Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI

«Ди бзэр ди псэщ», – жаIэ адыгэхэм. Тхыбзэри аращ. Лъэпкъым и анэдэлъхубзэр къыдекIуэкIыу, къыщIэхъуэ щIэблэм ар Iурылъу къэтэджыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, дыдейм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ усакIуэ гъуэзэджэ КIыщокъуэ Алим адыгэбзэр дэтхэнэ ди цIыхуми и гъуэгу къежьапIэу, ди лъэпкъыр зыIэт, адрейхэм езыгъэлъагъу, езыгъэцIыху дамэу, адыгэр дызэрыгушхуэ, дызэрыпагэ, ди напщIэм телъ лъапIэныгъэу къыщIилъытар.

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 160-м щIигъуащ адыгэхэм тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ. Абы и щIэдзапIэу ялъытэ адыгэ еджагъэшхуэ Бырсей Умар «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр къыщыдигъэкIа зэманыр: 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-р. Ар и тегъэщIапIэу, адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм – Дунейпсо Адыгэ Хасэм – 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и махуэу дгъэлъэпIэным ехьэлIауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, апхуэдэ лъэпкъпсо унафэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, шэч хэмылъу.

Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр иропIейтей адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ л узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и тхыбзэр зэфIэгъэувэным пэрытащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Абы и лэжьыгъэм пащащ Бырсейм и ужь ита ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм. 1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужькIэ адыгэбзэм и алфавитыр урыс хьэрфхэм хуагъэкIуауэ щытащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуэныр хьэрып хьэрфылъэм трагъувэжащ. АбыкIэ къэбэрдей школхэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ.

1923 гъэм и пэщIэдзэм Псыхуабэ щрагъэкIуэкIащ адыгэбзэм зегъэужьыным хуэунэтIа зэIущIэ ин. Абы унафэ къыщащтащ адыгэбзэ алфавитыр дяпэкIэ латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. А лэжьыгъэм яужь ихьауэ щытащ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий. Абы и алфавитым цIыхубэр щыгъэгъуэзэн мурадыр яIэу адыгэ щIэныгъэлIхэу Елбэрд Хьэсэнрэ Къэшэж ТIалибрэ 1923 гъэм къыдагъэкIауэ щытащ «Адыгэбзэм и азбукэ» тхылъыр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, алыфбеищIэм хэплъэжа нэужь, абы хэлъ ныкъусаныгъэхэр игъэзэкIуэжщ, зыхущыщIэхэр хилъхьэжри, Хъураным 1924 гъэм «Букварь» къыдигъэкIауэ щытащ.

Хъуран Батий зэхигъэува алыфбейр адыгэхэм илъэс бжыгъэкIэ яхуэлэжьащ. Ар щахъуэжар 1936 гъэращ. Абы щыгъуэ адыгэбзэр урыс хьэрфылъэм и дамыгъэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэн щIадзэжауэ щытащ, иджыри абы тетщ.

Мы зэманым псалъэмакъ гуэрхэр йокIуэкI ди алыфбейм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ. ЩIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр, адыгэбзэр щIэблэм езыгъэдж, абы ирилажьэ IэщIагъэлIхэр, анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум иригузавэ нэгъуэщIхэри хущIокъу ар ирагъэфIэкIуэну адыгэ псоми зэдай, ди зэхуэдэ хьэрфылъэ зэхалъхьэну. ЗэкIэ Iуэхур зыми теубыда хъуакъым, ауэ къэунэхуащ ар нэхъ тыншу сабийхэм зэребгъэдж хъуну методикэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм я нэхъыфIхэм гъуэгу етын хуейщ.

Адыгэбзэр хъумэным елэжьыр щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я закъуэкъым – абы ирогузавэ къэрал унафэщIхэри. Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным, абыхэм адэкIи зегъэужьыным хуэунэтIа унафэ зэмылIэужьыгъуэхэр КъБР-м и Парламентым къищтащ. Апхуэдэу илъэс зыбжанэ лъандэрэ республикэм и школхэм ящыщ куэдым пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэкIэ щрагъаджэ. Ди анэдэлъхубзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ ари зы хэкIыпIэщ, зы Iэмалщ.

Дуней псом щызэлъащIыса Интернетми нобэ щыдиIэщ адыгэ сайтхэр. Ди анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI газет закъуэми, «Адыгэ псалъэм», адыгэбзэкIэ укъыщеджэфынущ, ущыпсэу щIыналъэрэ къэралрэ емылъытауэ. ФIыгъуэшхуэщ таурыхъ цIэрыIуэхэм ящыщ куэдым хэт, ди сабийхэм фIыуэ ялъагъу лIыхъужьхэри адыгэбзэкIэ «зэрагъэпсэлъар», нэгъуэщIхэри.

Апхуэдэу щытми, лъэпкъыбзэу щыIэхэм я нэхъыжьхэм хабжэ ди адыгэбзэм и Iуэхуми узыгъэпIейтей куэд хэлъщ. Абы и щыхьэту Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) бзэхэм елэжь и къудамэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр зызыужь, ефIакIуэ бзэхэм зэращымыщыр. Уеблэмэ, ар зыхэт абхъаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэхэм ящыщ гуэрхэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Тхылъ Плъыжьым иратхащ.

Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Аращ Бемырзэ Мухьэдин и «Уадыгэным къикIыр» усэми мыпхуэдэу щIыщыжиIэр:

… ЕщIыфыр япэ къэсым хэутэн,
Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр,
ПлъэмыкIыу бгъэшынэн е бгъэукIытэн,
Адыгэ щIыхыр пфIыхаутэ ятIэм.
… ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI
Хьэлэлу къыщытепсэкIэ зы дыгъэ
Адыгэу упсэуным къикIыр зыщ –
Уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ.

Жыласэ Маритэ.
«Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.

(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)

Yazarın Diğer Yazıları

Tarihte Bu Ay 2024

14 Aralık Abhazya-Gürcistan Savaşı’nda Ölen Çocukları Anma Günü 28 Aralık 1912 Yazar ve gazeteci Ahmet Mithat Efendi’nin (Hağur) vefatı 05 Aralık 1936 Kabardey-Balkar Özerk Cumhuriyeti’nin kurulması 05...

Anma: Kanıkoatı Remzi Yıldırım

Aralık 2020’de yitirdiğimiz, Güney Osetya Cumhuriyeti Tam Yetkili Türkiye Temsilcisi Kanıkoatı Remzi Yıldırım’ı saygıyla anıyoruz.

Anma: Işık Batur Özdemir

Aralık 2019’da yitirdiğimiz logor’i sevgi ve özlemle anıyoruz.  

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img