Къалэм lэпхъуэжа ди къуажэгъу унагъуэм, адэжь лъапсэри хэдгъэкlуэдэжынкъым, жаlэри, зэманым екlу унэ щаухуат. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм къэкlуэжурэ хадэм илэжьыхьхэрт, унэр зэрахьэрт. Апхуэдэу щыщыткlэ, зэрыlэбэн lэмэпсымэ, къагъэсэбэпын хьэпшыпхэр къашэри къыщlалъхьащ, хадэм зэрелэжьынухэр кърагъэуващ. Кlэщlу жыпlэмэ, псэуныгъэм теухуауэ зыхуеину псомкlи лъапсэр къызэрагъэпэщат. Куэдрэ щыгуфlыкlыну къахуихуакъым, зэхадыгъуэу щlадзэри. Зэм унащхьэр къаунэщlащ: ухуэныгъэм къыдэхуа пхъэхэр, абджхэр, къэнжалхэр щlахащ. Къыкlэлъыкlуэри, зи щхьэгъубжэ дэпщыфа пэшхэр яхъунщlащ. Къытрагъазэри жыгым хущхъуэ зэрытраутхэу шэрхъкlэ кърашэкl lэмэпсымэр яхьащ. Апхуэдэурэ сэбэп хъун ямыгъуэтыжыху унагъуэм кlэрыкlахэкъым lэбжьанэфlейхэр. Унэр иджыри зэфlэтщи, мыр ямыщэмэ, лъэлъэжынущ, жаlэри, зымейхэм абы и унафэр ящl. Зызэман ящэжынуи къыщlэкlынщ, зэрыпсэун lэмал лъапсэм къыщрамынакlэ, щlэрыщlэу къаугъуеижми иращlэнур гурыlуэгъуэ щыхъуакlэ.
А лъапсэм и къекlуэкlыкlам изогъэщхь си анэдэлъхубзэ-адыгэбзэм – адыгэм и лъапсэм – и lуэхур. Ар зэригъэпэщат лъэпкъ лъэрызехьэм, лъэпкъ лъэщым. А бзэмкlэ зэфlигъэуват лъэпкъыу щыlэм яфlэтелъыджэу щапхъэ зытрах адыгэ хабзэр. А бзэмрэ хабзэмрэт адыгэ цlыхур дахэ зыщlэхъукlыр, хэткlи гурыхь зыщlыр.
Бзэр зэрылъэпкъыу яlурылъами, абы и къежьапlэри, и хъумакlуэри, и гъэкlуэтакlуэри адыгэ цlыхубзырат. Анэр. Адыгэ анэр. Сабийм гъащlэ езыт, жьэгур зымыгъэужьых, хабзэр зыхъумэ анэрат адыгэбзэм и lэфlыр быным зыхезыгъащlэр, нэхъыжьми нэхъыщlэми зэрепсэлъэнум хуэзыгъасэр. Екlумрэ емыкlумрэ, жыlэкlэ дахэмрэ къемызэгъ псэлъэкlэмрэ къагурызыгъаlуэр. Нэсауэ гъэса цlыху къагъэхъурт сабийм зи нэlэ темыкl адыгэ анэхэм. Адыгэ дуней зэпэщ, адыгэ лъапсэ быдэ къагъэщlыфырт абыхэм. А лъапсэм къихъуам мыадыгэну игу къэкlынутэкъым, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, адыгэлъ щlэту дунейм къытехьат, анэ быдзышэм и гъусэу адыгэ хабзэр пкъырыхьат, и анэбзэм анэм хуиlэ щытыкlэр бзыпхъэ хуэхъурт. Адыгэ анэм къызэригъэпэщ дунейт ар. Къызэригъэпэщти икlи ихъумэжт.
Быным адыгэбзэ имыщlэни хъуну япэ дыдэ адыгэ анэм игу къыщыкlар Совет властыр уву зиужьа нэужьщ. Къэралым лъэпкъыу исыр зэкъуэшу, ахэр зы совет цlыхубэ хъун хуейуэ гупсысэ унафэщlхэм къагъэщlат. Лъэпкъышхуэр нэхъыжьт, лъэпкъ мащlэхэр нэхъыщlэти, адыгэр игъащlэми нэхъыжьым зэрыхуэжыlэдаlуэм и зэран мыбдежым къыщекlащ. Цlыхухъуи цlыхубзи я хуитыныгъэр зэхуэдиз хъуати, унэгуащэным пыкlа адыгэ цlыхубзми лэжьыгъэ lэнатlэ ирихьэкlын хуейт. Абы щыгъуэщ адыгэ лъапсэм япэ дыгъуакlуэр къыщеlэбар.
«Республикэ пщыкlутхури зэшыпхъущ» жыхуиlэ псалъэ дахэм и щlыбагъ къыдэтт ди къэкlуэнум и сурэтыджэр, а сурэтыр итхырт адыгэлъыр (дэтхэнэ лъэпкъ мащlэми ейм хуэдэу) мащlэ-мащlэурэ щlэзыфыкl лъэпкъ политикэм, ауэ дэ кlуэтэху нэхъ «къыдгурыlуэрт» анэдэлъхубзэм нэхърэ урысыбзэм нэхъ фейдэ къызэрыпытхынур.
Щlэныгъэ зригъэгъуэту къулыкъу тlэкlуи къыlэрыхьэн папщlэ урысыбзэр lэмалыншэу, абы зыри хэзымыщlыхь адыгэбзэр lэщlыб хъуми ущlригузэвэнышхуэ щымыlэу къыкъуэкlа гупсысэр къипхъуэтащ адыгэ анэ гумащlэм, лъэпкъхъумэм. Быным хуиlэ лъагъуныгъэм иригъэхъуэпсащ а быныр хэlэтыкlа гуэр хъуным. А хъуапсэм къигъэщlащ анэдэлъхубзэм псэхэх хуэхъуа гупсысэр: гъащlэм ущыпэрытынымкlэ адыгэбзэр зыкlи щхьэпэ хъуркъым. Ебгъэлеймэ, адыгэм адыгэбзэр щыгъупщэжарэ урысыбзэр зэтрищыпыкlыу ищlэмэ, ехъуапсэу, апхуэдэм нэхъ нэ лейкlэ еплъу, ар зыщхьэкlэ нэхъ лъагэхъуауэ къалъытэу зэмант ар. Къулыкъу зыlыгъхэм е къыlэрыхьэну щlэхъуэпсхэм урыс бзылъхугъэ щхьэгъусэ ящlырт. Абыкlэ щыхьэт техъуэжт лъэпкъышхуэм и къуэшыгъэр зэрафlэlэфlым, абы зэрыхуэпэжым, дзыхь къызэралэжьым. Урысым малъхъэ яхуэхъуа адыгэлlым е урыс нысэ хъуа адыгэ цlыхубзым лэжьыгъэм щыдэкlуэтеину lэмал нэхъ ягъуэтыр пэжт. Дыгъум етlуанэу къытригъэзат.
Еджапlэм я lуэхури гъащlэм щытепщэ гупсысэхэм ещхьурэ къызэгъэпэща хъурти, предмету хъуар анэдэлъхубзэмкlэ яджу екlуэкlыурэ, апхуэдэ еджэкlэр пэщlэдзэ классхэм къыщынэри, курыт, нэхъыжь классхэр урысыбзэм хуэкlуащ. Мыбдежым адыгэ лъапсэм дыгъур ещанэу къеlэбауэ арат.
Абыкlэ зэфlэкlакъым. Илъэсхэр кlуэурэ, япэ дыдэ еджапlэм къекlуалlэ адыгэ сабийм занщlэу урысыбзэкlэ еджэн щlидзэн хуейуэ унафэ къыдэкlащ. Яфlэфlат ар адэ-анэхэм хьэмэрэ мыарэзахэт? Дауэ щытами, а унафэм тетащ егъэджэныгъэ лэжьыгъэр. Икlи къытенащ. Мис мыбы щыгъуэ зыхыумыщlэнкlэ lэмал имыlэу къеlат лъэпкъым дыгъур, ауэ фlэкlуэдым нэхърэ къигъуэтыр нэхъыфlут зэрыгупсысэн хуейри, зригъэкlуащ.
Ар унафэу щыlэм я нэхъыфlыр пэжмэ, дэнэ къыздикlар 80-90 гъэхэм лъэпкъым къихьыжа шэчыр? Нэхъ жыжьэ плъэхэр гупсысэжат: ди сабийм я зыужьыным зэран дыхуэмыхъуауэ пlэрэ зыри зыхамыщlыкl бзэмкlэ еджэныгъэм хыхьэн хуей зэрытщlамкlэ? Дыкъыщыфlыкlыжу зыри зыхамыщlыкl инджылызыбзэр ямыщlэ урысыбзэмкlэ къащlэн хуейуэ зэредубыдылlэмкlэ? Абы теухуауэ адэ-анэхэр зэхуашэсурэ щечэнджэщым, адыгэ анэхэм я нэхъыбэм урысыбзэкlэ еджэным фlэкlа нэгъуэщl узыхэдэн щымыlэу къагъэуват. Арами, lуэхур къезыхьэжьахэм я псалъэр пхыкlри, къуажэ еджапlэхэр трагъэуват пэщlэдзэ классхэр адыгэбзэкlэ еджэным. Къыщlидзыр мыхъуу жаlэри, зэтракъутэжащ. Сытыт щlэмыхъуар? Абы иlэр зы жэуапкъым, ауэ быным лъэпкъыбзэр lурылъынымкlэ адыгэ анэм ихь жэуаплыныгъэращ дызытепсэлъыхьри, къыхэдгъэщынщ: икlи адыгэ анэрэ икlи егъэджакlуэу сабийм яхэтхэм езыхэми къалъытат япэ классым щыщlэдзауэ урысыбзэкlэ емыджэмэ, етхуанэ классым къыпхуемыгъэщтэжыну. Лъэныкъуэ еба лъэпкъым нэхъри кlэщlэрыlэ гупсысэкlэт.
Сэ зыхуезгъаджэр урысыбзэщи, жысlэмкlэ жэуап схьыжыну сыхьэзыру, жызоlэ: адыгэбзэр къурмэн зыхуащl урысыбзэри ящlэркъым ди быным. Къыхэкlынщ класс къэс сабиищ-плlы, ауэ ари къащыхэмыкl къохъу. Мыбдежым нэгъуэщl lуэхушхуи къыщыкъуоплъ: адэ-анэр быным я еджапlэ гъащlэм хэткъым, щыгъуазэкъым. Мащlэ дыдэщ сабийм я щыlэкlэмрэ еджэкlэмрэ теухуауэ епсэлъылlэхэр, дэlэпыкъуэгъу яхуэхъуну хьэзырхэр. Тхьэмыщкlагъэр абдежми къыщыувыlэркъым. Сабийм къыгурымыlуэ бзэмкlэ иджа предметхэмкlэ щlэныгъэ игъуэтыркъыми, урысыбзэм ирипсэлъэфу, зэджэр къыгурыlуэу щыхъуами, щlэуэ къищlэм тегъэщlапlэ хуэхъун лъабжьэ имыгъуэтауэ ирохьэлlэ. Псы lуфэм къытелъадэ псым пшахъуэм къытена лъакъуапlэр джафэу зэрырилъэсэхыжым хуэдэу, къиджыр мэкlуэдыж. Сабийр къемыхъулlэм куэдрэ пэщlэтыфыркъым. Аращ сытым щыгъуи классхэм еджэу щlэсым нэхърэ емыджэу щlэсыр щlэнэхъыбэр. Абыкlэ езы сабийхэракъым къуаншэр, я унафэр акъыл хэлъу зымыщlа балигъхэращ. Ауэ хэкlуадэр зи къэкlуэныр зэрыхъуфыну щытам хуэдэ мыхъуу, нэхъыкlэ хъу ди бынхэращ. Нэхъыфlкlэ и сабийм хуэхъуапсэ адэ-анэмрэ егъэджэныгъэ системэмрэ адыгэ щlэблэм я гъащlэм фlыуэ зэран хохъухь. Еджакlуэхэм щlэныгъэ щlамыlэм и щхьэусыгъуэр къыщалъыхъуэкlэ, зэи къыхэщыркъым пэщlэдзэ классхэм анэдэлъхубзэкlэ зэрыщемыджам къигъэхъуа хэщlыныгъэр.
Дэри лъэныкъуэ едгъэзынщ а зи цlэ кърамыlуэри, езы адыгэбзэ дерсхэмкlэ зыдгъэзэнщ. Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэщ адыгэ сабийр зыщыщ лъэпкъыр ищlэжу, а лъэпкъым къыдэгъуэгурыкlуэ гупсысэкlэм, щыlэкlэм техуэу, зэгъэзахуэ бгъэдэлъу зыгъасэр. Урысыбзэмкlи инджылызыбзэмкlи щlэныгъэ куу игъуэтауэ тщlынщи, адыгэ сабийр зэи урыси инджылызи хъунукъым, а лъэпкъитlри абы езыхэм ящыщ гуэр хуэдэу къеплъынукъым. Нэгъуэщl хэlэбапlэ а lуэхум иlэкъым, адыгэу къэнэжын фlэкlа. Къэдгъэнэжрэ? Еттрэ апхуэдэ lэмал? Сыт адыгэбзэ дерсхэм я щхьэ кърикlуэр?
Егъэджэныгъэм и пщалъэщlэ къэралым къищтамкlэ, анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ класс къэс хухихыр сыхьэтищщ. Абы зыри хэlэбэфынукъым, сыхьэтищым тетынущ. Узыхэlэбэни хъурэ? Еджапlэм зэрыхуейуэ зэригъэзэхуэну зы сыхьэт бжыгъэ мащlэ гуэр иlэщи, хуитщ зэрыхуейуэ предметхэм тригуэшэну. Абыхэм ящыщ адыгэбзэм лъагъэсынуми лъамыгъэсынуми зэлъытар еджапlэ унафэщlхэм я lуэху бгъэдыхьэкlэращ. Къахокl зы сыхьэтыр лъызыгъэси. Ауэ куэд яхэтщ лъагъэсын къэгъэнауэ, а къэралым кърит сыхьэтищри къытрахыу урысыбзэмрэ есэпымрэ езытын. Апхуэдэм щlэхъуэпс унафэщlхэм адыгэ гупсыси урыс гупсыси яlэкъым, яlэр ЕГЭ гупсысэщ. Сытри ящlэнущ еджапlэр къэзыуххэр къэпщытэныгъэхэм пэлъэщыным щхьэкlэ. Ари зэпхыжар сабий къэс хуаlэ лъагъуныгъэр аракъым, пэмылъэща куэд къахэкlмэ, я къулыкъум пыкlынкlэ зэрыхъунурщ е псалъэмакъ пхъашэ къызэрыращlылlэнурщ. Адыгэбзэм зэретхьэкъу сыхьэтымкlэ я щхьэ lуэхущ зэрахуэжыр, щlэблэ lуэхукъым. Аращи, адыгэ лъапсэм щызеуэ дыгъуакlуэхэм яхыубжэ хъунущ адыгэбзэм зы сыхьэт къыкlэрытчащэрэт, жаlэу ещакlуэ еджапlэ унафэщlхэр. Къыжытlэнщи, иджыпсту еджапlэхэм нэхъыбэу унафэ щызыщlыр цlыхубзхэращ. Абыхэм я нэхъыбэри адыгэщ.
Гъащlэм къызэригъэлъагъуэмкlэ, къулыкъум лъэпкъ нэщэнэ иlэкъым. Ар къулыкъущ, лъэпкъми къупщхьэми ящхьэкlэ щыlэщ.
Адыгэбзэм едгъэшэч бэлыхьхэр куэд мэхъу. Лъэпкъыр, анэхэм къакlэлъыкlуэу, зыщыгугъыну иlэр егъэджакlуэхэращ. Адрей предметхэм хуезыгъаджэм хуэдэу гулъытэ ягъуэту пlэрэ адыгэбзэмкlэ егъэджакlуэхэм? Егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп lэмэпсымэхэр къыхузэрагъэпэщыну езы егъэджакlуэр мылъаlуэмэ, тримыгъэчыныхьмэ, еджапlэ унэфэщlыр щlэгузэвэнур нэгъуэщl предметхэрщ, кабинет зыхуищlынур къэпщытэныгъэ зэраlэнухэрщ. Аркъудеймкlэ сабийм я нэгу щlокl я анэдэлъхубзэр зэрымыпэрытыр.
Псалъэмакъыр есшэлlэжынут адыгэ анэм. Хэкури Хабзэри зыхъумэхэр зыгъасэр анэращ. Быныр зэрыпсэлъэну бзэр lурызылъхьэр анэрщ. Адыгэбзэкlэ зекlуэ адыгэ хабзэр щlэблэм дуней тетыкlэ яхуэзыщlыфынур анэращ. Анэращ зэлъытар быныр лъэпкъ цlыху хъунуми лъэпкъым дежкlэ хамэ хъунуми. Иджыпсту ди сабийхэм яхэтщ куэд, адыгэм бжыгъэкlэ щыщу, ауэ адыгэкlэ ирамыгъэщlауэ. Анэ хъуам и нэгу щlэтын хуейщ зи бзэ къыlурызылъхьа и анэм и сурэтыр. Къэзылъхуам къритар и быным иритыжын хуейкъэ? Арыншауэ лъэпкъыу дыщыlэфынукъым. Лъэпкъыу дыщыlэныр елъытащ адыгэ унэм щыlу бзэмрэ еджапlэм а бзэм щиlэ пщlэмрэ. Быным анэбзэр ирагъэщlауэ еджапlэм щlагъэтlысхьэрэ, адыгэбзэм ират сыхьэт бжыгъэр яфlэмащlэу адыгэ анэхэр къэувмэ, лъэпкъым зыкъищlэжауэ, зилъытэжауэ, зиужьыжу аращ. Армырамэ… зи кlуэдыжыгъуэр къэсауэ дылъэпкъщ.
Зэкlэ адыгэ анэхэм лъэlу тхылъ ятх я сабийр зи анэдэлъхубзэ зымыщlэ гупым хагъэхьэну. Хьэлэмэтщ ящlэт адыгэлъыр къызэрымылажьэр, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкlуэ укlытэр къазэрытемыкlуэр.
Дыкъэзыгъэщlам и пащхьэ дихьэжмэ къызэрыдэупщlынухэм щыщщ: «Сэ уи лъэпкъым хуэзгъэфэща бзэмкlэ упсэлъа?»
Хьэцlыкlу Рае,
педагогикэ щlэныгъэхэмкlэ кандидат