Фащэмрэ щапхъэмрэ

0
701

ЦIыхум и гъащIэр аращ зэрекIуэкIыр: нэхъыжьым нэхъыщIэр еущий, зым ищIэр адрейм ирегъэщIэж, зыр зыхуэIэзэм адрейр хуегъасэ. Ар зэпыч зимыIэ Iуэхугъуэщ. Адэ-анэ тэмэмхэм цIыху нэс хъун хуэдэу ягъэса щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ лъэпкъ фащэ дахэхэр ящыгъыу къафэ-къэуджхэу гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм хэту уи нэгу къыщIэбгъэхьэныр, уи нэкIэ нобэрей гъащIэм щыплъагъуныр сыт хуэдэу гухэхъуэгъуэ! 

ЦIыхум и гупсысэкIэр щыгъым елъытауэ къыщIэкIынущ. Адыгэ фащэр сиIэну сехъуапсэрт куэд щIауэ, зыгуэрым щыгъыу слъагъумэ, зыщызмыгъэнщIу сеплъырт. Зэи сщыгъупщэжынкъым зэдэлъхузэшыпхъухэм япэ дыдэу фащэр тщыгъыу уэрамым дыкъыщыдыхьам зыхэтщIауэ щыта гурыщIэр, абы къытхилъхьа гушхуэныгъэр. Дыщэ IуданэкIэ тхыпхъэщIыпхъэ зытещIыхьа пыIэр, шылэхъарыр, бостей плъыжь кIыхь дахэр, дыжьынкIэ гъэщIэрэщIа щIыIу бгырыпхыр, вакъэ псынщIэр, гупэIулъыр, Iэщхьэпылъыр…ЦIыхур нэхъ зыгъэдахэ, нэхъ щыгъын екIу уигъэлъыхъуэнщ адыгэ фащэм. Ауэ, япэ щIыкIэ куэд къызэрыдэплъым сигъэукIытат, иужькIэ къызэрызгурыIуамкIэ, къыдэплъхэм я нэхъыбэр къыдэхъуапсэу арат. 

ФокIадэм и тIощIрэ еянэ махуэр Iэтауэ ди унагъуэм зэрыщыдгъэлъапIэр зи фIыщIэр ди нанэщ. Абы къыджиIат: «Сэ къызэрыслъытэмкIэ, адыгэу зызылъытэж дэтхэнэми адыгэ фащэ и унэм щIэлъын, ар щитIагъэу, цIыхухэм ярихыхьэу иIэн хуейщ. Адэжьхэм къыфхуагъэна фащэр зефхьэну фи пщэрылъщ. ГуфIэгъуэ махуэхэм, лъэпкъ зэхуэсхэм, джэгухэм фыщыхэткIэ, Iэмал имыIэу зыщыфтIагъэ фащэр. Ар зыхэзымыщIэм и фIэщ пхуэщIынкъым фащэр пкъым иплъхьа иужь къыуит къарум, гушхуэныгъэм и инагъыр».  

Абы иужь нэхъыжьи нэхъыщIи дызэгурыIуэри, адыгэ фащэ зэрыунагъуэу едгъэдат. Фащэр зэ ебгъэдамэ, абы апхуэдизкIэ удехьэхри, къызыхуэтыншэу зэбгъэпэщыху утепыIэркъым. ЗыщыптIэгъэхуи ар къэзыгъэщIахэм я нэгу щIэкIам Iэмал имыIэу урегъэгупсыс. Уи нэгум занщIэу къыщIоувэ ди адэжьхэм дунейр зэралъагъуу щытар, я гупсысэхэр, я Iуэху щIэкIэр нэхъ гурыIуэгъуэ мэхъу. Абы къыщынэмыщIауэ уи дуней еплъыкIэм зрегъэхъуэж, уи лъэпкъым ухуэфащэу, екIуу, дахэу дунейм утетын гурыщIэр уи гущIэм къыщегъэуш. 

Хуабжьу сызэрыпIейтейм гу лъитауэ къыщIэкIынщи, нани си Iуфэр къеуджыхь. 

– Бжьыхьэм и хьэмтетыгъуэр къэсащ, – нанэ и щхьэр лъагэу еIэтри Iэдакъэ жьауэ ещI, жыжьэ маплъэри, хэгупсысыхьурэ мыр жеIэ: – Гури псэри зи цIууныгъэм щыгуфIыкI дыщэ кIанэ цIыкIущ фокIадэр. Бжьыхьэм и къулеягъыр къигъэлъагъуэу мы мазэм нэхърэ нэхъ дахи дэнэ къипхынт, ауэ яхуэмыфащэу лъэныкъуэ ирагъэза адыгэ псалъэхэм ящыщщ ари. 

– Нанэ, уэ пщIэжрэ нобэ адыгэ фащэм зэримахуэшхуэр. Абы ирихьэлIэу интернетым флэшмоб щрагъэжьащ. Ди къалэ еджапIэхэми щIалэгъуалэ Iуэху зезыхуэ IуэхущIапIэхэми адыгэ фащэм и тхыдэмрэ и теплъэмрэ цIыхухэм къезыгъэщIэж зэIущIэхэр куэду щрагъэкIуэкIынущ. Дэри еджапIэм щыдгъэлъэпIэнущ адыгэ фащэм и махуэр. Си фащэр щыстIэгъэнурэ нобэ зыкъисхыу сыкIуэнущ.  

Къанло Эльбинэ

– Анна, сыт «лъэщмоб»-ри зищIысыр? 

– Флэшмоб, нанэ! Ар чэзу-зэIэпыхщ! Ауэ, лъэщмобри нэхъыфIыжщ! – содыхьэшх. – Адыгэ фащэр тщыгъыу зытредгъэхыну видео нэтын кIэщIым лъэпкъым, фащэм хуэгъэпса хъуэхъу къыщыIун хуейщ. ИтIанэ «Сэ адыгэ фащэр си фащэщ, уэ-щэ?» – жаIэри чэзур зратым и цIэр къраIуэ. Зи цIэ жаIам абы къыпищэну и къалэнщ. Хъуэхъу дахэкIэ къыздэпIыгъам си гуапэт. Зи видео нэтыныр нэхъыфIу къалъытэ ныбжьыщIитI-щым Нэхущ Чэрим адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу итыну концертым и билет тыгъэ хуащIынущ. Уэ пфIэфIтэкъэ Чэрим и уэрэдхэр? 

– Ар сыту бэлыхь! Адыгэ Хасэм апхуэдэ гупыж щищIакIэ, лъэпкъ фащэм и махуэшхуэр иджы ди Къэбэрдей-Балъкъэрми щагъэлъэпIэнщ жыджэру. Уэ гукъыдэж пщIари дахэщ, си тIасэ, бдызоIыгъ – мы махуэхэм фащэ щызытIэгъэну, зи лъэпкъ фащэм пщIэ зэрыхуищIыр зыгъэлъэгъуэну хуейхэм закъыкIэрывмыгъэхуу фахэувэ псынщIэу, ар мурадыфIщ.  

ГъащIэм къыщытхуэсэбэпын чэнджэщхэмкIэ пхъурылъху-къуэрылъхухэр дызэщIиузадэу щIедзэ нанэ, дыкъепщытэ: 

– Плъэт, Чэмилэ, модэ мо ди къуршыщхьэ уэсыр зэрыдахэм, бгыхэм цей хужьыр ящыгъым ещхьщ. Сыт уэ пщIэр адыгэ цейм теухуауэ? 

– «Дахагъэу щыIэр далъагъуну, къуршым дэкI лъагъуэхэр абы и дыпIэщ. А бзыпхъэр ди лъэпкъым хуэфIыбзэщ, пщащэм IэкIуэлъакIуэу нэхущ дыгъэпсым къыхихащ. Биишэр къыплъэмыIэсыну, хьэзырхэр псысэкIэ гъэпсащ. А бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами, зэры-Кавказу яхуэфIыпсщ» – сэ абы жэуап изот МэшбащIэ Исхьэкъ и «Адыгэ цей» усэм хэт сатырхэмкIэ. 

– Апхуэдэу щыхъукIэ, адыгэм ди шыфэлIыфэм, дуней псом щыцIэрыIуэ «черкескэм» и тхыдэм дривгъэплъэжыт зэ. Сыт атIэ уэ абы хэпщIыкIыр? 

Сэри къызжьэдэлъэлъу жызоIэж ди егъэджакIуэхэм къытхуаIуэтахэр:  

– Цейм теухуа хъыбархэр Грозный Иван и пщIантIэм хэгъэрей щыхъуа адыгэхэм я деж къыщожьэ. Тхыдэджхэм зэрыжаIэжымкIэ, урыс пащтыхьым и деж къулыкъу щызыщIэ адыгэхэм цейр ящыгъыну хуит ящIырт.  

– Абы и щхьэусыгъуэри мыращ, – къыпещэ си дэлъхум – адыгэр и лъакъуэм щыщIэдзауэ и щхьэм нэс IэщэкIэ узэдами, ар апхуэдизкIэ екIуу и фащэм хэгъэзэгъати, зы Iэщэр адрейм зэран хуэхъуртэкъым икIи ахэр зэжьэхэуэртэкъым. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ жэщтеуэ щащIхэм деж. Сэшхуэр салъэм илъщи – Iэуэлъауэ лъэпкъ ищIыркъым, и фочыр фочылъэм илъщи – цIууркъым, лъахъстэным къыхэщIыкIа и лъейр, къаплъэным и фIалъэ лъакъуэхэм ещхьу, щабэу тоувэ, и шыр гъэсащи – щыщыркъым, и бзэращи – жиIэну зыхуей псори зы псалъэм къокI. Ауэ, нанэ, цейм и «дыщэ лъэхъэнэр», дауи, илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм и зэманырат.  

Къущхьэбий Камилэ

Ди нанэ акъылкIэ зэи утекIуэнукъым, абы и «щIэныгъэ нэхъыщхьэр» гъащIэм щигъуэтащи, и жэуапыр сытым дежи хьэзырщ: 

– Зауэм ипэ къихуэ лъэхъэнэм, си щIалэ цIыкIу, адыгэхэр Кавказым щынэхъыбэ лъэпкът. Бжыгъэм и мызакъуэу, я зэхэтыкIэри, зыхуэпэкIэри, хабзэ зехьэкIэри нэхъыбэу зыубзыхур къэбэрдейхэрт, икIи а зэманым гъуэтыгъуейт адыгэбзэ зымыщIэ кавказырыс. Фэри фыхущIэкъу адыгэбзэ къабзэкIэ фызэрыпсалъэным, хьет жевгъэIэ! 

Си дэлъхуми тегушхуауэ пещэ: 

– Хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм я тхыгъэм къыщыхощыж дяпэ ита нэхъыжьхэр къызэрацIыхуу щыта шыфэлIыфэр. Абыхэм ящыщ зым и закъуэ тэтэр тIощI, я зы гуп цIыкIум – скиф гупышхуэ дыдэ ирихужьэжыфырт. Абы къыдэкIуэуи, хьэщIэхэм къытхужаIащ: «Нэхъ лъэпкъ гуапэрэ хамэм нэхъ хуэжумартрэ дунейм щыгъуэтыгъуейщ». 

– АтIэ къэдаIуэ, си щIалэ цIыкIу, «Iэщэ-фащэ» псалъэм езым и зэхэлъыкIэм къегъэлъагъуэ адыгэм хахуагъэмрэ дахагъэмрэ зэгуихыу зэрыщымытар. Цейр цIыхухъум и къалэнхэр игъэзэщIэным хуэгъэпсауэ щытщ: тыншу уегъэIэбэ, къыздумыхьэкIынкIэ Iэмал зимыIэ хьэпшыпхэр пкIэрегъэзагъэ, зэман кIыхькIэ шыбгым уисыныр псынщIэ пщещI икIи, зауэм ухыхьэн хъумэ, уи теплъэм утемышыныхьу уегъэзауэ. Абы и Iыхьэхэм хохьэ: езы цейр, гъуэншэджыр, джанэр, бгырыпхыр, щIакIуэр, бащлъыкъыр, лъейр. 

– СощIэр, нанэ. Хъан-Джэрий СулътIан итхами сыкъеджащ: «Адыгэ цейм дахагърэ тыншагъкIэ къытекIуэн щыгъын Азием и мызакъуэу, щIэныгъэм фIыуэ зыщиужьа, уегупсысмэ, кIыфIыгъэм хэт лъэпкъым елъы-тауэ, псори нэхъыфIу зыбгъэдэлъын хуей Европэм нэгъуни щыслъэгъуакъым. Ар лIы нэсым и дамыгъэщ, зыщыгъым и щхьэр лъагэу иригъэIэтрэ щыпкъагъыр къыпкъригъэщу. ЦIыхухъум щыгъыныр зэрыщытыпхъэу ибжым цейр апхуэдизкIэ техуэрт, къилъыхъуэ псор абы хигъуатэрти, епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэм Кавказым ис лъэпкъ псоми щатIэгъэн щIадзащ. Абы Къэбэрдейр Кавказым унафэ щызэрихьэу зэрыщытри щхьэусыгъуэ хуэхъуащ. Ауэ абы фIэкIа хэмылъамэ, дауэ ар епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм Куржыми, Азербайджанми, ермэлыхэм я дежи нэсынт?» 

Сэри псалъэмакъым пызощэ, нанэ арэзы тщIымэ нэхъ къасщтэу: 

– Абы и жэуапыр Де Бесс Жан-Шарль и деж къыщыдогъуэт: «Адыгэхэм я щыгъыныр сыт нэхъри нэхъыфIу шы тесынымрэ зауэ IуэхукIэ зекIуэ урежьэнымрэ хуэщIащ». Адыгэ цейр нэм зыкъыщIэзымыдзэ фэхэм къыхащIыкI: морэ, фIыцIэ, щхъуэ хуэдэхэм. Цей хужь мы уэ иджыпсту пщыгъыр, си дэлъхушхуэ, езыгъэдыну хуитыр пщыхэрат, ауэ адыгэпщхэр апхуэдизкIэ цIыху зэпIэзэрытхэти, IэщэкIэ мыхъумэ, цIыху къызэрыгуэкIхэм фащэкIэ зыкъыхагъэщхьэхукIыртэкъым. ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр цейм и бийщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэкъуарэ Iэпкълъэпкъым шэщIауэ итIысхьэу, гъэщIэрэщIэкIэ хабзэхэм тету – апхуэдэщ адыгэ цейм и дыкIэ мардэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр егъэлеяуэ зэкIуж щIэхъур. Ауэ ди зэманым лъэпкъ куэдым я иджырей щыгъыныр зэщхь хъуащ. Адыгэхэми яфIэмыIейуэ зэрахьэ кIэстум зэфIэтыр, галстукыр, туфлъэр. ЦIыхухъухэр фащэкIэ нэхъ зэпIэзэрытмэ, цIыхубзхэр фащэ хъуэжынымкIэ дыерыщхэщ.  

– Дунеяплъэ гуэрми аращ щIыжиIар, – акъыл зэпеуэм пещэ нанэ- «АдыгэлIым елъытауэ, дунейм цIыхухъуу тетыр лъагъугъуейуэ къыпфIощI». НэхъыфI нэхъ IейкIэ зэхамыдзу, псоми а зы щыгъын лIэужьыгъуэр зэращыгъым адыгэ псоми зы унагъуэ къыхэкIауэ фэ къатрегъауэ. Псом нэхърэ нэхъ лъэщыр цейр «пхуэфIыпсу» пщы-гъыныращ. Нэхъ Iэзэу ябж дэрбзэр бзылъхугъэхэм зэ фIэкIа зыIумыплъа цIыхухъум ирамыгъапщэу цей хуадыфырт япэм щыгъуэ. Пщащэхэм щIалэм хуада фащэмкIэ къагъэлъагъуэрт я гурыщIэхэр. Фащэр екIуу зыщыгъ щIалэм уIуплъэмэ, уи нэгу къыщIигъэхьэрт зыда пщащэм абы хуиIэ щытыкIэр. 

– Умыгузавэ, нанэ, сэ еджапIэр къэзухмэ дэрбзэр Iэзэ сыхъуну быдэу укъызогъэгугъэ. 

– Азэлыхь, сэ нобэр къыздэсым иджыри дэтхэнэ зы адыгэ пщащэми пкъым хуэфIыпс фащэ екIу иIэныр насыпышхуэу къызолъытэм. Адыгэ фащэр фэилъхьэгъуэ дахэ къудейкъым, тIу. Ар укъызыхэкIам пщIэ хуозыгъэщIщ, лъэпкъым и гупсысэ, зэфIэкI, Iэзагъ къызытещыж Iэужь нэсщ. 

Адыгэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ фи фащэр фIыуэ флъагъу, абыкIэ нэхъыжьхэм ди псэр вгъэгуфIэ. Адыгэ фащэм и махуэм и закъуэкъым ар щыщыфтIэгъапхъэр, ар нэхъыбэрэ фи пкъым ифлъхьэху нэхъыфIщ. «Адыгэ цей сщыгъыу сыщIэфлъхьэж», – жиIэу уэсят къэзыгъэна Хьэгъундокъуэ Константин лъагэу адыгэ цейм и пщIэр иIэтат. Нобэ адыгэ цейр зыщыгъхэм ящыщу дуней псом къыщацIыхур Иордание пащтыхьыр зыхъумэ адыгэ мухьэжырхэр аращ. Адыгэ фащэр адыгэхэм я IэдакъэщIэкI щхьэкIэ, ар лъэпкъ куэдым ягу дыхьауэ щытщи, абы и тхыдэр фщыгъупщэ хъунукъым. Ди лъэпкъым дунейм иритыфа щыгъын дахэр вгъэлъэпIэныр, фыкъызыхэкIар фщIэжу, нэхъыжьхэм къадекIуэкI хабзэмрэ нэмысымрэ фахуэфащэу, лъэпкъым и щIэиныр фи гъуазэу фыпсэуныр – ар сэри си уэсятщ. 

Аращи, фащэм и IэфIыр зэ зыхэзыщIам IэщIыб хуэмыщIыжыр пэжщ. Япэ фащэм етIуани къыкIэлъыкIуэнщ, ещанэ фащэр езым здыжыну сигу ислъхьащи, дэкIэ зэзгъэщIэнщи, ари хуэмурэ зэзгъэхъулIэнщ. Адыгэ хабзэм нэхъыфI, ди фащэм нэхъ екIу, ди хэкум нэхъ дахэ къыпхуэгъуэтынукъым, дыщIэлъыхъуэни щыIэкъым. Пэжщ икIи, «зыхуэбгъэфащэр уи фащэщ», дэ зыхуэдгъэфащэр адыгэ фащэщ. 

ДрокIуэр уэрамым ди щхьэр лъагэу Iэтауэ. Дыадыгэщ! Фащэри тхуэфащэщ. ИкIи дунейм дытетыху дыхущIэкъунщ а фащэр зей ди лъэпкъым хуэфащэ цIыхуу дызэрыщытыным. Уи гъуэгу дахэ ухъу, ди адыгэ фащэ! 

  

Тхыгъэр зейр: Къущхьэбий Камилэ, Налшык къалэм и 26 еджапIэм и и еджакIуэ. 

ЕгъэджакIуэр: Къанло Эльбинэ Уэлид ипхъу. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz