Мыр зи ныбжь ди бзэр тфlэкlуэдмэ!

0
338

Мы псэлъащхьэм къыхэкIыу, ди бзэм хъун хуэдэу, зыгурыIуэу ныбж хуэзыгъув сырихьэлIакъым. Хэтым Сынд, Мэотхэр къежапIэу егъэлагъу, хэтым Анадолэ щыпсэуа Хьэттихэр, ХьэтIитIхэр Хэкум къикIа ди лэпкъэгъухэу егъэлъагъу, Хэтым (сэр хуэдэу) Пасэрей Мысырым щыпсэуахэр, я бзэр,щыIэпхъуэм Къафкас къурщ нэзым щыIэ тIысыпIэ «Сириус» зыфIэща щIыпIэм икIыу ди бзэри зыдахьауэ ялъытэ…

Дэ, ди бзэр фIыуэ зыщIэ щIэныгъэлI пасэрей тхыдэтх, тхыдэдж зэрыдимыIэрауэ къыщIэкIынщ, пасэрейхэм тепсэлъых, телэжьыхь тхыгъэй, тхыдэй, тхылъий диIэкъым!

Пасэрей псэукIэр къыхэзыгъэщ Iуэтэжхэм, IуэрыIуатэхэм дигъэлъагъуэхэращ ди гъуэгу гъэлъагъуэхэр.

Абы нэмыщ пасэрейм, я гъунапкъэхэр зыпылъ, зыпыщIа адырей лъэпкъхэм япэ, усэу зырахьа, яужкIэ тхакIуэхэм зыхуахьэсыжу ятхыжьа, усэ кIыхь зыкIэлъыкъуэхэм хэтлъагъуэжхэм хыдогъуэтэж ипэрей псэукIэу цIыхум и гъэщIахэр, и щхьэ къырикIуахэр.

Нэгъуэщ зы хэплъэкIэу, пасэрей псэукIэм лъыгъуазэ хъуфын папщIэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я щыщ зы къудамэу, щIытIэщ, къэтIэщIакуэ Архэологхэм, Антропологхэм цIыхугъэ гъащIэм блигъэкIэхэр, къахутэу утыку къыралхьэжу ныбжь хуагъувыж.

ЦIыхум и псэупIэр,щIым ищIыуу зы псэупIэмэ, щIы щIыIу щIыкIэ теплъэм и щIыкIэр; къурщ, къуэладжэ, псыпIэ, къэкIыгъэхэр, хуабагъ/щIыIагъхуэдэхэм телэжьыхь щIэныгъэхэри, «гэография»р тхыдэм щхьэпэ хохъу.

ЦIыхур щыпсэуа щIыпIэхэм, быдапIэуэ ягъуэта блынхэм тыращIыха, иратхьа тхыпхъэхэми елэжь зы щIэныгъэу «епиграфия»ми, щыпсэуащIыпIэм ицIыхухэми я гурылъахэр къеIуэтэж.

ЦIыхухэр зыдэщIыгъуу, цIыхубэу щызыдэпсэум щыгъуэ я псэукIэ щIыкIэхэм, я щэнхабзэм телэжьыхь щIэныгъэ къудамэхэу «сосйология»р, «етнография»р, тхыдэ лэжъыгъэм дэIэпыкъуэгъу къыхохъухэ.

Ауэ, мы щIэныгъэхэм нэмыщI, зы щIэныгъэ лэжьыгъэми къеIуэтэж; цIыхухэр щызыдэпсэум щыгъуэ, зыгурызыгъаIэузырахьа бзэм дэщIыгъуу, и къежьапIэм щыщIэдзауэ нобэ къэс (зихъуэжыурэ къэгъуэгурыкIуами) къызыдахьа макъхэм, псалъэхэм тхыдэр хэлъыжу хыболъагъуэж. Мы бзэм елэжь щIэныгъэри «филология»щ. Сэ сы зы филологкъым, ауэ:

Си псалафэщ: «Псымрэ псэмрэ зэрызхэлъым хуэдэу, ди бзэмрэ, тхыдэри зыхэлъыжщ»! жысIэу…

Сэри мы бзэм теухуауэ, ди бзэм къыхэщыж зы «псалэр» щапхъэу сыгъэлъагъэнущ.

КХЪУАФЭ!

Мы псалъэр, ди лъэныкъуэ щыпсэумэл/былым зезыхуэ ди лъэпкъэгъу, ди бзэгъухэм псоми ящIэну къыщIэкIынщ. Мэлхэм, былымхэм Iус иратыну, Iус зыдыдакIутэ, псэущхьэ Iусылъэщ. «Шхалъэ» псалъэр зезыхьэ щыIэми, «шхын» псалъэр цIыхум папщIэщ, щIызырахьэр. Адырей псэущхьэхэм хузырахьэ псалъэр, «Iус»щ.

Iус дэкIутапэри, хузетхьэ псалъэри «кхъуафэ»щ. Ар нобэ пхъэм хэщIыкIами, гъущIым, мывэм хэщIыкIами, бэтон, (ятIэ гъэжа) мхэщIыкIами и цIэр «кхъуафэ»щ.

Мы псалъэри куэдыщэу зыдохьэ:

-Кхъуафэм Iус дэпкIута?

-Кхъуафэр быгъэкъабза?

-Жэмыр кхъуафэм еппха? хуэдэу…

???????

КъижыпIэ зыхуащIа псынэхэми Iугъувау Iутщ. Псэущхьэхэр псы щефэну, ахэри кхъуафэщ. «Псы кхъуафэ» хужызыIэй щыIэщ, «хьэ кхъуафэ» хужызыIэй… Псалъафэ щIыкIэуи «хьэ кхъуащъо» жызыIэй…

Сыт мы «кхъуафэ» псалъэр къызытехъукIар?

Мы псалъэм и къежьапIэр сыт щыгъуэ?

Дыхэплъэжауэ хэтлъэгъуахэм къыхэщыжхэр:

Ижь ижьыжьым, езыхэм «цIыху» зыфащыжыным нэмысауэ, «хьэ» псалъэр цIэу къащытеналъэхъэнэу, «хьэ лъэхъэнэу», уэздыгъэншэу кIыфIым хэсу, бгъунщIагъым щыщIэс лъэхъэнэщ. Нэху щыуэ и шхалъэр из ищIыну, псэущхьэ инхэм зыщихъумэу, зыкъыригъэлу щакIуэ щыкIуэ лъэхъэнэу, къиущэкIун щимыгъуэтым, къэкIыгъэ лъэгухэм къыщIэкIыкIахэр, къэкIыгъэхэм къыпылъэлъхэр щызыщIикъуэ лъэхъэнэщ.

ЩакIуэ кIуауэ къиукIа псэущхьэхэм, и лыр ишхын папщIэ, и фэр мывэ цакIэ жанкIэ щытырилъэф лъэхъэнэщ. И лыр ишхыу, и къупщхьэхэм и дзэр пэмылъэщыу зыхыфIидзэу, а къыдэхуахэм кыпэплъэ адырей псэущхьэхэм (дэхуашхэ) къалъыст. КIуэурэ а дэхуащхэмрэ (къыдэхуэр зышх) щакIуэмрэ зэсащ, гъусэ зыхуэхъуущIадзащ. БгъунщIагъым щIэхьэжмэщакIуэр, дэхуашхэр бжэм и Iупэм Iулъу, щынагъуэу зыгуэрэ илъагъумэ макъ ищIыу (банэу) хъыбар иригъащIэу зэсащ. ЩакIуэ кIуэми гъусэ зыхухъуау. А и гъусэ псэущхьэми (дэхуашхэр), къырахужауэ, и бзэгур къидзауэ и бауэкIэм къыхэкI макъ «хьэ»ри, абыйи цIэ хуэхъужащ.

А дэхуащхэ псэущхьэ хьэр, яужкIэ «цIыху» зыфэзыщыжам гъусэ зэрыхуэхъурэ, нобэ къэсыху, илъэс мин пщIыкIутху (15.000) блэкIащ.

Хьэ лъэхъэнэм, псым щыхуэныкъуэм, щыхуэлIэм щыгъуэ псым Iухьэфтэкъым. ЩыIухьэфым псым хэфти, къыдэкIыжт. Псы зэрызырихьэн IэщIагъэм нэсатэкъым. КIуэурэ къиукIа псэущхьэм и бжьакъуэр езым псылъэ хуэхъуащ. Дэхуащхэ «хьэ»м псылъэ иIэтэкъым. КъиукIа псэущхьэу фэ Iув зытелъыр, хуэсакъыу гъуанэ имыщIыу тырилъэфащ. Игъэгъуащ, псы къижыпэхэр игъэбыдащ. Къыхуигъэна зы гъуэнапIэри имупIыщкIуэну, чы цIынэкIэ къиухуэныхьащ. А фэм хэщIыкIа, дэхуашхэу гъусэ хухъуами псылъэ, Iусылъэ хуэхъуащ. А фэр къызытыраха псэущхьэм къыригъэкI макъырауэ къыщIэкIынщ, а псэущхьэм цIэ хуэхъуар «кхъуэ»щ (КъыригъэкI макъым тещIыкIауэ къыщIэкIынущ). Дэхуашхэ «хьэ»м псылъэ, Iусылъэ хуэхъуар; а кхъуэзыфIащами фэ «КХЪУА/ФЭ»ращ.

Абы щыгъуэ къэжьауэ тлъытэ мы псалъэр нобэ къэсамэ, ди бзэм и ныбжьыр дигъэлъагъуу пIэрэ?

Дыщымыуэмэ!?

Мыр зи ныбж, ди бзэу, бзэжьыр, а лъэхъэнэм «Хьэлъэхъэнэ»мкъыщежауэ нобэ къэсауэ зы бзэмэ; и лъэхъэнэ бзэгъухэм щыщ зыри къэмынэжамэ, ди бзэм и ныбжьыр фэ хуэвгъувыж!

Нэгъабэ дунеим ехыжауэ, ЖэнэтырхапIэхухъу; Хинт лъэныкъуэмкIэ кIуауэ, нэхъ пасэрейуэ ялъытэ Санскъыритыбзэм иралъытауэ, хэплъэхьауэ, къэхутакIуэ Мэржьэхъу Мухьамэд ныбжьу хуигъувар гъэ мин тIощIырэ хырэщ (26.000 гъэ).

Ди бзэр хэмыкIуадэу зефхьэ, гъащIэ евгъэгъуэт!

Мыр ди зы лъэIущ!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz