Жамботейыжъ

Къуажэр 1860 гъэм Жамботыкъуэ Мухьамэд я пащэу хэкум къикIа кхъухьым цIыху мин ису Самсун къалэм къекIуэлIащ, абы иужькIэ узняйлэм нобэрей я тIысыпIэм къэтIысахэщ. Жамботыкъуэ Мухьамэд 1895 гъэ пщIондэ псэуащ, жылэм пщым я пщыуэ псэуащ. Икъуэщ Жамботыкъуэ Пщымахуэи Шэшэн Жамботейым къэтIысри къуажэр щиухуащ. Жамботыкъуэ Мухьамэд и пщымахуэ и хэкум ягъэзэжын папщIэ Урыс хьукумэтым тхылъ хуатхащ, ар щхьэкIэ Урысым тIуми ягъэзэжын зэрыхуер ядаIым. Амалыншэу тIури Тыркум къыдэнэжащ. Жамботхэ нобэ къэмысу хэкIуэдэжахэщ, нобэкIэ Жамбот лъэпкъым къыщIэхъуауэ зыри щыпсэужкъым.

Жамботей къуажэр Кайсери къалэм 135 км, Азей районым 38 км пэжыжьэу зы къуажэщ. Къуажэр Каяалты (Туркмэн), Къаракъуи, Мэртэзей къуажэхэмкIэ къэтIысыхьащ, и дыгъэпIэмкIэ БгыкIэ къэхухьащ.

Жамботей 1946 гъэм хуэзауэ Болгариям къэкуэшу къикIа 35 унэгъуеи къэралым яхуригъэщIа унэхэм щыпсауэ дэсщ. Къуажэм нобэкIэ Адыгэу щыпсэур мэщIэ дыдэщ, нэхъыбэу щыпсэур Болгария къикIахэращ.

Къуажэр нобэкIэ Адыгэ унэгъуэ мэщIэ дыдэ щыпсэу хъуащ. Къуажэдэсхэр «гуэчмэн» кIэ дызэджэ Болгариям къикIа цIыуххэр нэхъ щыпсауэ зы къуажэщ. Ипэм къуажэр тэмэму щыдэсым щыгъуэ щыпсэу лIы цIэрыIуэхэр; пщы Жамботыкъуэ Мухьэммэд, Къанокъуэ Алим, Анзор, Арафэ, Къанщау, Абазэ Рэшад, Хьакъи, Пщыгъуэтыж Фози, Емин, Урыс Фикри, Кьарэ Кемал, Расим, Хьабукъ Джэуад, Хьемащэ Хьусен, Нэзир, Къагъэзэж Махьир, Еркэ Къазихьан, Мухьарби, Мэшалэ Казим, Хьаткъуей Хъусин, Лакъун Нэджати, Саид, Илокъуэ Саид, Мазхьар, Бек Хьасан, Хъусен, Рэшад, ЩIэмысэ Былэ, Фуад, ГъукIэжъ Дурсын, Абыдин, ХьаIупщэ Рэшид, Рушти, Фэхьми, Шакир. Сиуг къэкIыжахэр мыхэращ.

Къуажэ дэсхэр зэпсори къалэшхуэхэм дэсхэщ унэгъуэ зыбжанэ къуажэм къокIуэж гъэмахуэми я щIы толэжьыхьхэр. Къуажэм мэл былым зэрихуэуэ нэрыбгэ дэсыжкъым.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz