Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Алыхьыр нэхъ гущlэгъуншэ

Къуажэм къэгъэкlуа хъуэжэм, къуажэдэсхэм, мыувыlэуэ, «мори гуэныхьщ, мыри гуэныхьщ! Жыхьэнэмэ мафlэм фыхадзэнщ» яжриlэт. Ар, Адыгэ Нысашэ- джэгуми хэмыпсалъэуи къанэртэкъым: «Уджыр гуэныхьщ; Цlыхубзымрэ цlыхухъумрэ зэlэпэгъу утыкум итщи! Къемэт махуэм, жыхьэнэмэ мафlэм фыхадзэнущ!»

Сытми, хъуэжэм ипсалъафэхэр жыхьэнэмэкlэ гъэшынэнум теухуауэ арэт. Махуэ гуэрым, зы унагъуэм и мэкъуэщым, мафlэ къыщlэнауэ ису хъуэжэри абы еплъыуэ, лlыжь гуэрым, зы джэду къищтэри, «Хыресхьэ мы джэдуужьри, мафlэм!» жиlэри хидзэ хуэдэу зыщlищlым, хъуэжэр къэгуэуащ:

«Уанэмыгъуэр тезылъхьэн! гуэныхьщ; сыт джэдур мафlэм щlыхэбдзэнур?» жери.

Лlыжьыр зыхуеихэр арати:

«Атlэ хъуэжэ,Алыхьым сыт тщlэми занщlэу жыхьэнэмэм дихидзэну жыбоlэри! Уэр нэхърэ нэхъ гущlэгъуншэ, Алыхьышхуэр?»

Зыпэмыплъэ lущlа хъуэжэр, цlутl къыпимыдзыжыфу lуигъэзыкlыжащ.

 

Къазыlуэтэжар: Къэрэшэй: Рефикъщ, Узын-яйлэ Астэмырей щыщщ, илъ.78 мэхъу.

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img