«Уи Хэку ущыпсэууэ ущышхэжыным нэхъыфI щыIэкъым»

0
112
Мэхъуш Мухьэмэд

-Адэжь щIыналъэм ди лъэ къызэритшэжрэ, ди къуэш – шыпхъухэр къызэрытхуэныкъуэр зыхыдагъащIэ, псом хуэмыдэу, Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэхэм я гур къытхуэмыгъуэщ. Мыбдеж щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэрымащIэрагъэнщи, адыгэ цIыху къэси и уасэр къагуроIуэ.

Хуабжьу къытхуогуфIэ, къытхуэгуапэщ, къытхуогузавэ. ДымэжэлIэнкIэ, щIыIэм дисынкIэ, дызыхуэныкъуэнIакIэ дышынэкъым. Апхуэдэхэр зэи дигу къихьакъым. Ауэ, анэ-адэ псоми яхуэдэу, ди сабийхэм я къэкIуэнум дыщIэмыгупсыс хъукъым, — ирегъажьэ и псалъэр зэкъуэш Мэхъушхэм ящыщ Хьэрун.

А зэкъуэшхэр — Хьэрун, Хьусам, Ислъам сымэ Хьэбэз къуажэм зэгъэуIуауэ щыпсэу, адэжь щIыналъэм къихьэжа унагъуэхэм языхэзщ. Нэхъыбэжи жытIэнщи, а къуажэм дэт зы унэшхуэм щыщIэпсэухьхэр зы къуэпсщ, къызэдалъхуахэм я къудамэщ. Пэжщ, Хьэрун илъэс куэд мэхъу адэжь Хэкум къызэрыIэпхъуэжрэ. Къапщтэмэ, къыдалъхуахэм псоми гражданствэ язытари аращ.

Мыдрейхэр, Гусокъуэ Раджаб ипэ зы илъэскIэ, Урысейм къихьэжащ. Мы унагъуэр Рэджаб и щыкъухэщ, я унагъуэцIэр Мэхъушщ. Мыбыхэм иджыри зы шыпхъу яIэщ — Мариям. Абыи хъыджэбзитI иIэщ: Разэрэ Раерэ.

ЗэрыжытIауэ, мы зэрылъху-зэрыпIыр Урысейм и цIыхуу зэрыщытым и щыхьэтылъ дэфтэрыр яIэщ. Зэкъуэшхэм я нэхъыжь Хьэрун гражданствэ иIэ хъуащ 1998 гъэ лъандэрэ. Абы бынищ иIэщ: Ушаб, Гушан, Барсбий сымэ. Абыхэм я адэм зэрыжиIэмкIэ, гуныкъуэгъуэ зыхилъагъуэ Iуэхур зыщ — лэжьапIэ зэрамыгъуэтращ.

-Ерыскъыр, щыгъыныр, унэлъащIэ хьэпшыпыр уиIэми, дэфтэр Iуэху къыплъыкъуэкIамэ, псалъэм папщIэ, республикэ къалащхьэм унэсын хуеймэ, гъуэгу уасэ къудейми улъыхъуэн къыпхудохуэ. Пэжщ, щIыхуэ-хьэхуэ жыпIэурэ уи Iуэху богъэкIуатэ. Ауэ, а щIыхуэри улажьэу птыжын хуейкъэ?! —и гущIагъщIэлъ псалъэхэр къеIуатэ Хьэрун.

Абы къыкIэлъыкIуэ Хьусамрэ и щхьэгъусэ Алэрэ бынитI — Натайрэ Яхьярэ яIэщ. ЗэрыжытIащи, унагъуэм щIэсхэр Урысейм и цIыху щыхъуакIэ, къэралым и дэтхэнэ дэIэпыкъуныгъэри ягъуэт, къэралым цIыхухэм зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэри мыбыхэми къалъос. Я бынхэр жылагъуэм яхохьэ, адыгэ сабийхэр я ныбжьэгъущ, яхэсыхьащ… Мыбдежми унагъуэм и нэхъыжьым лэжьыгъэ хэха зэримыIэм быныр гугъу ирегъэхь.

Зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ Исам и Iуэхури тыншкъым. Зэщхьэгъусэхэм: Исамрэ Нансирэ щIалитIрэ зы пщащэрэ яIэщ: Мухьэмэд, Тая, Аслъэн сымэ. Мыбыхэми ахъшэ къызыхэкI лэжьапIэ хэха зэрамыIэм и щхьэусыгъуэкIэ, къащIэува я быныр ирагъэджэнымкIэ, зыщIыпIэ яунэтIынымкIэ гугъу йохь.

-Гражданствэ уиIэу, улэжьэну иужь уихьамэ, урысыбзэр Iэмал имыIэу пщIэн хуейщ. Дэ, жагъуэ зэрыхъущи, урысыбзэр тцIыхукъыми, хуабжьу гугъу дохь, лэжьыгъэм гупсэхуу зеттыфкъым. Дэ, балигъхэр, дызыгъэпIейтейр зыщ — мы къэралым Iуэху зэрыщыпщIэну бзэр зэрыдмыцIыхуращ. Ди насыпщи, ди быныр абыкIэ гугъу ехькъым: адыгэбзэри урысыбзэри тыншу къагъэIэрыхуащ.

Къапщтэмэ, дэ япэ щIыкIэ МейкъуапэкIэ дыкъэIэпхъуэри, ди тхылъхэмкIэ абыкIэ хуабжьу къыддэIэпыкъуауэ щытащ. ЖысIэнщи, ди тхылъхэр хьэзыр хъупэу мы хэгъуэгум дыкъынэсат. Тхылъхэр тэрэзти, лъэпощхьэпо хэмыту Къэрэшей-Черкесым гражданствэ щытщIащ. Уи тхылъхэр зэтегъэпсыхьамэ, зы махуэкIи уи Iуэху къызэтеувыIэнукъым.

АдреймкIэ, япэхуным унэ зэгъэзэхуэжыным дыпыщIауэ дылэжьащ, иужьым IэфIыкIэ тщIыуэ щIэддзащ. Иджыпстуи ди IэрыщIхэм къыщIэупщIэмэ, яхудощI, зыгуэрхэри къыдехьэлIэ.

Си щIалэхэр колледжым щеджащ. Зыр Налшык къалэм щыIащ. Адыгэ Хасэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ абы общежитэм псэупIэ къыщратауэ щытащ. Пщащэри Черкесск къалэм кIуэурэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ… Ауэ, ахъшэ къыпхуэзыхь лэжьапIэ щыуимыIэкIэ, быныр зыхуей хуэбгъэзэныр гугъу мэхъу.

Пэжщ, гражданствэ зэрыдиIэм къыхэкIыу, къэралым къыдит ахъшэр ди сабийхэми къалъысащ. Ауэ, абыкIи Iуэхур зэфIэкIкъым, ущыпсэукIэ, махуэ къэс зыгуэр ухуэныкъуэщ, — къыддогуашэ Исам.

ЖытIэнщи, Мэхъуш зэкъуэшхэм IэщIагъэ зырыз яIэжщ, лэжьыгъэм хуэпхъэрхэщ. Ухуэныгъэм хуэгъэщIащи, апхуэдэ лэжьыгъэкIэ закъыхуэзыгъазэм сыт хуэдэ Iуэхури нэгъэсауэ хуащIынущ. КъинэмыщIауэ, щхьэж зыхуеджа IэщIагъи яIэжщ: Хьэрун библиотекэ Iуэхум хуэлэжьащ, литературэми зрепщыт. Ари усакIуэщ, хьэрыпыбзэкIэ матхэ. Хьусамщи, ухуакIуэщ, унэ кIуэцI къищIыкIыным хуэIэзэщ. Исам къулыкъущIэу лэжьащ, машинэ къэгъэщIэрэщIэжыным, лэным хуэIэкIуэлъакIуэщ.

-Ди лъэпкъэгъухэр, дыкъэзыухъуреихь цIыхухэр хьэлэлу къытхущытщ. Ауэ дэ доукIытэ ди щхьэ нэгъэсауэ дызэрыпымылъыжыфым, ди бын зыхуей зэрыхуэдмыгъэзэфым папщIэ, — жаIэ зэкъуэшхэм. — Пэжыр жытIэнщи, ди щхьэ здедгъэзын димыIэу мы хэгъуэгум дыкъэкIуакъым. ТыркумкIи, Къэбэрдей-БалъкъэрымкIи, Адыгэ РеспубликэмкIи дыкъэнэну, дыкIуэну лъэкIыныгъэ диIащ. Уеблэмэ мыбыкIэ дыкъэкIуагъащIэу Абхъазым къипсэлъыкIри дашэну щытащ. Ауэ дыхуеякъым. Ди псэм къищтэу, дыхуейуэ мы щIыпIэм — адэжь Хэку Къэрэшей-Черкесым дыщетIысэхащ. НэгъуэщI щIыпIэ дыхуеплъэкIыни ди гугъэкъым. Ди сабийхэм я пщэдейращ дызытешыныхьыр. Абы папщIи тлъэкI къэдгъэнэнкъым, лэжьыгъэ диIэ закъуэмэ.

Уи Хэку ущыпсэууэ, ущышхэжыным нэхъыфI зыри щыIэкъым. Ди гугъапIэ нэхъыщхьэхэр зэтпхри дыкъыздэкIуэжа къэралыр, дызыхэтIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэращ, — зэдыжаIэ Мэхъуш зэкъуэшхэм.

Черкес Хэку

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz