Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Nisan 2019

0
582

ЩыIащ, псэуащ, щыIэщ… (1)

Kanıkue Zarina, “Yaşamıştı, yaşadı, yaşıyor” başlıklı oyununun ilk bölümünde yaşlı bir çiftin anıları, unutkanlıkları ve hayalleri üzerinden yaşlılığı anlatıyor

Къалэм дэт унэ зэтетхэм ящыщ зым пэш цIыкIуитI щIэсу зэщхьэгъусэхэр мэпсэу. Махуэщ, мэуэршэрхэри щысщ…

фызыжьым: нытIэ, щыIащ, псэуащ зы лIыжь цIыкIурэ зы фызыжь цIыкIурэ…
лIыжьым: хэт, жыпIа, псэуар?
фызыжьым: зы лIыжь цIыкIурэ зы фызыжь цIыкIурэ.
лIыжьым: дэнэ щыпсэуар?
фызыжьым: псысэм хэту псэуащ…
лIыжьым: псысэм хэсу жыIэ тIэ!
фызыжьым: хъунщ, псысэм хэсу…
лIыжьым: хэт псысэм хэсыр?
фызыжьым: зы лIыжь цIыкIурэ зы фызыжь цIыкIурэ.
лIыжьым: уэрэ сэрэ?
фызыжьым: дэ дэщхьт, ауэ ахэр… нэгъуэщI зыгуэрт. ахэр псысэм щыщт…
лIыжьым: дэ дэнэ тIэ дызыщыщыр?
фызыжьым: дэ гъащIэм дыщыщщ
лIыжьым: гъащIэм жыпIа? гъащэм дыщыщуи?… Уэлэхьи, дэ гъащIэм дыщымыщыж…
фызыжьым: ар сыт щхьэкIэ?
лIыжьым: дунейм дытехьэжкъым, цIыхум дахыхьэжкъыми… Мыбдеж дыщIэубыдауэ, сабийм хуэдэу псысэ сыбогъэдаIуэри, дыщIэсщ…
фызыжьым: жьы дыхъуащи аращ, тхулъэкIыху, цIыхуми дахэтаи…
лIыжьым: иджыри дахэгъэхьэ… Благъэ диIэщ, гъуэнэгъу диIэщ…
фызыжьым: дыкIуэнкъэ, дыкIуэнкъэ, Тхьэм жиIэм…
лIыжьым: дапщэщ дыщыкIуэнур?
фызыжьым: дыкIуэнщ, нэхъ щыдэсыну махуэхэм тедгъахуэурэ дыкIуэнщ…
лIыжьым: псори дэсщ, псори щIэсщ я унэ… Дапщэщи дыкIуэ хъунущ!
фызыжьым: хъунущ, хъунущ, Тхьэ… НытIэ, адэкIэ пызощэ. Къуажэ гуэрым дэсу щыIащ, псэуащ жи…
лIыжьым: сыт хуэдэ къуажэ? Сыт хуэдэ къуажэ щыпсэуар?
фызыжьым: къуажэкIэ зыщыщхэр Гъуэтыгъуейт…
лIыжьым: апхуэдэ къуажэ щыIэкъым!
фызыжьым: щыIэщ.
лIыжьым: щыIэкъым.
фызыжьым: псысэм хэтщ.
лIыжьым: сэ псысэм хэт къуажэ сыхуейкъым, ди къуажэ дыгъэкIуэж. Бубэ дыщIэгъэупщIэ.
фызыжьым: Бубэ, тхьэмыщкIэ, псэужкъым, куэд щIауэ…
лIыжьым: Бубэ псэужкъэ?! Дапщэщ щылIар?
фызыжьым: гъэмахуэ кIуам нэмыщI адрей кIуам…
лIыжьым: Iэу… Бубэ псэужкъым… НытIэ ар сэ щхьэ зэхэзмыхарэ?
фызыжьым: зэхэтхащ, къыджаIащ…
лIыжьым: сэ къызжепIакъым!
фызыжьым: бжесIащ, илъэситI дэкIати, пщыгъупщэжауэ аращ…
лIыжьым: Бубэ псэужкъым… адэкIэ щэ?
фызыжьым: адэкIи? НытIэ, я закъуэу псэут лIыжьымрэ фызыжьымрэ… Еуэри, мэзым къыхэкIри мыщэр къэкIуащ…
лIыжьым: зэ, догуэ, адэкIэ… Таужан сымаджэу жаIатэкъэ? Хъужа? ДыщIэупщIакъым дыкIуэу!
фызыжьым: уи адэ шыпхъум и пхъури? Тхьэ, мыхъужа, къэмытэджыжа, мыпсэуж ари, лIыжь…
лIыжьым: псэущ, хъужащ, ар иджыри щIалэщ! ДумыгъэкIуэн щхьэкIэ жыпIэу аращ…
фызыжьым: псэужу щытами, дэ абы ди закъуэу дымыкIуэфынт, ауэ… Дэ дымыкIуэфми, псэужакIэщэрэт…
лIыжьым: хэт иджыри мыпсэужыр?
фызыжьым: а къомым сыткIэ ухуей?
лIыжьым: сыхуейщ, сыздэкIуэ хъунумрэ мыхъунумрэ сщIэн щхьэкIэ.
фызыжьым: уэ къыпхуэгъэзахэмкIэ къыщIэбдзэмэ, ТIушкIэ псэужкъым, Iэружан псэужкъым, Бэрэтинэ, Дахэуэс – ахэр зэкIэлъыкIуэжащ псори… Я ахърэт нэху ухъу… Идари лIащ, тхьэмыщкIэ, адэкIэ… Нурби, ар нэхъ пасэу…
лIыжьым: лIакъым! Зыри лIакъым! ПцIы боупс! Шыпсэ защIэщ жыпIэр. Шыпсэ схубоусри ущысщ мыбдеж!
фызыжьым: иджы укъысщыхьэну мурад пщIащ, лIыжь… ДыгъакIуэ жыпIэнущ, уи щыгъыныжьхэр къетлъэфэжьэнущ, усхуэпэнурэ, мо бжэм дыфIэмыкIыфу къэдгъэзэжынущ…
лIыжьым: дущIумыгъэкIыурэ си лъакъуитIыр зэщIэнащ тIэ!
фызыжьым: уи лъакъуитIыр зэщIэнащи дыщIэмыкIыу аращ!
mart
лIыжьым: мо, си гъущI шыдыгужьыр зыщIэтым сынэсамэ, къуажэм сежэхыжынти сэ езым къэсщIэнт хэт лIами, хэт псэуми! ситIысхьэнт, зэщIэзгъэнэнти, макIуэ-мэлъей! Уздэсшэхэнтэкъым!
фызыжьым: сыт сыщIыздомышэнур?
лIыжьым: уэ зэи угуфIэркъым къуажэм дыщыкIуэжам деж…
martt
фызыжьым: ара иджы къысхужыпIэжынур? Тхьэ согуфIэм, ауэ уи дзэр хьэдырыхэ бжыхь хъуауэ дауэ удыхьэшхын, Iей?
лIыжьым: сэ укъыщIэсшар нэфIэгуфIэщ жысIэри арат. Фызыжь напщIэуфэ ухъуну сщIамэ, укъэзмышэнт, уэлэхьи.
фызыжьым: сынэфIэгуфIэщ, Тхьэ, иджыри! СыпхуэгуфIэу сыббгъэдэси махуэ псом! (гуфIэу лIыжьым и нэгум йоплъэ)
лIыжьым: (къоплъэкIри) IукI адэ, умыгуфIи нэхъыфIщ…
фызыжьым: уи автомобилыжьри куэд щIащ узэримыIэжрэ!
лIыжьым: Iэу, дэнэ здэкIуар?
фызыжьым: ар зыщIэтар здэкIуам.
лIыжьым: зыщIэтар дэнэ здэкIуар?
фызыжьым: зэращэжрэ куэд щIащ.
лIыжьым: хэт зыщэжар?
фызыжьым: (зэхимых нэпцI зищIауэ) Еуэри, мэзым къыхэкIри лIыжь-фызыжьым я деж япэ щIыкIэ мыщэр къэкIуащ… «СыкъэпцIыхужрэ, дадэ?» – жиIэри къеупщIащ мыщэр лIыжьым. «Услъэгъуауэ къысщохъуж, ауэ укъэсцIыхужкъым,»- жиIащ лIыжьым.
лIыжьым: услъэгъуауэ къысщохъуж…
фызыжьым: «сыкъэпцIыхужрэ, нанэ?»- къеупщIащ мыщэр фызыжьым. «Уи фэр пхъуэжами, сэ узоцIыхуж, ауэ лIыжьым зэкIэ къедгъэщIэнкъым уэ уи цIэр, кIуэи мо дурэшым зэкIэ дэувэ,» – жиIащ фызыжьым,
лIыжьым: мо дурэшым дэувэ… Ди къуэращ автомобилыжьри ар зыщIэтари зыщэжар. КъэсщIакъэ? Сыт уэ ар къыщIызжумыIар?
фызыжьым: бжезмыIамэ, дэнэ щыпщIэнт? Мис, къэпщIэжаи.
лIыжьым: къэсщIэжащ! НытIэ, уэ пщIэуэ щхьэ ебгъэщэжа?
фызыжьым: сытыт тIэ дэ ахэр зэрытщIынур? Дэ жьы дыхъуащ…
лIыжьым: зи мыхъу уи шыдыгужьыр къызэт, ди адэ, жиIэурэ, къыщIэлъадэу щытащ щIалэр…
фызыжьым: иджыри къыщIолъадэ ар, нысэри къокIуэ, сабийхэри къагъакIуэ…
лIыжьым: къакIуэрэ, пэжу?
фызыжьым: къокIуэ, уэ пцIыхужкъыми аращ… Е пщогъупщэж къызэрыкIуар.
лIыжьым: сэ псори сщыгъупщэжу жыбоIэ! Сщыгъупщэнутэкъым икIи къэсцIыхужынут, къыщIыхьэу щытамэ…
фызыжьым: ушхэну?
лIыжьым: сышхэнукъым икIи! Уэ къуажэм дебгъэхыжкъым! ЩIалэм укъеджэу къэбгъакIуэркъым, сабийхэр къапшэу сыбгъэлъагъукъым…
фызыжьым: къуажэми дехыжынкъэ, щIалэри къэкIуэнкъэ, хъыджэбзми къигъэзэжынкъэ…
лIыжьым: дехыжыну къуажэм?
фызыжьым: нытIэ, Iей.
лIыжьым: Буби дыщIэупщIэну?
фызыжьым: Буби… дыщIэупщIэнщ.
лIыжьым: дапщэщ?
фызыжьым: мо… къэхъуар зэ и кIэм нэзгъэсмэ…
лIыжьым: нэгъэс тIэ!
фызыжьым: нытIэ арати, зы лIыжьрэ зы фызыжьрэ псэут…
лIыжьым: ар жыпIащ, и пэм къыщыщIумыдзэжыт!
фызыжьым: дэнэт сыздынэсар?
лIыжьым: мыщэм адэкIэ къыпыщэ…
фызыжьым: аа, нытIэ. Мыщэр… Мыщэм иужькIэ бажэр мэзым къыхэкIри къэкIуащ лIыжь фызыжьым деж. «СыкъэпцIыхужрэ, дадэ?» – жиIащ бажэм. «Услъэгъуауэ къысщохъуж, ауэ ущыслъэгъуар къысхуэщIэжкъым, « – жиIащ лIыжьым. «Уэ сыкъэпцIыхужрэ, нанэ?» – жиIащ бажэм. «Уи фэр пхъуэжами, сэ узоцIыхуж, ауэ лIыжьым къедгъэщIэнкъым ухэтми, зэкIэ, кIуэи мо дурэшым дэувэ,» – жиIащ фызыжьым. Бажэри кIуэри адрей дурэшым дэуващ…
лIыжьым: бажэри дурэшым дэуващ… Дапщэщ хъыджэбзыр къыщыкIуэжар иужь дыдэу?
фызыжьым: ари куэд щIакъым къызэкIуэрэ.
лIыжьым: слъэгъуауэ сщIэжкъыми тIэ!
фызыжьым: ар иджы дауэ къозгъэщIэжын? Иджыри духакъым абы къытхуихьа мэлылыр! Мэлыл гъэвар пщIэжрэ?
лIыжьым: мэлылыр сощIэж, IэфIщ. Ауэ ди пхъум и нэгур щыслъэгъуар сщIэжыркъым…
фызыжьым: мэлылыр пщIэжмэ – ар хъыджэбзым къихьат, гуэгушылыр пщIэжмэ – ар нысэм ипщэфIарат. МыIэрысэ джабэплъхэр къэзыхьыр хъыджэбз цIыкIуращ, дадэ ифIэфIым хуэдэу, жиIэурэ, къихьаи тIэурэ-щэрэ.
лIыжьым: къэсщIэжащ!
фызыжьым: къэпщIэжа?
лIыжьым: къэсщIэжащ ! Бажэм иужькIэ кIэпхъ цIыкIур къэкIуащ!
фызыжьым: ар сыту фIыуэ къэпщIэжа! НытIэээ, мэзым къыхэкIри кIэпхъ цIыкIур къэкIуащ лIыжь фызыжьым я деж. «СыкъэпцIыхужрэ, дадэ?» – жиIащ кIэпхъ цIыкIум. «Услъэгъуащ, мызэ-мытIэу, ауэ уи цIэр къысхуэщIэжкъым,»- лIыжьым щыжиIэм, кIэпхъ цIыкIум фызыжьым дежкIэ зигъэзати, «Сэ узоцIыхуж, ауэ лIыжьым къедгъэщIэнкъым уи цIэр, зэкIэ, кIуэи мо дурэшым дэувэ,» – жиIащ фызыжьым. КIэпхъ цIыкIур кIуэри ещанэ дурэшым дэуващ…
лIыжьым: пщIэрэ а мыIэрысэ джабэплъхэр нэхъыфIу щIэслъагъур?
фызыжьым: Бубэрэ уэрэ фыщIалэцIыкIуу зэдэфшхыу щытащ апхуэдэ.
лIыжьым: Бубэхэ я хадэм мыIэрысэ джабэплъ къызыпыкIэу а зы жыг закъуэрат итыр. УщедзакъэкIэ, и фэр Iуву къыпщыхъуми, и кур щабабзэт, фоупсым ещхьу IэфIыр къыщIэжу…
фызыжьым: уэстын зы мыIэрысэ?
лIыжьым: хьэуэ, сыхуейкъым… и фэкIэ ещхьми, ишхкIэ ещхькъым а КIукIуээ зымахуэ къихьар.
фызыжьым: къэпщIэжа иджы хъыджэбз цIыкIур къызэрыкIуар?
лIыжьым: сщыгъупщэжакъым сэ ар! Си зы къуэрылъху сщыгъупщакъым! Нэхъыжьыр… щIалэр… еджапIэ нэхъыщхьэм щIэсщ. Адрейм мы гъэм курыт еджапIэр къеух, хъыджэбз цIыкIур ебгъуанэ, епщIанэ зыщIэсыр?
фызыжьым: Алыхь, сэ езым сымыщIэж ар щеджэ классыр. Ауэ и закъуэ къожэкIыфри ари Iэджи и уасэщ…
лIыжьым: кIэпхъ цIыкIур дурэшым дэувэри зигъэдымащ жыпIа?
фызыжьым: загъэдымащ псэущхьэхэм. ЛIыжьымрэ фызыжьымрэ жеижыну гъуэлъыжащ. Ахэр зэрыIурихыу, мыщэр щIэкIри пхъэ икъутащ, псы къихьащ. Бажэ цIыкIур хьэкум кIэрыувэри пщэфIащ, лIыжь фызыжьым я щыгъыныр игъэкъэбзащ… КIэпхъ цIыкIум унэ лъэгум псы ириутхэри къабзэу къипхъэнкIащ…
лIыжьым: хьэуэ, дыбогъэху. КIэпхъ цIыкIум унэ лъэгум псы ириутхэри и кIэ бацэ дахэ цIыкIумкIуэ унэ лъэгур къипхъэнкIащ….
фызыжьым (тIэкIу мэщхьэукъуэ): нытIэ, нытIэ, и кIэ бацэмкIэ унэ лъэгур къипхъэнкIащ…
лIыжьым: Iуэхуу унэм щIэлъри, лъапсэм илъри ящIэри, лIыжь фызыжьыр къамыгъэушу зэбгрыкIыжахэщ…
фызыжьым:…къамыгъэушу зэбгрыкIыжахэщ…
лIыжьым: мыщэм и мыщафэр къигъэнат, бажэм и бажафэр къыщыгъупщат, кIэпхъ цIыкIум и кIэ баринэр унэкум илът…
фызыжьым:…къамыгъэушу зэбгрыкIыжахэщ…
лIыжьым: Буби псэужкъым, Iэружани, ТIушкIи… Дахэуэси…
фызыжьым: щэху цIыкIуу псори зэбгрыкIыжахэщ…
лIыжьым (фызыжь Iурихам и нэгум йоплъэ): щIалэри къэкIуэнущ, нысэри къытхуэIэбэнущ… зыми дыхуэныкъуэкъым… ауэ къуажэм дегъэхыж мо зэ… сигу къэкIащ псори… Бубэ дыщIэгъэупщIэ…
фызыжьыр (къызэщоужри): сыIурихат? Дэнэ сынэсат?
лIыжьым: уэи, фызыжь, зыщIыпIэ дынэсам…
фызыжьым: щIыIащ, псэуащ… щыIащ, псэуащ…
лIыжьым: дынэсащ…
фызыжьым: дэнэ?
лIыжьым: Бубэ сыхуэзэн ипэ сэ зыгуэр бжеIэнущ.
фызыжьым: сыт къызжепIэнур?
лIыжьым (щэхуу зыгуэр жеIэри, фызыжьыр пегъэгуфIыкI)
фызыжьым: жьы ухъужащ уэ, узэрыделэм хуэдэурэ…
лIыжьым: нытIэ, пэжкъэ?! Уэлэхьи, уэр нэхъ дахэ яхэмыта ди къуажэ хъыджэбзым… иджыпстуи а уи нэгум кърих нэхур плъагъужарэт…
фызыжьым: уи нэгури си нэгури сфIызэхэзэрыхьыжащ, Тхьэ, сыноплъурэ… ушхэну?
лIыжьым: хьэуэ, тIэкIу дыгъэжей…
фызыжьым: жей тIэ… жей… Сэри жей къыстеуащ…
ТIури Iурихауэ мэжей, а зэрыщысым хуэдэу…

***

Дывгъэхъумэ ди щIыуэпсыр

11. sınıf öğrencisi Yecerıkue Azide, “Yaşam yerlerimizi koruyalım” başlıklı yazısında çevre kirliliğine dikkat çekiyor

ГъащIэр – фэзэхъуэкIщ… Абы дахагъи, дигу иримыхьыни, узыхуеи, узэмыжьи ущрохьэлIэ. Мы сурэтми къыщыгъэлъэгъуар абы и зы напIэзыпIэщ.
Нобэрей махуэм нэхъ дызытегузэвыхь, нэхъ дызыгъэшынэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ – дыкъэзыухъуреихь ди щIыуэпсыр пхъэнкIийм зэрыщIигъэнар. Мы ди пащхьэ илъ теплъэгъуэм аращ къиIуатэр. Сурэтым и гупэм деж удз гъэгъа дахэ къыхэжауэ щыдолъагъу: абы и тхьэмпэ цIыкIухэр хужьщ, и кур гъуэжь хъурейщ, и къудамэр удзыфэщ. Ауэ и щIыбагъым къыдэлъ фIейр, пхъэнкIийр узытемытхыхьыфын Iуэхугъуэщ. Иужьырей зэманым тыкуэнхэм псыпсыр, полиэтиленыр куэду къагъэсэбэпу щIадзащ. Мы пхъэнкIий къызытекIутами аращ нэхъыбэу хэлъыр. НтIэ, ар абдежым къизыкIутахэм ящIэу пIэрэ, псыпсыр, птулъкIэр илъэс тIощI-щэщIкIэ щIым зэрыхэмыхьэр, икIи абы щIым и зэхэлъыкIэр зэрызэтрикъутэр? ДауикI, ящIэкъым, е ящIэну хуейкъым.
Мы удз гъэгъа дахэмрэ абы бгъэдэлъ пхъэнкIиймрэ сыткIэ зэпха жыпIэмэ, сэ сызэрегупсысыр мыпхуэдэущ: а къэкIыгъэ хьэлэмэтым сурэтыр тезыхам гугъэ гуэр, фIэщхъуныгъэ гуэр къытхилъхьэжу, къэкIуэным дригъэгупсысыну хуеяуэ къысщохъу.
Иджырей зэманым технологие и лъэныкъуэкIэ куэд къагупсысащ. Псалъэм папщIэ, завод щыIэхэщ абджыр, птулъкIэр зрагъэзэкIуэжрэ, етIуанэу къэбгъэсэбэп хъууэ ящIу. Апхуэдэ гукъыдэж, зэфIэкI зиIэхэм ящыщу ди къуажэгъу Нэгъуей Анзор апхуэдэ IуэхущIапIэ къызэригъэпэщауэ пластмассым йолэжь. Къуажэри, абы и фIыгъэкIэ, экологие и лъэныкъуэкIэ нэхъ къабзэ хъуащ, уеблэмэ, минитIрэ хы гъэм Бахъсэн псыхъуэм япэ увыпIэ къыщихьащ, къуажэхэм я нэхъ къабзэр къыщыхахым, саугъэти къыдатащ.
Ди пащхьэ илъ сурэтым сэхусэплъ щхъуакIэплъыкIэ куэд къыщыгъэсэбэпащ: плъыжь, гъуэжь, удзыфэ, кхъуэщыныфэ, фIыцIэ, щIыху, нэгъуэщIхэри. АбыхэмкIэ дэ наIуэу къыдгуроIуэ сурэтыр тезыхам игу илъ псори, а Iуэхум игъэпIейтейуэ, тегузэвыхьу зэрыщытри.
Пэж дыдэу, нобэ псалъэмакъ нэхъ зращIылIэхэм ящыщщ пхъэнкIийр дэнэкIи щикIутыныр. Ар къалэ уэрамхэми, къуажэхэми щыдолъагъу. Къабзагъэр – узыншагъэщ, жери ди анэшхуэм куэдрэ къыджиIэу щытащ. Пэжкъэ-тIэ, апхуэдиз фIейм, пхъэнкIийм хьэхэр, къуалэбзухэр хопэщэщыхьри, уз зэрыцIалэхэр кърахьэкI.
Сэ мы Iуэхум Iэмалу хэслъагъуэр зыщ: икIэщIыпIэкI цIыхухэр псори зэуIу дыхъуу, мы Iуэхугъуэм кIэ еттынырщ. Нобэ ар дэ дымыщIэмэ, ди щIэблэм я гъащIэр зэхэутауэ хъунуращ.
Мы сурэтым зэ IуплъэгъуэкIэ ди ныджэр сигу къигъэкIащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдиз къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэ къыщыкIынум, удз хущхъуэ къыздипхыфыну ныджэр пхъэнкIий идзыпIэ ящIыжащ. Гъэмахуэм деж еджакIуэхэр дызэгуроIуэри, зэгъусэу ныджэр догъэкъабзэ. Къэхъуащ мыпхуэдэ Iуэхугъуи: а сабий къомыр дызэгъусэу, дгъэкъабзэу дыздитым абдеж щыс зы унэгуащэ гу цIыкIукIэ пхъэнкIийр къыдишу къыщрикIута. Иджы абы и бынхэм хэт щапхъэ зытрахыну фи гугъэр?! Хьэмэрэ пхъэнкIий хыфIомыдзэ жыпIэу дауэ зэрыжепIэнур?
Сэ хуабжьу сигу ирихьащ мы сурэтыр, сызыгъэпIейтей, сызытегузэвыхь Iуэхугъуэ куэдым зэрытеухуамкIэ гурыхь сщыхъуащ.

Ерыджокъуэ Азидэ
Къэсейхьэблэ дэт 2-нэ курыт еджапIэ
11-нэ класс, 1 увыпIэ
ЕгъэджакIуэр: Ерыджокъуэ Марэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz