Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Ocak 2018

0
1124

Гъуэгум къыщыхъуар

Şore Marina, yaşlı bir kadının geçirdiği küçük bir trafik kazasından yola çıkarak yaşlılara saygıyı anlatıyor

ЩIымахуэу умыщIэну хуабэт Дыгъэгъазэ мазэр. Уеблэмэ, вакъэ хуабэ щамыгъагъыжыфу, туфлъэкIэ къыдэкIахэми уащрихьэлIэт уэрамхэм. Уэсыр сфIэфIыщэуи жысIэфынутэкъым, ауэ, а гъэм сэр дыдэри сызыхуигъэзэшат!
ТхылъымпIэ Iуэху гуэрхэр зэхэзгъэкIын хуейуэ къалэм сыкъэкIуауэ, IуэхущIапIэхэр къызэхэскIухьт. Ауэрэ пшапэр зэхэуэу щIидзащ. Сызыхуей псор зэхэзмыгъэкIыфами, къуажэм сыкIуэжын хуейти, вокзал лъэныкъуэмкIэ къэзунэтIыжащ. Гъуэгур зэпызупщIауэ сыздэкIуэм, си щIыбагъкIэ зэрыгъэкIий макъышхуэ къыщыIуащ. СеплъэкIмэ, псори зы лъэныкъуэкIэ жэрт. Сэри гъунэгъу захуэсщIащ зэхуэжэсахэм. КъызэрыщIэкIамкIэ, зы нанэ цIыкIу, щIакъуэ баши иIыгъыу, имычэзууэ гъуэгур зэпиупщIыну техьауэ арат… Абы игъэгужьея шофёрым псынщIу гулъэф зищIри, жьэхоуэ иджы, жыпIэну нанэм и пащхьэ дыдэм къыщыувыIащ. Абы иужь иту къакIуэ машинэми, щIигъатхъуэу триIуэнтIыкIри, къэувыIащ.
Е гузавэу и щхьэ джэрэза, е къэщта – нанэр къызэфIэмэхащ. Ар щилъагъум, жьэхэуэ пэта шофёрыр къижри нанэм бгъэдэлъэдащ. Къызэхуэсахэми хэт дохутыр къреджэ жып телефонымкIэ, хэти хущхъуэщапIэмкIэ щIэпхъуащ, къэмыувыIэхэу зи гъуэгу хэзыгъэщIхэри щыIэт. Нанэр къищтауэ машинэм зыхь щIалэм мыдрей иужь ита шофёрыр бгъэдэлъэдауэ йоIунщI:
– ПщIэнур сыт уэ Iейм, и? Уэращ жыхуэсIэр!
– Зиунагъуэрэ, мы сIыгъыр умылъагъуура?! СкIэрыкIи сымаджэщым сыгъашэ! – жиIащ нанэр зи IэплIэ илъ щIалэм.
Нанэм зыкъищIэжат, ауэ кIэзызт. СыутIыпщ, жиIэу лъаIуэми, имыгъэуву, машинэм иригъэтIысхьэри, мыдрей зызыкIэщIэзэшым жиIэр здыжиIэм, езыри итIысхьэжащ. ИтIысхьэжам бжэр хуригъэщIрэ! Арати, машинэр гъуэгум тригъэкIуэтри, щIалэр къикIащ:
– Е зи унагъуэрэ, узыхуейр сыт?
-Сызыхуейращи, тэмэму къэжыхь, е къомыжыхьыххэ! КъыбгурыIуа?!
-СыбгъэукIынут фызыжьыр, Тхьэр зыгъэпэжын?!
-ЩыземыкIуэжыфкIэ, къимыпщэпщыхьу, унэм щIрес!
– Iэууу! Ар дауэ псэлъэкIэ?
Ауэрэ дохутырыр къэсри, нанэр Iуашащ, «сыхуея мыгъуэкъым… Алыхьым щхьэкIэ, къысхуэвгъэгъу…» жиIэурэ. Дэри хуэмурэ дыкъызэбгрыкIыжащ.
«Бын имыIэмэ-щэ? Хуэщэхуэн, зыхуейр къыхуезыхьэлIэн, зыгъэшхэн щIэмысмэ-щэ и унэм? Уэ узэрыхъунур пщIэрэ абы и ныбжь унэсмэ?»- зэхэтхт иджыри щIалэ гумащIэм и макъыр…
Унэм сыщынэсыжам, сыкъызэрыгувам иригузэва си анэр къыспкъырыупщIыхьт кIыфI сыщIэхъуамкIи, жесIэжащ гъуэгум си нэгу щыщIэкIар. Хъыбарыр щызухам, анэр хэгупсысыхьауэ щыст, гукIэ зыгуэр зэрызэригъэзахуэр къытещу. Сыбгъэдыхьэри, IэплIэ есшэкIащ. Къызэплъщ, Iэ къыздилъэри, а зэрыхэгупсысыхьам хуэдэурэ жиIащ: «Я Алыхь, нанэми гущIэгъу къыхуэщIи, дэри гущIэгъуншэхэм дащыхъумэ…»

Шорэ (Мез) Маринэ


ЕгъэджакIуэ щIалэ

Haradura Alla, Adigece ve Edebiyat Öğretmeni Ahmed Rustam’ın çalışmalarını ve öğrencilerine edebiyatı nasıl sevdirdiğini anlatıyor

Ahmed rustam

КъытщIэхъуэ щIэблэр тэмэму гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ зи щIэныгъэрэ къарурэ езыхьэлIэу зи IэнатIэр езыхьэкIхэм ящыщщ Псыншокъуэ къуажэм дэт курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, абы и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Ахъмэт Рустам.
Егъэджэныгъэм и IэмалыщIэхэм сыт щыгъуи лъыхъуэу, ахэр лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпу фIыуэ илъагъу и IэщIагъэм куэд щIакъым ар зэрырилажьэрэ. Ауэ а зэман кIэщIым къриубыдэу абы хулъэкIащ и лэжьэгъухэм я мызакъуэу, и еджакIуэхэми я гум дыхьэн, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэн.
Къэсейхьэблэ дэт курыт школыр 2006 гъэм къиуха нэужь, Рустам щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и Педагогикэ колледжым географиемкIэ иIэ къудамэм. А унэтIыныгъэр къыхиха щхьэкIэ, абы къыдэкIуэу щIалэщIэм идж предметхэм яхэтт зыпищI щымыIэ адыгэбзэр. Унэ лэжьыгъэхэр нэсу зыгъэзащIэ, узыщIэупщIэжын щымыIэу жэуап сыт щыгъуи зыт щIалэщIэр абы щыгъуэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэм тригъэгушхуэри и анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ нэхъ куууэ иджыну КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ иIэ къудамэм и заочнэ отделенэм щIэтIысхьауэ щытащ. Абы иужькIэ а къудамэ дыдэм Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я литературэмкIэ магистратурэри къыщиухыжащ.
Колледжыр къиуха нэужь, заочнэу зэреджэм хуэдэурэ щIалэщIэм лэжьэн щыщIидзащ Псыншокъуэ къуажэм и курыт еджапIэм. ЯпэщIыкIэ географиемкIэ иригъаджащ, илъэс зыбжанэкIэ лэжьа нэужь абы къратащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ сыхьэт бжыгъэхэр. Уи псэм пэгъунэгъу лэжьыгъэ ущыпэрытым деж зэманри къомэщIэкIыу къыпщохъу. Апхуэдэу, дэтхэнэ дерсми щIэщыгъуагъ хэлъхьэным гурэ псэкIэ хущIэкъуу, зыри зыкIэлъэщIэмыхьэ зэманыр хуримыкъуу лажьэ егъэджакIуэщ ар. Абы бгъэдэлъ Iэзагъыр хуэунэтIащ щIэблэм я анэдэлъхубзэр, лъэпкъ литературэр, хабзэр, щэнхабзэр фIыуэ ялъагъуу, пщIэ хуащIу хэкупсэу къэгъэхъуным. ЕгъэджакIуэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийм и гупсысэр къызэриIуэтэфым, абы зэрызиужьым. Дэтхэнэ урокми нэгъэсауэ зэрызыхуигъэхьэзырыным, и гъэсэнхэр и предметым нэхъыбэу зэрыдригъэхьэхыным яужь итщ ар. Апхуэдэ псэ хьэлэл лэжьыгъэр псыхэкIуадэ зэрымыхъум и щыхьэтщ Рустам иригъаджэхэр щIэныгъэ куу къагъэлъагъуэу, текIуэныгъэр къыщахьу зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм жыджэру зэрыхэтыр.
Дызэрыт зэманым, зэрытщIэщи, щIалэгъуалэм къалъыхъуэр къару куэд зытемыкIуадэ, улахуэ хъарзынэ къызыпэкIуэ лэжьыгъэ тыншщ. Ауэ мы егъэджакIуэ щIалэм и Iуэху еплъыкIэр тIэкIу нэгъуэщIщ. А IэщIагъэр къыхихын хуей щIэхъуам теухуауэ жиIэхэм уедаIуэмэ, нэхъыщхьэр мылъкур армырауэ, атIэ гъэсэныгъэ екIу ббгъэдэлъу, укъызыхэкIа лъэпкъым ухуэфащэу, абы и блэкIар пщIэуэ, и къэкIуэнур дахэ зэрыхъуным ущIэбэну, уи щIэныгъэмкIэ нэгъуэщI-хэм уадэгуэшэфу, сэбэп уахуэхъуу, щIэблэщIэр фIым хуэбущийуэ, гъуэгу пэжым тебгъэувэмэ ар псом ящхьэу жеIэ абы.
Рустам и псалъэхэм къызэрыхэщымкIэ абы щапхъэ зытрихын, зыпэрыт IэнатIэм щIехъуэпсэн егъэджакIуэ, щIэныгъэлI куэдым нэIуасэ яхуэхъуащ дэтхэнэми щIыдэплъеинрэ щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къапкърихынрэ я куэду. Абы зэрыжиIэмкIэ, ар щIэхъуэпсырт и ущиякIуэхэм хуэдэу, и бзэр, къызыхэкIа лъэпкъым и блэкIар, къэкIуэнур, абы и литературэр фIыуэ ищIэну, абыхэм ещхьу щэныфIэу, Iэдэбу, зыIыгъыкIэ екIу иIэу, хабзэ хэлъу еджакIуэхэм щIэныгъэ яригъэгъуэтыну, игъэсэну.
Нобэ Ахъмэтым и хъуэпсапIэхэм ящыщ зыр къехъулIауэ жыпIэ хъунущ. Зыщылажьэ школым фIэлIыкI щиIэу, нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми чэнджэщэгъу, щIэгъэкъуэн яхуэхъуу зэрыщытым, адыгэбзэмрэ литературэмрэ, зэрыригъэджым къищынэмыщIауэ, и пщэ къыдэхуэ къалэнхэр нэсу зэрызэфIихым папщIэ абы мы гъэ еджэгъуэм и пэм ирихьэлIэу къыхуагъэфэщащ школ унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ IэнатIэр.
ИкIи абы лъандэрэ Рустам еджапIэ гъащIэм хабзэщIэу къыхилъхьащ тхьэмахуэм зэ «линейкэ» щIыныр. Хухахыр зэман мащIэ дыдэми, а дакъикъэ зыбжанэм къриубыдэу еджакIуэхэр Iэмал имыIэу щагъэгъуазэ къэблагъэ махуэшхуэхэм, ахэр зыхуэдэм, ди зэманым Iэпэдэгъэлэл хъуа адыгэ хабзэм щыщ Iыхьэхэм, цIыхухэм яIэ хъуа зэхущытыкIэм, дунейм къыщыхъухэм, нэгъуэщI куэдми.
Ахъмэтым и нэIэм щIэту къызэрагъэпэщ икIи ирагъэкIуэкI зэIу-щIэхэр, пшыхь зэмылIэужьыгъуэхэр. ЕгъэджакIуэ щIалэм къызэригъэпэщ классщIыб лэжьыгъэхэр хуабжьу сэбэпщ щIэблэр къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу къэгъэ- хъунымкIэ, гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр зэпкърахыфу есэнымкIэ. Абы зэи блигъэкIыркъым къэралым, республикэм щагъэлъапIэ махуэшхуэхэм ятеухуа дерс щхьэхуэхэр имыту, ди лъэпкъым, адыгагъэм ехьэлIа зэхыхьэхэр щIэх-щIэхыурэ ирегъэкIуэкI. Апхуэдэ дыдэу абы мазэ къэс, зэрылажьэ программэм хэмытми, ди адыгэ тхакIуэ, усакIуэхэм я гъащIэм, творчествэм теухуа зэхыхьэхэр, зэпеуэхэр къызэрегъэпэщ, сабийхэри яфIэгъэщIэгъуэну, дихьэхыу Iуэхум зэрыхэтым шэч хэлъкъым.
Дызэрыт зэманым щIалэгъуалэм зызэпыIуадз егъэджакIуэ IэщIагъэм гулъытэ хуащIынымкIэ щапхъэ нэсу къыдолъытэ мы тхыгъэр зытеухуа егъэджакIуэ щIалэр.
Мурад куэд зиIэ, зи зэфIэкIыр щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ етыным тезыухуа Рустам дохъуэхъу зыпэрыт IэнатIэм адэкIи и къарур пэлъэщу узыншэу лэжьэну.

Хьэрэдурэ Аллэ


«Бланэр щалъху йокIуэлIэж»

Haradura Alla, Şocentsıkı Aliy Tiyatrosunun genç oyuncularından Catejokue Konstantin’le oyunculuğa nasıl adım attığını ve hangi rolleri sevdiğini konuştu

Catejokue Konstantin

И насып хэлъщ артист IэщIагъэм
ЦIыху къэс зэфIэкI гуэр иIэщ, ар къигъэсэбэпурэ и лэжьыгъэр цIыхубэм ябгъэдилъхьэу. Мы тхыгъэр зытеухуа щIалэм и зэфIэкIыр, псэ къабзэкIэ зыбгъэдэт лэжьыгъэр зыхуэгъэзар гъащIэм и гуащIагъри, и IэфIагъри, и пIащIагъри адрейхэм хуэмыдэу зыхэзыщIэхэрщ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист, ныбжькIэ щIалэми, хабзэ зыхэлъ Джатэжьокъуэ Константин Дзэлыкъуэ къуажэм 1990 гъэм къыщалъхуащ. Зэрысабийрэ спортым дихьэх щIалэ цIыкIум артист IэщIагъэр зригъэгъуэту, адыгэ театрым и утыкушхуэм щыджэгуну гугъэ зэи иIакъым. Ауэ гъэщIэгъуэнурэ къекIуэкI гъащIэм щIалэщIэм хуэфащэ увыпIэр щигъуэтыжауэ, цIыхухэм я гум дыхьэрэ ахэр игъэгуфIэу театрым и утыкур егъэбжьыфIэ.
ГъэщIэгъуэну театрым и утыкум иджэрэза щIалэщIэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

– Удихьэхыу, ехъулIэныгъэхэр зыIэрыбгъэхьэу спортым узэрыхэтам дыщыгъуазэщ. Ар IэщIыб пщIыуэ, артист IэщIагъэр щхьэ къыхэпхын хуей хъуа? Хэт абы утезыгъэгушхуар, уи Iыхьлыхэми дауэ къащыхъуа апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ уи гъащIэм хэплъхьэныр?
– Иджыри сыцIыкIуу, ди къуажэ дэс сабий куэдым сащIыгъуу, ди адэр ди гъэсакIуэу тхэквондом сыхэтащ. Къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм зыщыдгъэсэну зы пэш къыдатауэ щIалэгъуалэр абы дыкIуэрт, си адэри абы пщIэншэу сабийхэм щадэлажьэрт. Школыр къэзуха нэужьи IэщIыб сщIын мурад сиIакъым, ар апхуэдизкIэ сфIэфIти, ауэ си узыншагъэм къимыхьыж щыхъум, нэгъуэщI хэкIыпIэ сиIэтэкъыми, къызэхьэлъэкIыу къэзгъэнауэ щытащ. Апхуэдэу си Iуэхур щыхъум, къафэм сыхыхьауэ щытащ.
КъэфэкIэм зыщедгъасэхэм я зы пщыхьэщхьэм къыддэлажьэ ди унафэщIхэм хъыбар къызагъэщIат Къэбэрдей-Балъкъэрым ирагъэкIыу Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр институтым щеджэну ягъэкIуэну ныбжьыщIэхэр къызэрыхахымкIэ. Артист IэщIагъэм сыщIэхъуэпсу, сыхуеджарэт, срилэжьарэт, утыку ситарэт жысIэу зэи сыщытатэкъым, ауэ абы сыкIуэмэ нэхъыфIу щыжаIэм, си къару сеплъыжын мурад сиIэу сыкIуэри, зэхьэзэхуэхэм сыпхыкIауэ щытащ.
Курыт школыр къэзуха нэужь, си Iыхьлыхэми къыздаIыгъащ сызытеува лъагъуэр, куэду щыгуфIыкIахэт. Сыту жыпIэмэ, еджапIэ нэхъыщхьэм экономикэмкIэ иIэ къудамэм сыщIэтIысхьауэ щытат. Абы сызэрыщIэхуамкIэ хъыбар къыщатым, си анэшхуэр ди адэм деж телефонкIэ псалъэри игъэгуфIэну хъыбарыр жриIати: «Ар абы куэдрэ щытепыIэнукъым!» – жэуапыр къритат. Апхуэдэуи хъуащ, зыбжанэрэ фIэкI а еджапIэм сымыкIуэу, си псэм зэрыдэмыхьэр къызгурыIуэри, IэщIыб сщIыжат. ИужькIэ, мы Iуэхум зеспщыту сыкIуэцIрыкIа, театральнэ институтым сыщIэхуа нэужь ди адэм: «Мис ар къиухыну къыщIэкIынщ!» – жиIэгъат.

– ИлъэсиплIкIэ фызэдеджащ, дауи, лъэпощхьэпо куэдым фыхуэзащ а зэманым къриубыдэу. Дауэрэ феджа? Сыт хуэдэ зэхущытыкIэ фи яку дэлъар? Фи егъэджакIуэхэр сыт хуэдэт?
– Псом нэхъ хьэлъэр хамэ щIыпIэ дызэрыщыIэр арат. Дезыгъэджа егъэджакIуэхэм, псоми я цIэ къизмыIуэми, фIыщIэшхуэ яхузощI, куэду гугъу зыкъыддрагъэхьащ, я псэм щыщ хъуахуэ къытхалъхьауэ жыпIэ хъунущ. Сыту жыпIэмэ, ауэ сытми зэманыр ямыгъакIуэу, щIэныгъэзэрыдагъэгъуэтыным, дызыхуеджэ унэтIыныгъэм и дурэш псоми дызэрыдагъэплъэным, сыт и лъэныкъуэкIи зыкъызэрытпэщIагъэкъуэным хущIэкъуащ ахэр. Хэти актёр IэщIагъэм дыхуигъэсащ, хэти къафэм, хэти утыку итыкIэм, нэгъуэщI куэдми щыгъуазэ дащIым къыщымынэу, дагъэлъэгъуащ, къытхалъхьащ. А псор къыщыдгурыIуэри къыщыдгъэсэбэпри иджыпстущ.
Жыжьэ дызэрыщыIэр арами сщIэртэкъым, ауэ мыбыкIэ дикIа ныбжьыщIэхэри дызэрыIыгъыу, зы анэм къилъхуам хуэдэу дызэхущытащ а илъэсхэм. Иджыпстуи къэдгъэзэжауэ театрым дыщызэдолажьэ, дызыкIэлъокIуэ, дызэрыIыгъщ.

– ДызэрыщыгъуазэмкIэ, спектакль зыбжанэм ущыджэгуащ, театреплъхэм гукъинэж ящыхъуа роль зыбжани бгъэзэщIащ. Сыт хуэдэ ахэр? Утыкум ипхьэ ролхэм дэтхэнэр нэхъ упэгъунэгъу, щапхъэ тесхарэт жыхуэпIэ яхэт?
– Роль нэхъ ину утыку исхьахэм ящыщщ Теувэжыкъуэ Владимир игъэува «Доктор философии» спектаклым хэт Милорад и ролыр; Фырэ Руслан игъэувахэу «Лъагъуныгъэм и къарур» спектаклым хэт Мурадин, «Бгъэмрэ бгъэ анэмрэ» хэт Малютэ Скуратов сымэ я ролхэр, ЕмкIуж Андзор игъэува «Мыщэ и къуэ Батыр» таурыхъым хэт ДомбеиплIэ и ролыр. Абыхэм къыщымынэу, нэгъуэщI зыбжанэми сыщоджэгу, ауэ абыхэм роль нэхъыщхьэ щызгъэзащIэкъым.
Актёр къэс езым нэхъыфIу илъагъу, нэхъ къехъулIэ роль иIэжщ, сэ отрицательнэ ролхэм нэхъ сыхущIэкъуу сыщытщ.
Утыку исхьэ ролхэм зыри къыхэзгъэщхьэхукIыркъым, згъэзащIэхэм дэтхэнэри сэр щхьэкIэ лъапIэщ, фIыщ, театреплъхэм я пащхьэ нэсу зэрисхьэным яужь ситщ. Ауэ мыбы ещхьу сыщытарэт, мыбы и хьэлхэм щыщ зыхэслъхьарэт жысIэу сыщыткъым. Ар сценэщ, си лэжьыгъэщ мыдрейр си гъащIэщ.

– Дэтхэнэ зы цIыхуми мурад гуэр иIэщ, зыгуэрхэр къызэхъулIарэт жиIэу щытщ. Уэ сыт хуэдэ мурадхэр уиIэ? Сытым ухущIэкъурэ?
– Псоми мурад гуэр диIэщ, фIым дыпоплъэ. Ауэ а сызыщыгугъ, сызыпэплъэ фIым къыдэкIуэу сэ сыщIэхъуэпсу зы щыIэщ – си адэм ещхь сыхъуну сыхуейщ.
Дэтхэнэ адэ-анэри я быным ятеубгъуауэ, яфI къалъыхъуэу щытщ. Сэри, сысейхэри нэхъ лейуэ аракъым, ауэ си адэм куэд къысхуищIащ, куэдкIэ щIэгъэкъуэн къысхуэхъуащ. Тхэквондом сыщыхэтым къызэрызбгъэдэтам къыщымынэу, ар IэщIыб сщIын хуей щыхъуми къыздиIыгъащ, иджыпсту сызытет лъагъуэми сытригъэгушхуэри, дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуурэ, нобэм сыкъэсащ. Сыт щыгъуи къыскъуэтщ, сыт хуэдэ Iуэхуи ирехъу, чэнджэщ къеIысхыу, абы и деж сыщыщIэупщIэжу, и хьэлхэм щыщ схэлъарэт, ещхь сыхъуарэт жысIэу, ар си щапхъэу апхуэдэщ.
Мурадхэр куэд мэхъу, тхузэпыщэмэ, тхузэгъэуIумэ ди насыпщ. Ауэ зэкIэ къызэхъулIахэмкIи сыарэзыщ, лъэпкъым сыхуолажьэ, цIыхубэм сахэтщ. СынасыпыфIэу зызобжыж утыку сыкъихьэу цIыхухэр згъэгуфIэу сызэритым щхьэкIэ.

– Уи мурадыфIхэр къохъулIэну ди гуапэщ, Константин. Тхьэм уригъэфIакIуэ.

Епсэлъар ХЬЭРЭДУРЭ Аллэщ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz