэт фащэ зыщыгъыу щыт щlалэм и нэ фlыцlитl къыстеубыдам. А махуэм дэ псалъэкlэ зыри зыжедмыlа щхьэкlэ, нэкlэ ди гухэр зэрыгъуэтат. Абы и щыхьэту пщыхьэщхьэм пlащlэу си ныбжьэгъу пщащэр къэкlуат, тхылъымпlэ кlапэр lэщlэлъу: «Бэч Азэмэт игу урихьащ, къыптелlэу жеlэр, уэ удэмыкlуэмэ, нэгъуэщl къишэну хуэмей».
Ныбжьэгъум жиlэм седаlуэ щхьэкlэ къызэплъу щытыр махуэм сызыlуплъа нэ фlыцlитlырат. А махуэм щlэддзэри, дэ илъэситlкlэ дызэпсэлъащ. Дяку дэлъ лъагъуныгъэр зыми къедгъэщlэну дыхуейтэкъым. Зэзэмызэ клубым дыкlуэмэ, дызэхуэзэрт, сэлам зэтхырт, письмо зыlэпытхырт, ди лъагъуныгъэр тхьэрыlуэкlэ дгъэбыдэрт. Ди щэху псори зыщlэр си классэгъу, езым и гъунэгъу, ныбжьэгъуу сэ илъэсипщlми къыздеджа, си партэгъуу щыта Хьэлимэтт. Курыт еджапlэр къыщыдухыу экзамен ттын хуей щыхъум, Азэмэт къыспигъэтlылъащ: е экзаменыр, е сэ сыкъыхэх, жиlэри. Сэ абы хузиlэ лъагъуныгъэр къыхэсхащ. Си lыхьлыхэми, си егъэджакlуэ фlы дыдэу сыкъэзылъагъухэми сахутечакъым, экзамен яхуэстакъым, къыспэплъэ дыщэ медалми сыдихьэхакъым. Къуажэм дэс псори къыстепсэлъыхьырт, къэхъуар зыми къагурыlуэртэкъым. Си гъащlэр зэстыну, си псэр зыхэлъ Азэмэт письмо кlэщl- кlэщlурэ къысхуитхырт. Абы итыр зыт: «Фlыуэ узолъагъу, укъэсшэнущ, псоми курыт еджапlэр къызэраухамкlэ тхылъыр къыщратыж пшыхьым лагъунэм сэ ущlэсшэнущ». Хьэлимэт емызэшыжу къысхуихьырт пиьмор, жэуапыр псынщlэу lэрыхьэм сэри нэхъ сфlэфlти саугъэтхэр «пощтзехьэм» хуэсшиирт.
Си псэм фlыуэ илъэгъуа щlалэм пlалъэ къызитат, сэ зызгъэхьэзыращ. А щэхур ди нысэм хуэсlуэтащ. Си адэ-анэм, дауи, ялъигъэlэсауэ къыщlэкlынт. Нэху щыху сежьащ Азэмэт, къызэрыджэу и lэпэр субыду я деж сыкlуэну сыхьэзыру. Куэдрэ сыпэплъащ. Къакlуэртэкъым, гузавэр къэсщтауэ щхьэусыгъуищэ къэслъыхъуэрт, машинэр къутауэ си нэгу къыщlызогъыхьэ, согузавэ, апхуэдэу нэху къыстощхьэ. Пщэдджыжьым жэм дэзыхуа си адэр псынщlэу къыдохьэжри, зэхызох си анэм жриlэу: «Бэчхэ я къуэм я гъунэгъу Хьэлимэт къишащ». Сщlэжыркъым дауэ сыхъуами…
Фаризэ и нэпс къыщlэжыр залэ мыхъуж нэкlущхьэм йожэх. Нэпсым ирилъэсэха напэр слъэщlын си гугъэу сыщыlэбэм, япэ зыкъригъэщри, си lэр еубыд и куэщlым ирелъхьэри жеlэр:
– Гущlэм къикl нэпсым уи lэр хыумыщlэ, нэпсыр къежэхмэщ жьы тlэкlу щыбгъуэтыр, бампlэр пщхьэщокl, псэм зегъэпсэху. Хуиту сыбгъагъмэ, псапэ къэпхьынщ.
Ди щlыбагъымкlэ Марэ къыдэсщ. Щэхуу къитlысхьэжауэ пlэкум исщ, зэман-зэманкlэ зызыпелъэщlыхьыр, ину хощэтыкl.
– Илъэскlэ сыкъэмытэджу сымаджэщым сыщlэлъащ. Иужькlэ унэм зыкъэсlэт мыхъуу сыщlэлъащ. Си фlэщ хъурт гурылъ къабзэ щыlэу. Сежьэрт зэ нэхъ мыхъу къеплъэкlыжыну. Бжэр къыlузыхыр арауэ къысфlэщlырт. Хьэуэ, сэ абы лъагъуныгъэ хузиlэжу аратэкъым. Ауэ цlыхугъэ гуэр къыхуэнэжауэ щытмэ, зэ къызэплъэкlыжу къызищlам и щхьэусыгъуэр къызжиlэну сыпэплъэрт. Иджы илъэс къэс сымаджэщым согъуэлъ, лъагъуныгъэм илыпщlа си гукъуэпсхэм щхьэпэ яхуэхъун хущхъуэ сымыгъуэту. Мы хъыбарыр зыми хуэсlуэтакъым, ящlэркъым си бынхэм къызэузыр. Си лъагъуныгъэм си нэр къыщипхъуэри си гур ириудат.
Фаризэ и куэщlым илъ и lэ зэлъахэр зэрегъэшх, и щхьэр еlэтри си нэм къыщlэплъэурэ жеlэ:
– Гъащlэр гуащlэщ, ар тхыпхъэ куэду зэхэдзащ. Тхыпхъэ къыплъысым елъытащ абы ебакъуэ имыlэу уи гъащlэр зэрыкlуэнур. Ар сэ си фlэщ хъуащ. Гъащlэм и lэфlыр lэфl дыдэщ. И нэфl зыщыхуэр егъафlэ. абы и бэрэжьей хъыринэм илъу игъафlэр куэдщ. Щысхь имыlэу къытригъазэурэ зытришащlэу ириудри и мащlэкъым. Сэри абы зэ уэгъуэкlэ къриудахэм сыхэхуащ.
Заул дэкlауэ сэ унагъуэ насып згъуэтащ. Бын сиlэ хъуащ. Унагъуэ сызэрыхьам адэ-анэ къысхуэхъуа гуащэ-тхьэмадэр цlыху дыщэу къыщlэкlахэщ. Абыхэм фlыуэ сыкъалъагъурт, фlыгъуэу щыlэр къызбгъэдалъхьэрт, сызыхуагъадэ щыlэтэкъым. Ауэ псори зытесщlыхьа, щхьэгъусэ схуэхъуам хуабжьу гугъу сригъэхьырт. Куэд си нэгу щlигъэкlащ: удынри, щхьэгъусэ пэжыныгъэр хэлъу зэрыщымытри, уеблэмэ, къэхъуакъым махуэ абы и lэ къыщыстемыхуарэ сыщимыгъэпударэ. «Икlута из хъужыркъым», «Насыпыр зэрежьэщ» – си щхьэ хужысlэурэ а псор сшэчащ. Сшэчащ си лъэныкъуэкlэ къэув си гуащэ-тхьэмадэм я хьэтыркlэ, си бынитlым я жагъуэ сымыщlын папщlэ. Сошэч нобэр къыздэсым. Зыми сахуэтхьэусыхэркъым, къыздалъхуахэм си щхьэгъусэм хуэдэ щымыlэу къафlызогъэщl.
Фаризэ Марэ деж хуоплъэкl нэщхъей дыдэу, пыгуфlыкl хуэдэу зещlри къыпещэ:
– Фэ фыщlэмыупщlэ щхьэкlэ, ффlэгъэщlэгъуэн хъунт Бэчхэ я псэукlэр. Абыи лей зэрахьар къахуэгъуакъым.
Унагъуэ сыухуэу лъапсэщlэм сызэрытlысу, къыдбгъэдэт унэр ящэн хуей хъуащ. Гъунэгъущlэ тхуэхъуар Бэч Азэмэтт. И щхьэгъусэр ежьэжат сабиищыр щхьэгъусэм къыхуигъанэри. Бэчхэ я унагъуэр псоми яфlэгуэныхьт. Сабиищ зезыхьэ лlыр яфlэпсэкуэдт. Сэ ар сцlыхуу зыми зыкъезгъэщlакъым. Езыри къысхуеплъэкlакъым…
Фаризэт зигъэукlуриижащ и хъыбарыр зэриухам гу лъыдигъатэу. Куэд дэмыкlыуи жейм зэрыхилъэфар къозыгъащlэ пырхъ макъри къэlуащ.
Хуабжу си гум щlыхьат Фаризэ къиlуэтэжа и гъащlэр, си гъыни къэкlуауэ сыщыст. Нэпс къысфlежэхыр сымыгъэлъэгъуэн мурад сиlэу газет lэнэм телъыр къэспхъуатэри си нэгум изубыдащ. Сэ иджы къызгурыlуат Фаризэ япэ лъагъуныгъэр зэригъеижрэ куэд зэрыщlар. Иджы абы игу къеуэр, жэщкlэ щlэгъыр унагъуэ зыхэхуами насып къызэрыдэмыкlуарат.
Сымаджэщым дэ куэдрэ дыщlэлъыжакъым. Си адэ шыпхъум и узыншагъэр фlыуэ нэхъыфl хъу зэпытт. Ар псалъэрт, шхэрт, гукъыдэжи игъуэтыжат.
Етlуанэ махуэм, пщэдджыжьым жьыуэ, дохутыр нэхъыщхьэр къыщlыхьащ. Дыхъужауэ унэм дыкlуэж хъуну зэрыжиlэу зыдгъэхьэзырыжу щlэддзащ. Ди ужь зы тхьэмахуэкlэ иту къэгъуэлъа Фаризэ быдэу жиlащ:
-Фэ фи гъусэу сэри сыныщlэкlыжынущ.
Ар зыми яхуэубыдакъым.
Сэрэ Фаризэрэ телефон номерхэр зэlыпытхат. Мазэкlэ дызэрымыгъэгъуащэу дызэрыщlащ. Ауэрэ Фаризэ зэуэ и телефонным пиудащ. Фаризэ дыщыщlэупщlам, дигу имыхужын гуауэ зэхэтхащ. Ар щыlэжтэкъым. Абы дзыхьыпцlэ зыхуимыщl и къуэ закъуэр яукlат. Анэ тхьэмыщкlэр жэщми махуэми кхъэм кlуэрт, яхуэмыубыду. Ар гъыуэ и къуэм и мащэ lуащхьэм щыпыхьэрт. Нобэ щlалэ тхьэмыщкlэр дунейм зэрехыжрэ махуэ плlыщl ирокъу щыжаlэ махуэм зи псэр зэгъэжа анэм и хьэдэр кхъащхьэм къыщагъуэтыжащ.
Нурыр къызэрих нэгур зэлъыlухарэ уэс къесар щхьэц тхъуа тlэкlум хэзэрыхьауэ…
Выкхъэ Аринэ,
Налщыч къалэ дэт 33-нэ курыт еджапIэм
адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ.