Мысост Айшен Гёксу Дагъыстанлы егугъуу игъэхьэзыра «Къуэпсхэмрэ Дамэхэмрэ – шэрджэс унагъуэхэм я тхыдэхэр» жыхуиӏэ тхылъым, си щхьэкӏэ, сытемыпыӏэжу сыпэплъэрт. «Папирус» тхылъ тедзапӏэм къыдигъэкӏа тхылъым, пэж дыдэу, упэплъэну хуэфащэт. Сурэт къудейм уеплъ пэтми, хэхэс шэрджэсхэм я тхыдэр нэрылъагъуу уи нэгу къыщӏегъэхьэ, абы щыщӏэ ӏыхьэхэр зэрыбгъэнщӏыжынумкӏэ дэӏэпыкъуэгъу къыпхуохъу. Мысост Айшен Гёксу и бзэ къабзэмкӏэ къызэрыддэгуэша гушыӏэхэмкӏэ, гъащӏэм къыщыхъуа хъыбархэмкӏэ къиӏуатэр, хамэ щӏыналъэхэм лъэпкъыу укъыщызэтенэжыным, узэрымыкӏуэдыжыным теухуа хъыбархэрщ. И тхылъщӏэджыкӏакӏуэхэм ягу ирихьыну сыщогугъ…

-Псом япэрауэ, лэжьыгъэ гугъум и ӏэужьу зэрыщытым зэзэмызэ щыхьэт сызытехъуа тхылъыр и кӏэм нэвгъэсу къызэрыдэвгъэкӏамкӏэ сынывэхъуэхъуну сыхуейщ. Ди щӏэджыкӏакӏуэхэр япэм къыдэбгъэкӏа тхыгъэ хьэлэмэтхэмкӏэ уи тхэкӏэм щыгъуазэ щыхъуакӏэщ. Уэ езым дауэ зыкъэдбгъэцӏыхумэ нэхъ къапщтэрэ?
-Анкара къалэм дэс шэрджэс унагъуэм сыкъыщалъхуащ, абы сыкъыщыхъуащ, унагъуэм сранэхъыщӏэт.Сыкъызэралъхурэ унагъуэ цӏыху кӏуапӏэ, цӏыху ӏувым сахэту сыкъэхъуащ. Си анэшхуэмрэ (си адэм янэ) абы и ныбжь шэрджэс нэхъыжьхэмрэ сахэту, тхылъымпӏэм къыхэщӏыкӏа гуащэхэм сриджэгуу, си сабиигъуэр згъэкӏуащ. ИужькӀэ, Къуэкӏыпӏэ Гъунэгъу техническэ университетым и Индистрие Хьэпшып дизайным хуезыгъаджэ факультетым сыщыщӏэсым, и щхьэм къехуэх хьэпшыпыр зэман пыухыкӏам къриубыдэу градус 45-кӏэ щыт лъабжьэм тезыгъэхуэн макет е зейтун купкъыр къызэрыхах ӏэмэпсымэм и проект щысщӏым, Узуняйларэ Токатрэ щыщ нэхъыжьхэм мыпхуэдэ лэжьыгъэ гъэщӏэгъуэнхэр щрагъэщӏ еджапӏэм сызэрыщӏэсыр къагурызгъэӏуэнкӏэ гугъу сыщехь щыӏэт.
Пщэдей хуэдэм ттыну экзаменым зыхуэдгъэхьэзыру дыщысу щытми, ди унэм къихьа дэтхэнэ зы хьэщӏэми фӏэхъус етхыу, тӏэкӏу дабгъэдэсын хуей хъурт, щыкӏуэжкӏи, къатищкӏэ дехыу едгъэжьэжын хуейт. Си дэлъху нэхъыжьхэм зэман нэхъыбэрэ зытекӏуадэ къалэн нэхъ гугъухэр я пщэ дэлът, псалъэм папщӏэ, дзэм ираджэхэр ирашалӏэу дагъэкӏыныр, хьэщӏэ нэхъыжьхэр я унэхэм нэгъэсыжыныр нэгъуэщӏхэри. Ауэ сэ унагъуэм срахъыджэбз цӏыкӏути, си къалэнхэр нэхъ псынщӏэт. Апхуэдэу щыхъукӏэ, абыхэм нэхъыбэу срагъусэурэ, я псалъэмакъхэмрэ я гукъэкӏыжхэмрэ щыхьэт сытехъуащ.
-«Къуэпсхэмрэ Дамэхэмрэ» жыхуиӏэ фӏэщыгъэцӏэр егъэлеяуэ усэбзэщ икӏи купщӏэшхуэ хэлъщ. Мы цӏэм и къыхэхыным хъыбар гуэр иӏэ? Ар тхылъым и мыхьэнэм дауэ къезэгърэ?
-«Къуэпсхэмрэ Дамэхэмрэ» фӏэщыгъэм мыхьэнэ куу хэлъу икӏи усэбзэу къызэрыфлъытэр си гуапэ хъуащ. Пэжыр жысӏэнщи, дамэкӏэ къэгъэлъэгъуа щӏалэгъуалэм, къуэпскӏэ къэгъэлъэгъуа пасэрей нэхъыжьхэм я гъащӏэм щыщ пычыгъуэхэмкӏэ лъагъуэ яхухэсшыну си мурадащ. Ауэ тхылъым и цӏэм романтикэм и жьы къыщӏихуами, ар къызэрыдгъуэтам и хъыбарыр икъукӏэ къызэрыгуэкӏщ икӏи ари гукъэкӏыж щхьэхуэхэм къежьапӏэ хуэхъуащ.
Псом япэ къихуэу, си тхылъым цӏыху куэдым я гуащӏэ зэрыхэлъыр, абыхэм я гукъэкӏыжхэм къыщыщӏэдзауэ, урысыбзэкӏэ, уэсмэныбзэкӏэ, адыгэбзэкӏэ зэдзэкӏыным щиухыжу, хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащӏар жысӏэну сыхуейщ. Мы пӏалъэм къриубыдэу, къыздэӏэпыкъуа цӏыхухэм я лъэужь тхылъым къызэрыханам, дызэгъусэу гукъэкӏыж щӏэщыгъуэ куэд зэрызэхуэтхьэсам, си ӏэдакъэщӏэкӏыр нэхъ лъапӏэ ящӏауэ къызолъытэ. Къищынэмыщӏауэ, тхылъым щӏэгъэкъуэн хуэхъуа щӏалэгъуалэм щэнхабзэм нэхъ пэгъунэгъу зыхуащӏауэ си гугъэщ. Тхылъым и жинтым и теплъэр зыгъэхьэзырар си дэлъхум ипхъу Селинщ, ди лъэпкъ жыгыр зыщӏар быным я нэхъыщӏэ Ӏэмирхъанщ.
Тхылъым цӏэ фӏэщыным и чэзур къыщысам щыгъуэ, си дэлъху нэхъыжьым и деж Венэ сыкӏуауэ сыщыӏэт. Тхылъым и цӏэми нэгъуэщӏ зы лъэужь, нэгъуэщӏ зы фэеплъ къыхэнэн папщӏэ, абы цӏэ къыхуагупсысыну си дэлъхум и унагъуэм исхэм я пщэ дэслъхьащ. Си дэлъху нэхъыжьым и щхьэгъусэ Фатош тхылъыр зытеухуам ехьэлӏа тхыгъэ, а махуэхэм хуабжьу цӏэрыӏуэу щыта ChatGPT-м иритхэри, чэнджэщхэр къыӏихащ. Абыхэм ящыщу «Къуэпсхэмрэ Дамэхэмрэ» жыхуиӏэр занщӏэу дигу ирихьащ. Арати, илъэс бжыгъэ зытекӀуэда тхылъым и цӀэр сыхьэт бжыгъэкӀэ къадгъуэта хуащ, нобэрей технологие дунейм и ӀэмэпсымэщӀэхэм ящыщ зым и дэӀэпыкъуныгъэкӀэ. Дэри зэман дэкӏа нэужь дызыгъэгуфӏэжын фэеплъ гукъэкӏыж къытхуэнащ.
«Къуэпсхэмрэ Дамэхэмрэ» жыхуиӏэ фӏэщыгъэм, тхэн щыщӏэздзам щыгъуэ зыхуэзгъэувыжа мурадитӏыр къегъэлъагъуэ. Сыт щыгъуи ди гъусэну тфӏэщӏа ди нэхъыжьхэр щытфӏэкӏуэдам щыгъуэ, абыхэм дызэреупщӏын хуея упщӏэ куэд къызэрынам гу лъыста нэужьщ си гукъэкӏыжхэр стхын щыщӏэздзар. Ди бынхэри зэгуэрым гъэщӏэгъуэн ящыхъуу щӏэупщӏэн щыхъукӏэ, дэри дыщрамыгъусэжым деж, сэ сыщыщӏегъуэжам зыхэсщӏа гукъеуэр абыхэм ямыгъэунэхуну сыхуеящ. Нобэрей адэ-анэхэм папщӏэ къагъэсэбэп «жьыхукхъухьлъатэ адэ-анэхэр» жыхуаӏэ фӏэщыгъэр, сэ къызэрызгурыӏуэмкӏэ, сабийм зыхуейр жиӏмыӏэ щӏыкӏэ, псори хуэзыщӏэ адэ-анэхэращ. Сэри «жьыхукхъухьлъатэ адэ-анэм» хуэдэу, сцӏыхуну къысхуихуа ди нэхъыжьхэмрэ, си нэгу щӏэкӏа лъэхъэнэмрэ, нобэрей щӏалэгъуалэм лъэужьу къахуэзгъэнэну сыхуеящ. Къищынэмыщӏауэ, цӏыхухэмрэ унагъуэхэмрэ я хъыбархэмкӏэ, ахэр къызыхэкӏа лъэпкъым я лъапӏэныгъэхэр щӏалэгъуалэм зэрабгъэдэслъхьэным яужь ситащ.
-Тхылъым «Къуэпсхэмрэ» «дамэхэмрэ» фӏэщыгъэхэм сыт къагъэлъагъуэр? Псалъэм папщӏэ, унагъуэм и нэхъыжьхэр лӏэужьу, щӏэблэхэр дамэу къыщыгъэлъэгъуа, хьэмэрэ а тӏур тхылъым хэт дэтхэнэ зы лӏыхъужьыми и хьэлым щызэхэухуэна?
-«Къуэпсхэр» шэрджэс жылагъуэм и зэхуэдэ лъапӏэныгъэхэр къегъэлъагъуэ. А лъапӏэныгъэхэр си унагъуэмрэ нэхъ гъунэгъуу сцӏыхуа цӏыхухэмрэ я хъыбархэмкӏэ сӏуэтэжыну сыхэтащ. Тхылъым сызытепсэлъыхь цӏыхухэмрэ унагъуэхэмрэ къагъэщӏар зэхуэдабзэу щымытми, адыгэ лъэпкъым зы щӏэблэм къыбгъэдэкӏыу адрейм хуэкӏуэу зэӏэпах хьэл-щэн ӏупщӏхэр къыщыхощ. Абыхэм ягъэва гугъуехь, тхьэмыщкӏагъэ, хэщӏыныгъэ зэмылӏэужьыгъуэхэм емылъытауэ, щыпсэуа щӏыпӏэхэм лъэужьыфӏ къыщанащ. Иордание къэралыгъуэм и лъабжьэ ухуэным къыщагъэлъэгъуа зэфӏэкӏыр ирехъу, Щхьэхуитыныгъэ Зауэм щызэрахьа лӏыгъэр ирехъу, иджырей футболым дыщеплъкӏэ, шэху уэздыгъэкӏэ дызылъыхъуэ щэныфӏагъэр яхэлъащ. Я нэхъ къызэрыгуэкӏым къыщегъэжьауэ, щапхъэ куэдым щыхьэт сыщытехъуащ, адэ-анэншэу къэна сабийм зэрыхуэсакъ хьэлэлагъэр яхэлъу, цӏыхугъэм и лъапӏэныгъэхэр къызэрагъэлъэгъуам. Цӏыху мащӏэ бжыгъэкӏэ ахэр илъэс куэдкӏэ егъэлеяуэ къаруушхуэм псэемыблэжу пэщӏэтащ, икӏи, лъапсэрыхыр къыхуагъэкӏуами, пагэу «сэ сышэрджэсщ» жаӏэу, щӏэрыщӏэу яухуа гъащӏэм пащащ.
Дамэхэм къэкӏуэну щӏэблэхэр къагъэлъагъуэ. Сэ си хъуреягъым щызолъагъу, псынщӏэу зэщхь хъу щэнхабзэхэм я зэхуакум дэкъуза дунейм, япэм ещхьу, щӏалэгъуалэм япэ къит нэхъыжьхэм я щапхъэм тету зыщагъэсэж псэукӏэр щымыӏэжми, ахэр адыгагъэм пэӏэщӏэ зэрымыхъур. Уеблэмэ, дэ ди ныбжьым иту, адыгагъэм пэӏэщӏэ хуэхъуа адэ-анэхэм нэхърэ нэхъ гъунэгъу зыхуащӏыну хэт щӏалэгъуалэ соцӏыху. Абыхэм а гъунэгъугъэр къызэрагъэлъэгъуэнур дэ къызэрыдгурыӏуэм къыщхьэщыкӏынкӏэ хъунущ, ауэ ахэращ ди жылагъуэм и дамэ хъунур.
-«Къуэпсхэм», уэ узэреплъымкӏэ, сыт къикӏыр? Мыр щӏыпӏэ хэха, унагъуэ зэпыщӏэныгъэ, хьэмэрэ хабзэр, гукъэкӏыжхэр, лъапӏэныгъэхэр, уеблэмэ гуауэхэри зэгъусэу къызэщӏиубыдэрэ?«Дамэхэр»-щэ?.. Мы фӏэщыгъэм къикӏр къызэрыдгурыӏуэныр хуитыныгъэ, гу тегъэзагъэ, щӏэдзапӏэщӏэ хьэмэрэ щэнхабзэр щӏэрыщӏэу къызэрыщӏэрэщӏэжынур ара?
«Къуэпсхэмрэ» «Дамэхэмрэ» — зыр адрейм пэщӏэт къару, хьэмэрэ, икӏэм-икӏэжым, зэхуэдэныгъэ ягъуэтыну? Уэ узэреплъымкӏэ, цӏыхум лъэ быдэрэ дамэ лъэщрэ зэуэ хузехьэну?
-Сэ цӏыху лъапӏэныгъэхэм ехьэлӏауэ мардэ лъагэ зиӏэ лъэпкъым сыкъызэрыщалъхуам папщӏэ хуабжьу си насып къикӏауэ къызолъытэ. Дэтхэнэ цӀыхури апхуэдабзэу егупсысыфынущ и лъэпкъым теухуауэ. Апхуэдэу щытарэт, ауэ дунейм дыщеплъкӏэ, ар зэрымыпэжри долъагъу. Шэрджэсхэм яхуэзахэм зэи гукъэкӏыж ӏей къахуэнауэ жаӏэжу срихьэлӏакъым, сыт щыгъуи гуапэу фӏыщӏэ къытхуащӏу зэхэзыха сэ къызолъытэ, адрей лъэпкъхэр дэ къызэрытхущыт щӏыкӏэм дэ дызэрыщытыр нэхъ ӏупщӏу къиӏуатэу. Къуэпсхэми ди блэкӏар, ди хабзэр, ди лъапӏэныгъэхэр, ди благъагъэр, дауикӏ, ди уӏэгъэхэри абы яхэту, къищынэмыщӏауэ, нэгъуэщӏ лъэпкъхэр къыщыттепсэлъыхькӏэ, къытхужаӏэ дызэрыгушхуэ хьэл-щэнхэри къагъэлъагъуэ.
Дамэхэр къапщтэмэ, къуэпсым къару къыхэзых, къежьапӏэщӏэхэм зыхуэзыгъэхьэзыр, ди лъэпкъымрэ ди щэнхабзэмрэ нэгъуэщӀ утыкухэм хуэзышэ къэкӏуэну щӀэблэхэращ къызэрызгурыӏуэр. Шэрджэс хасэхэм щрагъэкӏуэкӏ проектхэмрэ унагъуэшхуэ зэхуэсхэмрэ щӏалэгъуалэм сащыкӏэлъыплъым деж щыслъагъу щапхъэхэм гугъапӏэ къызат. Сэ сызэрегупсысымкӏэ, дэтхэнэ цӏыхури хуейщ зыкъыщӏэзыгъакъуэ, къыхуарэзы, зригушхуэ цӏыху гупым ящыщу зилъытэну. Дэ балигъхэми, а гурыщӏэр «дамэхэм» ялъэдгъэӏэсын хуейщ.
«Тхылъым и дэтхэнэ ӏыхьэри къанэ щымыӏэу гурыщӏэшхуэкӏэ згъэващ. Дэтхэнэ зы ӏыхьэми езым и гугъуехьхэр епхат. Си сабиигъуэмрэ си унагъуэм исхэм ятеухуауэ щыстхыжым щыгъуэ сыгъащ»
-Унагъуэм и тхыдэ тхыжыныр, псом хуэмыдэу, абы лъэпкъым къыщыхъуахэри щызэхэухуэнауэ къигъэлъагъуэмэ, тынш хъуну къыщӏэкӏынкъым. Мы хъыбархэр щыптхыжым укъэзыгъэгумащӏа пычугъуэ къыхэхуа?
-Тхылъым и дэтхэнэ ӏыхьэри къанэ щымыӏэу гурыщӏэшхуэкӏэ згъэващ. Дэтхэнэ зы ӏыхьэми езым и гугъуехьхэр епхат. Си сабиигъуэмрэ си унагъуэм исхэм ятеухуауэ щыстхыжым щыгъуэ сыгъащ. И нэхъыбэм, сыту и чэзум зэзмыгъэщӏарэт, сыту нэхъ пасэу къэспщытэн щӏэзмыдзарэт, мы упщӏэхэмкӏэ захуэзгъэзащэрэт, жысӏэу сыхущӏегъуэжат. Си нэхъыжьхэм ямыщӏэу, дунейм ехыжа иужь, сэ къэсщӏа хъыбархэр къыщысӏэрыхьэм (псалъэм папщӏэ си адэшхуэм и къуэшыр псэужрэ мыпсэужрэ), ахэр псэуху яжесӏэжыфам сыт хъунт жысӏэу, сигурэ сищхьэрэ зэбгъэжат. Зэзэмызэ, щӏэуэ зэзгъэщӏа хъыбархэмкӏэ, сыщыцӏыкӏум щыхьэт сызытехъуа си анэшхуэмрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ я уэршэрым сыту ӏейуэ зыщызгъэщӏагъуэнут жысӏэу, си нэгу къыщӏэзгъэхьэурэ сыдыхьэшхащ. Зэзэмызэ тхылъым ит зэблагъэхэр зыщымыгъуазэ хъыбархэмкӏэ садэгуэша иужь, ахэр зэрызгъэгуфӏам и щхьэусыгъуэкӏэ, си щхьэ срипагэжащ. «Тхылъыр псынщӏэу ух, сэ зэман куэд сиӏэжкъым» жызыӏа нэхъыжьхэм тхылъыр зэрыхунэзмыгъэсар хуабжьу сигу къоуэр.
Апхуэдэу щыхъукӏэ, дызытепсэлъыхьыр пщы, уэркъ унагъуэхэм ятеухуа ӏыхьэрамэ, мыпхуэдэу къэсӏуэтэнщ… Си гукъэкӏыжхэр стхын щыщӏэздзэм, сыухуа гъэпсыкӏэм мы ӏыхьэр хэтакъым. Арщхьэкӏэ, си адэшхуэм большевик революцэр екӏуэкӏыхукӏи, абы иужькӏи зэхуихьэса гукъэкӏыжхэр щыстхыжым, ар къызыхэкӏа унагъуэм и щытыкӏэми сытепсэлъыхьын хуейт. Мы ӏыхьэм ипэкӏэ адыгэ аристократием и гугъу сымыщӏатэмэ, си адэшхуэм къигъэщӏар щӏалэгъуалэми ди лъэпкъыр зымыцӏыху еджакӏуэхэми къагурыӏуэнутэкъым. Мыдэкӏэ, адыгэ аристократием щыщ унагъуэхэм я Кавказ хъыбарыр щысӀуэтэжым, Анадолэм щыӀа унагъуэхэмрэ абыхэм ятеухуауэ сызыщыгъуазэхэмрэ стхыжын хуей хъуащ.
Унагъуэ гуэрхэм я сурэтхэр е абыхэм ятеухуа тхыгъэхэр социальнэ утыкум къыщислъхьэм, мы ӏуэхум дихьэх къэхутакӏуэхэм къабгъэдэкӏыу, псом хуэмыдэу, хэкум къикӏыу упщӏэ, тхыгъэ куэд къысӏэрыхьэу щӏэздзащ. Абы нэмыщӏкӏэ, социальнэ утыкум къыралъхьэ хъыбар гуэрхэм щыуагъэхэр зэрыхэтым гу лъыстащ. Псалъэм папщӀэ, Токат и Алпудэрэ къуажэм и напэкӀуэцӀым, абы нэхъ иужькӀэ къыдэтӀысхьа унагъуэм щыщ щӀалэ гуэр къуажэр зыухуамкӏэ къыщӏэупщӏэу срихьэлӏащ. Алъпудэрэ къуажэр абазэ/ашкарувэ унагъуэт зыухуар. Къуажэм цӏэ фӏэзыща унагъуэм щыщхэр илъэс куэд ипэкӏэ ар ябгынат. Абы иужькӏэ къыдэтӏысхьэжа унагъуэхэм уеплъмэ, абазэ защӏэ зыдэс къуажэу щытыжтэкъым, икӏи абы и къэхъукӏэм и хъыбарыр кӏуэдыжыным нэсат. А унагъуэ гъэщӏэгъуэным ящыщ зыт Шэхьин дадэкӏэ сызэджэу щыта ди благъэр.
Апхуэдэуи, Токатым дэмысыжу ягугъа, Къэзий е Анэдолэм зэи къэмыкӏуауэ жыхуаӏа Къарэмырзей я унагъуэхэм я благъэхэри си унэкъуэщу къыщӏэкӏащ. Кӏэщӏу жыпӏэмэ, зи хъыбар зэхуэсхьэсыну сызыхущӏэкъуа унагъуэхэр, Анэдолэм щыпсауам щыгъуи, я зэкӏэлъыкӏуэныр зыпызымыгъэуа, сыщыцӏыкӏум ди унэм щӏэсу уэршэру си нэгу къыщӏэнэжа, икӏи нобэ абы къатехъукӏыжауэ сцӏыху унагъуэхэрат. Мы нэхъыжьхэр иужь дыдэу зыцӏыхуа щӏэблэм сыщыщыщкӏэ, а унагъуэхэми я лъэужь къэзгъанэмэ, ар зыфӏэгъэщӏэгъуэн хъун цӏыхухэм щхьэпэ яхуэхъунщ жысӏэри а ӏыхьэм тӏэкӏу зезгъэубгъуащ.
Нобэр къыздэсым гулъытэншэу къагъэнахэр, пӏалъэ пыухыкӏакӏэ ӏэщӏыб ящӏыжахэр, хъыбар щымыӏахэр къызыхуагупсысахэр, зи лӏыкӏуэ дунейм зэрытемытыжым ипкъ иткӏэ е нэхъ пасэу адрей лъэпкъхэм хэшыпсыхьыу лъэпкъым пэӏэщӏэ хуэхъуами, абы емылъытауэ, блэкӏам пашэгъуэ зиӏа унагъуэхэр щымыӏауэ убжмэ, жылагъуэ псом я гукъэкӏыжыр ныкъуэу къэнэнущ.«Къуэпсхэмрэ Дамэхэмрэ» тхылъым тӏэкӏу мыхъуми, абыхэм сащытемыпсэлъыхьатэмэ, сэри си гукъэкӏыжхэр нэгъэсауэ щытынутэкъым.
-Абы тхылъым и гугъу щыпщӏащ, ауэ нэхъ убгъуауэ утепсэлъыну ухуейуэ пӏэрэ?Жылагъуэ зэхэщхьэхукӏыныгъэ зыгъэлъагъуэ хабзэхэр щызэрахьэ унагъуэм укъыщыхъуным фӏыуэ е ӏейуэ хэлъыр сытыт? Гугъуехь хэта жысӏэуи сыщӏэупщӏэфынущ.
-Ар жылагъуэ гъэпсыкӏэр зыгъэлъагъуэ зэхэщхьэхукӏыныгъэм къыхэкӏрэт, хьэмэрэ зы лъэхъэнэ гуэрым къалэм дэтӏысхьа дэтхэнэ шэрджэс унагъуэри и ӏыхьлы, и къуажэгъухэм зэрадэӏэпыкъум ещхьт, е си анэшхуэм и деж къыщегъэжьауэ, унагъуэм и нэхъыжьхэм блэкӏа зэман лъандэрэ къадэгъуэгурыкӏуэ хабзэхэм я зехьэным епхат, схужыӏэнукъым. Сэ сызэрегупсысымкӏэ, щхьэусыгъуэ псори зэхэлът. Пэж дыдэу, къалэшхуэм икурыкупсэм пэшиплӏ хъу унэм, зы улахуэ фӏэкӏа къызыхэмыхъуэ унагъуэм, дыкъэзыухъуреихь гъунэгъу-жэрэгъухэм ди къакӏуэнакӏуэр яфӏэхьэлэмэтт.
Щӏэх-щӏэхыурэ зэкӏэлъыкӏуэ унагъуэхэм ящыщ си зы ныбжьэгъу хъыджэбзым жиӏа псалъэр фи упщӏэм жэуап хуэхъунущ. «Мыхьэнэшхуэ зиӏэ ӏуэхугъуэхэм фи хьэщӏэщым щытепсэлъыхьырт, дыхьэшхэну къэхъуахэм ди унэм щытепсэлъыхьырт», – жиӏат. Ар лъэпкъым и зэхэтыкӏэр къэзыгъэлъагъуэ ӏуэхухэм етпхыфынуми сщӏэркъым, ауэ дэ, шэрджэс жылагъуэм и нэгузегъэужь ӏуэхугъэхэр къыщыхъу щӏыпӏэхэр мыхъуу, нэхъ ӏуэхугъуэ зэпӏэзэрыт къыздекӏуэкӏ щӏыпӏэхэращ нэхъыбэу дызыхэтар.Дэ ди унэ къыщымыхъу ӏуэхугъуэхэм куэдрэ дыхэтакъым, нэхъыбэу дэ ди дежт псори къыздэкӏуэр.
Фӏы и лъэныкъуэкӏэ сытепсэлъыхьмэ, Анкара дэс шэрджэс унагъуэхэм я нэхъыбэр къэсцӏыхункӏэ, Узуняйларэ Токат и зы лъэныкъуэм щыщ унагъуэхэм нэӏуасэ сахуэхъункӏэ, мы щӏыналъэхэм мыхьэнэшхуэ зыхэлъ ӏуэхугъуэхэм щытепсэлъыхь, щыгъуазэ зыщащӏ утыкум сызэрыщыӏар арауэ жысӏэнт.
ӏей и лъэныкъуэкӏэ уеплъмэ, унагъуэм ис нэхъыжьхэм я хьэл-щэным е лъэпкъым и зэхэтыкӏэр зыгъэлъагъуэ щытыкӏэм епхами сщӏэртэкъым, ауэ фӏыуэ зэгъэпэща жылагъуэ зэгухьэныгъэм ещхьу, мылъкукӏи, гурэпсэкӏи псоми ядэӏэпыкъуну хущӏэкъу унагъуэм ущыпсэуныр, зэрыгухэхъуэм хуэдэуи, егъэлеяуэ ешыгъуэт.
-Иджыри тхылъым зи гугъу щыпщӏа жылагъуэ зэхэтыкӏэм нобэрей гъащӏэм сыт къыщыпэщӏэувэр? Пщэдей зэрыхъунур дапхуэдэу е уэ узэреплъымкӏэ, зэрыщытын хуейр дапхуэдэу?
-Зи гугъу пщӏа зэхэтыкӏэр урыс тетыгъуэм и пэкӏэ жылагъуэр зэрызэрахьэ гъэпсыкӏэу щытащ. Урысхэм хэкур яубыда иужькӏэ, а гъэпсыкӏэр официальнэ мыхъуу, хабзэ хъужащ. Псалъэм папщӏэ си адэшхуэм и адэм ӏэщэ зэрихьэн папщӏэ урыс бюрократхэм тхылъымпӏэ къаӏихын хуейт е хуэмыхъуу урысыдзэм хэту японхэм Манчжурием щезэуэн хуейт…
Сыщыцӏыкӏум щыгъуэ нэхъыжьхэм ядэслъэгъуахэм е жаӏэжахэм тепщӏыхьмэ, а лъэхъэнэм иджыри жылагъуэ зэхэтыкӏэм и цӏэкӏэ жэуапыныгъэ яхьыфырт икӏи лъэпкъым и зы ӏыхьэр нобэр къыздэсым а ӏуэху еплъыкӏэм зэрытетым срищыхьэтщ. Куэд яхузэфӏэмыкӏми, абыхэм я гъащӏэр щекӏуэкӏ утыкум къезэгъыу зэрыпсэуным хущӏэкъухэрт. Ауэ а цӀыхухэм я къалэнхэр ягъэзэщӀэну апхуэдэ гукъыдэж яӀэу япӀащ.
Нобэ жылагъуэм и зыужьыкӏэми, зэманым и ухуэкӏэми къезэгъыркъым апхуэдэ къалэн уи пщэ е зыгуэрым и пщэ дэплъхьэну.
-Мы тхылъыр уи тхакӏуэ гъуэгум къэгъэшыпӏэ хуэхъуа? Уэ уи деж сыт хуэдэ лъэужь къыщигъэнар?
-Си дежкӏэ къэгъэшыпӏэ схуэхъуахэм ящыщщ, тхылъыр щыстхым щыгъуэ, шэрджэс мыхъуу, нэгъуэщӏ лъэпкъхэм щыщ си ныбжьэгъухэм къысхуащӏа_гулъытэр. Тхылъым зэрыщыжысӏам хуэдэу, АШЗ-м (Америкэ Штат Зэгуэтхэм) щыпсэу Ливан щыщ си классэгъур сыкъыщалъхуа махуэмкӏэ WhatsApp гупым адыгэбзэкӏэ къызэхъуэхъуну зэрыхэтам, нэгъуэщӏ лъэпкъхэм щыщ нэӏуасэ сызыхуэхъуа цӏыхухэм, сэбэп къыпхуэхъунщ жаӏэу тхылъ къызэрызатам, абыхэм ди щэнхабзэр ямыцӏыхуми, зэрафӏэгъэщӏэгъуэным срагъэгупсысащ. Икӏи абы щыгъуэ, тхылъыр адыгэу щымыт щӏэджыкӏакӏуэми гурыӏуэгъуэ зэращысщӏынуми яужь сихьащ. Псалъэм папщӏэ, сэркӏэ мыхьэнэшхуэ иӏэт тхылъым зи гугъу ищӏ цӏыхухэм я унэцӏэхэри хэгъэхьэным. Ауэ щӏэх-щӏэхыурэ къытезыгъэзэж адыгэ цӏэхэр абыхэм емыса ди ныбжьэгъухэм къазэрегугъуэкъынури шэч сощӏ.
-Проектыщӏэ уиӏэ, унагъуэ тхыгъэхэм зебгъэубгъуну уи гугъэ, хьэмэрэ нэгъуэщӏ литературнэ «зекӏуэм» дызэдебгъэжьэну?
-Тхылъым кӏэух гуэр зэриӏэн хуейм къыхэкӏкӏэ, абы хэмыхьауэ апхуэдизкӏэ хъыбар куэд къэнащи… Къищынэмыщӏауэ, иджыри схунэмыгъэсыжауэ, къэслъыхъуэу, хъыбар куэд щыӏэщ. Псори ӏэрытх лъэужьу къызэнэкӏыныр къалэнышхуэу къызолъытэ. Хэт ищӏэрэ, абыхэм рассказхэр зэрыт тхылъ къыхэкӏынкӏэ хъунущ.
Къищынэмыщӏауэ, мы лэжьыгъэм си цӏыхугъэхэм сащытетхыхьым, гъэщӏэгъуэну, къэхутэну зыхуэфащэу къэслъыта, Токат къалэм дэс адыгэхэм хуабжьу сатетхыхьыну сыхуейщ. Токат къалэм дэс адыгэхэм имызакъуэу, къалэм и фэеплъ псори ӏэщӏыб ящӏыжа си гугъэщ. Токат къалэм и блэкӏам ехьэлӏауэ гукъэкӏыжхэр, сурэтхэр зэхузохьэс. Мы ӏэнатӏэми лъэужь къыщызгъэнэну си насып къихьыну сыщогугъ.
Романыр, тхыгъэм и унэтӏыныгъэ щхьэхуэу зэрыщытым фӀы дыдэу сыщыгъуазэми, си гум къэкӏ псысэм хэт лӀыхъужьхэм сапэрыуэфыркъым. Игорь и цӏэу зы урыс щӏалэрэ Владимир Черкасскэкӏэ зэджэ нэгъуэщӏ зы щӏалэрэ я рассказхэр сагъэтхыжыну хуейуэ трагъэчыныхь. Сэ абыхэм яжызоӏэ: «Сэ роман тхыкӏэ сщӀэркъым, ауэ фэ фщӏэхэр къысхуэфӏуати, къикӏым деплъынщ».
Согугъэ, ди къэралымрэ дунеймрэ я махуэгъэпсым ит, ди акъылымрэ ӏэпкълъэпкъым и узыншагъэмрэ хъумэным папщӏэ фӏы и лъэныкъуэкӏэ лажьэ псоми ӏэмал къратыну.
-Фи унагъуэ хъыбархэм, ди лъэпкъ тхыдэм мыхьэнэшхуэ зиӏэ лъэныкъуэхэр къегъэнэху. Уи тхыгъэ дахэмкӏэ укъызэрыддэгуэшам папщӏэ фӏыщӏэ пхудощӏ.
Адыгэбзэкӏэ зэзыдзэкӏар: Гъуэгунокъуэ (Гъукӏэ) Елизаветэрэ – Хьэжбэвыкъуэ Эрдоган Йылмазрэщ.







