Куэду тфIэфIщ ди блэкIам дытепсэлъыхьын: хабзэ дахэ щыIащ, нэхъыжьыфI диIащ, лъэпкъым лIыгъэ хэлъащ, хамэ къэрал зыплъыхьакIуэхэм, тхыдэджхэм гъэщIэгъуэн куэд къытхужаIащ… Дэгъуэщ а псори, дахэщ. Къытедгъэзэжурэ кIэ имыIэу дытотхыхь, дытопсэлъыхь. Ауэ сыт абы ди лIыгъэу, щIэныгъэу, зэфIэкIыу хэлъыр? Сыт ди нобэр? Ди къэкIуэнур сыт? Ди нобэрей гъащIэр жьым зэбгриха жылапхъэ хуэдэ, дуней псом дыщикъухьауэ, нэхъапэм зы щхьэусыгъуэ щыIамэ, иджыпсту нэгъуэщI щхьэусыгъуэу дэнэкIи дыщыхошыпсыхь. ЩIэблэр зрапIыкIыу щыта унагъуэр къызэтекъутащ: нэхъыжь – адэ-анэ – быныр – мы щыIэныгъищу зэдэлажьэу, зэрыIуэту, зэрыщIэу, зэгущу къызэдекIуэкIын хуейм, унагъуэ щIагъуэ къэмынэу щым яз хэуда хъуащ. Нэхъыжь яIэжу щытми, абыхэм ябгъэдэмысыр куэдщ. Нэхъыжь яхэсу щытми, адэ-анэм я быныр зыхуей-зыхуэныкъуэр нэхъ мащIэ ящIын папщIэ, къалэшхуэхэм лэжьапIэ щолъыхъуэ. Нэхъыжьымрэ адэ-анэмрэ зэгъусэу щытмэ, щIэблэм е еджэну, е лэжьэну нэгъуэщI щIыпIэхэм яукъуэдий: унагъуэр цIыхум и пкъынэлынэ зэдэмылэжьэжым хуэдэ хъуащ. ЦIыху узыншэм и щхьэмрэ и гумрэ щыIэ нэрынэхэр (nöron) тхымкIэ ирикIуэ нэрынэхэм зэдагъэлажьэ, а тIур (гумрэ щхьэмрэ) зэрымыщIэмэ, цIыхум ныкъуэдыкъуагъэ бгъэдэлъщ. Апхуэдэщ унагъуэр, нэхъыжьыр – курытыр – нэхъыщIэр зэрымыщIэмэ, лъэпкъым цIыху узыншэ иIэкъым.
Сыхуейкъым нобэ курыт еджапIэхэм адыгэбзэр зэрыщрагъэджым сытепсэлъыхьыну, абы зи гугъу зымыщIу къэнар щхьэхынэ дыдэрщ. Сэ езым нэгъэсауэ жэуап схуетыжмэ, сызылъыхъуэнур лъэпкъ гупсысэр здэкIуамрэ ар зэгъэпэщыжа, зэгъэуIужа зэрыхъунумрэт. ЕджапIэхэм бзэр иррагъэджыну сыхьэт пщIырыпщI етауэ щытми, абы щхьэкIэ нэхъ адыгэ дыхъужынукъым. И щхьэусыгъуэр зыщ – бзэхабзэкIэ (dilin grameri) щыуагъэншэу тхэуэ нэхъ мыхъумэ, лъэпкъ гупсысэ япкърыплъхьэфынукъым. «Литературэр-щэ?» жызыIэн къыхэкIынущ. Япэрауэ, телефонхэмрэ компьютерхэмрэ къызэрежьэрэ тхыгъэ еджэу щIэблэм къахэкIыр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ, уеблэмэ, цIыхуипщIым зы-тIу нэхъыбэ яхэткъым. Апхуэдэ щытыкIэ зиIэр адыгэ ныбжьыщIэм я закъуэкъым. ЕтIуанэрауэ, тхэуэ щыIэр куэдкъым, нэхъапэм ятхахэм къызыхэпхынри къыдэлеекIкъым. IутIыж Борис и тхыгъэм къызэрыхэщщи «Адыгэ мыпрезидентрэ президент мыадыгэрэ плъэгъуа?» жыхуиIэм хуэдэу, псоми псори ящIэ, ауэ зыщIэну къыхэкIыр нэрылъагъукъым. IэщIагъэ пуд зыри щыIэкъым, гъэпудын Iуэхуи зетхуэкъым, ауэ пхъащIэр пхъащIэу, егъэджакIуэр егъэджакIуэу, тхыдэджыр тхыдэджу, хьэрычэтыщIыр хьэрычэтыщIу щытыпхъэщ. Иужь илъэс тIощI-тIощIрэ тхум гу зылъыттаращи, «бзэщIэныгъэлIхэр» уэлбанэ нэужь удзу бэгъуауэ бзэм хэлъ гупсысэр сэхураныфэу зэтрагъэщэщ. ГъэщIэгъуэнщ, егъэджакIуэмрэ бзэм елэжьымрэ я мыIэщIагъэ хэIэбэкъым, ауэ а тIум ейм чэрэчэу щызэхэтщ. IэщIагъэу щыIэр зэрызрагъэгъуэтыр бзэщ, атIэ апхуэдиз къару зиIэ бзэр дризэпсэлъэн, дризэрыщIэн къудей щхьэкIэ зы щыIэныгъэ къызэрыгуэкIыу щхьэ къытщыхъурэ? ЩIэныгъэншагъэм е щIэныгъэ нэпцIым ди щхьэр пуду дегъэлъэгъуж. Къарурэ лIыгъэрэ цIыхум яхэлъауэ ди фIэщщ, ауэ щIэныгъэ ябгъэдэлъауэ дытошачэ. Къару зыбгъэдэлъыр бланэщ. Сыт «бланэ» псалъэм «уэздыгъэр маблэ» жыхуэтIэм хэт «бл» Iыхьэр къыщIэкIуэр? Блэр – энергиещ (enerji), апхуэдэу щыщыткIэ, къару зыхэлъым и энергиер зэпэщу къегъэсэбэпыф. Благъуэхэм зы щхьэ, щы, тху, блы, бгъу, нэхъ ин дыдэм щхьэ пщыкIутI япыту нарт хъищэм дыщрохьэлIэ. ЩыIа апхуэдэ псэущхьэ? ЩымыIамэ, хэт къигупсыса? Сэ Шэджэм акъуэ сыдэсу къэзгупсысамэ, ар Дзэлыкъуэ, Джылэхъстэней дэсхэм къезгъэщтэфынут? КIахэ адыгэхэм-щэ? Илъэс пщыкIузкIэ курыт еджапIэм щIэсхэр зы къупхъэ-жыпхъэм иту идогъаджэри, ар къызэраухыу, закъуэ-тIакъуэ нэхъ мыхъумэ, адрейхэм яджа псор ящогъупщэ. Хэт езыгъэджар щIыпIэшхуэм ис лъэпкъ псор. Ебгъэджэн щхьэкIэ бзэ щыIэн хуейщ. Зэрынэрылъагъущи, жэуап зыхуамыгъуэт упщIэхэр куэдщ.
Благъуэ лъэпкъи зыри езэуакъым, «благъуэм» щхьэ нэхъыбэ пытыху, энергиер нэхъ лъэщу аращ, щхьэ пщыкIутI нэхъыбэ дыщIримыхьэлIэри, абы нэхъыбэ цIыхум хуэгъэIурыщIэнукъым, хуэгъэIэдэжынукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, физикэ щIэныгъэм къихутэфынуми, къихутагъэххэми тщIэкъым цIыхум и энергием и лъэщагъ хъуфынур, ауэ зыр гурыIуэгъуэщ – «блэ пщыкIутIыр» (энергие пщыкIутIыр) нэхъ лъэщ дыдэщ, зы псощ, зы щыIэныгъэ лъэщ ирикъущ. Мазэ I2-р зы илъэс псо ирокъу, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зы цIыху псо ирокъу, блэ пщыкIутIри цIыхум и энергие нэхъ лъэщ дыдэщ. Армырауэ пIэрэ адыгэ ныпым вагъуэ пщыкIутI щIытетыр? ЛIакъуэ I2-м я вагъуэ зырызу зыгуэрым е гуэрхэм ди фIэщ ящIыф, дэри ди нэр доуфIыцI, адыгэ лIакъуэхэр 20-м щIигъуу зэрыщытар дымыщIэ хуэдэ зыдощI. Сыт щхьэкIэ? Хьэзыру уи пащхьэ къралъхьэр тыншу жыпIэж хъунумэ, сыт щхьэкIэ гугъу зебгъэхьын хуей? ЩIэныгъэр гугъущ, улъыхъуэн, къэпхутэн, зэбгъэпщэн хуей мэхъу, ауэ хьэзырыр бджыныр тыншщ. Тыншкъэ адыгэбзэкIэ «радиус» (yarıçap) псалъэ къэдгупсысын хуейщ жыпIэну, щIэныгъэ зэхуэмыдэхэр зэпэплъыт нэхърэ. Сыт зи лIыгъэкIэ зыщIэдгъэпагэ пасэ адыгэм щIэныгъэ бгъэдэмылъауэ щIэдгъэувыжар? Радиусыр ямыцIыхумэ, дауэ хъурей иратхъэнт е ар къапщынт? Девгъэплъыт атIэ щапхъэхэм, АДЫГЭБЗЭ щапхъэхэрщ, къэбэрдей псэлъэкIэ щапхъэкъым: рыжиIэн, рылъагъун, хъурей, лъакъуэрыгъажэ, зырыз… Сыт хуэдэ адыгэ псалъэми Р-р зыхэтым зи гугъу ищIым «хъуреягъ» теплъэ зэриIэр къыджеIэ. Сэ зыгуэрым сепсэлъэн щхьэкIэ, ар си Радиусым итын хуейщ, слъагъун си гугъэми аращ. Радиусыр ихъуреягъкIэ къекIуэкIмэ, диаметр (çap) мэхъу. Диаметр иптхъэн щхьэкIэ, радиусыр кум лъэныкъуитIымкIи къыбгъэдэкIыу щытыпхъэщ. «Зырыз» щыхъур кум и лъэныкъуитIымкIи зыуэ (1-1) тIу щыщыIэм дежщ. Аращ адыгэм «Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ» щIыжиIэри. «ЩIэныгъэншэ» лъэпкъым дэнэт щищIэр дунейр зэрышэрхъыр, а шэрхъым хэт Р-р адрей «хъуреягъ» къэзыгъэлъагъуэ псалъэ псоми хэтын зэрыхуейр? «Шэрхъ» псалъэр мыадыгэбзэу тхылъхэм ихуа хъуащи, ди фIэщ хъужауэ «дыдейкъым» жыдоIэри дызэхэсщ. Зыгуэрым аРэзы удэхъумэ, «сыпкъуэту, сыбгуэту уи радиусым ситщ» жепIэу аращ.
Дунейм, цIыхум и псэукIэм, хабзэм щыщ Iыхьэхэм хэту щIэныгъэ гуэрым емыпхауэ зыгуэри лъэпкъым и бзэм хэткъым, апхуэдэ зыгуэрым къигупсысыф хъупэми, ар зэрылъэпкъыу къащтэнукъым.
ФIыуэ дызыщыгъуазэ ди гугъэ бзэр къыдгурыIуакъым нобэ къыздэсым, и гъуни итлъакъым. Бзэр къызэрыгуэкI щыIэныгъэ гуэру зэпкърытхыну иужь дихьэкIи, ауэ сытми зэманрэ къарурэ дгъэкIуэдын нэхъ мыхъумэ, зыри зэхэдгъэкIыфынукъым. ИщхьэкIэ къыщыдгъэсэбэпа «нэрынэ» псалъэм къыджеIэ «н»-хэр зэРыщIэу зэрызэдэлажьэр. Нэхэм (gözler) ялъагъур щхьэмрэ гумрэ хуагуэш, зы «н»-м къыIэрыхьэмкIэ адрей «н»-м догуашэ, аНэр быНым «н»-кIэ догуашэ, ар адэм къыпкърыкIкъым. «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжаIэр аНэм и «н»-щ быным хэлъри аращ. «Н»-кIэ гуэша аНэм быНым энергие зэпыщIэныгъэ (enerji bağlantısı) лъэщ хуиIэу къонэ. «Нэрынэ» псалъэм хэт Н-м апхуэдэ къалэн зэригъэзащIэм иджыри щыхьэт тохъуэ «пкъынэлынэ» псалъэм хэт Н-хэри.
Ди блэкIар лIыгъэ и закъуэкъым, атIэ дэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъу зыкъэзылъытэжхэм, иджыри къыдгурымыIуа щIэныгъэшхуэщ. «ЩIэныгъэ» – «щыIэныгъэ» псалъэхэри ауэ сытми зэпэгъунэгъукъым. ЩIэныгъэр дипломкъым (diploma) – щыIэныгъэр цIыхум къызэрыгурыIуэн хуейщ. Езы щыIэныгъэри бзэ и закъуэкъым, атIэ химиери (kimya), биологиери (biyoloji), физикэри (fizik) абы хэтщ. А щIэныгъэхэр (химие, биологие, физикэ) пхыРу бзэм зэрепхри хабзэ мэхъуж.
Ди нобэр щIэныгъэ мыхъумэ, ди пщэдейм и гугъу дымыщIыжми хъунущ. «Ди щIалэгъуалэр мэкIуэд» щыжаIэм деж, ар зыгъэкIуэдым и гугъу ящIкъым. Дыгъуасэмрэ пщэдеймрэ зэпызыщIэн хуейхэм догъэкIуэд. БлэкIамкIэ дыпсэуну иужь дохьэ. Гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ егъэджакIуэм и закъуэ и пщэ дэтлъхьэжыну дыхэтщ. Щыуагъэншэу цIыхур тхэуэ пхуегъэсэнущ, ауэ абыкIэ лъэпкъ гупсысэ пхуегъэгъуэтынукъым. ЩIэблэр библиотекэм (kitaplık) тхылъу щIэлъым щыгъуазэ пхуэщIынущ, ауэ ар иджыри щIэныгъэкъым, атIэ а тхылъхэм я IуэРыIуэтэж (tekrarlayıcı) къудей хъууэ аращ.
Псыхуабэ къалэ ермэлы мин тIощIым ебэкI дэсщ. Ахэр урыс минищэм щIигъум яхэсщ, адрей лъэпкъхэр къедмыбжэкIыу (2010 гъ.). Я бзэр зы курыт еджапIэ закъуэм щаджу аращ, ауэ псори иропсалъэ. Сыт щхьэкIэ? И бзэкIэ мыпсэлъэжу щытмэ, и лъэпкъэгъухэм къалъытэххэнукъым.
Налшык адыгэ минищэм щIигъу дэсщ (2020 гъ.), къалэм цIыхуу дэсым и зэхуэдитI мэхъу, курыт еджапIэхэм адыгэбзэ щрагъэдж. Илъэс къэскIэ адэ-анэу зи бын адыгэбзэ езымыгъэджхэр нэхъыбэ хъуурэ макIуэ. Адыгэбзэр щрамыгъэджкIэ, я унэми бзэр щызекIуэкъым. Илъэс къэскIэ къуажэ сабийуэ урысыбзэкIэ зэпсалъэхэм я бжыгъэр хохъуэ. Апхуэдэу щыщыткIи, урысыбзэм, математикэм, е нэгъуэщI щIэныгъэ гуэрым хащIыкIыр нэхъыбэ хъукъым. «КъыIурыщэщу урысыбзэ ещIэ», – жаIэ гуфIэжу адэ-анэм, ауэ а урысыбзэм щIэныгъэ къуалъагъуэкъым, а урысыбзэ дыдэмкIи нэхъ щыуагъэншэу тхэфкъым. «КъыIурыщэщу урысыбзэ зыщIэм» сыт хуэдэ щIэныгъэ къигъэлъэгъуа физикэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ, химиемкIэ?
Адыгэбзэр уэрамыбзэуи къалъытэжкъым, ялъагъукъым, ящIэкъым абы щIэныгъэ хэлъу. Ди щхьэр догъэпудыж, ди бзэр тфIэауаныжщ. Хэти, сыти дгъэкъуэншэну дыхьэзырщ – тхылъыр, егъэджакIуэр, къэралыр. Зэадэзэкъуэр зэдэтIысрэ зэдефэми, быным мыхъумыщIагъэ ищIами, нысэр гуащэм фIэнами, щауэишэж джэкIэ ямыщIэми – хэти хуейми ирекъуаншэ, ауэ езыхэм я Iуэху хэлъкъым. Илъэс кIуам и мазэ пщыкIузым къриубыдэу Налшык унагъуэ зыухуахэм я бжыгъэр 3750 (5340 – 2015 гъ.) мэхъу, а лъэхъэнэ дыдэм зэбгъэдэкIыжахэм я бжыгъэр – 4148 (2154 – 2015 гъ.). Мыпхуэдэ Iуэхугъуэм и щхьэусыгъуэ псори тхуэубзыхункъым, ди пщи дэлъкъым. ГурыIуэгъуэр зыщ – зэгурыIуэр мащIэ зэрыхъурщ. ЗэгурыIуэрэ зэхэщIыкIрэ щымыIэмэ, унагъуэ щыIэкъым. Хэти къуаншэщ – нэхъыжьхэм лажьэ яIэкъым. Хьэуэ, къыфщымыхъу дыщIэнакIэу, дэ зи гугъу тщIыр псори зэрызэпыщIарщ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ зэрызэпыудырщ: цIыху-унагъуэ-лъэпкъ.
Дыхуэхьэзыр пщэдейм? БлэкIар тщIэн хуейщ, ауэ абы къэкIуэнур хэлъкъым. ДыкIуэтэн папщIэ, хабзэр къыдгурыIуэжын хуейщ. Ар Iэнэ щысыкIэ, къэфэкIэ хабзэ къудейкъым – ахэр хабзэм и гуэжа цIыкIуу аращ. Тхыбзи, еджапIи димыIауэ жаIэ. АтIэ дауэ лъэпкъыр зэрызекIуар? Сыт хуэдэ хабзэ? Хабзэкъым «хьэнцэгуащэ къешэкIыныр» – ар мэжусий щхьэгъэпцIэжу аращ. Хабзэр – цIыхумрэ цIыхумрэ, цIыхумрэ уэщIымрэ я зэхущытыкIэрщ, езы цIыхум и гумрэ и щхьэмрэ зэгущу дунейм тетынырщ, щыIэныгъэрщ, щIэныгъэрщ. ЩыIэныгъэм и зы Iыхьэщ гъукIэм и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIмэ, егъэджакIуэм иригъэджэфмэ, жыггъэкIым жыгыщIэхэр хуэгъэкIмэ, дохутырым узыфэхэр хуэгъэхъужмэ. Ауэ щIэныгъэр нэхъ куущ, щыIэныгъэ псори къызэщIэзыубыдэу «бзэ» Iыхьэр зыхэт ХАБЗЭрщ.
Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат,
КБКъУ-м и егъэджакIуэ, Къардэнхэ Мусэдин.
Медицинэ IэщIагъэмкIэ доктор, профессор,
Умэтхэ Мурат.