Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Джэду сыхъуас

Къанкъул Хьэжы, псэуми я Къанкъул Хьэжыуэ, псэуми ядеж щыхьэщlэу зыгуэрт; тlэкlуи lуэдэвадэуэ!
Ар, Аслэнхэ хьэщlэуэ къахуэкlуащ; жэшыр Фlыуэ хэкуэтауэ.
Бысымыми, я хьэщlэщыпlэр зэщlэхарэ, тебзей щlэбзэй и мыlэу, щылъу. Зэрыгувара, хьэщlэм, lэней къухуамгъэуву, шэ гъэпщта къырагъэшхри, шхыlэн зыщlэхари къытырапlэри; ягъэгъуэлъыжащ.
Жэшыбим, Аслэн Хьэжы къекlуэлlэжьри:
-Хэт хьэщlэр?
-Къанкъул Хьэжы!
-Ар бзаджэс, зы хъумыщlэ евымщlауэ къыщlигъэкlкlэ!
Аслэн Хьэжы, гузагъэу хьэщlэщым щыщlэхьэм, «мау! мау!» жиlэс хьэщlэм.
-Е уэнэмыгъуэр тезмылъхьэн, лlо къыпщыщlар?
-Шэ срагъэфэри, бацэм схагъэгъуэлъхьэжри;джэду сыхъуас!

Къэзыlуэтэжар: Тохъу Хьэж Ахьмэдщ, Узын-Яйлэ, Анзорей цlыкlу (Бэзэрсу) щыщщ. Илъ. 85 мэхъу.

 

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img