Хэкум И Макъ -Anavatanın Sesi – Ekim 2017

0
652

Уо, ридэ, Ридадэ!

Ридадэ адыгэ лъэпкъым я пашэт. Абы пщІэшхуэ къилэжьат и щхьэм япэ и хэкур зэрыригъэщымкІэ.
Хьэлэбэлыкъ хэмыкІыу къэгъуэгурыкІуэ адыгэхэр зыкъом лъандэрэ мамыру псэуну, зауэ-банэ хэмытыну къахуихуат. Ауэ 6530 (1022) гъэм адыгэ хэкум къытеуэну къежьащ «Хахуэ» зыфІаща Тэмтэрэкъеипщ Мстислав. Абы и хъыбар къыІэрыхьэри, Ридадэ и зауэлІхэр и гъусэу бийм пежьащ. ЗэхуэкІуитІыр гъунэгъу зэхуэхъуащ, зэпэуващ, зэзэуэн хуейщ.
Хъуреягъыр къиплъыхьащ Ридадэ. Нобэ хуэдэ махуэ дахэм, мо дыгъэри мы ди бгхэри щыхьэту дауэ лъы дгъэжэну? Тэмтэрэкъеипщхэм псоми дагуроІуэ, дозэгъ, мыр дэнэ къиукІ… Арати къыхилъхьащ Іэщэ къамыщтэу, лъэныкъуитІми я зэуэлІ зырыз зэпагъэуву зэрагъэбэныну. А зэманым щыІэт апхуэдэ хабзэ. ЗэгурыІуащ: текІуэм хагъэщІам и унагъуэри, и щІы Іыхьэри, мылъкуу бгъэдэлъри къылъысынут.
Мстислав езыр утыкум къыщихьэм, абы пэувыжащ Ридадэ.
Япэ щІыкІэ шууэ зэбгъэрыкІуащ. ЗэжьэхэлъаІІдэрт, зэжьэхэкІуэтыжырти, аргуэру зэжьэхэлъэдэжт, зыр адрейм шыбгъэкІэ уанэм къытриудыну яужь иту. КъемыхъулІэхэну къыщилъытэм, Мстислав и бжыр Ридадэ къытригъапсэри къидзащ. Абы хуэзэу Ридадэ и шым зритІэри, бжыр адыгэ зауэлІым и дамэр къритхъыу блэцІэфтащ. Нэхъри абы къигъэлыба Мстислав гъуэжькуийуэ Ридадэ къыжьэхэлъадэри, зытес шым и щхьэр тІууэ зэгуигъэхуащ. ХакІуэр джэлащ, нур къызыщІих и нитІым нэпс къыщІэжащ. Къэхъуар Ридадэ хуэмышэчынти, и губжьыр нэхъыбэ хъуауэ и бжыр къыпэщІэтымкІэ иутІыпщащ. Мстислав къелынтэкъым абы, ауэ и шым зыкъыщиІэтым хуэзэри, бжым шым и джабэм зыхитІащ. Шу зэтесыр зэгъусэу джэлащ. Ридадэ щылъым зрипщытынукъыми, къэтэджыжыху пэплъащ, адэкІэ зэзауэр джатэкІэ пащащ. Джатэхэр хъуаскІэр къыдихыу щызэжьэхэуэкІэ, бгыхэр къапэджэжырт. 
Ридадэ и хьэрэлыгъуэ джатэм Мстислав ейр тІууэ щызэпиудым, езым и джатэр щІым хитІэри, «дызобэн!», жиІащ Ридадэ. ФІэфІ хъуатэкъым ар Мстислав, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ищІэрт бэнэнкІэ Ридадэ пэхъун зэрыщымыІэр.
Сыхьэт бжыгъэ хъуауэ зэбэнырт. Мстислав и гуащІэр мэкІуэщІ. Ридадэ къыхуэнэжа къарур зэхилъхьэжри, Мстиславыр къытридзащ.
– ДытекІуащ! – мэкІий адыгэхэр. И лъэпкъэгъухэм къахуеплъэкІащ Ридадэ, хьэлэлу и нэм къыщІэпсэ дыгъэм нэхуфІэщІыж къищІу. Нобэ лъы икІута зэрымыхъуамкІэ фІыщІэ къыхуищІу къыщыхъуат. Зы медант пелуаным и Іэхэр къызэрытІэсхъар. Ауэ куэдрэ къохъу апхуэдэ зы меданыр цІыху гъащІэм и уасэу. Мстиславыр къыщылъэтыжри, Іэщэ къигъэсэбэпыну хуимытами, сэ къызэкъуихар Ридадэм хиІуащ. Апхуэдэу хьилэ зыхэлъ бзаджагъэкІэ текІуа Мстислав иужькІэ жиІэжат зэлъэІуа и Тхьэр дэІэпыкъуэгъу къыхуэхъуу тригъэкІуауэ. Ридадэ и псэр иджыри хэкІатэкъым и лъакъуэм аркъэныр фІищІэу тафэм щрилъэфам.
Е-ей-й, ямылъагъужын лІыукІ! Псэум дежкІэ лІам и хьэдэр лъапІэщ. Хьэдэр зыгъэпудыр къэрабгъэщ, сыту жыпІэмэ лІар биежыркъым.
Е-ей-й-й, цІыхухэ, хьэдагъэ фщІы! Фыгъ, дыгъэ, уафэ! Уэри гуІэ, щІы, уи зы къуэм адрей уи къуэр иукІыжащ. Сыт, сищІ, и къуэш зыукІыж бын къыщІэбгъэщІыр? Сыту утэмакъ кІыхь, щІы!
Е-ей-й-й! Щхьэ укъэнэщхъея, пшынэбзэ? Уэ иджыри лІыхъужьым и уэрэдыр къибгъэкІын хуейщ. КІэ зимыІэ уэрэд. Уэ уи Іущагъыр сиІарэт, уи кІэншагъыр схэлъарэт, дыгъэ; фэ фи гурыхуагъэр спкърылъарэт, бгы; уэ уи къарур збгъэдэлъатэмэ, жьы; уэ уи беягъыр сиІэну, щІы, уи шыІэныгъэмрэ гуапагъэмрэ! ЕзгъэукІынтэкъым итІанэ уи зы къуэм адрей уи къуэр!
КъыптекІуэр гугъущ. ТекІуам Ридадэ и щхьэгъусэри и къуитІри гъэр ищІащ, адыгэ лъэпкъым къуэды къытрилъхьащ.
Мстислав гъэр ищІахэр и хэкум здишащ, Ридадэ и къуэхэм цІэщІэ къафІищащ – Юрэрэ Романрэ. Езым ипхъу Татьянэ Роман щхьэгъусэу къритат, ауэ бын ямыгъуэтауэ щІалэр зэхэуэ гуэрым къыщаукІащ.
Адыгэхэм дежкІэ шэчыгъуафІэтэкъым я зауэлІ нэхъыфІ дыдэм и кІуэдыкІар. Мурад ящІащ Ридадэ илъ ящІэжыну. ЗауэлІ шыщхьэмыгъазэ защІэу дзэ зэхуашэсри, ежьащ Тэмтэрэкъейр зэтракъутэну. Абыхэм къапэуващ езыхэм нэхърэ мынэхъ къарууншэу зауэлІ мин бжыгъэхэр. Лъы куэд ягъэжащ, псэупІэ куэд щІым щыщ ящІыжащ, мылъкушхуэ Іисраф зэтращІащ. ЛъэныкъуитІри зэрытемыгъакІуэу зэхэуэ мащІэ екІуэкІакъым, ауэ икІэм икІэжым адыгэхэм бжьыпэр яубыдащ. Тэмтэрэкъейм къыханэ щымыІэу зэтракъутэри, къуентхъхэмрэ гъэрхэмрэ куэду я гъусэу хэкум къагъэзэжащ. Абы лъандэрэ адыгэ лъэпкъым къыдогъуэгурыкІуэ «Тэмтэрэкъейр уи натІэ ухъу!» жыхуиІэ псалъэр.
Ридадэ и цІэр мыкІуэдыжыным папщІэ, адыгэ уэрэдхэм и ежьум «О, Ридадэ!» псалъэр Іэмалыншэу хэтын хуейуэ хабзэ ищІащ лъэпкъым.
Урысхэм зэратхымкІэ, Ридадэ къежьапІэ яхуэхъуащ урыс лъэпкъипщІ-пщыкІутІым.

***

КъызыхэкIа лъэпкъым хуэпэж Шыгъушэ Хьэбас

обэ адыгэбзэр зэрыт щытыкӀэ гугъум лъэпкъыбзэм хуезыгъаджэхэм я мыхьэнэр хуабжьу лъагэ ещӀ. Ахэм я щӀэныгъэмрэ анэбзэм хуаӀэ лъагъуныгъэмрэ елъытащ ирагъаджэ цӀыкӀухэр къызэрыдахьэхыфынур зыхуэдизыр, анэбзэм и щэхухэр къызэрыхузэӀуахынум и кууагъыр, а бзэмкӀэ псэлъэну хуей зэращӀыфынур. Лъэпкъыр куэдкӀэ зыщыгугъ цӀыхущ иджыпсту адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкӀэ егъэджакӀуэхэр. Илъэс 46 хъуауэ апхуэдэ пщэрылъ ехь упщӀэ зыбжанэкӀэ зызыхуэдгъэза Шыгъушэ Хьэбас.  
-Хьэбас уи гъащIэ гъуэгуанэм уриплъэжмэ, сыт нэхъ къытещу къыпщыхъур?
– Илъэс 70 гъуэгуанэм ущрохьэлIэ гуфIэгъуи, гуауи, гукъинэж хьэлэмэтхэми, лъэпощхьэпои – аращ гъащIэ хъужри. Жьуджалэу а гъащIэм уздихъ лъэныкъуэмкIэ зебгъэхь хъунукъым. «Псэуну гъащIэ зыхуэфащэр мыувыIэу кIуэхэр аркъудейщ», – КIыщокъуэ Алим и гупсысэ лъэщхэр си гъуазэу сызэрыпсэуным яужь ситащ.
СызэплъэкӀыжмэ, си лэжьыгъэм къыпэкIуа фIыгъуэу къэскӀуа гъуэгуанэм теслъагъуэм гукъыдэжышхуэ къызет. Ар езгъэджахэм ящыщ куэд си IэщIагъэр къызэрыхахыжарщ, цIыху цIэрыIуэ къазэрыхэкIарщ. Абыхэм си цIэр я псалъэмакъхэм, я тхыгъэхэм къыщыхагъэщым и деж гуапэ сщохъу, дамэ къыстрегъакIэ. СызыгъэгуфӀэр си лъэпкъым сэбэп сызэрыхуэхъуфаращ, сабийхэр адыгэ цӀыху нэс хъуным си гуащӀэ зэрыхэслъхьэфаращ.
Зы махуи сигу ихуакъым си адэ-анэр, си анэ къилъхухэр. Си гъащӀэм увыпIэшхуэ щеубыд сыт хуэдэ Iуэху езгъажьэми къыздэзыIыгъ си унагъуэм.

-Уэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу илъэс 46-рэ хъуауэ уолажьэ. Дауэ уеплърэ, сыт нэхъ гулъытэ зыхуэщӀын хуейр – гъэсэныгъэра хьэмэ егъэджэныгъэра?
-Гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зэпхащ. ЕгъэджакIуэхэм я къэлэнщ сабийхэм щIэныгъэ иратым имызакъуэу, абыхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэри драгъэкIуэкIыныр. Нэхъапэм адыгэ литературэр щапхъэ тщIыурэ щIэблэр дгъасэрт. Иджы компьютерым и Iэмалхэр нэхъыбэ мэхъу, тхылъ еджэхэр абы нэхъ мащӀэ ещӀ. Абы и щӀыӀужкӀэ ЕГЭ, ОГЭ зэратыну дерсхэм гулъытэ егъэлея хуащӀурэ, ди бзэм и Iуэхур нэхъ кIащхъэ мэхъу, нэхъ кърагъэкӀуэт. Ауэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэфIхэр диIэщ. Къэралым къигъэув хабзэщIэхэм тету я дерсхэр зэхагъэувэ, Iэмал зэмыщхьхэр екIуу къагъэсэбэп ди цӀыкӀухэр анэдэлъхубзэм драгъэхьэхыным папщӀэ.

-Дызэреджэ тхылъхэм я гугъу пщIымэ-щэ?
-ГъащIэр ипэкӀэ кIуэ зэпытщ, зеужь, йофӀакӀуэ. Апхуэдабзэу еджакIуэхэр зэреджэ тхылъхэри зэманым пэджэжу щытыпхъэщ. Адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм, ди нобэрей тхакIуэ, усакIуэ нэхъыфIхэм я IэдакъэщIэкIхэр Iэмал имыIэу егъэджын хуейщ. ЩIэблэм ящIэн хуейщ блэкIар: я гъащIэ дахэм и щIэдзапIэр, абы папщIэкIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр къэзыIуатэ тхыгъэхэр. Ауэ революцэмрэ граждан зауэмрэ теухуа тхыгъэхэмкIэ программэр кудэн хуейкъым. Куэдрэ къытебгъазэу узытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэр еджакIуэхэм яужэгъу. Ди литературэм къызэщIиубыдэ тхыгъэ налкъутхэм зэ фIыуэ хэплъэжарэ, щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ къэзышэу нобэрей адыгэ литературэм иӀэ тхыгъэхэр программэм къызэщӀиубыдамэ, сыту фIыт! БлэкIари уигъэлъэгъуфу, къэкIуэну гъащIэми ухуиущийуэ – аракъэ щIэблэр зыщIэгъэджыкIын хуейр?
ХьэкIуащэ Андрей зэрыжиIащи: «Адыгэбзэм гугъапIэу иIэр дэращ, ар зезыхьэхэрщ, ирилажьэхэрщ, ирипсалъэхэрщ».

– Иджырей щIалэгъуалэмрэ нэхъэпэIуэкIэ щыIахэмрэ сыткIэ зэщхь сыткIэ зэщхьэщыкIрэ? ЕгъэджакIуэм, адэ-анэм, къэралым деж сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр къыщынэрэ?
Иджырей щIалэгъуалэр япэ итахэм езгъапщэу, нэхъыфIрэ нэхъ IейкIэ схузэхэгъэкӀынкъым. Иджыпсту дыщыпсэур, а зы хэкур арами, нэхъ пасэм елъытауэ, нэгъуэщӀ псэукIэщ, къэралым цIыхухэм къарит Iэмалхэр нэхъ инщ. ИкӀи сытым щыгъуи зыхэпсэукӀ зэманым езым и увыпӀэ щызыубыдыж, и гъуэгу хэзышыж щӀалэгъуалэ куэду къыхокӀ. Лъэхъэнэм елъытауэ нэгъуэщӀ хъууэ аращ ди щӀэблэр, армыхъум нэхъ Ӏей хъууэ къикӀкъым япэ итахэм зэремыщхьым. ДиӀэщ лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъун, зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэр. Абыхэм я цIэр ди щIыналъэм и мызакъуэу, хамэ къэралхэми фIыкIэ къызэрыщащIэм срогуфIэ.

-Къуажэм щылажьэ егъэджакIуэхэм хабзэ яӀащ ирагъаджэхэр нэхъыжьхэм я деж ягъакIуэурэ хъыбар, уэрэдыжьхэр зэхурагъэхьэсыжу, цӀыху хьэлэмэтхэр еджапӀэм ирагъэблагъэурэ цӀыкӀухэм щапхъэу ирагъэцӀыхуу. Ноби дыхуэмейуэ пӀэрэ апхуэдэ лэжьыгъэ щхьэпэ?
-Апхуэдэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Япэрауэ, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэпэгъунэгъу мэхъу, гъэсэныгъэ лэжьыгъэр щIохуабжьэ. ЕтIуанэрауэ, сабийм и акъылым зеужь. Сэ зей ӀэщӀыб сщӀакъым а Ӏуэху бгъэдыхьэкӀэр. ЕджапIэм къызэдгъэпэща гупжьейм хэт еджакIуэ цIыкIухэр си гъусэу апхуэдэ лэжьыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ зэдыдощӀэ.
«ДифI догъэлъапIэ» рубрикэм щIэту си мурадщ мыгувэу зы зэхыхьэ къызэзгъэпэщыну. УэрэджыIакIуэхэу Нэхущ Чэрим, Хьэмырзэ Iэхьмэд, усакIуэ Шорэ Маринэ сымэ къезгъэблагъэу сабийхэм езгъэцIыхуну сыхуейщ. Ахэр сэ езгъэджащ.
НэхъапэIуэкIэ Нэхущ Чэрим къезгъэблагъэри ныбжьыщIэхэм езгъэцIыхуат икIи а пшыхьыр гукъинэж хъуауэ щытащ. Iэмал имыIэу егъэджакIуэм щIэблэм яригъэцIыхун хуейщ къуажэм зэфIэкI зиIэу къыдэкIа цIыху ахъырзэманхэр. Ар псалъэкӀэ яжетӀэр щапхъэ нэрылъагъукӀэ щӀэзыгъэбыдэж Ӏуэхущ.

-Ди къуажэм и зыужьыныгъэм теухуауэ сыт жыпIэнт?
-Къуажэм и зыужьыныгъэр куэдкIэ елъытащ къэралыр мылъкукIэ къызэрыдэIэпыкъуфым, елъытыжащ езы къуажэдэсхэм. ЩIалэгъуалэм деж щхьэпэ хъунт клубхэр, библиотекэхэр зыхуей хуэзэу лажьэу къызэрагъэпэщыжамэ. Апхуэдэу фэеплъ щIыпIэхэм хуасакъын, зехьэн хуейщ.
Ди гуапэ зэрыхъунщи, иджыпсту щэнхабзэ, спорт и лъэныкъуэкIэ сабийм Iэмал хъарзынэхэр яIэщ. Узэрыгушхуэ хъун цIыхухэр мымащIэу ди къуажэ къыдокI. Къуажэдэсхэм унэ лъапсэ дэгъуэхэр яухуэ, тыкуэнышхуэхэр, шхапIэ гурыхьхэри дащIыхь, къуажэм и теплъэр йофIакIуэ. А псор щыхьэт тохъуэ ди цӀыхухэр зэрылэжьакӀуэм, псэуныгъэ дахэ яухуэным папщӀэ хэкӀыпӀэ къызэрагъуэтыфым, гупсысэкӀэ зэращӀэм. Лажьэу шхэж нэхъыфӀ сыт щыӀэ?

-Дызэрыщыгъуазэщи, уи бынхэм къахэкIащ уи лъагъуэм ирикӀуэн, уи лэжьыгъэм пызыщэн.
-Пэжщ. Джульеттэ КъБКъУ-м экономикэ къудамэм щIэдгъэтIысхьэну и тхылъхэр дгъэхьэзырауэ, езыр кIуэри филологие къудамэм иритыжауэ щытащ. Ар унэгуащэм къыщищIам, и гуапэ хъуат. Абы и фIэфIт а къудамэр. Абы щIэтIысхьэмэ зэрыфӀэфӀыр къихигъэщыу зэрэ тIорэ си тхьэкIумэм къиIуат. Джульеттэ иджыпсту бзэмкIэ университетым щрегъаджэ, и лэжьыгъэр фIыуэ илъагъуу, и къаруи гуащIи абы хилъхьэу.

-Прозэми поэзиеми узэрыпэгъунэгъу дыдэр дощIэ, Хьэбас. Уи тхыгъэхэр зэхуэхьэсауэ къыдэбгъэкIыну уи мурад?
-Ди республикэм къыщыдэкI газетхэм къытехуащ си усэ, рассказхэр, хъыбар стхыжахэм щыщхэр. Ауэ ахэр зэхуэхьэсыжауэ тхылъу къыдэзгъэкIакъым. Пэжыр жысIэнщи, егъэджакIуэ IэщIагъэм си гъащIэр еспхри, ар сыт щыгъуи япэ изгъэщащ, ауэ тхэнри ӀэщӀыб схуэщӀакъым.
ГъащIэм пэж дыдэу сызыщрихьэлIа Iуэхугъуэхэщ къыщызгъэлъагъуэр си тхыгъэхэм. «Дыркъуэ» зыфӀэсща повестыр иджыпсту нызотхысыж. Абы щыщ пычыгъуэ «Адыгэ псалъэ» газетым иджыблагъэ къытехуакIэщ. Псалъэмакъыр абы теухуауэ щесшэжьакIэ къыпысщэнщи, нэгъуэщI зы повестыщIи, «IитIым сэлам щызэрахкIэ» зыфIэсщар, мыгувэу дунейм къытехьэнущ.

-Быным, абыхэм я быныжым уагъэгуфIэу, уагъэхушхуэу, уузыншэу иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм уигъэпсэу, Хьэбас. Уи мурадхэр нэхуапIэ хъуну дынохъуэхъу.

Епсэлъар
Табыщ Динарэщ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz