Игу зэIухам и дунейр хуегъэдахэ


0
97

«Зэчийр цIыхум къыдалъху, хьэл-щэныр гъащIэм епсыхь» — философскэ гупсысэ куу зыщIэлъ мы жыIэгъуэр зытхар нэмыцэ усакIуэ телъыджэ Гётещ. Ауэ, зэчийр ДыкъэзыгъэщIам цIыху къызэрымыкIуэ дыдэхэм къахилъхьэми, хьэл-щэныр цIыху къэс ипсыхьыж щытыкIэщ…

АбазэбзэмкIэ Къэрэшей-Черкесым къыщыдэкI «Абазашта» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъЧР-м щIыхь зиIэ и журналист, Абхъаз Республикэм и журналистхэм я Союзым хэт, «Российский детский фонд» Урысейпсо жылагъуэ псапащIэ Фондым и Къэрэшей-Черкес республикэ къудамэм и унафэщI Къул Фэрдаус зи гъащIэр зи IэкIэ, зи щIэныгъэкIэ, зи акъылкIэ зыухуэжыф цIыху гъэщIэгъуэныщэ зырызыххэм ящыщщ. Апхуэдэр хьэкъыпIэкIэ зыхузэфIэкIыр псэ къару быдэ зыкIуэцIылъ, здынэсам къыщымыувыIэ, сыт хуэдэ гугъуехьми къыпимыкIуэт цIыху щыпкъэращ. Апхуэдэщ а бзылъхугъэр.

Фэрдаус къызыхэкIа лъэпкъым хуигъэтIылъ гуащIэ иным къыпэкIуащ щIыхь лъагэ. Иджы дыдэ Абхъаз Республикэм и лIыщхьэ Бжания Аслъэн ди хэкуэгъу бзылъхугъэ гуащIафIэм къыхуигъэфэщащ III нагъыщэ зиIэ “Ахьдз-Апша” орденыр, «лъэпкъ журналистикэм, Абхъазымрэ Къэрэшей-Черкесымрэ я зыужьыныгъэм, зэпыщIэныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ».

Къул Фэрдаус и гъащIэр къыгуэпх мыхъуну епхащ Къэрэшей- Черкесым. Пэжщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щеджа илъэситхум зыщалъхуа хэгъуэгум пэIэщIэу щытащ. Ауэ, ехъулIэныгъэ хэлъу l988 гъэм къэрал университетым и тхыдэ – филологие факультетыр къиуха, IэщIагъэрылажьэ ныбжьыщIэм ищхьэ еджапIэр къызэринэкIа нэужь, и псэм хуихь и республикэм, и анэ-адэфIыр здэпсэу и хэкум, и къуажэм къигъэзэжащ.

Фэрдаус къыхиха, пщIэ зыпылъ, зыхуеджа егъэджакIуэ IэщIагъэм пщащэ гурыхуэр куэдрэ ирилэжьакъым. Арами, егъэджэныгъэ бэзым зэрыхэтар пIалъэ кIэщIу щытами, Фэрдаус хузэфIэкIащ Дружбэ жылагъуэм дэт курыт еджапIэм вожатэ нэхъыжьу къыщыщIидзэу, езыр здыщеджа, Псыжь къуажэм дэт, зи № 2 курыт еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ IэнатIэм нихусын… Уеблэмэ, ноби егъэджэныгъэ бэзым хэтыну къыщIэкIынт Фэрдаус, пщащэм хэлъ къызэгъэпэщакIуэ зэчий мыкIуэщIым гу къылъамытамэ…

Сыт хуэдэ лэжьыгъэми и псэрэ игурэ ихауэ бгъэдыхьэ, и чэзум, и пIалъэм зэфIэзых, жэуаплыгъэ нэхъуса зыхэлъ Фэрдаус гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм пэIэщIэу, жыжьэу хэплъэу зэрыщытымытыфынур къыхалъагъукIат пщащэм.

И ныбжьыр илъэс 25-рэ хъуа къудейт партым и Прикубан райкомым и къызэгъэ-пэщакIуэ къудамэм и инструктор щащIам. IэщIагъэм къыхуигъэувт лэжьыгъэ куэдыщэ, пщэрылъ хьэлъэхэри щIыгъужу. Район псор и нэIэм щIэткIэрэ, дэтхэнэми зэрынэIэсыным хущIэкъут, бгъэдэлъ жэуаплыгъэм къыхуигъэув щытыкIэхэм емыбакъуэу, хэлъ хьэл- щэн быдагъэм, зригъэгъуэта Iуэху зэхэщIыкIым я фIыгъэкIэ, сыт хуэдэ лэжьыгъэри, пщэрылъри ехъулIэныгъэкIэ зэфIихыфт. Фэрдаус къыпэплъэт парт лэжьыгъэм пыщIа къулыкъу лъагэхэр… Апщыгъуэм гулъытэншэу къагъанэтэкъым щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, IэщIагъэ зэхуэмыдэхэм телажьэхэм, дин зэмылIэужьыгъуэ зыIыгъхэм бгъэдыхьэкIэ, псэлъэкIэ къахуэзыгъуэтыф, къэкIуэныфIкIэ узыщыгугъыфыну щIалэгъуалэр. Ауэ, зы илъэс текIа нэужь, Фэрдаус и гъащIэ гъуэгуанэм икIэщIыпIэкIэ зехъуэж. Пщащэр лэжьапIэ ирагъэблагъэ ВЛКСМ-м и Къэрэшей-Черкес обкомым икIи илъэси 8-м къриубыдэу ещанэ секретарь IэнатIэм бгъэдэтщ, еджапIэхэр, ику ит, ищхьэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр и нэIэм щIэту.

Фэрдаус игу къызэригъэкIыжымкIэ, а IэнатIэм кIуэнымкIэ унафэ къихьыныр Iуэху псынщIэу щытакъым. ЧэнджэщакIуэ куэд къыкъуэкIат. «Парт къулыкъур къэзыгъанэу хэт комсомол лэжьыгъэм кIуэжыр! Дауи, къэбгъэзэжыфыну къыщIэкIынкъым! ФIыуэ егупсыс!» къыжраIэт. Ауэ, Фэрдаус езым и щхьэ унафэ хуищIыжамэ, хэт и чэнджэщи едэIужынутэкъым. Абы къэгъазэ иIэтэкъым.

И гъащIэм комсомол лэжьыгъэр зэрыхэтар гуапэ дыдэу игу къегъэкIыж Къулым. А лэжьыгъэм куэдым хуигъэсауэ, и хьэл-щэныр ипсыхьауэ, Iуэху зэхэщIыкI лъагэ иригъэгъуэтауэ къыхегъэщ ди псэлъэгъу бзылъхугъэ гуащIафIэм. Ныбжьэгъуу къигъуэтар- щэ! Нобэр къыздэсам комсомол лэжьыгъэм зэпыщIэныгъэ зяку дилъхьахэр щыпкъагъэкIэ зэбгъэдэтщ, зэрыIыгъщ, зэкIэлъокIуэ.

И комсомол лэжьыгъэм кIэ щигъуэтар къэралым зэхъуэкIыныгъэ хьэлъэхэр къыщытегуплIа илъэсхэращ. l992 гъэм комсомолым — «Къэрэшей-Черкесым и щIалэгъуалэ Союз» фIэщыгъэцIэр иратащ. Абы къыдэкIуэуи, къежьащ лъэпощхьэпохэр, гугъуехь куэд… Арами, Фэрдауси, езым хуэдэу зи лэжьыгъэм хуэщыпкъэу бгъэдэта и ныбжьэгъухэми къару мыкIуэщI ирахьэлIащ хэгъуэгум и лэжьакIуэ, еджакIуэ, студент щIалэгъуалэр зэрыгъэубыдыным, фIым хуэгъэсэным.

Зыщымысхьыжу, и къаруи и пси хилъхьэт щIалэгъуалэм я хьэлэмэтхэр хъумэным, ахэр зыщIэхъуэпсыр дэгъэкIыным. Я нэхъ къулыкъущIэ инхэм я пэшхэм щIыхьэти, щIалэгъуалэр зыгъэпIейтейр зэIухауэ щиIуэтэфт. ЯгъэщIагъуэт Фэрдаус хэлъ псэ быдагъыр, шынэ зэримыщIэр.

l997 гъэм бзылъхугъэ гуащIафIэр ирагъэблагъэ КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ и Министерствэм. ИкIи, аргуэрыжу, Фэрдаус щхьэх имыцIыхуу, гумызагъэу лэжьыгъэщIэм, бгъэдыхьэкIэщIэхэм зрепщыт, зэресэжауи, гугъуехь хэмылъу къыдохъу. Министерствэм щылажьэм, Фэрдаус и пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщт печать, электроннэ къыдэкIыгъуэхэм загъэужьыныр. УпщIэ хьэлъэ куэд къыхуэувт IэщIагъэрылажьэм. Ауэ, Фэрдаус ящыщщ гугъуехьхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ къыпимыкIуэтхэм. Лэжьыгъэм иужь ихьа — абы и кIэухыр имылъагъуу къыбгъэдэкIынукъым. Апхуэдэщ и хьэл-щэныр зэрыщытыр.

Пэжыр сэтей ищIын хуей — жэщ-махуэ имыIэу, къыкIэрымыкIыу тхылъ бжыгъэ зэригъэзэкIынущ, къилъыхъуэнущ. Мы дунейм къызэрикIуэтын щыIэкъым, Iуэхур икIэм нимыгъэсауэ.

2002 гъэр Фэрдаус лъагъуэщIэ щытеува илъэсщ. Бзылъхугъэм и цIэр къраIуэ хэгъуэгум абазэбзэмкIэ къыщыдэкI «Абазашта» республикэ газетым и унафэщI IэнатIэр къыхуагъэфащэу. Мыбдежми Фэрдаус гупсысащ. Унафэ къихьыным зы махуэкъым абы тригъэкIуэдар. АтIэ, жэуаплыгъэр инт. ЗдэкIуэр къыгурыIуэт. Мы творческэ IуэхущIапIэрат къызыхэтэджыкIар, я зэчийр здыщызэфIэувар абазэ лъэпкъым и щIыхьыр зыIэта, ноби и напщIэтелъ творческэ цIыхушхуэхэм, цIэрыIуэ хъуа тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ.

Абыи къинэмыщIауэ, газетым и унафэщIу зэи бзылъхугъэ щытатэкъым. А псори гукIэ зэригъэзахуэт бзылъхугъэ гумызагъэм. ИкIи, дауэ мыхъуами, къыхуагъэфэща IэнатIэм техьэну и арэзыныгъэр итащ.

«Дауэрэ къыпежьат редакцэм щылажьэхэр Фэрдаус?» жыпIэу ущIэупщIэмэ, ари Iуэху щхьэхуэщ! Абдеж щылажьэр илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ зи гуащIэ газетым щызыгъэтIылъ гуп зэрыубыдат, я нэхъыбэр бзылъхугъэт. Псори зыпэплъэр унафэщIыщIэм и лэжьыгъэр зэрыригъэжьэнурат. ЖыпIэнурамэ, Фэрдаус и мурадтэкъым газетым щызэфIэува хабзэфIхэр икъутэнуи, зэрихъуэкIынуи… Зэуэ гурыIуэгъуэ щыхъуащ редакцэр техникэкIэ къызэрызэмыгъэпэщар, кадр и лъэныкъуэкIэ зэхуримыкъуныгъэхэр зэрыщыIэр. Абы елэжьыпхъэт.

КъыгурыIуэт унафэщIым, журналистым и улахуэ мащIэ дыдэмкIэ щIалэгъуалэр лэжьапIэкIэ къыдэхьэхыгъуафIэ зэрымыхъунур. Илъагъут Фэрдаус и лъэпкъым щыщ щIалэгъуалэм журналист зэчиифIэ къызыхэкIын куэд зэрахэтыр. Ауэ, ахэр гузавэтэкъым лъэпкъ редакцэм я гуащIэ щагъэтIылъыну…

Фэрдаус и гум щигъэфIар къехъулIащ: нобэ абазэ газетым гуащIафIэу, IэпщIэлъапщIагъ ин ябгъэдэлъу щолажьэ редакцэм и цIэр жыжьэ щызыгъэIу журналист ныбжьыщIэ куэд. И Iуэху зэхэщIыкI лъагэ абыхэм ябгъэдилъхьэу, илъэс 20-м щIигъуауэ гупым ящхьэщытщ я унафэщI – гуащэр — Къул Фэрдаус.

НэгъуэщI лъэныкъуэкIи зыщIэхъуэпсар къехъулIащ унафэщIым: абы лъэкI къигъэнакъым, ноби йолэжь редакцэр техническэ лъэныкъуэкIэ нэхъри нэхъыфIу къызэгъэпэщынымкIэ.

Газетым щищIэ Iуэху закъуэрами бдэнт Фэрдаус и пщэ ирилъхьэжыр. Тхьэм ире-щIи, нобэ республикэм зы жылагъуэ Iуэхуи щекIуэкIыу къыщIэкIынкъым Къул Фэрдаус хэмыту, и гуащIэ химылъхьэу. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Фэрдаус «Фонд защиты детей» Урысейпсо организацэм и хэгъуэгу къудамэм и пашэщ. Зэпымыууэ къэралым и къалэшхуэхэм щекIуэкI зэIущIэ щхьэпэхэм хэтщ, и псапащIэ Iуэху зэхэщIыкIкIэ утыку йохьэ, сабийхэм, журналистхэм я хьэлэмэтхэр, хабзэхэр хъумэным къару, гуащIэ ин хуегъэтIылъ. Апхуэдэу, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат лэжьыгъэм щыпэрытам, хабзэхъумэ Iуэхухэр фIагъ лъагэ хэ- лъу зэрихьащ. Ноби а лэжьыгъэр зэпигъэукъым.

«Сыт хуэдэ лэжьэгъу Фэрдаус?» — жыпIэмэ, ар журналист, унафэщI лэжьыгъэмкIэ Iуэху зэхэщIыкI ин зыбгъэдэлъщ, узмыгъэгъуэщэнщ, ныбжьэгъу щыпкъэщ, цIыху пэжщ. Абы хуэдэщ зыхужаIар «тIасхъэщIэх узыдэкIуэ хъунухэм ящыщщ» жэуэ.

Журналистым и лэжьапIэ пэшым и бжэр зэи зэхуэщIакъым. Апхуэдэщ игури: зэIухащ, къабзэщ, махэщ, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэну сыт щыгъуи хьэзырщ.

Сабий фIыуэ зэрилъагъум и гугъу пщIын щIэбдзэмэ, абы утепсэлъыхьыну жэщ-махуэ пхурикъунукъым. Езы нану цIыкIухэми зыхащIэ Фэрдаус и псэ IэфIымрэ и гу къабзэмрэ: сыт щыгъуи къепщIэкIащ, къыпыщIащ, я псэм хуахь. Апхуэдэуи, къыдалъхуахэмрэ и Iыхьлыхэмрэ, абыхэм я щIэблэм, и ныбжьэгъуфIхэм и псэр хагъахъуэ, къару кърат абазэ лъэпкъым и узэщIыныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ папщIэ гуащIэшхуэ зыгъэтIылъ Къул Фэрдаус.

Узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ щымыщIэу, и гур хэзыгъахъуэмрэ и псэр зыщIэхъуэпсымрэ къебэкIыу, и лэжьыгъэм лъапIэныгъэ къыхуихьу, гуфIэгъуэрэ дахагъэрэ щымыщIэу, зигу къабзэ ныбжьэгъур и куэду, игъэтIылъ гуащIэмрэ къарумрэ лъэпкъым зыхищIыкIыу, гъащIэ кIыхь къэзыгъэщIэным ящыщ хъуну Тхьэм жиIэ!

Черкес Хэку

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz