Хэкум и макъыращ дунеижьым текъухьа адыгэм зеиншэу закъыщымыхъужу, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу зыгъэпсэур: бзэрабзэу мэIу, гум дохьэ, псэм зыдещI, гугъэ къыует… Хэкурысми хэхэсыныр натIэ зыхуэхъуами я зэхуэдэ макъщ: «адыгэ щIыналъэ», «адыгэбзэ», «адыгагъэ», «адыгэ хабзэ», «адыгэ фащэ», «адыгэ къафэ», «адыгэ пшынэ», «адыгэш», «адыгэлI», «адыгэ пщащэ». Зы макъыр зым епхащ, зыр адрейм къыпкърокI, къыкIуэцIокI, зэмыгъусэмэ, здэмыгъуэгурыкIуэмэ, адыгэ дунейр из хъуркъым. ИкIи изыжкъым ди дунейр. Зэпэныкъуэщ. Аращ адыгэу щыIэр дызыгъэпIейтейр. IутIыж Борис дигъэIущат: дымыкIуэщIыпа щIыкIэ, «къызыкъуэдвгъэхи щымыIа лIыгъэ, дыкъыщIэвгъэкIхэ зэрамыгугъэу!»
Зэрамыгугъэу къыщIэкIын хуейщ адыгэу дэнэ щыIэри. Ди тхьэмыщкIагъэхэм зэщхь куэд хэлъщ: хэхэсхэр зыхэс лъэпкъым, дэ къытхэс лъэпкъым я бзэми я хабзэми бжьыпэр яIыгъщ, ди лъэпкъ зэхэщIыкIыр елъэхъшэхащ, лъэпкъ щIыхьыр хъумэныр псори зэхуэдэу дызытегузэвыхь Iуэхукъым, унагъуэ къэс быныр адыгэу къэгъэхъуныр я хъуэпсапIэу, абы телажьэу пхужыIэнукъым. ЩымыIэххэу аракъым. А щыIэ тIэкIуращ нобэ лъэпкъым и гукъуэпсыр пымычауэ къызэтезынэр. А гукъуэпс зэпымычар ноби ди адыгэ унэхэм щыIу анэдэлъхубзэращ. Бемырзэ Мыхьэдин зэрыжиIащи, адыгэбзэр «лъэщщ», «зи зэманыгъуэу гурыхуэщ», «адыгэ пшынэу жьгъырущ», «хеящIэ джатэу» жанщ, къарууфIэщ, «анэ быдзышэу IэфIщ», «пщащэ гущIэр зэзыгъэдзэкI» уэрэдгъэIущ. Гуауэр сыт-тIэ? ЩыIуркъым адыгэбзэр адыгэ унэ псоми. ЩIэныгъэр, акъылыр, Iущыгъэр, бзаджагъэр зэхыхьэу зызэрытхъумэжын, дезыгъэфIэкIуэн Iэмал къыхэкIыныр игъуэ дыдэщ. Игъуэ дыдэщ дэнэ щыIэ ди лъэпкъэгъури зэрыщIэу, зэдэгупсысэу, зэдэхъуапсэу, зэдэлажьэу, ябгъэдэлъ лъэкIыныгъэмкIэ зызэщIагъакъуэу дуней дахэ дыхыхьэну. Игъуэ дыдэщ хэкум исым лъэпкъым ехьэлIауэ иIэ пщэрылъымрэ хэхэсым къылъысымкIэ дызэдэуэныр къэдгъэнэжыну. Хэкум исым и зэфIэкIыр нэхъыбэщ хамэ къэралым яхэсым нэхърэ, ауэ а нэхъыбэм къитIэсыр лъэпкъыр хъума дыхъуным зэрыпэмылъэщыр псоми къыдгурыIуащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, иримыкъур дэнэ щIыпIи щыпсэу адыгэхэр зэгухьэу ирагъэкъужыныращ хэкIыпIэр.
Ухэплъэжмэ, зыхъумэжыным теухуауэ адыгэм иIэ Iэмалым хуэдэ зиIэ кIуэдыжыныр зытрагъэIукIа лъэпкъхэм яхэту къыщIэкIынкъым. Дуней псом дызэрытекъухьам иджыпсту дызэрыт щытыкIэм ехьэлIа фейдэ къыхэтхыпхъэщ. Зы шэч хэлъкъым хэкуми хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми адыгэлI лъэрызехьэ зэрахэтым. Мис а лъэрызехьэхэр зэрыубыду лъэпкъым псэ къыхалъхьэжын хуейщ.
Тхыдэ къулей дызэриIари, «хьет» жезыгъэIа нэхъыжь дызэрикуэдри, тхуэмыфащэу, къэдмылэжьауэ лей къызэрыттехьари дощIэж, жыдоIэ, къытедгъэзэжурэ жыдоIэ. ТщIэни хуейщ. Ауэ ар зэрытщIэм къигъэушын хуейкъэ адэкIи «хьет» зэрыжедгъэIэн псэукIэ, Iэмал, зэфIэкI. ЩIы хъурейм адыгэу тетыр (е адыгэну хуейуэ тетыр) къызэщIэзыкъуэн къару дыхуэныкъуэщ. XXI лIэщIыгъуэм нэхъ Iэщэ лъэщ дыдэу щыIэр щIэныгъэращи, ар и лъабжьэу Дунейпсо зэгухьэныгъэ диIэныр Iэмалыншэщ. Апхуэдэ насып лъэпкъым къыхуалэжьыныр яхузэфIэкIынущ Къандур Мухьэдин, Темыркъан Юрэ, КIыщ Мухьэдин, Къанокъуэ Арсен сымэ хуэдэхэм. Яхэтщ щIалэгъуалэми гуащIафIэхэр. Хъуапсэ и псэр кIуэдыркъым, жиIащ адыгэм. Дыхъуапсэмэ, Iэмал дигъэлъыхъуэнщ, хэкIыпIэ къыдигъэгъуэтынщ.
Иджыпсту дэ дызыпэлъэщыр дызэрыщIэныр, ди адыгэ дунейм щызекIуэ IуэхухэмкIэ, гупсысэхэмкIэ дызэдэгуэшэныращи, адыгэ хэкум къикI макъыр хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж нэзыгъэс «Жьынэпс» газетым фIыщIэри щытхъури ейщ. Дыщогугъ ди зэпыщIэныгъэр а газетым и лэжьакIуэхэм я фIыгъэкIэ нэхъ быдэ хъуну, губзыгъагърэ гупсысэ щхьэпэкIэ нэхъ къулей дызэрыгъэхъуну.
ХьэцIыкIу Рае