Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Адыгэбзэ зэгъэщIэныр езгъэжьа къудейхэм щхьэхуэу зы техникэкIэ дерс язот»

Дюзджэ Университетым и Адыгэбзэ къудамэр ипэ къэзыуха еджакIуэхэм ящыщу Яасин Тащчы (Тхьэтс) интернеткIэ тIэкIу дыдэуэршэращ. Адыгэбзэ егъэджэн икIи егъэщIэнымкIэ щIэуэ техникэхэм толэжьыхь. Bzefit.com зицIэкIэ иухуа сайтымкIэ интернационалу дерсхэр ирет. Бзэ егъэщIэнымкIэ хуэныкъуэну материалхэр езбы егъэхьэзыр. ФынакIуэ иджы мы егъэджакIуэм нэIуасэ дыхуэвгъэхъу…

Ли Гул Йылмаз
Хьажбэвыкуэ Эрдоган

-Сыт узэджар?
-2014 – 2019 илъэсхэм Дюзджэ Университетым и Адыгэбзэ Къудамэм сыщеджащ. СызэрыщыIа илъэситхум Адыгэбзэ икIи Урысыбзэ щызэзгъэщIащ. Б2 Инджылызыбзи сиIэщ. Абы нэмыщIу Дюзджэ Университетым къыщыдэсха Педагожик Формасйони сиIэщ.

-Уи анэдэлъхубзэр даурэ зэбгъэщIа хъуа?
-Къэбэрдей диалектыр къызгурыIуэт ауэ сыпсэлъэфтэкъым. 2014 гъэм сызщIэтIысхьа Адыгэбзэ къудамэм кIахэ диалектыр щызэзгъащIэу щIэздзащ. Абы сыхуеджэху си къэбэрдей диалектыри хэкIуэтащ. Иджыпсту диалектитIыри зэран имыIэу къызопсэлъыф икIи дерси изот.

Жылэ еджапIэхэм егъэджакIуэу, гъэсакIуэу Iуэху щыпщIэфын щхьэкIэ сыт нэхъ пхэлъын хуейхэр икIи щызекIуэ процедурур сыт хуэдэ?
-Япэ дыдэу дэр хуэдэу Адыгэбзэ къудамэр къэухын зэрыхуейращ. Абы нэмыщIу педагожик формасйон сертификат уиIэн зэрыхуейр. Къудамэр къэзыухахэм нэмыщIу жылэ еджапIэхэм къыщыдаха щIэныгъэ тхылъхэмкIэ дерс езыт егъэджакIуэхэри щыIэщ.

-Зыщебгъаджэр дэнэ?
-Истамбыл – Багъджылар икIи Газиосманпаща.

-ЕджакIуэу уиIэр дапщэ хъурэ?
-Истамбыл Багъджылар жылэ еджапIэм епхауэ Iузунйайла Адыгэ Хасэм щезгъаджэ еджакIуэ 29 сиIэщ. Истамбыл Газиосманпаща щыIэ Адыгэ Хасэми еджакIуэ 10 хуэдиз щызиIэщ.
Мыбыхэм нэмыщIу зи лъэс ипэ сыухуа BzefIt.com жыхуиIэ сайтыми Америкэ щыщу 2, Нэмыцэм щыщу 2, Тыркум щыщу еджакIуэ 8 щызиIэщ.

-Тхьэмахуэм епт дерс сыхьэтыр сыт хуэдиз зэрыхъур?
-Сайтым щызиIэхэри хэту тхьэмахуэм сыхьэт 30-35 хуэдиз дерс сиIэщ.

-Материал зэбгъэгъуэтынымкIэ гугъу уехьырэ? (Дерс тхылъ, дэIэпыкъуэгъу дерс тхылъ икIи ябгъэлъагъуну, ебгъэдэIуну материалхэр)
-Адыгэбзэ зэгъэщIэныр езгъэжьа къудейхэр щхьэхуэу зы техникэкIэ изогъаджэхэ. Мыбы къыхэкIыу сэ си материалхэр згъэхьэзырыжын хуейуэ мэхъу икIи иджырэ къэсыхункIи сэ згъэхьэзыращ. Техникэр зэрыщхьэпэри жысIэн хуейщ. Езгъаджэхэр хэкIуэтэху сэри материалхэр хызогъэкIуатэ.
Адыгэбзэ зэзыгъащIэ псэуми зэрыхуейхэм хуэдэу, къащхьэпэну материал ягъуэтамэ хъарзынэт ауэ щыщымыIэкIэ сымытхьэусыхэу зэзгъэгъуэтын, згъэхьэзырын хуейщ. Сыт щхьэ жыпIэмэ си Iуэхур мыращ.

-Адыгэбзэ щебгъаджэм зепхьэ «техникэ щхьэхуэ” жыхуэпIэм тIэкIу и гугъу къытхуэпщIыфыну?
-Факультетым формасйон къыщыдэтхым дызэрагъэджа дерсхэм ящыщ гуэрым щыдагъэлъэгъуа техникэу «хуэкIуэн гупсысэкIэ” (индукцие) жыхуиIэр, Адыгэбзэ зэгъэщIэныр езгъэжьа къудейхэм яст дерсхэм ятызощIылIэри апхуэдэурэ дыхокIуатэ. ЕджакIуэхэми бзэм и купщIэр нэхъ къагуроIуэ икIи нэхъ къаубыд. ЗэрагъащIэ псалъэхэр, псалъэухам къызэрыхэхуэр, мы псалъэхэр нэхъ тыншу щхьэм дауэ иубыда зэрыхъунум дытолэжьыхь.
Адыгэбзэр еджапIэхэм щырагъэджэным папщIэ, еджакIуэхэм икIи анэ – адэхэм Адыгэбзэр хахыным щхьэ щIэн хуейхэр сыт? Уэ уи еплъыкIэр дауэ мы Iуэхум?
Мыр, федерацие икIи ди хасэхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ яужь зэритхэ ауэ зэблэха мыхъу Iуэхугъуэ гуэрщ. Мы Iуэхугъуэм теухуауэ егъэджакIуэ Iэзэхэр хэту бзэ комиссэ гуэрхэр ухуэн икIи мы комиссэхэм дэIэпыкъуныр псэуми нэхъапэ хъун хуейуэ согупсыс.
Анэдэлъхубзэ Iуэхум, хасэхэм ягъэзэщIэн хуей лъэхъэнэ Iуэху хуэдэу дыбгъэдэхьэу щытымэ, зэрытетым къытенэн хуэдэу къысщохъу сэ. Ипэ дыдэу ди цIыхухэр къэдгъэушын хуейщ, Адыгэбзэм и къэкIуэнур зэрыгузэвэгъуэр ягурыдгъэIуэн хуейщ.

-БзитI/бзэ куэд пщIэныр дауэ къыпщыхъурэ? ЦIыхур тIэкIу ипэ иригъэщырэ хьэмэрэ къыкIэригъэхурэ? Уэ уи еплъыкIэр сыт хуэдэ?
-Бзэ зэгъэщIэнымкIэ бзитI щIэным цIыхур къыкIэригъэхуну си фIэщ хъуркъым къыщхьэпэн фIэкI. Интернетым цIыхур цIыхум, икIи цIыхур зыхуейм тыншу пищIэ хъуас. ЦIыхухэм анэдэлъхубзэм нэмыщIу бзэ щхьэхуэхэри зэрагъэщIэныр икIи тыншщ икIи хуабжьу щхьэпэщ. Бзэ зэгъэщIэн Iуэхур фIыуэ хузэфIэкI цIыхухэм, дунейми, гъащIэми еплъыкIэ щхьэхуэ яхуриIэу согупсыс.

-Бзэм, культурэм къекIа уи фIыгъэхэр кIуэдыжынукъым. Зэры «Жынэпс” у уи лэжьыгъэхэр нэхъ цIыхубэм лъэIэсыну икIи зэхахыну догугъэ. Зэман тхухэпхыу, укъызэрытхуэпсэлъам щхьэкIэ Тхьэразэ къыпхухъу…
-Сэри, Жынэпс Тхьэразэ къыхухъу хужызоIэ. Мы репортажымкIэ хуабжьу сывгъэгушхуащ, ди япэкIэ Тхьэм жиIэм си лэжьыгъэхэри нэхъыфIыхэ хъуну согугъэ. Узыншэу фыщытхэ.

Yazarın Diğer Yazıları

‘Tüm diller yaşasın istiyorum, tüm dillere saygı duyuyorum’

Sakarya Kafkas Kültür Derneği’nin yeni binasında buluşuyoruz. Aileden başlıyoruz söyleşiye, Abazaca eğitmenliğiyle devam ediyoruz. Çalışmalarıyla, dil sorunlarına ilişkin görüşleriyle, elbette Abhazya’yla ve geleceğe dair...

Sakarya’nın ilk kültür derneği

Kuruluşunun 55. yılı vesilesiyle ziyaret ettiğimiz Sakarya Kafkas Kültür Derneği’nin yönetim kurulu başkanı Orhan Sarı ile görüştük. -Nice yıllara diyoruz. -Çok teşekkürler.   -Bize derneğin kuruluşundan, tarihçesinden...

И Адэжь Хэку зыгъэзэжахэр

Косовэ щІыналъэм щыщу цІыхуи 101-рэ, псори зэхэту адыгэ унагъуэ 22-рэ хъууэ, 1998 гъэм Адыгэ Хэкум Iэпхъуэжауэ щытащ. КъэмыкІуэжу Косовэ къинауэ щытыгъа цІыху 23-ри иужькІэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img