Бешкъызакьхьаблэ

Къуажэм и тхыдэр: 1860 гъэм ХьэтІохъущокъуэ Казий я пащэу Тыркум Узняйлэ щІыналъэм ипэ дыдэ къэтІыса гупым ящыщщ. Бешкъызакъ Хьэж Исмелрэ Ахьмэтрэ я гъусэу Токъмакъ Хьэж Умар и къуиплІ Хьэж Юсуф, Хьэж Локъман, Хьэж Исмаил, Хьэж Хьасан зэщІиугъри, КІэнэтІ, ХьатІэф, Ныр, Уейт, ПщыхьащІэ, Хьацу, Тамбий хэ зэгъусэу и пэдыдэ нобэ зэрысхэ Бешкъызакъхьаблэ / Домуздереси / Хьилмие къуажэр зыдаухуащ.

Къуажэр къуажэшхуэу щтащ нобэрэ махуэм 110 цІыху бжыгъэ щопсэур. Къуажэр Кайсери къалэм 120 км, Азей районым 40 км.-кІэ пэжыжьэщ. Узняйлэ щІыналъэм Анзорей къуажэр щымыхъуам Бешкъызакъхьаблэ нэхъ щІыгушхуэ зыубыда къуажэ дэскъым 94.000 декар щІы тесхэщ. Къуажэр Алъэскирей, Каяалты Туркмэн къуажэр, Къурашынхьэблэ, Хьэтыкъуейыжъ, ХьэпэщІей, Жамботейыжъ, Астемырей, Мэкэней, Локъуажэ ящІ зэпылъу зэржысІэм хуэду къуажэшхуэщ. 

Къуажэр зэтелэжъыхьыр мэш хасэ Іэщышхуэ зэрахуэ хуабжьу псэуныгъэм еІэуэ зы къуажэщ. Къуажэ лэжьакІуэщ. ЩІышхуэ халъхьэр. Тракторышхуэ зимыІэ такси зибжэІупэ зыдыІумыт щыІэкъым. 

Узняйлэ щыпсэу къуажэхэм я нэхъ зыхуэщІахэм ящыщщ. Ауэ зэр Узняйлэ жылэм ящхьа кърикІуар мыкъуажэми ящхьэ кърикІуащи я бын ирагъэджэн езыхэм яунагъуэ зыхуе хуагъэзэн яунафэу къалэшхуэхэм Іэпхьуахэщ. Ар щхьэкІэ узэригуфІэнщи щІалэ кІуэд къулыкъыщІэр яІэ илъу къэралым унэфэщІу щІалэ лъэрыхьхэр къыдэкІащ. Псоми я нэгу къуажэмкІэ хуэгъэзауэ сыткІэи къакІэлъыплъу адыгэгу яІэу цІыуххэщ. Я бзэ я хабзэ зырахьэжыфу арахэщ. Къуажэ еджапІэр Адыгэбзэм телэжьыхьу игури ипсэри адыгагъэмкІэ гъэша Токъмакъ Айдын яхузэригъэпэщыжащ. Токъмакъ Айдын адыгэгу кІуэцІылъу Бзэм телэжъыхьу пщІэ иІэу адыгэлІщ. Абы иужькІэ Токъмакъ Метин, КІэнэтІ Дурсын, КІэнэтІ Фатихь, хуэдэу къэралым къулукъыщІэу тетауэ нобэми тетхэу цІыху лъэрыхьхэр яІэщ. Къуажэ еджащ. 

Къуажэм пэсэрей зэманым я цІэ ираІу пщІэ яІэу цІыхухэм хабжэу фэ къыраплъу цІыху куэд щыпсэуащ. Ахэр АдыгэлІ щытыкІэращ къызэрытлъытэжыр. 

Я цІэ уриІуэн ухъмэ КІэнэтІ Мухьудин, Токъмакъ Уахьаб, Али, ТІасим, КІэнэтІ Сэлами дохутырыр, Хьадзыгъуэ Рушти, Зия, Бешкъызакъ Енвар, Муаммэр, Захьид, ПщыхьащІэ Зия, Енвар, Шахьин, Тамбий Ахьмэд, Тамбий Хьалис зэкІэ сигу къинэжа лІы цІэрыІуэхэращ. Тхьам псоми я хьэдрыхэр иузэнщІ. 

Къуажэм Хьадзыгъуэхэ иужькІэ къэкІуэжащ. Уейтхэ хэкІуэдэжащ. Унэжхэ Джылахъстэней кІуэжащ. КІэщтхэ дэкІыжри ЩІэшхьаблэ кІуэжащ. ГъукІэхэ зэшитІ хъууэ Къурашынхьэблэ псым хитхьалыхьащ ахэри къуажэм къыдэнэжакъым. Дагъыстанхэрэ Токъмакъхэрэ я зэхуакум зауэ къыдэхъухьри къуажэ унафэкІэ дэкІыжахэщ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz