Лъэпкъ лэжьакlуэ…

0
356

Псалъэжьхэр, ди бзэм и тыншыгъэр (къулеягъэр) къигъэлъагъуэу lэмэпсымэхэрщ. Ди псалъэжьхэр, ижь ижьыж лъандэрэ гъуазэ хуэдэу ди гъуэгур ягъэзахуэ. Зы лъэпкъым и псалъэжьхэм деплъу, а лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъыкlэр, и хабзэхэр, и бзэ зэхъуэкlыныгъэр икlи дэтхэнэ лъэпкъхэмкlэ нэlуасэ зэрыхъуар нахуэ тщlыныр тыншщ. Аращи лъэхъэнэ гъунэгъум «Адыгэ Псалъэжьхэр» зи цlэ зы тхылъ къыдигъэкlащ Жыкъуэ Щамил. Абы дытепсэлъыхьащ.


-Уи махуэ фlыуэ Щамил! Уэ ухэт, тlэкlу уи гугъу пщlыфын?
-Упсэу, нэхъыфlыжу. Сэ Жыкъуэ унагъуэм сыщыщщ. Си цlэр Щамилщ. 1989 гъэм Тыркум и Адана къалэм сыкъыщыхъуащ.
Тыркум и Кахьраманмараш къалэм епха Гоксун районым и Къэрэхьмэт къуажэм щыщ Сэбэней Сэвданрэ, Тыркум и Кахьраманмараш къалэм епха Гоксун районым и Сарайджыкъ къуажэм щыщ Жыкъуэ Нусрэтрэ, сыракъуэщ. Си анэ-адэр Джылахъстэней щыщщи абы папщlэ сэри цlыхухэмкlэ сызэрыцlыхуам щыгъуэ «Джылахъстэней сыщыщщ» жызоlэ.1 Сыкъыщыхъуам лъандэрэ Адана къалэм сыщопсэу.
Адана Адыгэ Культыр Хасэм; 2010-2011 гъэхэм Созрэщ къэфакlуэ гупым сыкъышыфащ, 2011-2012 гъэхэм хасэ щlалэгъуэла гупым и тхьэмадэу сыщытащ, 2012 гъэм Губзэ пшыналъэ гупыр сыухуащ, 2016 гъэм Гъатхэ пшыналъэ гупыр сыухуащ, 2017 гъэм Нэхубзэ пшыналъэ гупыр сыухуащ, 2021 гъэм хуежьэу нобэм къэсыху Адана Адыгэ Культыр Хасэм и унафэщl гупым сыхэтщ. Иджыри Каффэдым делегату сыхэтщ.
Чукурова Университетым Бизнесрэ технологиярэ гъэlурыщlэ къудамэм магистр сыщеджащ.
Къалэ lуэху зезыхуэ зы лэжьапlэм компьютер программисту сыщолажьэ.

-Бизнесрэ технологиярэ гъэlурыщlэ къудамэм ущеджащ, информатика пыщlауэ ущолажьэ ауэ ди культурэм теухуауэ лэжьыгъэ дахэхэр богъэхьэзыр. Мы лэжьыгъэхэм я щхьэусыгъуэр сыт, сыт щхьэкlэ мы лэжьыгъэхэм яужь уищитар?
-Пэжщ си lэщlагъэр технологиящ-информатикащ. Абы папщlэ компьютер программэхэр ирикъуу сощlэ икlи фlыуэ солъагъу. Си lэщlагъэр къэзгъэсэбэпу стха тхылъхэр нэхърэ псынщlэу соух. Псалъэм папщlэ «Адыгэ Псалъэжьхэр» зи цlэ тхылъыр стхам щыгъуэ ди псалъэжь тхылъхэр сканеркlэ скан сыщlыу ПДФ форматым схъуэжащ. Мы форматыри оптик семболхэр къицlыху программэмкlэ и кlуэцlым ит тхыгъэхэр (псалъэжьхэр) къыхэсхащ. Къыхэсха псалъэжьхэри таблицэхэм ислъхьэу сыгъэхьэзыращ. Кlэщlу жысlэмэ си lэщlагъэр Адыгэ лъэпкъым и фlыгъэм щхьэкlэ сегъэлэжьащ. Аращи дэтхэнэ Адыгэри, и лъэпкъым и фlыгъэм щхьэкlэ и lэщlагъэр егъэлэжьэн хуейуэ согупсыс.
Лъэпкъым пыщlауэ лэжьыгъэ сыгъэхьэзырам и щхьэусыгъуэри, Тырку къэралыгъуэм Адыгагъэм теухуауэ лэжьыгъэ мащlэ зэрыщыlэращ. Адыгэ Хэкум тыншу икlи куэду Адыгэбзэ тхылъ къыбогъуэтыф, ауэ хамэ къэралхэм къэбгъуэтыфкъым, къэбгъуэтыфми Адыгэбзэ икlи Адыгэ алфавит зымыщlэхэр тхылъым зыри къагурыlуэркъым, къагурыlуэхэри тхылъыр lэзэу зэдзэкlыфкъым, lэзэу тхылъыр зэзыдзэкlыфхэри ахъшэ къамыгъуэтыфам щхьэкlэ тхылъыр къыдигъэкlыфкъым. Сэри апхуэдэу гугъуехь куэд слъэгъуа щхьэкlэ си лэжьыгъэу хъуар электронич тхылъу интернетым сыгъэгуэшу цlыхухэм я пащхьэ ислъхьащ.2

-«Псалъэжьхэр, зы лъэпкъым и социальнэ еплъыкlэмрэ и психологиемкlэ къегъэлъагъуэ» жытlэм пхэнж хъунукъым аракъэ?
-Узахуэщ, псалъэжьхэр; лъэпкъым и щэн-хабзэр, дуней еплъыкlэр, lуэху щlыкlэр къегъэлъэгъуам хуэдэ, лъэпкъым и психологиерэ къегъэлъагъуэ. Фlы-е, дахэ-lей, екlу-емыкlу хуэдэ гупсысэхэр, зэрыщыту лъэпкъым и психологиемрэ и еплъыкlэ ещхьхэмрэ къытекlауэ аращ.

-Мы лэжьыгъэр уи анэм и фэеплъу утыку иплъхьар дощlэ, Адыгэхэм адэ-адэм икlи цlыхубзым теухуауэ жаlа псалъэжьхэм я гугъу тlэкlу пщlыфын?
-Нтlэ, 2023-гъэм и Мазае мазэм и епщыкlутхуанэ махуэм си анэр дунейм ехыжащ. Абы папщlэ мы лэжьыгъэр си анэм и фэеплъу утыку ислъхьащ. Си анэм и увыlэпlэр нэху ищlыну икlи и псэр игъэтыншыну тхьэм солъэlу.
Адыгэхэм, анэм и лъапlагъэм теухуауэ псалъэжь куэд яlэщ;
• «Ны иlэмэ, сабыир ибэп / Анэ иlэмэ, сабийр ибэкъым»,
• «Ны зимыlэм гуlэр имаф. / Анэ зимыlэм гуlэр и махуэщ»,
• «Ным ибын фишlэрэр шlомакl / Анэм и быным хуищlэр фlэмащlэщ»,
• «Ным ыкокl кlалэм икушъ / Анэм и куэщlыр сабийм и гущэщ»,
• «Ным къыуитырэр lэшlу / Анэм къыуитыр lэфlщ»,
• «Ным лъэгу кlэтын зыфэшl / Анэм лъэгу щlэтын зыхуэщl»,
• «Уянэ зэрымысым зыщыгъэлсэфи, къикlыжь / Уи анэ зэрымысым зыщыгъэпсэхуи, къикlыж»,
• «Нышъор шъоум фэд / Анэпсэр фоупсым хуэдэщ»,
• «Ным сыдигъуи илъфыгъэ сабыеу къыщэхъу / Анэм сыт щыгъуи быныр сабий къыщохъу»,
• «Ныгур гуао пхъуантэ / Анэгур гуауэ пхъуантэщ»,
Икlи мыхэм ещхьу псалъэжь куэд къэдгъуэтыфынщ.
Етlуанэу, Адыгэхэм, адэм и лъапlагъэм теухуауи псалъэжь куэд яlэщ;
• «Адыгэ хабзэр атэ кlэныжъ / Адыгэ хабзэр адэ щlэиныжьщ»,
• «Уятэ ичlыпlэ гъэдахэ, уянэ дахэу дэгущыl / Уи адэ и щlапlэ гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ»,
• «Уятэ игъогужъырэ, уятэ иблэгъэжъырэ умыбгынэжь / Уи адэ и гъуэгужьрэ, уи адэ и благъэжьрэ умыбгынэ»,
• «Уи анэ къыбжиlэм едаlуэ, уи адэ къыбжиlэр гъэзащlэ»,
• «Адэ ухъухукlэ адэр зыхуэдэр пщlэркъым»,
Икlи мыхэм ещхьу псалъэжь куэд къэдгъуэтыфынщ.
Ещанэу, Адыгэхэм адэ-анэм къырата лъапlагъэр дызегъэпщэм, анэм къырата лъапlагъэр нэхърэ нэхъ ину долъагъу. Щапхъэу;
• «Ны зимыlэ сабыим ятэ иlэми ебашъо тео / Анэ зимыlэ сабийр, адэ иlэми ибафэщ»,
• «Зятэ лlагъэр ибэ ныкъу, зянэ лlагъэр ибэ хъурай / Зи адэ лlар ибэ ныкъуэщи, зи анэ лlар ибэ хъурейщ»,
•«Сабыим ятэ имыlэжьымэ зыенчъэп, янэ имыlэжьымэ зыенчъэ нахь / Сабийм адэ имыlэжмэ зеиншэкъым, анэ имыlэжмэ зеиншэщ»,
Хуэдэ псалъэжьхэм мы гупсысэр егъэнахуэ.
«Цlыхубз»-ым теухуауи псалъэжь куэдыкlей къэнащ. Псалъэм папщlэ:
Цlыхубзхэм lущ зэрыхъур;
• «Бзылъфыгъэр акъыл чан / Бзылъхугъэр акъыл жан»,
• «Бзылъфыгъэм ишъхьац кlыхь ау иакъыл нахь кlыхьэжь / Цlыхубзым и щхьэцыр кlыхьщ ауэ и акъылыр нэхъ кlыхьыжщ» хуэдэ псалъэжьхэмкlэ.
Цlыхубзым и деж, цlыхухъум щlыхь хуэщlу щытын хуейр;
• «Бзылъфыгъэ зыдэщысым сэр щырахырэп».
Цlыхубзым и деж, цlыхухъум укlытэну lуэхухэм зыхуэсакъын хуейр;
• «Бзылъфыгъэ щымыукlытэрэм напэ иlэп / Бзылъхугъэ щымыукlытэм напэ иlэкъым»
Хуэду псалъэжьхэм егъэнахуэ.

-Сэри сыцlыхубзщи сигу къэкlам щхьэкlэ сеупщlыну сыхуейщ, Адыгэхэм бынымрэ бын пlынымрэ пыщlа псалъэжь яlэрэ?
-Адыгэхэм, бынымрэ бын пlынымрэ пыщlа псалъэжь зыбжанэ яlэщ. Адыгэ еплъыкlэмкlэ бын пlын lуэхур анэмикl-адэнмикl я къалэнщ. Адэр быдэу икlи пхъашэу, анэр щабэу икlи гумащlэу быныр егъэпlын хуейр;
• «Тыр дэм фэд, ныр нэм фэд / Анэр нэм хуэдэщ, адэр дэм хуэдэщ»
Псалъэжьым нахуэ мэхъу.
Адыгэхэр бын пlын щlыкlэхэм щыщу къалъытэрт, анэ-адэм фlыгъэ щlыныр;
• «Анэ-адэм уэ ебгъэлъагъур бынхэм уэ уагъэлъагъужынщ»,
• «Уи адэ-анэ яхуэпщl нэмысыр уи бынми къыпхуащlыжынщ»,
Хуэдэ псалъэжьхэм долъагъу.
Бын пlын lуэхур фlы дэдэу имыщlыф анэ-адэр, фlыуэ къалъагъутэкъым. Мыр;
• «Къуэ бзаджэм адэм хъуэн къыхуехь, пхъу бзаджэ анэм хъуэн къыхуехь»,
Псалъэжьым зыдогъащlэ.
Аращи бын пlыным и методыр, псалъэжьхэми ди Хабзэм къихьа псэукlэми нахуэ мэхъу.

-Ди псалъэжьхэм уелэжьам щыгъуэ гъэщlэгъуэну плъэгъуа «Ди лъэпкъым и щытыкlэр сыту дахэ игъэлъэгъуа» жыпlэу уегупсыса псалъэжь щыlэ? Щапхъэ къызэптыфын?
-Сызэреплъымкlэ ди лъэпкъыр нэгъуэщl лъэпкъхэм нэхърэ нэхъыбэу йогупсыс. Ищlынухэр куэдрэ егупсысам иужь мывэ гъэкlуэта шахмат lэзэхэм пэлъытэхэщ.
Цlыхур куэду егъэгупсысэным щхьэкlэ;
• «Блэрэ къэпщи зэ пыупщl», жаlащ.
Иджыри зы lуэхум хымыхьэ ипэ акъылыр егъэлэжьэным папщlэ;
• «Уи lэм ипэ уи щхьэр гъэлажьэ», жаlащ.
Аргуэру;
• «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тlыс» икlи
• «Лlыгъэм ыпэр акъыл / Лlыгъэм ипэ гупсысэ»,
Хуэдэ псалъэжьхэр жаlащ, мы псалъэжьу хъуар Адыгэхэм акъылым къырата лъапlагъэр къеlуатэ.

-Дигъэдыхьэшхыну гушыlэ зыхэлъ псалъэжь диlэрэ? Диlэу щытым, щапхъэкlэ пэджэж къызэптыфын?
-Нтlэ диlэщ. Адыгэ псалъэжьхэм ит гушыlэхэм реализми хэлъщ. Щапхъэу «хьэщlэр бысымым фlэмыфlми, иритыну шхыныр фlэфlщ» жыlэн папщlэ;
• «Хьакlэр шхахэмэ, пчъэм еплъы / Хьэщlэр шхэмэ, бжэм йоплъ», жаlащ.
Пцlы упсыныр емыкlуу къалъагъуми, пцlы бупсынумэ бупса пцlыр егъэпцlыну щыхьэт къимыгъанэ жиlэн папщlэ;
• «Пцlы уусыщтмэ лlагъэм телъхь / Пцlы бупсынумэ лlам телъхьэ», жаlащ.
«Хабзэ зымыщlэр ущымытхъу, амыхъу делагъэ куэд ищlынщ» жыlэн папщlэ;
• «Хэбзэмышlэм ущытхъумэ хьантхъупсым шъоу хекlэ / Хабзэмыщlэ щытхъухьым хьэгулывэм фо хекlэ», жаlащ.
«Щытхъу зиlэ цlыхубзым дагъуи иlэщ, щытхъукlэ укъагъэпцlэнщ, цlыхухэм жаlар псынщlэу уи фlэщ умыщl» жыlэн папщlэ;
• «Зыщытхъухэрэр къэгъани аубырэр къаштэ / Зыщытхъур къэгъани яубыр къашэ», жаlащ.
Арэзыныгъэр напэм уеплъу къэпщlэфынур жыlэн папщlэ;
• «Зыщэрэм ынапэр къэзыщэфырэм ыуас / Зыщэм и напэр къэзыщэхум и уасэщ», жаlащ.
Плъыхъуа гуэрым нэхъ лъапlэ зэрыхъуныр къигъэщlэн папщlэ;
• «Хьацуем уфае хъумэ, лъапlэ мэхъу / Хьэ вейм улъыхъуэмэ, лъапlэ мэхъу», жаlащ.
«Гухэлъ lей зиlэм, игу хэлъ lейыгъэр ищlыну lэмэпсымэ къигъуэтынущ» жыlэн папщlэ;
• «Ощтым бэщ егъоты / Уэнум баш егъуэт», жаlащ.
Мыбы ещхьыу псалъэжь куэдым гушыlэрэ реализмрэ зэгухьауэ щытщ.

-Пасэрей Адыгэхэм «лъагъуныгъэ/фlылъагъуныгъэ» lуэхухэм пыщlауэ я гупсысэр даурэт? Адыгэ Псалъэжьхэм щапхъэ къызэптыфын?
-Лъагъуныгъэм гуфlэгъуэ къыдэкlуэр, лъагъуныгъэм гушыlэншэ икlи гугъу зэрыхъунур, лъагъуныгъэм цlыхур нэф зэрыщlыр, лъагъуныгъэм лlыгъэкlэ зэрымыхъуныр икlи лъагъуныгъэр нахуэ щlыным и емыкlугъэр Адыгэ псалъэжьхэм долъагъу;
• «Дунаем ишlуагъэр псауныгъ, дунаем итхъагъор шlулъэгъуныгъ / Дунейм и фlыгъуэр узыншагъэщ, дунейм и тхъэгъуэр лъагъуныгъэщ»,
• «Шlулъэгъуныгъэр джэгоп, уджэгузэ емыгъажь / Лъагъуныгъэр джэгукъым, уджэгуу иумыгъажьэ»,
• «Шlулъэгъуныгъзр къушъхьэ заом фэд / Фlылъагъуныгъэр къупщхьэ зауэм хуэдэщ»,
• «Шlулъэгъуныгъэ зышlырэм лъэгъукlэ ышlэжьырэп / Лъагъуныгъэ зыщlам лъагъукlэ ищlэжыркъым»,
• «Шlу плъэгъурэм дыдж дэпшхыми шъоупс къыпщэхъу»,
• «Шlулъэгъуныгъэм текlоныгъэ уегъэшlы»,
• «Шlулъэгъуныгъэм ылъапсэр гукъэбзагъ»,
• «Шlулъэгъуныгъэр ащэрэп ыкlи ащэфырэп»,
• «Шlулъэгъуныгъэр кlуачlэкlэ къыдахырэп»,
• «Шlулъэгъуныгъэр машlоп, къыззэкlанэкlэ пфэгъэкlосэжьырэп»,
• «Шlулъэгъуныгъэр ратэкъухьэрэп».
Хуэдэ псалъэжьхэмкlэ лъагъуныгъэ lуэхухэр куууэ анализ тщlыфынщ.

-Уи тхылъым Адыгэбзэм и диалектитlри къыбогъэсэбэп икlи ди псалъэжьхэм ещхьу къэбгъуэта нэгъуэщl лъэпкъхэм я псалъэжьхэри къыбогъэлъагъу. Уи тхылъым мыпхуэдэ къыщхьэщызыгъэкlыу хэлъхэр сигу ирихьащ. Атlэ лъэпкъ щхьэхуэхэм я псалъэжь ещхьхэм теухуауэ сыт жыпlэфын, мы псалъэжь зэхуэдэхэр лъэпкъхэм зыр зым къищтэу къэгъэсэбэпа, хьэмэрэ щхьэхуэ щхьэхуэу ягупсысауэ ара?

-Япэрауэ диалектитlри щхьа къэзгъэсэбэпа, абы и щхьэусыгъуэр бжесlэнщ. Адыгэ лъэпкъыр нобэ лlакъуэ лlакъуэ зэрыхъуами зы лъэпкъщ. Диалект щхьэхуэхэр къагъэсэбэпми я бзэр зыщ. Ди лъэпкъым и зэхэтыныгъэр сыт щыгъуи къыхэдгъэщын хуейщи, абы папщlэ диалектитlри къызогъэсэбэп.
Лъэпкъ щхьэхуэхэм зыр зым ещхьыу псалъэжь зэрыщыlэр дощlэ, мыр сэркlэ зыгуэрхэм елэжьын хуей lуэхухэм ящыщщ. Лъэпкъ щхьэхуэхэм еплъыкlэ зэщхь иlэныр гъэщlэгъуэнкъым, дунейм тет лъэпкъ псом къагъэщlа этика еплъыкlэхэм зэщхьыгъэ куэд щыlэщи, «я гупсысэр универсальнэ» жыпlэ хъунущ. Абы щхьэкlэ мыхьэнэкlэ зэщхь псалъэжьхэр къэбгъуэтыныр тыншщ. Ауэ жыlэкlэкlи зэщхь псалъэжь къабгъуатэу щытым ар гъэщlэгъуэнщ. Абы щыгъуэ «дэтхэнэ лъэпкъыр дэтхэнэ лъэпкъым къищта, дэтхэнэ лъэпкъыр дэтхэнэ лъэпкъым ирита?» хуэдэ упщlэхэр цlыхухэм ягу къокl. Сэ жыlэкlэкlэ зэщхь псалъэжьхэр напэкlуэцlхэм я щlагъым къэзгъэлъэгъуащи, нетlэ жыхуэсlа упщlэхэм жэуап етыныр елэжьыну хуей тхакlуэхэм къэзгъэнащ. Мы lуэхур, елэжьыну хуейхэм икъукlэ елэжьу нахуэ ищlын хуейуэ зы lуэхущ.

-Щамил, блэкlа илъэсхэми тхылъитl птхар дощlэ. Мыхэмрэ мыбы иужь птхыну тхылъхэмрэ теухуауэ сыт къыджепlэн?
-2015-гъэм и япэ мазэхэм «Адыгэ Алфавитхэр»3 зи цlэ лэжьыгъэр, иужь дыдэ мазэхэми «Адыгэ Диалектхэр» зи цlэ лэжьыгъэр сыухыу интернетым сыгъэгуэшащ.4
• «Адыгэ Алфавитхэр» зи цlэ тхылъым, Адыгэхэм тхэкlэ-еджэкlэ теувэххэмрэ, нобэрей Адыгэбзэм и алфавитхэмрэ езгъэцlыхуащ.
• «Адыгэ Диалектхэр» зи цlэ тхылъми, Адыгэ диалектхэмрэ нобэрей Адыгэ Литературэмрэ я макъ зэхъуэкlыныгъэхэр анализ сщlащ. Мы тхылъым, Адыгэ Хэкумрэ Диаспорэмрэ къапсалъэ мащlэ дыдэ къэнэжа Хьакlуцу псэлъэкlэми, Диаспорэм къапсалъэ мащlэ дыдэ къэнэжа Нэтыхъуай-Натхъуадж псэлъэкlэмрэ Хьатыкъуай псэлъэкlэмрикl селэжьащ. Аращи Адыгэ Диалектологиям елэжьынухэм и фlыгъэ къекlыну согугъэ.
Иджи нобэрей Адыгэбзэм и диалектхэр къэмыхъу ипэ щыlэ Адыгэбзэр «Прото-Адыгэбзэр» даурэт, абы жэуап къэзгъуэтыну солажьэ. Ар къэзгъуэтынум папщlэ нобэрей Адыгэбзэм и диалектхэм хэт макъ зэхъуэкlыныгъэхэм соплъ, нобэрей Адыгэбзэм щыlэ псалъэхэм ещхьу псалъэ къэзгъуэтынум папщlэ Абазэбзэ псалъалъэхэмрэ Убыхыбзэ псалъалъэхэмрэ соплъ. Нэхъ макъыжьхэр къэзгъуэтыным яужь ситщ. Къэзгъуэтахэмрэ стхахэмрэ хурикъуну хуэдиз зэрыхъум тхылъу къыдэзгъэкlыну сыхуейщ.
Абы нэмыщlу Адыгэ Мифологием теухуауэ Адыгэбзэ тхылъхэр соджэ. А тхылъхэм къэзгъуэта гуэрхэр апхуэдизу куэдщи ахэри зы тхылъ хъуну хуэдэу къысщохъу. Адыгэ Мифологием пыщlауэ Тыркубзэкlэ тхылъ куэд щыlэкъым, щыlэхэми е ирикъуну хуэди информация щыlэкъым е зэдзэкlын lуэхум теухуауэ пхэнжыгъэхэр хэтщ. Къуэкlыпlэ (Къэбэрдей, Шэрджес) – Къухьэпlэ (Адыгея) Адыгэ Литературитlыми зэлъыубыдауэ икlи чэмыгъэ хэмылъу энциклопедие хуэдэу зы лэжьыгъэ утыку ислъхьэну си гугъэщ.
Абы нэмыщlу 2012-гъэм сыхуейжьэу нобэрэ къэс Адыгэбзэкlэ уэрэд пщыкlутху сщlащ. Я псалъэхэмрэ я мэкъамэхэмрэ сщlа уэрэдхэр альбом сщlыну сыхуейщи, абы папщlэ мы lуэхум зэхэщlыкlхэмкlэ сочэнджэщ. Пшыналъэ lуэхум теухуауи мыкlуэдыжыну зы lэдакъэщlэкl къэзгъэнатэм си гуапэ хъунут.

-Уи зэманыр къызэпту си упщlэхэм пэджэж ептам щхьэкlэ икlи мы лэжьыгъэ дахэр ди лъэпкъым тыгъэ хуэпщlам щхьэкlэ фlыщlэ пхузощl, тхьэм мыбы иужь пщlыну лэжьыгъэхэр игъэбагъуэ.
-Сэри лъэпкъ lуэху яужь фитам щхьэкlэ фlыщlэ фхузощl, Тхьэм къывигъэхъулlэ.


1. Тыркум и Кахьраманмараш къалэм и Гоксун районым щыlэ Адыгэ къуажэхэм дэс Адыгэхэм я нэхъыбэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэралыгъуэм и Джылахъстэней жылагъуэм къикlыу Тыркуым къэкlуащ, мыбы папщlэ езыхэм «Джылахъстэней щыщ Адыгэ» жаlэ.
2. «Адыгэ Псалъэжьхэр» зи цlэ тхылъым мы линкымкlэ феплъыфынущ: https://www.academia.edu/99004122/%C3%87ERKES_ATAS%C3%96ZLER%C4%B0
3. «Адыгэ Алфавитхэр» зи цlэ тхылъым мы линкымкlэ феплъыфынущ: https://www.academia.edu/27975691/%C3%87ERKES_ALFABELER%C4%B0
4. «Адыгэ Диалектхэр» зи цlэ тхылъым мы линкымкlэ феплъыфынущ: https://www.academia.edu/27977779/%C3%87ERKES_D%C4%B0YALEKTLER%C4%B0

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz