Мы псалъащхьэр, и къежьапIэр, гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, цIыхугъэм и щIэдзапIэм дыкIуэу, «хьэ лъэхъэнэр» иухауэ, тIысыпIэ яухуауэ, «къуажэ»у, «хьэблэ»у зыхэсу, я шхын Iыхьэр лэжьыгъитIым къыхахыу щыпсэу лъэхъэнэм щыщIэддзэнщ.
Мы лэжьыгъэхэм я зыр, Мэл-былым зыфIэща псэущхьэхэр зехуэн, ахэр гъэбэгъуауэ я шхын Iыхьэр къыхахын.
Адырейр, щым телэжьыхьыу, япэ дыдэ къэкыгъэ «хьэ»р къагъэкIыу я шхыныгъуэу вэнырэ, хэсэн Iуэхум къыхэкI лэжьыгъэ вэн-сэнкIэ гъавэри, ягъавэри шхыныгъуэ яхуэхъуну елэжьын.
ЦIыхугъэр япэ дыдэ шхын Iыхьэ папщIэ, зэлэжьа IуэхугъуитIыр мы тIуращ. Мы Iуэхухэм я шхын Iыхьэр къыхэкIт. Къыщыдэхуэй щIыхъум щIыгъуэ къыдэхуахэм щыщ иратурэ, зыхуэныкъуэм щыщ къыIырахыурэ, зырахуэжьт. «Зэхъуэж» псалъэм къежьапIэ хохъу. Зыпэгъунэгъу, зылъэIэсыфхэм зыхуахьыурэ зырахъуэжт. Зырахъуэжхэм зы уасэ иIэт. Зы вы, зы жэмкIэ мэлищ ирату яхъуэжу. Зы мэлым и уасэм мыхьэжауэ зы бжыгъэ «хьэ»кIэ яхъуэжьыу.
Ауэ иратыну къэкIыгъэхэкI хьэм пэкIуэж псэущхьэ щIанэ, плъанэ техуэмэ псэущхьэр ищIыкIа хъууэ, зырамыхъуэжыфыу гугъу дехьыу щIадзащ. Нэгъуэщ зы зэхъуэжыкIэ хуэныкъуэ хъуауэ къежъащ. Нэгъуэщ гъуэгу хэкIыпIэ щылыхъуэ лэхъэнэр «гъущI лъэхъэнэ» хэхьэгъуэм хуэзэт.
КIуэурэ, къуажэхэр къалэ хъуащ. Унафэр зыIэщIэлъ зы нэхъыщхьэ яхэт хъуащ. Къалэхэми я тепщэгъуэр зыIэщIагъэхьэу къралыгъуэ хъуащ. ПщIэ зиIэ, зехьэгъуафIэу, зыщыпсэу щIыпIэ щIыналъэм щымащIэу, гъуэтыгъуейуэ къыщIаха гъущI хэкIхэм къыщагъуэтащ зырахьэну, пхыкIыну гъущIхэкIым хещIыкIа Iэмэпсымэхэр. Ахэм нэхъ мащIэу щIым кыщIэкI, къыхэкIхэм зыр «дыщэ» зыфIэща гъущIхэкIымрэ, «дыжьын» зыфIэща гъущIхэкIхэращ.
Дыщэр зэрымащIэм къыхэкIыу, нэхъ пщIэшхуэ иIэу хъурей цIыкIуу къырагъэджэлауэ зэрыз зэрызуу. Дыжыным и пщIэр, дыщэм кIэлъыкIуэу, чы псыгъуэ хуэдэу иракIэу къырагъэджэлауэ, ягъэжауэ зырахьэну, зехьэгъуафIэу, и хьэлъагъэм епхауэ уасэй хуэщIауэ зырахьэу щIадзащ.
Ди бзэм зэриIуатэмкIэ; «ды/щэ»ри, «ды/жьын»ыри зы фIэщхъуныгъэкIэ зэпха «ды/гъэ»м и цIэм къытехъукIащ. Ды/гъэм и теплъэ щIыкIэ хъуреягъыр и теплъэу, и плъыфIэр дыгъэм и плъыфэу, махуэм «щэ» ирах фэхъусым и бжыгъэри, и пщIэри дэщIыгъуауэ «ды/щэ» фIэщауэ, дыгъэм еIусэ игугъэу, «щы/гъэ» хуэдэу, и Iэгум щиIыгъыу, и Iэпэм щигъажэу дыгъэм и фIэщхъуныгъэцIэ, и цIэр и Iуэу (зы/кы/ра) зэрихьэ, Iэмэпсымэ (хьэпшып) лъапIэ дыдэу гъащIэм къыхэхьащ. Куэд дэкIагъэнщ щэн/щахуэными щыхэхьар, «Iэпэ зытегъэж» псалъэри дэщIыгъуауэ.
Щэн/щахуэным япэ кIыщIэ щызырахьар «ды/жьын»ыращ. «Ды/жьын»ым и цIэми «ды» псалъэмкIэ щIедзэ, ари «ды/щэ»м хуэдэщ, ауэ «жьы» хъуауэ и плъыфэр пихуауэ ху/жьы/гъэ игъуэтауэ «мазэ» плъыфэ ираплъауэ къыщIэкIынущ.
ДыщIэм и инагъ (хьэлъагъ)ым епхауэ зэрызу зы пщIэ, зы (уасэ) иIэт. Дыжыныр чы псыгъуэм хуэдэу къигъэджэлати шэкалъэкIэ яшэкыу иратырт. Мы дыжьын щIатыми цIэ хуэхъуат. «Шэк» псалъэм къытехъукIауэ «шэкэлъ, шэкэл»ыр хузырахьэу щIадзауэ.
Зы шэкэл хьэлъагъыр = къэкIыгъэ «хьэ», 180 хьэдзэм и хьэлъагъыращ. Ари нобэрей бжыгъэу 8.34 грам дыжын и хьэлъагъщ.
60 шэкэлыр, зы манахь (мина) хужаIауэ, 1/2 килограм и хьэлъагъщ.
60 минар, зы тылъэнт мэхъур. Ари 30 килограм и хьэлъагъщ.
Мы дыжын уасэ, хьэлъагъ, бжыгъэхэр щызырахьар Анадолэм и къуэкIыпIэмкIэ Мэзэпотамя лъэныкъуэращ.
ДызэIэбэкIыжмэ, илъэс минипIлI (4.000 гъэ) ипэ, «гъущI лъэхъэнэ»м, Тэуратым (Тора) зэрыхэтыжу, Тхьэм и лIыкIуэу я лъыта Абрахам, и щхьэгъусэр дунейм ехыжауэ, Кэнан щIыналъэм «хьэбрауэ» зыфIэща щIыпIэм, и хьэдэр щIым щыщIилъхьэнущ. Абы щыIэ бгъуэнщIагъымрэ, абы пыщIа щIыпIэр къищэху абдежым щыщIилъхьэмэ къищтэу. А къалащхьэм дзэпщыу ХьэтитI Iэфрон тетщ. Абы жыриIэу, зыхыригъэхыу къищэхумэ фIэфIыу. Хатит Iэфрон зыхихауэ къопсалъэ:
-Уэ, Тхьэм фIыуэ укъилъагъу у зы бейщ. Уэ дэнэ дей ухуейми щыщIэлъхьэ!
-400 шэкэл щIэптыу къомыщэхуми хъунущ, ягъэ кIынкъым, къыжыриIами, Абрахам игу мызагъэу и уасэ 400 шэкэл пэкIуэ дыжыныр, щэн/щэхуакIуэхэм я шэкалъэмкIэ ишэкыу, щIитыри къищэхуащ. (А лъэхъэнэм а щIыпIэм щIыгу щыуимыIэмэ абы ущыщу ябжтэкъым. ГъуэгурыкIуэм ухабжэт.)
Тхьэм и лIыкIуэ Иса ипэ еблэнэрей (7.) лIэщIыгъуэхэм хуэзэу Анадолэм и къуэхьэпэмкIэ щаухуа къралыгъуэхэм щыщ Лидя Кралыгъуэм и нэхъыщхьэ къалэр «Магъ Нысэ» (Маниса)щ. А лъэхъэнэм, абыхэм къыщыдагъэкIащ гъущIхэкIыу, зы тэплъэ щIыкIэ зиIэ ахъшэ (пара), зы Iувагъ иIэу, хъурей щIыкIэу, кралыгъуэм и нэщанэ сурэтхэр, напэ лъэныкъуэхэми тетыу. Абы къыкIэлъыкIуэу Ийоням епхауэ Милэт, Эфэсус, Симурна хуэдэ къалэ къралыгъуэхэми къыдагъэкIыу щIадзащ. Троуа зауэм и зэуакIуэхэм я цIэ, я сурэт зытэтхэри мы лъэхъэнэм къыдагъэкIыжауэ хыдолъагъуэ.
Персхэм я тепщэгъуэм щыгъуэ, Лидя къралыгъуэр ираудыхами, гъущIхэкI ахъшэр къыдагъэкIащ. Персхэр, Макэдон Алэксандэр и дзэм зытырекъутэ, Хэлэн лъэхъэнэр, кIэлъыкIуэу Рома, Бизанс къралыгъуэ зыкIылъокIуэ. Псоми гъущIхэкI ахъшэхэр зырахьэ.
Дунейм лэпкъ щхьэхуэхэм къралыгъуэ зэрыз яухуэ. Зыхуэхьэса хъуа дыщэ/дыжьын хуэдэ уасэф зиIэ хъуа гъущIхэкIхэр, шызыхуэс, щызыхуахьэс щIыпIэхэм (Банкэр), дыщэм хуэдиз пщIэ зиIэ тхылъымпIэ къыдагъэкI. Мы къыдагъэкIа тхылъымпIэхэр щэн/щахуэным щызырахьэу щыпхокI. КIэлъыкIуэу къралыгъуэхэм я тхылымпIэ ахъшэ (пара)хэр къыдагъэкI. Банкхэм далъхьэ щахъумэ. Къыдах зырахьэ. Ирищахуэну далхьэж.
Мы тхылъымпIэ ахъшэри зехьэгъуей щыхъум щыгъуэ, банкхэм карт зыфэща пластик плIимэ цIыкIухэмкIэ, ирищахуэу, къищэхуари ирпшыну ахъшэм емыIусэу, имылагъуу и Iуэхуу хъуар зыблех, егъэзащIэ.
Ахэм нэмыщI мынэрылъагъуу къежьа «биткоин» зыфIэща, щэн щахуэным и щэхугъэри зыхэлъ зы пщIэ зиIэ, мынэрылъагъу Iуэхугъэ къырагъэжауэ, ари зырахьэ…
Щэн/щахуэным нобэ къэсыхукIэ хузырахьауэ пщIэ зыхуащIа, дыщэ, дыжьын, ахэм къытехъукIауэ тхылъымпIэ ахъшэ, банк карт, коин хуэдэ пщIэ зиIэхэр зырахьэу къэгъуэгурыкIуащ.
ЦIыхухэр хьэблэу тIысауэ псэуным щIадза нэужь, зыхуэныкъуэхэр зыIэщIагъэхьэн папщIэ; зырахъуэжыу щIадзами гугъу дехьыу, щэн/щахуэ зыфэща Iуэхугъэ къырагъэжьар гъэкIэщIауэ нобэ къэсыхункIэ сытепсэлъыхьащ.
Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр, щэн-щахуэн псалъэр къыщежьам щыгъуэ, бзэм и къыхэхьэкIэращ. «щэ» псалъэм хэтыжыу егъэлъагъуэ, махуэнэкIэ пльагъуу гъэзащIэ къыджеIэ.
«Ща/ху/э» псалъэми нэхъ нахуэжыу «ху» макъыми игъэлъагъуэу хэтыжщ. (ГурыIуэгъуэу пIэрэ? А «щы»р, «щэ»р щы’щыIэ’ращ нэхуу, нахуэу нэм щилъагъур!)
Аддэ, пасэрейм щыгъуэ, щIэныгъэм уэздыгъэр къыхэмыхьауэ, жэщым и кIыфIым нэм щимылъагъум щыгъуэ «щэн»и, «щахуэн»и хэхьэтэкъым…
Нобэ щIэныгъэм и фIыгъэкIэ, жэщыми, махуэми нэм илъагъуу дощахуэ.
- Нобэ, пщIэшхуэ зыхуащI «ды/щэ»м,
- зы фIэщхъуныгъэ хабзэу, «ды/гъэ»у еIусэу,
- Iэпэ «щы/гъэ»у игъажэу,
- зы тхьэлъэIу щIыкIэу Iэгукум щиIыгъыу,
- яужкIэ; -Сыт хуэдиз и уасэр? къизыгъэкI упщIэ
- «Iэпэ зытегъэж» гъэлъэгъуэкIэри,
- а псалъэри щэн/щахуэ бзэм къыхэзыша,
- ди бзэм и ныбжьыри, и пщIэри тщIэу пIэрэ?