Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Армэ Iуэхукъым!

Нанэм и дэж лъагъунлъагъу къэкIуа щIалэр, я малъхъэм и ныбжьэгъут.
Нанэр, я хьэщIэм щIоупIщIэ:
-Сыт фыхуэдэ тIасэ; зэркъуажэу?
-Уэлэй дыфIым, дхъарзынэм, ауэ… (Бзэджагъэ зи гу къэкIа щIалэм, псалъэр зэпэш.) ауэ фи малъхьэр, тIэкIу гъайшэуэ сыкъыдэкIащ.
-ЛIо илажьэр, сыт зыдигъуэр?
-Мо губгъэм и мыхьэуэ есам, «Сехынщи мэкъу – мэшым сахэплъэнщ» жиIэуэ щежьэм, ищхьэм дыгъэ хэхьэ, сытми, хэпсэлъыхь хъуа мыгъуэм!
Нанэм, къыгурыIуат хьэщIэм и бзэджагъэри, зыкIей зэфIимыгъэщIыуэ,
-Армэ Iуэхукъым. Ар зэрыкъуажэуэ фихьэлщ; а хэпсэлъыхыр! жэри ежьэжащ.

Дауэ блэдгъэцIэфта!

ЛIы гуп, жыг щIагъым уэршэру щIэст. Зы щIалэ гуэрэ, зыфIэлэлурэ, къабгъэдэхьэри, ерагъу сэлам тIэку къарихас.
ЛIы гупым яхэс зыр, щIалэм щIэупIщIэ къыщIэупIщIэурэ, зи малъхъэр къыщищIэм:
– Iэхъу! ГъэщIэгъуэндыдэм!
Мыр, дауэ, малъхъэ тхуэмыхъуарэ? Уэлей мыхуэдэр, блэдымыгъэцIэфт!

КъэзыIуэтэжар: Къэрэщей ФаIикъщ, Узун-Яйлэ – Астемырей Къуажэм щыщщ. Илс.69 мэхъу.

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img