Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапӏэ №2-м иджыблагъэ зэӏущӏэ щхьэпэ щекӏуэкӏащ. 7-11-нэ классхэм щӏэс еджакӏуэхэр хуагъэзащ тхак1уэ, журналист, Щӏэныгъэхэмкӏэ Дунейпсо Адыгэ академием хэт корреспондент Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ, тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ магистр, адыгэм и пасэрей щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкӏэ щӏэныгъэлӏ Гувэжокъуэ Джэбрэӏил, адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэзыхьэсыж, зыгъэзащӏэ Тэхъу Мухьэмэд, УФ-м и альпинист, ӏуащхьэмахуэ 139-рэ дэкӏа Шыбзыхъуэ Казбек сымэ.
Курыт еджапӏэм и унафэщӏ Джэтокъуэ Риммэ хьэщӏэхэр щригъэблагъэм жиӏащ:
-Къытщӏэувэ щӏэблэм адыгэбзэр яӏурылъын, къызыхэкӏа лъэпкъым къикӏуа тхыдэ гъуэгуанэм щыгъуазэу къэтэджын, хабзэр зрахьэн папщӏэ къуажэ администрацэм и ӏэтащхьэ Къандэхъу Леонидрэ сэрэ къыхэтлъхьа ӏуэхущ мыр. Дунейм и зыужьыгъуэ гуащӏэм хэпсэукӏ лъэпкъ мащӏэхэм я щэнхабзэр глобализацэм дэмыкӏуэдын папщӏэ лэжьыгъэшхуэхэр ирагъэкӏуэкӏ иджыпсту. Дэри апхуэдэ гупсысэ диӏэу, ди еджакӏуэ цӏыкӏухэр адыгэ щэнхабзэм, тхыдэм, бзэмкӏэ щӏэныгъэлӏхэм яӏудгъэщӏэну къыхэтлъхьащи, тхьэмахуитӏым зэ дызэхыхьэныр тхузэфӏэкӏыну догугъэ.
Адыгэр къызытекӏа лъэпкъыжьым теухуа «Хьэтхэр» романыр зи ӏэдакъэ къыщӏэкӏа Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ еджакӏуэхэр щигъэгъуэзащ илъэс мини 6-кӏэ узэӏэбэкӏыжмэ псэуа ди адэжьхэм я тхыдэм:
-Хэкум адыгэу исыр куэд дымыхъуми, дунейм текъухьа ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэр мини 7-м щӏегъу. Ахэр илъэси 101-кӏэ екӏуэкӏа Урыс-Кавказ зауэжьым ирихужьэу я лъахэр иригъэбгынами, адыгэм тхыдэшхуэ и щӏыбагъ дэлъщ, «хьэтхэр» жыхуаӏэу Кавказымрэ Азие Цӏыкӏумрэ щыпсэуа лъэпкъыжьым дыкъытекӏащ. Ахэращ гъущӏым япэу елэжьын щӏэзыдзари, лъэпкъ зэхуэмыдэхэр зэкъуагъэувэу Хьэт къэралыгъуэшхуэр къызэзгъэпэщари. Ар хъыбарыжь къудей мыхъуу, археологиер щыхьэт зытехъуэ тхыдэщ. Лъэпкъым и пщэдейр къыпызыщэнур, хабзэмрэ бзэмрэ и хъумакӏуэу къытщӏэувэр щӏэблэращи, а псоми хэфщӏыкӏын хуейщ. Цӏыхур къызыхэкӏамрэ и лъэпкъым къича гъуэгуанэмрэ зыщигъэгъуэза нэужь и дуней еплъыкӏэми зехъуэж, и хэкупсэр къызэщӏоушэ, – къыхигъэщащ и псалъэм.
Анфисэ зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ роман зыхуигъэпса Хьэт къэралыгъуэр къызэрыунэхуам, ахэр Кавказым икӏын хуей щӏэхъуам, я хуитыныгъэм папщӏэ зэзэуахэм, кӏуэдыжыгъуэ яхуэхъуам, хэкум къина хьэтхэр адыгэкӏэ зэджэж лъэпкъыу нобэм къызэрысам.
Еджакӏуэхэм гъэщӏэгъуэн ящыхъуащ Гувэжокъуэр зэлэжьри. Адыгэбзэр макъыбзэу, щӏыуэпсыбзэу зэрыщытым, пычыгъуэ къэси мыхьэнэшхуэ зэрыхэлъым, адыгэ тхыпхъэхэр пасэрей тхыбзэу зэрыщытым, тхыпхъэ къэси хъыбар щхьэхуэ къызэра1уатэм тепсэлъыхьащ ар.
-Адыгэм и ӏэщэ-фащэр дахэу игъэщӏэращӏэ къудей мыхъуу, тхыпхъэ къэс мыхьэнэ гуэр щӏилъхьэу щытащ. Апхуэдэу, къамэм, сэшхуэм, хьэзырым, бзылъхугъэхэм я бэхуцейм тещӏыхьа тхыпхъэхэм цӏыхур къахъумэу я фӏэщ хъурт ди адэжьхэм. Щӏэныгъэшхуэ бгъэдэлъащ ди япэ итахэм. А псоми теухуауэ ди щӏэныгъэл1хэм тхылъ щхьэпэхэр ятхыжауэ щыӏэщи, зыщывгъэгъуазэмэ гъэщӏэгъуэн фщыхъунт, хэт ищӏэрэ, а лэжьыгъэхэм къыпызыщэн ӏэщӏагъэлӏ фыхъуну фыхъуэпсэнри хэлъщ, – жиӏащ Гувэжокъуэм.
Адыгэ уэрэдыжьхэм лъэпкъ тхыдэр ӏуэрыӏуатэ защӏэу нобэм къызэрахьэсам, псалъэжьхэм, жыӏэгъуэхэм, псынщӏэрыпсалъэхэм ӏущыгъэу хэлъым я гугъу ищӏащ Тэхъу Мухьэмэд. Нэхъыжьыфӏым гу лъитащ лъэхъэнэ гуэркӏэ тхыбзэ имыӏэу къэгъуэгурыкӏуа зауэлӏ лъэпкъым и блэкӏар ирихъумэн папщӏэ иуса уэрэдыжьхэм мыхьэнэшхуэ зэраӏэм, ар лъэпкъ щэнхабзэм и ӏыхьэшхуэу зэрыщытым.
Альпинизмымкӏэ мастер, УФ-м и альпинист, адыгэ нып нэхъ ин дыдэр ӏуащхьэмахуэ дэзыха, «Щӏыхьымрэ лӏыгъэмрэ» я орденымкӏэ ягъэлъэпӏа Шыбзыхъуэ Казбек щӏалэгъуалэм щапхъэ зытрах къуажэдэсщ. Абы зэӏущӏэм къекӏуэлӏа ныбжьыщӏэхэр щигъэгъуэзащ ӏуащхьэмахуэ лъапэ и ӏэхэлъахэм къыщагъуэтыж фэеплъхэмрэ археологие къэхутэныгъэхэмрэ зыхуэдэм.
(Адыгэ Псалъэ)