Фlэщхъуныгъэм и бзэ!

0
168

Бзэ lуэхугъуэм хэлэжьыхь Токъмакъ Айдын итха «Фlэщхъуныгъэм и бзэ АДЫГЭБЗЭ» тхылъыр къыдэкlащ. Тхылъыр, Адыгэбзэм «Къэбэрдей псалъафэ щlыкlэу» итхащ. Кайсэри/Пынарбащы къалэм епха Бэшкъызакъхьэблэ къыщыхъуауэ, и щlэныгъэр гъэсакlуэу, егъэджакlуэу ири лэжьащ.

Кайсэр Адыгэ Хасэми бзэм теухуауэ дэlэпыкъуэгъу хуэхъуа Токъмакъ Айдын, япэрей тхылъу «Щlыуэпсым и бзэ АДЫГЭБЗЭ»р къыдигъэкlауэ, 5-рэ Кайсэри Тхылъ Гъэлъэгъуапlэм и тхылъымрэ, еджакlуэхэмрэ зэригъэгъуэтат.

Щlыуэпсымрэ фlэщхъуныгъэр зэпыщlауэ зэрызыхэлъыр щиlуатэ «Фlэщхъуныгъэм и бзэ АДЫГЭБЗЭ»м бзэм и къэхъукlэм зыхэпсэухь щыуэпсым, абы къыхэкlыу фlэщхъуныгъэ псалъэхэр хэпсэхьауэ егъэлъагъуэ.

«Фlэщхъуныгъэр гум къыщожьэ», «Бзэр псэщ», «Бзэр дэнэ къыщежьэу дэнэ нэса», «Хъуэхъур зы тхьэлъэlу щlыкlэщ», «Псыр, псоми я лейщ» псалъащхьэ пычыгъуэхэр…

Мы тхылъыр щащэм къыпыщыну ахъшэр, щlы хъейным зытырикъута унагъэхэм къыщlэна еджакlуэ цlыкlухэм трагъэкlуэдэнущ. Тхылъыр щывгъуэтыну щlыпlэхэр:

Адыгэ Хасэ (Кайсэри)

Адыгэ Хасэ (Анкара)

Адыгэ Щlэнхабзэ Унэ (Истанбыл-Бейликдузу)

Кабказ Щlэнхабзэ Хасэ (Истанбыл-Багъларбашы)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz