Дэтхэнэ лъэпкъми иӏэу къыщӏэкӏынщ езым къехьэлӏа тхыдэ ӏуэхугъуэхэр, къэхъукъащӏэхэр здызэдигъэлъапӏэ щӏыпӏэ хэхахэр. Апхуэдэщ илъэс къэси, хабзэ зэрыхъуам тету, адыгэ лъэпкъыр, дызыхэс нэгъуэщӏ лъэкъхэри къытхэту, дыздызэхыхьэ Али-Бэрдыкъуэ къуажапщэм щыӏэ, Кавказ зауэм хэкӏуэдахэм я фэеплъ-сыным и щӏыпӏэр.
Ар Кавказ зауэм, щӏыпӏейхэм щикӏуэда ди лъэпкъэгъухэм я фэеплъ хъуныр зипкъ къикӏа, сыным пэублэ хуэхъуа фэеплъ мывэр зыгъэувауэ щыта Хутэ Михаил, жагъуэ зэрыхъущи, мы гъэми и лъэпкъым къыщӏыгъунукъым.
Ди нэгум къыщӏоувэж иужьрейуэ ар а щӏыпӏэм щытлъэгъуа накъыгъэм и 21 махуэр: адыгэ фащэр и пкъым екӏупсу щыкъузарэ зэщӏэкъузауэ, зыхэплъэ и лъэпкъэгъухэм защимыгъэнщӏу… Тхьэм здэкӏуам щигъэтынш, ищӏа ӏуэху угъурлым и фӏыр ахърэтым къыщылъигъэсыж. Мыбдеж, щӏылъэм, абы и цӏэр щыжаӏэ, и ӏуэхур ящыгъупщэкъым. Абы къикӏыр аращи, къытхэтщ Михаил, мыкӏуэдыжынщ къигъэна лъэужьыр.

Атӏэ, сыт нобэ уи щыӏэкӏэ, адыгэм и зэхуэсыпэ, и фэеплъ щӏыпӏэ? Дауэрэ уекӏуалӏэрэ Кавказ зауэжьыр зэриухрэ мы гъэм илъэси 161-рэ щрикъуну махуэм, блэрэ уи жьэгу мафӏэр, щхьэщыт адыгэпсэр уи щӏыпӏэм?…
Апхуэдэ упщӏэхэм я жэуапыр зэхэтхым къыщымынэу, ди нэкӏэ зэдгъэлъагъумэ ди гуапэу деблэгъащ щӏыпӏэм. Сыт щыгъуи хуэдэу, гуапэу къытпежьащ пщӏантӏэшхуэми, абы дэт музейми я лэжьакӏуэ, и зехьакӏуэ Хутэ Аслъэн, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щэнхабзэмкӏэ и Унэм и унафэщӏ, адыгэгу, адыгэпсэ нэгъэса Унэгъэс Зэмрэт сымэ.

— Щӏыгъуэ-щӏэж махуэм и гугъу щытщӏкӏэ, комплексым къызэщӏиубыдэ плӏанэпэ, ухуэныгъэ къэс гулъытэ хуэщӏыпхъэщ. Музеймкӏэ къедгъэжьэнщи, жагъуэ зэрыхъущи, мыбы Кавказ зауэм теухуа хьэпшып щӏэлъкъым, картэ зытӏущ къинэмыщӏа. Ауэ лъэпкъым и тхыдэм дриплъэжыну гукъыдэж диӏэмэ, музейм и хьэпшып къэс абы и псалъэншэ нагъыщэщи, ди бжэхэр хэти хузэӏухащ, тцыхумкIэ дадогуашэ, хэкуихур къызыхуахьауэ щыта лъэпкъ уардэм и джэгукӏэу, и псэукӏэу щытам я дунейм хыдошэ.

Музейм и къежьапӏэ хъуауэ къэплъытэ хъунущ Али-Бэрдыкъуэ къуажэ курыт еджапӏэм щӏэлъа пасэрей хьэпшыпыжьхэр. Мафӏэс шынагъуэншагъэ хабзэкӏэ ахэр еджапӏэм щӏэлъ мыхъуну ӏуэхур къыщыкъуэкӏым, щӏыпӏэ зэхуэмыдэхэм щаӏыгъащ. Апхуэдэу зэрыщытыр зэхэзыха къуажэдэсхэр зэчэнджэщри, унафэ къахьащ мыбдеж къыщӏалъхьэну. Ахэр музей хьэпшыпу тхъумэным папщӏэ дызыхуэныкъуэ ашыч тегъэпсыхьа тӏощӏрэ ирэ хьэрычэтыщӏэ Аргун Олег и мылъкукӏэ тхуригъэщӏащ.
Адыгэ Хасэм хэт щӏалэхэр, еджакӏуэ цӏыкӏухэр, къуажэдэсхэр — псори зэщӏыгъуу делӏалӏэри, хьэпшыпхэр музейм къэдгъэкуэшыжащ. Аргуэру Олег къытхуищэхури, картэ, сурэт, къинэмыщӏхэр тыгъэ къытхуищӏащ. Абы щегъэжьауэ цӏыхухэми хьэпшыпхэр къыдахьэлӏэн щӏадзащ. Ныбжьышхуэ зиӏэхэр яхэтщ абыхэм, апхуэдэщ, псалъэм и жыэгъуэкӏэ, илъэси 100 ныбжь зиӏэ бащлыкъыр.
Си гум къинэжащ зы къэбэрдей щӏалэ. Ар гъуэгурыкӏуэу музейм къыщӏыхьэу зыщиплъыхьа нэужь: «Щӏакӏуэ фиӏэкъэ?» — жери щӏэупщӏащ. Зэрыдимыӏэр къыщищӏэм, музейм щӏакӏуэ тыгъэ къыхуищӏыну дыкъигъэгугъащ. Махуэ зыбжанэ нэхъ текӏатэкъым, щӏакӏуэшхуэ музейм къыщыщӏихьам. Ар адыгэгукъэ, ар и псалъэм тетыж цӏыхукъэ?! Тхьэм игъэпсэу ари, пасэрей хьэпшыпыжьхэр и унагъуэ кърихыу тыгъэ къытхуэзыщӏ дэтхэнэри.
Мы фэеплъ щӏыпӏэм, адыгэм и гуауэм и нагъыщэ хъуам, хэхауэ кино трахыну гуп къытхуэкӏуауэ щытащ. Нэгъабэ къудейр къэсщтэжынщи, Тыркум къикӏа гупиплӏ ди хьэщӏащ. Иорданым къикӏа, Шыбзыхъуэхэ къахэкӏа зылӏ ди хьэщӏащ. Ар зыгъэ ди лъахэм къеблэгъауэ щыта пащтыхьыкъуэ Алий щӏыгъут, генералт. Абы лъандэрэ и гум илъащ къытригъэзэжыныр икӏи зригъэхъулӏащ и хъуэпсапӏэр.
Иджы дыдэ зы унагъуэ гупыфӏ къытхуэкӏуащ. Езыхэр шапсыгъхэм ящыщщ, Тыркум къикӏащ. Зы нанэ ящӏыгъут, илъэс 90-м щӏигъу и ныбжьу. Хуабжьу игу хыхьэу музейм зыщиплъыхьащ, ӏуащхьэм дэкӏыным пэлъэщыфыным тӏэкӏу чэнджэщ къытесхьами, сыхущӏригъэгъуэжащ: «Сэ нет сщӏыуэ сыкъыщӏэкӏуар аращ, зи хъыбар зэхэсха мывэ сыным дыуэ тесщӏэну, тхьэ сыщелъэӏуну сыхуейуэ»,—жери. Фи фӏэщ зэрыхъун, сылъэщӏэмыхьэу дэкӏри къехыжащ а нанэр ӏуащхьэм.
Дызэпсалъэурэ, жесӏащ мывэ сыныр къезыхьэжьа, зыгъэува Хутэ Михаил сызэрикъуэшыр, Исмэхьил дызэрикъуэр. Нанэр къэгуфӏэри жиӏащ зыщыпсэум деж Исмэхьил, Хьэмид зи цӏэ, Хутэ зи унагъуэцӏэ лӏы хъарзынэхэр зэригъунэгъур.
Хутэ лъэпкъым щыщ Тыркум икӏауэ щытащи, ди ӏыхьлы гуэру пӏэрэ жызоӏэ. Си телефонри нанэм ищтащи, сыпоплъэ жыхуиӏахэм зыкъыщыспащӏэнум. Хьэщӏэу къытхуэкӏуэм щӏыпӏэм я щхьэр хуагъэщхъ, ягухэр къыщызэфӏонэ, блэкӏа гуауэм егъэдзыхэ. Хэти къигъэзэжыным щӏохъуэпс, ауэ куэдым ар къахъулӏэну гугъапӏэ яӏэжкъым… Ауэ, хьэкъыр зыщ — дэнэ щымыӏахэми, дэнэ щымыпсэуми—дызылъэпкъщ, дызыкъуэпсщ, ди зэпыщӏэныгъэм и зы ӏэмалщ фэеплъ щӏыпӏэр, —жеӏэ Аслъэн.
Пэжщ ди нэхъыжь угъурлым жиӏэр. Комплексыр цӏыхуншэ, гулъытэншэ хъукъым. Абы и щыхьэтщ музейм щӏэлъ, цӏыхубэ псалъэхэр зратхэ журналхэр. Апхуэдэ зым из хъури ӏуахыжауэ, етӏуанэм и зэхуэдитӏыфӏми блахужащ. Дыхуейт иратха псоми дыкъеджэну, ауэ абыхэм я нэхъыбэр хамэбзэкӏэ тхащи, неӏэмал, тхуэгъэкъулейкъым. Тхыгъэхэм кӏэщӏэтхахэмкӏэ гурыӏуэгъуэ мэхъу зытхахэр къыздикӏар: Германие, Сауд Хьэрып, Эмиратхэр, Йордан, Щам, Сахалин, Москва, Согъум… Гъэщӏэгъуэнракъэ, ахэр псори адыгэкъым, яхэтщ урыси, къинэмыщӏ лъэпкъи, ауэ псоми щӏыпӏэр зэрызрагъэщӏэгъуэкӏыр, тхыдэ къэхъукъащӏэм пщӏэ хуащӏу зэрахъумэм папщӏэ фӏыщӏэ ящӏ.
—Ди лъэпкъым къытепсыхауэ щыта гуауэм ди гур, ди псэр зэгуэрми ибгынэкъым, ауэ дэ къэдгъэхъукъым нэгъуэщӏ лъэпкъхэм деныкъуэкъуу, дыхьэргъэшыргъэу, ди гуауэр дгъэпудыжу, куэдыщэрэ я пащхьэм щыдгъэджэрэзыныр. Дызыщыпсэур хамэ къэралхэри къызыхуенэцӏэкӏ, щапхъэ зыхуащӏ Урысей уардэщи, абы и хабзэм зедгъэкӏуу, мамыру допсэу.
Ди лъэпкъыбзэ зыдохьэ, додж, ди хабзэ, ди дин къытпаубыдкъым, а псори шыкурщ. Атӏэ, мес, тпэжыжьэ хъуа ди лъэпкъэгъухэм хьэзабышхуэхэр ятелъу псэуащ, уеблэмэ я адыгэбзэ къажьэдэӏукӏын, адыгэцӏэ я быным фӏащын хуимытыжу. Кӏуэ иджы апхуэдэжкъыми, абыи дыщогуфӏыкӏ,—псалъэм къыпещэ Унэгъэс Зэмрэт.
Музейм, комплексым и къежьэгъуэ дыдэми дыщагъэгъуэзащ ди псэлъэгъухэм. Апхуэдэу, зыхузэфӏэкӏхэм я мылъку хэлъу, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъум хуэкӏуэу, 2014 гъэм къызэӏуахауэ щытащ комплексыр, абы дэт псэуалъэхэр. Ауэ ӏуэхур зэпыужри, зы зэманыфӏкӏэ комплекси, музеи мылэжьэжу щытащ, къуажэр зэхыхьэу, Аргун Олег дэӏэпыкъуэгъушхуэ къахуэхъуу, 2019 гъэм къызэӏуахыжыхун.
Псори зипкъ къикӏа фэеплъ мывэжьым и гугъу пщӏымэ, Зэмрэт зэрыжиӏэмкӏэ, ар 1989 гъэм, накъыгъэм и 7-м къытрагъэувауэ щытащ. 1991 гъэм япэ пэкӏур мы щӏыпӏэм щекӏуэкӏащ, япэ мывэ сынри нэгъуэщӏкӏэ зэрахъуэкӏащ. Ауэ Михаил игъэувар комплексым дахакъым, ар ноби ӏуащхьэм и лъабжьэм щытщ, псоми и къежьапӏэ зэрыхъуам и щыхьэту. Иуьрей илъэсхэм комплекс пщӏантӏэм жыгыщӏэхэр къызэрыщыкӏым гу лъумытэнкӏэ ӏэмал иӏэкъым. Апхуэдэу, нэгъабэ, Адыгейм къикӏа бзылъхугъэ гуэрхэм щхъуэмчжыг цӏыкӏуищ хасауэ щытат, адыгэ лъэпкъищым я нагъыщэу. Щхъуэмчжыгхэм щӏагъужащ мыӏэрысейхэр. Иужькӏи гъэщӏэгъуэн къэхъуащ.
— Жыгхэм я гугъу щытщӏакӏэ, зы сигу къокӏыж, — жеӏэ Аслъэн. — Адыгейм щыщ зы бзылъхугъэ Хьэбэз щыхьэщӏэти, комплексым къашэри зыщрагъэплъыхьащ. Кӏуэжри, заули текӏыжауэ, Хьэбэз, зи хьэщӏахэм къысхуаӏуэху: ди хьэщӏа бзылъхугъэм пщӏыхьэпӏэ и нэгу щӏэкӏащ, гъэмрэ щӏымрэ щызэблэкӏ махуэм, гъатхэпэм и 21-м мы щӏыпӏэм жыгыщӏэ цӏыкӏу, адыгэ лъэпкъищым ди нагъыщэу, хэфсэн хуейуэ, къызжаӏэ. Тщӏащ апхуэдэу. Мес, дыхьэпӏэ дыдэм щытщ, мэкӏ жыг цӏыкӏур.
Фэеплъым, музейм теухуа ӏуэху щӏэщыгъуэхэм я гугъу тщӏынщи, Хутэ Михаил и цӏэкӏэ къуажэ еджапӏэм шахмат джэгугъуэхэр щрагъэкӏуэкӏынущ. Музейр проекторкӏэ къызэрагъэпэщ. ӏуащхьэ лъабжьэм телъ, адыгэ лӏакъуэцӏэ 12-м тетхахэр къагъэщӏэрэщӏэжынущ, пэкӏу нэужьым пагъэнэжыну жьэгу мафӏэ теплъэгъуэр ягъэхьэзыр… Апхуэдэрыххэщи, ӏуэхур куэдщ, ауэ абыхэм иужьыӏуэкӏэ, щыгъуэ-щӏэж махуэм и дауэдапщэхэр зэфӏэкӏа нэужь, фыщыдгъэгъуэзэнущи, иджыкӏэ ипэ дилъэдэнкъым.