Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ПщIыхьэпIэ, нэхуапIэ!

-Илкай! Нэхъ гъунэгъу щхьэ зыкъуомыщIрэ! Сыценэм и кум къиувэ! Къыдэплъейт!-

Бзим, нэр имыгъаплъэу…! Мы Рае, и дахагъэр!! Бзиуэ къежэбзэхыр!

Дыгъэ, хьэмэрэ Рае? Е Сэтэне Гуащэ? Нэр тедиеу дахащэ!

-Моуэ къэуви, си жыIэр, цIыхубэм яжэIэж!-

А! КIуэнэ, мыри! ЩIаращIэу, лыду!

«Нэхъ макъ щабэкIэ, нэхъ макъ щхьэпэкIэ!» жи.

КIуэнэ, Рае бгъэдоувэ. Нэхугъэмрэ хуэбагъэмрэ мэкуэд! ТIуми яIыгъыр, бжьами хужь!? ЗыжьэкIэ:

«ХьетI жевгъэIэ!» Сызытхьэкъу макъкIэ, ар гуэрыу, «ХьетI жевгъэIэ! ХьетI жевгъэIэ!»

Зэхэсхым, апхуэдизу сызыIэпешэри!

ЖысIэнури, щIэнури сымыщIэу; телъыджагъым си гъэдэрэщхъуауэ…!

Сыкъыщыушами си бзэгупэм пылът а псалъэр. «ХьетI жевгъэIэ!» Тынш, ХьетI жебгъэIэнур?

Еплът зэрыдэгъуэр; Раерэ КIуэнэрэ саригъусэу!

КъарэцIыкIу Илкай, Шыкъ Талихь, Табыщ Мурат, Къып Гупсэ, Думэныщ Фэрит, Хьэцlыкlу Раерэ

«ХьетI жевгъэIэ!» Мы жыIэгъуэр, динэхъыжьхэм куэдрэ зыхыдагъэхами, нэхъ гукъинэ щыхъуар, ди адэр дунейм ехыжа нэужь; си шыхъум, щэжьэжьым, щыжиIаращ. Анэм кIэлъыкIуэжа адэр, щIыгъунэ щыIэ-Канада-дэлъхур, Намыцэм щыпсэу шыпхъу нэхъыжьыр! Сабийуэ къэна дэлъху нэхъыщIэмрэ сэрэ, Къайсэрыжьым, ХьетI жэдгъэIэу…!

АдыгэбзэкIэ, япэдыдэ, гукъинэ схуэхъу, Хэкум сызэрепIщIыхьрэ, илъэс щэщIыми нэсащ. Абы щыгъуэ, Хэкур слъагъуми зэрыслъагъуфынур; пщIыхьэпIэкIэт.

Зызумысыжынщи, пщIы-

хьэпIэ дахащэр сщыгъупщэжынкIэ сыгузавэри стхат! Пандемир къежьэу фIыуэ тлъагъуэхэм дащIэбэй щыхъуам, зы хабзэфI къасщтэри; сытхъэжат:

Хэт нэхъ сигу къэкIа; пщIыхьэпIэкIэ слъагъу! Сытыт тIэ; а илъэситI мыIэтыгъуафIэм, нэхъыфIу къызэхъулIэнурт?

НытIэ иджыри Хэкур сигу къэкIауэ ара, мы ХьетI жевгъэIэр щIэслъагъур? Си гу ихууи хъуа?

Мэгъэ гъэмахуэм, узытхьэлэ и сабэмрэ, узыгъэтIкIу ихуабэмрэ схуэшэкIыну пIэрэт; Налшык кIуэн гугъэр симыIэмэ!

Жьынэпс Газетым и гуащэ Ли Гул, «Налшык’ыр, ар зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ и цIыхубзхэмкIэ, сIуэтэну схуейщ» жызоIэри… Ауей!

Си Адыгэбзэр ‘тхэн’ IуэхукIэ зэрым гъэщIэгъуэным ищIыIуж, текноложимкIэи сыIэшэмыгудыдэщ. Си компитур жьыдыдэр, япэдыдэ зытраIулIахэм ящыщу къыщIэкIынущ.

И щIыIужым и щIыIужу, сымаджэри бэджынэри къуожьэ! НытIэ, емынэм узэрихуэрэ жывIэIэ?

Сызезыхуэращ; Хэкум щыслъэгъуа Адыгэ пэж, Адыгэ цIыху дыщэхэр, сIуэтэжын хуейкъэ?

Дахэр, зыгъэдахэхэр!

КъарэцIыкIу Илкай, Апсэ Дианэ

Жыг Хадэм ситу сыздэкIуэм, зы макъ си цIэр жиIэ хуэдэ къысщохъу! ТIэкIу зызогъэхуом. СызоплъэкI. Сыт тIэ сызезыхуэр; сыздэщыIэр си Хэкурамэ, зызгъэфIэжурэ щэбрыкIуэу щхьэ къэзмыкIухьрэ; зы жыг закъуэ къазмыгъанэу сатеIэбэу, бзуцIыкIухэм къыраш урэдхэм седэIу. КъысхуаIуэтэнтэкъэ, ахэм, илъэсипщI лъандэрэ сымлъагъуам, сызхэныжа псэуныгъэм ихъыбархэр? Сыту куэдрэ сыкъежьа, куэдрэ сыгугъуа, а илъэсхэм; Хэкур слъагъунущ жызIэурэ! ЩызхузэфIэмыкIми, Адыгэбзэракъэ Хэку хъуар?

Зы щIыпIэр, зыгъэдахэр сыт хъуну пIэрэ?

Унэ хэра? Магазин зэщIэцIыуэхэра? Сынышхуэра? Е жыгышхуэхэрауэ пIэрэ? Хьэмэрэ гъагъэ зэмфэгъу дахащэхэра? Сосрыкъуэу, мафIэр цIыху цIыкIум къахуиши хуэдэуэ щыт ресторанышхуэм щэ? Налшык! Си дуней нэху; Адыгэ ЩIыналъэ, Къэбэрдейм игу, и гъэфIэн!

Налшык, дауи ягъэдахэ, саби дыгъэщыгъэхэми, жыгыхэми псыми, гъагъэхэми! Ауэ, АдыгэбзэкIэ зэпсалъэ, цIыхубзитIым, къалэр зэрагъэунэхур? Ахэм зэхызагъэх си анэдэлъхубзэр, псым хуэлIа щIым, уэшхыр зэрызэщIифыущ!

Рае, Розэ, Заринэ, Дианэ…

ЦIыхубзыр, гущIэгъум, щIэныгъэм, зэригъэдахэм нэхъ зыгъэдэхэфын; зей щыIэгъэнкъым. Налшык щысцIыхуа цIыхубз дахэхэр си нэгу къыщыщIэхьэжкIэ, мыдахэдыдэуэ мащIэдыдэщ яхэтыр. Ахэм янэхъыбэр, я Iуэху пэрытуэщ зэрыслъэгъуар. И лъэжьгъэми сыт хуэдиз къигъэщIэращIэу пIэрэ, цIыхубзыр?

ЩIалэгъуалэ, Хэку щIэхъуэпсу, ди нэ ди псэу къыздетшэжар, гъуэгуанэ кIыхьдыдэм иригъэзэщIарэ, жей хуэлIэуэ, Синдикам, хьэщIэщым, дыкъыщысам, Марьянэ дахэ, и гуфIэ гурыхьымрэ, и Адыгэ къабзэмкIэ къытпежьэу, гугъехь псори тщигъэгъупщэжатэкъэ! Джэрмэшыч Марьянэ, Хэкум дыщыIэхукIи, сыткIей къыддэIэпыкъуащ; къытхуэгумэщIащ.

Бжэмбахъуэхэ Агнесса, КъарэцIыкIу Илкай

Тхьэм, уи гухэлъ фIыдыдэхэр, къыбдигъэхъу; Синдикам и гуащэ дыщэ!

Ресторан гуэрым щытцIыхуа Мадинэ, цIыху щIэщIым нэсым яIэнэр, изэкъуэпIцIи- щIалэжьцIыкIухэм, сэ сызэрыхуе ящIынуIым жиIэуэ- зытезгъувэр, иIуэхум и гур етIауэ лажьэ мы цIыхубзыр, зи мылами, зыщымыхупыкIами, дэхащэт. Адыгэ Унэм щылажьэ, (си жагъуэ зэрыхъущи зицIэр щыгъупщэжа) хъыджэбз дахэм, щэхуэну, цIыху тIощым нэс тезэрыгуами, мыпIейтеуэ, шыIэ иIэу, нэфIэ гуфIэу, яхущыт датхэнэми. СэркIэ мис ари, иIуэху бгъэдэхьэкIэм, Адыгэ Унэм, игуащэ ищт.

ИтIанэ, Бжэмбахъуэ Агнесса!

Адыгэ арджэным, Адыгэ IэщIагъэ, тхыпхъэ щыпхъэхэм елэжь, Iэпэ Iэсэ, цIыху щабэ, гуфIэжу гуакIуэм, сытхуэдиз игъэдэхэн; и лъахэр?

Ди гупым тхухиха и зэманым дыфIэкIу, и сабий дыщэхэр къежьэуэ щытми, инэгу зыхэмыуэу, ищIэныгъэмкIэ къыддэгуэша Агнесса; тхьэм уи бынищым ямахуэфI куэд, куэдыдэ уигъэлъагъу!

Къып Гупсэ, псэм хуэдэу Гупсэ. Тыркум икIыу Налшык кIуа хэти, гурэ псэрэкIэ дэIэпыкъу, Гупсэ. ХьэтIохъущокъуэ Къази ицIэ зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, илэжьакIуэ. Япэдыдэ Хэкум дыщыкIуам, иунэм, дыщигъэхьэщIащ. СыткIей, сызхуэдгъэзэф, шыпхъу гуапэ. Илъэс куэд япэ, Тыркум уи кIыжыуэ, Хэкужьым унагъуэ щыпIщIын пхузэфIэкIащи; Тхьэм уэр пхуэдэр Адыгэ Лъэпкъым тхуигъэбагъуэ. Тхьэм уи бын закъуэм, и хъэр куэд уигъэлъау!

ХьэцIыкIу Рае!

ХьэцIыкIу Рае къазмыцIыху, фIыуэ зымылъагъу, зы Адыгэ щыIэу пIэрэ?

И Хэкупсэм, и щIэныгъэ лъагэм, Адыгэбзэр, хабзэр япэ зыригъэщым; егъэпIщIыпщ, егъэгуащэмахуэ! ХьэцIыкIур зытетыр жызIэфын хуэдиз, сыадыгэбзэуэ щытащэрэ!

Зи псалъэкIэр, къафэ дахэм хуэдэу гуакIуэ! Зэхизигъэх Адыгэбзэр, хъуэхъу щыIэм янэхъ дахэ къысщыхъурэ сызэдэIу;

Рае! Утхъэжу ущыIэ! Тхьэм куэдрэ, фIыкIэ дызэригъэлъагъу.

Къаныкъуэ Заринэ!

«Дыгъэр си щхьэщыбщ,

Си нэгур мазэщ,

ЛъэпкъыкIэ сыадыгэщ, фыкъызэхъуапсэ!

Псалъэр гум щоуш,

Си адыгэбзэм

Си псэр къегъэуш

Пщэдджыжь дыгъэпсу.»

Заринэ, «Сыадыгэщ» зыфIища мы усэ-уэрэдым, (нэхъ сигу къинэжар, мы сатырхэращ.) ИлъэсипIщ япэ, зэхуэс гуэрым сыкъыщэджауэ щытащ.

ИIэпIипщыми дыщэ зыпыщэщ; усакIуэ лъэщ! Уэ укъэзымцIыху, уи усэхэм емыджахэр сфIэгуэныхьщ. Адыгэ лъэпкъым нэгъуэщI зы хуомыщIами, ныбжьыщIэм яхуэптха ТеатырымкIей уипIщIэр, лъагэщ. Истамбылым дыщызэрылъэгъуам, тхьэм, Хэкуми дыщызэхуигъазэ жьысIэти, къызэхъулащ! Уи романхэр убагъуэ; дуней псоми, Адыгэ тхакIуэ Iэзэр, къырацIыху.

Зыгуэрым ижыIэуэ, Шурдымхэ япхъур; ди нысэ дыщэ Динарэ!

Динарэ, тхьэIухуд! Уи хабзэ дахэр зей зомыгъэтIылъэкIыуэ зэрыпIыгъым, зыкIэ уегъэлъэщри! Хэкум япэдыдэ щысцIыхуахэм уащыщщ. Табыщ унагъуэм къыщыдэпха хьэщIэгъуэм, Хъущт Эмэлрэ сэрэ, куэдрэ дытопсэлъыхыж, дыгуфIэрэ, дытхъэжу!

Фи бынхэм фагъэгуфIэу, Фагъэтхъэжу; фыбагъуэу, фыпсэу; си дэлъхумрэ уэрэ.

Апсэ Дианэ, пшынауэ Iэзэ. Уэри укъэзымцIыхурэ, уи пшынэ еуэкIэм димыхьэхрэ щыIэуэ, къыщIэкIынкъым. Дианэ, мащIэдыдэми сызэрепсэлъар, апхуэдизу си гу дэхьащи, фIыдыдэу слъагъу си Iыхьлы хуэдэу сигум илъщ. И щыкIэфIагъыр занщIэу зыхощIэ. Ди щIалэгъуалэ, хамэ Хэку щыпсэур, птхьэкъуащ; пшынэр бгъэбзэрабзэурэ. Тхьэм уиригъэфIакIуэ, насыпыфIэ ухъу!

Розэрэ Ларисэрэ!

Розэ, гум, лъынтхуэм иIэзэ, сымаджэм, гугъэ къезытыж, ди Ларисэ дыщэм, и анэ гумзагъэ!

Мэгъэм дыкъэплъагъуну укъыщыкIуам къэзгуфIар! Уи щытыкIэм идэхагъыр зэрызIуэтэжар:

Зы модели щыпсэуу сифIэщ хъукъым истамбылым; Щоджэн (Къэрэщей) Розэ изекIуэ дахэр иIэу!

Идамэм тырипхъуа, пIлэ кIэщIымкIэ, игурыхьагъым, фащэ дэхащэдыдэкIей нэмсыфыр, бжыгъэншэщ.

Ари зыгуэрт ауэ, Розэ и гукъинэхэр! Е и зэчыягъэр жысIэн? Илъэс тIощI  япэкIэ, Тыркум щилъэгъуа, нэхъ тпэIудза, уеблэмэ благъэм иблэгъэжым, цIэкIэ къыщIэупIщIэ; Щоджэн Розэ! Мы фIыгъуэ псор къыхуэзыхьыр, щIэныгъэ- лэжьэгъэм хуиIэ фIылъагъура?

Абыхэми сыблокIри, Ларисэ дыщэ зэригъэсар! Абы и гумэщIагъымрэ, и гукъэкIхэмрэ цIыхум игур зэриIэт, зэрыхигъахъуэ! Лъэпкъым, бын гъэса къыщIэбгъэхъуэнур Iуэху щхьэпэкъэ? Розэ, Ларисэ и махуэфI куэд угъэлъагъу; угуфIэрэ утхъэжу ущыIэ!

ИщхьэкIэ сымаджэми бэджынэми игугъу щIэсщаращи; Хэкум и цIыхубз дыщэхэм уатетхыхьынур, Iуэху дахэщ; заманыфI хуеуэ! Иджыри куэд си гу къинащ, схунэмгъэсу.

Тхьэшхуэм, Адыгэ щIэблэр зыгъэсэну Адыгэ цIыхубзыр къихъумэ.

Yazarın Diğer Yazıları

Гум Къинахэр

Хьэтыкъуейм и бжьыныху! Псыхьэлывэ ящlати, гуащэм: -Нысэ, бжьыныхур къэхь, псыхьэлывэр хьэзыр хъуас. Убыр хуихьыжьри, зыри илъыжтэlым жи; щиубым игъэлъеяти! -Дэнэ бжьыныхур? щыжиlэм; «Фушт фушт!» жиlэс жи; и гуащэм епсалъэтэlыми! (Дэданэ,...

Гум Къинахэр

ТлъэгъуагъэхэIым! Ди енэшхуэм Iэндез ищтэну къубгъэныр къыщтэмэ, псы имыт хъумэ, «Тхьэ нобэ зи махуэ, фипщыжьыр псэуамэ, фищхьэр зыгуиудынтэмэ; мы къубгъэныр мыпхуэдэу нэщIыуэ къызэрывгъанэм щхьэ!» Си едэкъуэш...

Гум Къинахэр

ЗЫГЪЭШХЭУ, УЭ ПШХЫУ! КІурашын Шэфикъэ, цІыху Іэнтикэт. Бажэм и джэдхэр ишхати, щІэхьэри апхуэдэу щилъагъум; «А бажэ джаур! Алыхьым сэ згъэшхэм уэ пшхыу, уи дунейр уигъэхь!»...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img